Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Марашлы – Ердогъан

Марашлы къуажэр Сивас къалэм Гурун район епхауэ зы къуажэщ. Адыгэбзэкlэ цlэ иlэкъым. къуажэр Сивас къалэм 173 км Гурун районым 47 км Кайсери къалэм 137 км Азей районым 55 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. 

Къуажэр 1861 гъэм Къэбэрдейм Жэмтхьалэ къуажэм (Щоджэнхьаблэ) къикlа лъэпкъхэм яухуащ. Хэкум къызэрикlа щlыкlэр шыгущ. 

Ипэ къуажэм къэтlысахэр; Шогэн Умар, Шогэншу, Сохъ Локъмэнщ. Сохъ Локъмэн икъуитlыр Шэрэлыкъуэрэ Гъукlэлъыкъуэрэщ. 

Щогэн Умар икъуэхэр Щогэн Грандыкъуэрэ Иналкъу Мырзабечщ. 

Шогэн Абидин
Шогэн Азми

Къуажэм хьэщlэщ иlэу умэгъуищ дэсащ, Сохъ Шэрэлыкъуэ (узняйлэ лlыфlу къекуэлlэхэр егъэхьэщlэт). 

Щогэн Грандукъ нахьийе мудирти къэралым хуегъэзэкlау хэт къакlуэми игъэхьэщlэт. 

Гэрыгэ Нури; къуажэм блэкl къыблэкlыжу хэт къакlуэми Нури игъэхьэщlэт. 

Къуажэм Сохъ зи цlэ дэсыжкъым ауэ Алборэхэ лlы цlэкlэ Алборэкlэ еджэхэми ахэри Сохъщ. 

Къуажэр ипэ дыдэ Мараш къалэм къетlысэхэщ ар щхьэкlэ абы дэмысу нобэрей къуажэм къэтlысыжахэщ. Къуажэм и цlэри Мараш къикlахэр жыхуаlэу Марашлы фlащри абы къытенащ я цlэр. Адыгэбзэкlэ зыхуэкlыну Щоджэнхэрэ Сохъхэрэ зыщlэукlытыхьыжри лъэпкъитlми я цlэ фlамыщурэ Марашлы цlэр къатенэри Адыгэбзэ цlэ ямыlэу къэнащ. 

Къуажэр сыт щыгъуэи къуажэшхуэу щытакъым. Къуажэдэсхэм я бын ирагъэджэн щылэжьэн я унафэу къалэхэм lэпхъуэжащ. 

Къуажэ цlыуххэр къалэшхуэхэм псэукlэ дахэ яlэу дэсхэщ я бынхэр ерагъэджащ. Къулукъыщlэ куэди яlэщ. 

Къуажэр лъагэу зы щlыналъэ зэрысым щхьэкlэ lащ ягъашхэу зэрахуэу щопсэухэр. Мэл рэ ащкlэрэ фlыхэщ. 

Мы лъэпкъхэм; Сохъ, Щогэн, Килар, Гэрыгэ щымхьуакlэ псори хэхэсщ иужькlэ къахэтlысхьауращ.

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img