Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Зыфlэфlи зыфlэмыфlи щыlэщ! 

lэнэм пэрыс нэхъыжьым, и ишхыным хэлъ щхьэцыр къыхихри, унэгуащэм дэжкlэ зигъэзэри лъэlуащ: 

«Кхъыlэ, мыр зыфlэфlи, зыфlэмыфlи щыlэщ. Шхын псоми хэвмылъхьэ.» 


Дэнэ нэс нэсынуми… 

Мумэд, си адэр, и къуэш нэхъыжьым щlыгъууэ епэдыдэ хьэщlапlэ щыкlуарат. Бысымхэм, lэнэ къамгъуву, яхьэщlэхэм, тепщэч цlыкlу зэрыз къыlэщlагъуващ. 

Мумэд, тепщэчым илъ lэфlыкlэ гъурым гуахъуэкlэ щытеlунщlэм, lэфlыкlэр фтырейри ежьэжьати; и нэр тенауэ абы кlэлъыплът жи езыри. И къуэш Къарэцlыкlу Къази: 

«lэхъу сыту lеуэ уплъэрэ!» щыжиlэм: 

«Уэлей lэфlыр, дэнэ нэс нэсынуми зэзгъэщlэнуси арамэ!» жиlэс жи. 

Yazarın Diğer Yazıları

Фызибл

Зияцӏыкӏу жари, Нэхущхэ зы яӏэт. Егъэщӏэм къишатэӏым. Чизмэ (шырыкъу) цӏухэр щыгъу, зыкъищӏт. «А Зия, зыгуэрэ къомышэ мыгъуэу жьы ухъуас. Уэ тӏэсэ тхьэ зыгуэрэ къомышэрэ, нэмэзтӏэкӏуи...

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img