Зияцӏыкӏу жари, Нэхущхэ зы яӏэт. Егъэщӏэм къишатэӏым. Чизмэ (шырыкъу) цӏухэр щыгъу, зыкъищӏт.
«А Зия, зыгуэрэ къомышэ мыгъуэу жьы ухъуас. Уэ тӏэсэ тхьэ зыгуэрэ къомышэрэ, нэмэзтӏэкӏуи щхьэ умыщӏрэ?» жаӏэмэ;
-Уэлей сэ сылӏэмэ, Алыхьым, лӏо сэ укъыщӏысхуэмлэжар жиӏэмэ, жесӏынур, хьэзыру сиӏым:
‑Гуэнэпӏщӏей Али, фызибл къыщептым щыгъуэ, уэлей зы фыз къызомыта! жесӏынс Алыхьым! жиӏэт.
Къэзыӏуэтэжар: Къумыкъу (Къардэн) Лейлащ. Узын‑яйлэ, Шыпшхьэблэ щыщщ. Илъэс 88мэхъу.







