Щыгъуэ-Щlэж Махуэ!

0
515

Сыт, «щыгъуэ» псалъэм къикIыр, сыт цIыхухэр щIэщыгъуэр? Ар сыт щыгъуэ? Щыгъуэн папщIэ «щы»макъ псалъэ пычыгъуэр хэтын хуей? Хэтын хуеймэ, мы «щы» макъ пычыгъуэр, къызыхэкIар, и къежьапIэр зыхэхун хуеищ. «Щы» макъ псалъэм къежьапIэ хуэхъуным и щхьэусыгъуэр, зы фIэщхъуныгъэм къыхэкIыу бзэм къыхэхьащ. Ар фэщхъуныгъэм къыхэхьэн щIэхъуар; ижь ижьыжьым Тхьэ, Тхьэпэлъытэу зыпылъа «дыгъэ»ращ. Дыгъэр, щыуэпс щIыналъэм тету, тесу, псэууэ хэпсэуэхь псэуныгъэм, псэущхьэм къезэгъыу, къыщхьэпэу зэрыщытырат. Ар щыщымыIэм хуабэ щыIэтэкъым. Ар щыщымыIэм нэху щыIэтэкъым. КъэкIыгъэр кэзгъэкIыр арат, къэкIыгъэхэр псэущхьэхэм Iус яхуэхъут, а лъэхъэнэм ещIакIуэу къиукIыф псэущхьэхэри цIыхум щхын хуэхъут. Мыпхуэдэу я гъэлъапIэ дыгъэр сыт щыгъуэт щыщыIэр. Ар дэнэ къикIу я гугъэт? А лъэхъэнэ щIэныгъэм зымыужауэ, щIылъэр зэрызпэхъуреир ямыщIэу; щIыналъэр захуэу къафэщIыу Кавкас къурш нэзым щыкIэрысхэм щыгъуэ, Дыгъэр, Хьазарым хым къыхэкIыу, Къавказ Къурщ зыкIэлъыкIуэм ирикIуэу дэкIыу, и щхьэ щыгум щынэсам «Iуащхьэ махуэ» тепсэу, иригъэзыхыжу щехыжым ХыфIыцIэм ищхьэрэмкIэ Азок Хым хэхьэжу ялъагъуу, ялъытэу я фIэщхъуныгъэм хэтт. Нэху щыну кIэху къыщищIым пежьэу, я Iэр хуаIэту, зыхуаIэтам и цIэр яIуэу, лъэIу хуащIыу, я Iэгум къипса «ды»м (дыгъэ) бзийхэмкIэ къеIусауэ, езыхэри еIусэжьа ялъытэу уэхъус (уэм ит хъум еIусауэ) ирахт. А «ды»р хым къыхэкIыу къызытехьар и унэт, зытепсэу хъуар абы ейт. «дым и унэм ей»т, ар «дыуней»т. Ар дунеим щытетым къэкIыгъэхэми ящхьэр яIэтт, зыхуащийт заIэту. Къэушт, къэтэджт, зыратIэт. КIыфI шынагъуэм, имылъагъуу бгъуэнщIагъым зыщызхъума псэущхьэ цIыхум, и пкъыр зыгъэхуабэ, и нэм езгъэлъагъу, махуэ хъууэ нэху зыщI «ды»м, дыгъэм пщIэшхуэ хуищIт. Абы щытыкищ иIэу ялъытэт. Хым къыщыхэкIым, кIэху хъууэ, нэху «щыгъуэ»м. Ар «пщэдыджыжь»т. Абы уэгумкIэ зигъазэу, дыгъэзеяуэ дэкIыу уэгум и кум щынэсам, (къавкас къуршым и щхьэм, уащхьэм) къэпсу, къытепсэ бзийм уащхьэр нэхуу, махуэ ищIт. Уащхьэр махуэ хъуауэ, «(I)уащхьэ махуэ» фIащат, ягъэлъапIэу. Мис а нэхъ ягъэлъапIэ щытыкIэр, ещэнэреи елъэIу, еджэгъуэу; «щыджагъуэ»щ. Уащхьэр махуэ ищIауэ, егъазэ, ирегъэзыхыри, хым хэхьэжьыну йохыж. Мы щытыкIэми хужьаIар, и щхьэр ирехьэхыж кырагъэкIыу «пщыхьэщхьэ» хужаIащ.  

Зытета дунеир, щыIэм хишу игъэхуэбауэ, кIыфIым хишу игъэунэхуу, къигъэкIыу, зыщIэкIэу, зыхэхъуэу, щхыныгъукIэ зыр зым щхьэпэу, псэуныгъэр зыпызыщIэ а «зы» закъуэм, псори абы хуэныкъуэу, ауэ ар зыми хуэмыныкъуэу, хым (псы) къыхэкIыу, хым хэхьэжу дызыгъэунэху, зири абы хуэдэ хъункъым жыхуаIа дыгъэр; дунеим йохыж. Ар «дунеим ехыжащ» хужаIэ. КIыфым къыхэнауэ щамылъагъужым, «щыIэжкъым» хужаIащ. Ар дунеим «щы»тетым «щы»гъуэ; «щы/Iэ»уэ, щамылъагъужыфым «щы»гъуэ; «щы/Iэ/ж/къым» хужаIэуэ, лIауэ ялъытэу, а«ды/ра/ей» дырыщIым, «хьэдырыхэ»м кIуауэ,кIыфIым къыхэнауэ, я фIэщхъуныгъэм хэхьауэ хэтт. «щыIа»р, щыщымыIэжым, иIар щимыIэжым къыхэкIыу, щIедзэ «щыгъуэн»ым, хуэ«щыгъуэным», кIыфIым хэхьэу, «щыгъуэ»м хокIуэ… Мис аращ дэри ды щIэ«щыгъуэр»! «Щыгъуэ Махуэ» хужытIауэ илъэсищэ икIуа зауэм хэкIуэда ди лъэпкъ лъапсэр пыудауэ, гукъеуэшхуэу хэкIуэда ди блэкIар, гъэ мин куэдкIэ псэупIэ хьапIэ хуэхъуа и хэкур зырагъэбйынар, къызэдикIым фIцIэу илъэгъуа «Хы ФIыцIэм» хигъэкIуэда ди цIыхубэр, хьэдэу хым нэсахэм, бзэжьеихэм къащIэнэжа, хым тафэм къыридзылIа щхьэц, щхьэ къупщхьэхэм гум къырина гуауэхэр ди пкъым зыхищIауэ аращ дыщIэщыгъуэр. Накъыгъэ мазэм 21 хуэзэу хухэха мы махуэр; Мы гу уз, гуауэ махуэхэр зэрытщымыгъупщар, зэрытIщIэжыр игъэлъагъуэу «Щыгъуэ-щIэж махуэ»у, а махуэр ди «Щыгъуэ Махуэ»щ.  

Зауэм, гу уз гуауэм хэкIуэдауэ, дунеим ехыжа ди лъэпкъым Жэнэтыр хапIэ яхуэхъуну… КъэкIыгъэ къэрабэм хуэдэу щIыналъэм ипхъа ди лъэпкъэгъухэр зэрыгъуэтыжыу, гугъэр, гуфIэгъуэр къалъысу «Гуауэдэх» яхуэхъуну… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz