Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къуджу – Къушчу

Хьэтыкъуеи къуажэ. Пэдысей къыпыкlауэ къуэжэцlукlщ. Пэдысхэ 1858 гъэм Текирдагъ Черкеской районным къэкъуахэщ. Урысым я хуимыдэу Аястефанос (Сан-Стефано) зэгурыlуэныгъэм теухуауэ из ныкъуэм Дузджэ Елмалы (Пэдысей) къуажэр щаухуащ. Из ныкъуэр Узняйлэ Пэдысей къуажэр щаухуащ. 70 унагъуэри Сирия кlуахэщ. 

Пэдысей къуажэм къыщытlысым Аушэрхэмрэ Адыгэхэмрэ зэзауэри Мэфэщlыкъуэхэ, Мэртэдхэ, Жанэхэ ящыщу лlищ Аушэрым къаукlащ. 

Пэдыс Батыр лlы lущт, лlы бзаджэт, лlы лъэрыхьт. Пэдысейхэр къуэжиплlу игъэтlысащ. Къушчу, Деведереси, Хъытхьакуей, Пэдысей ицlэуэ. Къушчухэри Пэдысей къикlа унагъуэхэм яухуащ. Дыгъужьхэ, Быдж ижыкъуэхэ, Мэлэмкъуэхэ (Чурмыт), Пхъашэхэ, Даурхэ и цlэуэ унэгъуитху мэхъур. 

Я тlысыпlэр Пэдысей пэплъэу дыгъэ къыкъуэкlыпlэмкlэщ. Къуажэр къуажэ цlыкlущ. 

Ипэм бгы хъуреийм зыкъуэзгъапщкlуэ Аушэрхэр къатеуэурэ зэран къахуэхъурт. Абы щхьэкlэ мэзым къыхэкlынкlэ шынэхэрти зыплъыхьыпlэ ящlауэ Аушэрхэм яплъакlуэт. А щlыпlэм Къалэгъур жраlэрт. Къалэгъур Исхьакъ (Мэлэмкъуэ) и цlэр Къалэгъур Исхьакъу къытенащ. 

Къуажэр ипэм зэрыжысlам хуэдэу къуажэ цlыкlу. Туркмэну унэгъуэ зыплlыщlи щопсэур. мэлыхъуэу къакlуэу къыдэнэжауэ. 

Къуажэдэсхэм къакъий (нэхъут), хьа, гуэдз хащlэр ар пэмыщl lэщ зырахуэур. Къуажэ куэдым ящхьа кърикlуар мы къуажэ цlыкlуми ящхьа кърикlуащ. Псэуныгъэм теухуауэ къалэшхуэхэм lэпхъуахэщ. Къуажэм иджы къэкlуэжурэ унэ дэхащэхэр щырагъэщl. Гъэмахуэм къалэдэсхэр къокlуэжри щlымахуэ хухь я лэжьыгъэ къырахьэлlэри щlымахуэм зыщыпсэу къалэшхуэхэм мэlэпхъуэжхэр. 

Къуажэм цlэрыlуэу дэсахэр Дыгъужь Хьэж Умар, Назим, Мэлэмкъуэ Хъайри, Айваз Хъуэжэ, Быджыжыкъуэ Умар, Асым, Мэмэт Зеки, Абзэх Абекыр, зи цlэ сигу къэкlахэр зэкlэ мыхэращ. 

Къуажэр Пэдысей. Хъытхьакуейкlэ къэтlысыхьащ. И щlыбыр дыгъэ къыкъуэкlыпlэмкlэ бгымкlэ етащ. Кайсери къалэм 70 км Азей районым 42 км пэжыжьэщ. Къуажэр Хьэтыкъуеи къуажэщ. Еджапlэр ягъэбыдэжащ. Мэжджытыр зэlухащ. Ефэнди яlэщ. Иджы псоми гу яlэщи къуажэм макlуэ къокlуэж. 

Къуажэм теухуауэ узытепсэлъыхьын хуеуэ псори къэстхащ. Къуажэм теухуауэ таурыхъ куэд щыlэ щхьэкlэ ахэр дэ дыщlытепсэлъыхьын хуеуэ зыгуэрэlым. Дэ къуажэм иухуэкlэ зэрыхъуамрэ щаухуа гъэмрэ унэгъуэ щыпсом нэгъуэщl адрейхэм яужъи диткъым нэгъуэщl lуэхуи зетхуэкъым. 

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img