Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къэзыгъэзэжахэри адыгэщ, къэзымыгъэзэжахэри адыгэу къонэж

Илъэси l60-м нэблэгъащ адыгэхэм я нэхъыбэм я адэжь хэкур зэрабгынэрэ. Илъэси l00-м щlигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат. 

Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуаниблым нэблагъэ щопсэу, Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащрихьэлlэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми.  

Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ ныбжь зиlэхэм е курыт ныбжьым нэсахэм нэмыщl, адрейхэм бзэр дахэ-дахэу зэрамыщlэжыр. Итlани нэгъуэщl лъэпкъхэм яхэтlысхьа ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ lэмалрэ зэфlэкlыу яlэр ирахьэлlэу я бзэмрэ хабзэмрэ нобэрей махуэм къызэрахьэсам уи гур егъэхуабэ. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яхузэфlэкlащ лъэпкъ зыхэщlыкlыр ямыгъэкlуэдыну, къащlэхъуэ щlэблэр зыщыщ лъэпкъыр ищlэу къагъэхъуну. Си щхьэкlэ срихьэлlащ бзэр имыщlэми, хабзэ къыпкlэлъызезыхьэ, ар зи lэпэгъу щlалэщlэхэм.  

Хэкужьыр зи плъапlэу къэпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкlэ l990 гъэхэм насыпышхуэ къахудэкlуауэ ялъытэрт. Абы щыгъуэм къэрал гъунапкъэхэр зэlуахри, а илъэсхэм щегъэжьауэ хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж мэхъу, щlыналъэр зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэзэщlэну къокlуэж. Абы щыгъуэм къэlэпхъуэжыпэну тегушхуахэри щыlэщ. Пэжщ, абы лъандэрэ къэзыгъэзэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ.  

Мыбдежым губгъэн яхуэпщlыну къезэгъкъым зи lуэхурэ лъапсэрэ хамэ къэралхэм щызэтраухуауэ щыпсэухэм занщlэу зыкъащтэу къызэрымыlэпхъуэжыфымкlэ. Ауэ адыгэпсэмрэ адэжь хэкумрэ къызэрыримышэжьэжыр умыгъэщlэгъуэни плъэкlыркъым. Дауи, нэхъыбэ къетшэлlэжыфыну къыщlэкlынт, къэрал унафэ щыlэу, ар зи лъабжьэ программэ гуэр лажьэу щытамэ. Абы и щапхъи тлъэгъуащ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн, къэрал lуэху ищlри, Косовэ къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэтlысыжащ. Абы иужькlэ апхуэдэу зэрыlыгъыу къытхуэмышэжами, къэкlуэж зэрыщыlэм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыжхэр къызэрытхэтым и фlыгъэкlэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр догъэлъапlэ.  

Илъэси 10 ипэ СХьР-м зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкlуэжа щыlэхэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къужэхэми къыдэтlысхьэжри, лъахэм щыщыlэ псэукlэм хэсыхьыжащ, абы емысэу нэгъуэщl къэралхэм lэпхъуэжаи щlыlэхэщ. Дэ мызэ-мытlэу дыщыlащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Арщыдан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщl жылэхэм дэтlысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цlыхухэр гурэ-псэкlэ адыгэу къыщlэкlащ икlи адыгэ гъащlэм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужыlэнукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэфlхэмкlэ къызэгъэпэщынымкlэ цlыху щхьэхуэхэри ядэlэпыкъуащ, зыхэтlысхьахэрати, гъунэгъу гумащlэу къыщlэкlри, куэдкlэ сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэд-къазхэр ягъашхэ, хадэ ящlэ, гъавэ ягъэкl, lэнатlэ пэрытщ. Сабийхэр хъарзынэу гъэсапlэхэм, еджапlэхэм щlэзэгъащ, бзэхэр зрагъэщlащ, ныбжьэгъухэр яlэ хъуащ.  

Къэкlуэжар мащlэми, махуэ хэха щыlэщ. А махуэр Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкlэ, 20l0 гъэ лъандэрэ егъэлъапlэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсри. Нобэкlэ къапщтэу щытмэ, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм къикlыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым – цlыху минищым нэблагъэ, Адыгэ Республикэм цlыху 2000 щопсэу, Къэрэшей-Шэрджэсми щыпсэуну къэкlуэжа щыlэхэщ.  

Куэдкъым, бжыгъэхэм уеплъмэ. Гущlыхьэщ хамэ хэку куэдрэ узэрыщымыадыгэфынур. Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, нэхъапэм къалэшхуэхэм епха вилайетхэм адыгэ къуажэ цlыкlухэр щаухуауэ, зэлъэпкъэгъухэм фlэкlа дэмысу щытамэ, иджы еджэн, лэжьэн щхьэкlэ цlыхухэр къалэхэм lэпхъуэурэ къыдэнэжаlакъым. Ауэ си ныбжьэгъухэм, цlыхугъэхэм жаlэу зэрызэхэсхамкlэ, а къуажэхэм дэкlахэм я щlэблэм унэхэр къащэхужурэ ягъэув, е псэупlэ нэхъ ин иращlыхьри, гъэмахуэхэм кlуэжурэ абы щопсэу, зыщагъэпсэху. А хъыбарыр щызэхэсхым сигу къэкlащ: къуажэм зыгъэзэжыну зыфlэфlым хэкум къигъэзэжыну дапщэщу пlэрэ игу къыщихьэнур. Тырку адэжь лъапсэр къэзыщэхужыр Кавказым, адэшхуэм и хэкум, къыхуеlэну пlэрэ? Я лъым хэмыжэбзыкlауэ хэтыжу пlэрэ адыгэлъыр?! Хэту си фlэщ сщlыну сыхуейщ, зэман дэкlын хуей къудейуэ аращ. Хэхэс лlыжь гуэрым жиlэу зэхэсхащ адыгэ дунейр илъэс бжыгъэ куэдкlэ зэрызэтещэхар, ар зэфlэувэжынми апхуэдиз пlалъэ зэрихьынур. Абы къикlыр упэплъэн, угугъэн хуейуэ аращ.  

Гъащlэм зэманым зыдихъуэжурэ макlуэ. А Тырку дыдэр къапщтэмэ, куэд щlакъым абы лъэпкъыу исыр тыркуу ялъытэу зэрыщытрэ. Абы тыркухэмрэ курдхэмрэ зэпыщlигъэуващ, лъыи ягъэжащ, ауэ тыркум и унафэщlхэр ирагъэкlуэкl лъэпкъ политикэм хэплъэжри, курдхэми, адыгэхэми, нэгъуэщl лъэпкъхэми я анэдэлъхубзэр яджыжыну хуиту унафэ къащтэн хуей хъуащ. Иджы абы и телевидениеми нэгъуэщlыбзэкlэ укъыщыпсалъэ, нэтынхэр къыщыпт мэхъу. Университетхэм нэгъуэщl лъэпкъхэм я бзэхэр щрагъэдж, абы щыщщ адыгэбзэри.  

Нобэ Тыркум хуит щыхъуа а lуэхухэм щхьэкlэ, блэкlа лlэщlыгъуэм и 80 гъэхэм цlыху ягъэтlысу щытащ. Зы лъэхъэнэ тырку аскэрхэр (полицэм, дзэм и лжьакlуэхэр) хабзэр къызэпызыудхэм я деж кlуэрэ дашу, и унэхэм щlэлъхэр щlахыу щытащ. Курдхэм я закъуэтэкъым лей къызытехьэр, атlэ адыгэхэри хьэзаб куэд хагъэтащ. Мис абы щыгъуэ адыгэ унагъуэхэм я адэжьхэм я щlэину, хэкум и фэеплъу яхъумэу щыта хьэпшып лъапlэ куэд щlагъэкъэбзыкlащ – дыщэ, дыжьын бгырыпххэр, къамэхэр, сэшхуэхэр, уанэхэр, нэгъуэщlхэри. Хьэпшыпхэм я lуэху зомыхуи, лъэпкъ пашэу щыт лъэпкъылl нэсхэр хьэпсым ирадзэрт, я лъэпкъ lуэху зэрызэрахуэм щхьэкlэ, апхуэдэ хъыбархэр яlэщ дэ фlыуэ тцlыху Къущхьэ Догъэн, Хъуажь Фахъри, Нэгъуей Яшар, Едыдж Мэмэт, Едыдж Нихьаи сымэ, нэгъуэщlхэми. Ауэ ахэр екlуэкlа политикэм зыкlи нэхъ гуащlэмащlэ ящlакъым, я лъэпкъым, я хэкум, я бзэм, я адыгагъэм хуэпэжу къэнэжауэ мэпсэу, хэкур я унэ етlуанэу.  

Нобэ екlуэкl гъащlэр нэгъуэщlщ, дэнэ щыпсэу адыгэми зыми къыпиубыдыркъым нэхъ мыхъуми и бзэр зригъэщlэну, абы и унагъуэм щрипсэлъэну, щlэблэм яlурилъхьэну. Си гугъэщ а зыхэщlыкlыр мыкlуэду нобэрей хэхэс щlэблэм къадекlуэкlыну икlи зэгуэр къэрал ухуэкlэхэмрэ хабзэхэмрэ нэхъ тынш хъууэ, нобэ и бзэр зригъэщlэн папщlэ гугъуехь зэрыщымыlэжым хуэдэу адэжь хэкум къэкlуэж гъуэгури тынш хъужыну.  

  

Нэщlэпыджэ Замирэ,  

Адыгэ Республикэм щlыхь зиlэ и журналист. 

Yazarın Diğer Yazıları

Vefat

Jineps gazetesi eski yazarlarından, Silivri Kuzey Kafkas Kültür Derneği kurucu üyelerinden hukukçu ve yazar Hulusi Üstün vefat etmiştir. Ailesi, yakınları ve sevenlerine sabır dileriz. Tha...

Ацәыргақәҵа

Ацәыргақәҵа «IS» – иаҳхысыз аамҭа амаӡақәа ҳзаазыртуаз, аха иқәццышәаа ицаз асахьаркыратә ҟазара арҿиамҭақәа ирызкуп. Амцабз иахәхаз ахьыршәыгәқәа ирцәынхаз ахәеи арацәеи заҵәык роуп. Иблит ажәлар...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img