Зэгуэрым, Истамбыл щыпсэу зы адыгэ лlыжь срихьэлlэгъащ. И щхьэгъусэри имыlэжу изакъуэуэ къэнауэ и бынхэм ядэпсэут. Дыщызlущlэм, «Ди щынэхъ лъапlэ» жысlэри ар жысlащ, «Иджы уи бынхэми уабгъэдэсщ, хъарзынэуи къыпкlылlоплъхэ, къалэм даурэ удэхъухьрэ?»
Лlыжьыр зэ зыщlэгупсысыхьыжри иlыгъ баш къуаншэмкlэ и лъапэм теуэурэ, «Уэрей шынэхъыщlэ» жери ар жиlащ, «Уи фlэщ хъурэ, сэркlэ Истамбылыр жыхьэнэмэмэ, си ныбжьэгъухэм сахэсыжу си къуажэжь сыщыпсэуамэ ар сыткlэи нэхъ къэсщтэнтэмэ!»
Тхьэмахуищ хуэдиз ипэ тlэкlу зызплlыхьыну Узуняйлэ сыкlуэжауэ адыгэ къуажэхэр къыщыскlухьым, лlыжьым а жиlахэр сигу къэкlыжащ. А лlыжь закъуэракъым апхуэдэуэ егупсысыр; и къуажэ щалъхуа щапlа, и цlыкlущхьэр абы щекlуэкlа, Узуняйлэ псэукlэр зи нэгу щlэкlа псомкlикl lуэхур зытетыр аращ.
Зылъэгъуахэр щыгъуазэщ; Узуняйлэ щlыналъэр апхуэдэуэ уызlэпишэну дэхапlэкъым, щхъуэнтlагъэ щlагъуэи имыlэуэ губгъэ нэщlщ, уыщыпсэунри гугъщ. Мис иджы соплъри, къуажэхэр нэщl хъуащ, дэсыжи щыlэкъым, унащхьэхэр къиуащ, унэ блынджабэхэр къекъутэхащ, сэрейхэр удзкlэ зэщlэкlащ.
Сыт нтlэ цlыхухэм Узуняйлэр ягу зэикl щlимыхур, ар щlащымыгъупщэжыр, абы щlэбегыурэ я гъащlэр щlырахьэкlыр?
Унэ ябгынэжахэмрэ уэрам нэщlхэмрэ сеплъыурэ къыщызкlухьым абы согупсыс. Пэжщ, хэткlэи щалъхуа щапlэ щlыпlэхэр гум имхужщ ауэ а щыналъэм щыпсэуа, а гъащlэр есхьэкlа адыгэхэмкlэ нэхъыщхьэр нэгъуэщlщ.
Узуняйлэр фlыуэ уэзгъэлъагъур щыпсэу цlыхухэрат, абы щекlуэкl адыгэ гъащlэмрэ адыгэ псэукlэрат. Цlыкlухэм я гуо-кlий макъхэр, щlалэгъуалэм я гущlа-джэгухэр, лlыжхэм я хьэщlэщ уэршэрхэр, жыжэуэ къыщыlу пшынэ макъхэрат.
Ар «Хэку Цlыкlуу» зэтыраухуати я Хэкужьым пэлъытэуэ ябжт. Ар ягъуэтыжын я гугъауэ я къуажэ кlуэжахэр япэщlыкlэ моуэ зэ къоуlэбжьэ, итlанэ къагуроlуэ, къуажэри жылэри зыгъэдахэр абы щекlукlэ гъащlэр зэрыэрэр.
Мис иджы, Хэкум гущlэгъуншэуэ лlыгъэкlэ кърагъlэпхъукlыу мы щlыналъэм кърагъэтlысхьэуэ щыта адыгэхэр етlыуанэуэ аргуэру Тыркум и щlыпlэ псомкlэ икъухьауэ lэпхъуэхэри къалэдэс хъуахэщ, къуажэхэм къыдэнэжар мащlэ дыдэс.
Щыгъупlастэкlэ псэукlэфl яlэми, зыдэкlуа къалэхэм щыуэрамыншэщ, щыхьэщlэщыншэщ, щыгъунэгъунщэщ, щыадыгэбзэнщэщ; Кlэщlу жытlэнщи язакъуэщ, язэкъупцlийщ.
Нобэ ещанэуэ lэпхъуэн хуей хъуащ ауэ дэнэ зыдlэпхъуэнур? Шэч хэмылъыуэ Хэкуращ! Зыхузэфlэкlым и пкърэ и щхьэкlэрэ, Зыхузэфlэмыкlми игурэ и псэрэкlэрэ. Лъэпкъыуэ къэнэнумэ адыгэр, ар lэмалыншэ хъуащ.
Ещанэ lэпхъугъуэр Хэкумкlэ хъун, абы гъэзэжын хуейщ ауэ даурэ ар зэрыхъунур? Мис нытlэ lуэхур аращ.