Деведереси

Къуажэр Кайсери къалэм 165 км, Азей районым 65 км пэжыжьэу Пэдисей къуажэм къытехъукlыкlэ зы Хьэтыкъуей къуажэщ ар щхьакъэ Абзах и Осет унэгъуеи Щопсэур. Къуажэр къуажэцыlукlщ 1868-1870 гъэхэм Педысей къикъри къуажэм пэгъунэгъу къэтlыса унагъуэхэм яухуащ. Къуажэр нобэкъэ узереплъынкlэ 20 унагъуэ щыпсэуащ. Къуажэм нэхъыбэу нэхъут джэрш хьа гуэдз хэлъхьэр. Щlы якудэкъым. lащ зэрахуэр мэл зехуэныр мэлыхъуэ гъуэтыгъуей зэрыхъурэ щагъэтыжащ. Псоми я бжэlупэм трактор lутщ. Зэ псори мащlэ куэдми ящl толэжьыхьыр. Адрей Адыгэ къуажэхэм ещхьу мы къуажэм щыпсэухэри къалэшхуэхэм мэlэпхъуэжхэр. Саби ирагъэджэн щылэжьэн я унафэу. Ар щхьэкlэ цlыуххэр къуажэмкlэ къебэжурэ унэ дахэхэр ирагъэщlауэ гъэмахуэм къокlуэжхэри я хадэ ящl яужь иту Бжьыхьа пщlондэ къуажэм досхэри щlымахуэ хуэкlуэм къалэхэмкlэ мэlэпхъуэжыр. Къуажэр Пэдысей, Кушчу, Панлы къуажэхэмкlэ къэтlысыхьащ. Егъэджапэ дэткъым ауэ мэжджыт дэтщ ефэнды яLэщ. Цlыхухэр Азей районым Къайсэри къалэм кlуэурэ зыщыщlэ къыщащэху. 

Къуажэр къуажэфlщ къуажэ дахэщ жыг куэду ясауэ къагъэущхъуэнтlащ. Хадэй яlэщ зэпсоми. Къуажэм теухуауэ зи гугъ тщlын зэкlэ мыхэращ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz