Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгэ журналистхэр – текlуэныгъитlкlэ

ДАГЪЫСТАНЫМ и къалащхьэ Махъачкъалэ шыщхьэlум (августым) и 25-27 махуэхэм лъэпкъ телевиденэ нэтынхэмкlэ «Голос Евразии» зи фlэщыгъэцlэ, е 5-нэ Урысейпсо фестиваль щекlуэкlащ. 

Абы хэтащ УФ-м и хэгъуэгу телерадиокомпанэхэр. Я lэщlагъэ lэпщlэлъапщlагъ утыку зэпеуэм щрахьащ Къэрэшей – Черкес телерадиокомпанэм и журналистхэми. 

Зэпеуэм кърагъэхьащ программэ 430-м нэблагъэ. Икlи, гуапэ зэрыхъущи, фlыкlэ зи цlэ ираlуахэм, къыхагъэщахэм ящыщщ КъЧР-м и телерадикомпанэм и адыгэ къудамэр. 

А lуэхухэм нэхъ тегъэчынауэ иджыблагъэ къытхутепсэлъыхьащ Къэрэшей-Черкес телерадиокомпанэм лъэпкъ нэтынхэмкlэ и шеф – редактор Кушпэ Маринэ. 

– Лъэпкъ нэтынхэм ягъэхьэзырауэ программи 5 зэпеуэм едгъэхьати, абыхэм ящыщу тlур адыгэбзэкlэ щlат. Тlуми саугъэт лъапlэхэр къыхуагъэфэщащ. Программитlми я режиссёрыр Сидакъ Иринэщ.  

«Лучшая программа для детей и юношества» номинацэмкlэ текlуэныгъэр къихьащ «Страна детства» нэтыным. Ар зытеухуар Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщ Хутэ Аслъэн ищlа гъэсапlэ, узэщlапlэ утыкуращ. Абдежым сабийхэр адыгэ джэгукlэхэм, псынщlэрыпсалъэм, усэ къеджэным хуегъасэ. Псы lуфэм щытетхащ а программэр. Зи гугъу тщlа номинацэмкlэ япэ увыпlэр къихьащ. Ар си lэдакъэщlэкlщ. Тезыхар оператор Ашыбокъуэ Мухьэмэдщ, – къыхегъэщ Кушпэ Маринэ. 

Къапщтэмэ, сабийхэр дэ тщыщ дэтхэнэми и гъащlэм и lыхьэ нэхъ лъапlэ дыдэщ. Абы къыхэкlыу сабий программэхэр гум, псэм дэщlауэ, фэрыщlыгъэ яхэмылъу мэхъу.  

Сабий нэтынхэм я темэр журналистым къыщlыхих щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр гъэсэныгъэ мыхьэнэращ. Апхуэдэу мыбдежым къыхощхьэхукl адыгэ джэгукlэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ сабийм и хьэл-щэныр, езы программэми мыхьэнэрэ пкъырэ щlагъэувэ, фэ къытрагъауэ.  

Сабийр дэзыхьэх lуэхуу щыткlэрэ, джэгукlэхэр гъэсэныгъэ lэмал лъэщщ. Адыгэ джэгукlэхэр куэду гъэнщlащ гушыlэрэ ауанрэкlэ, зэпеуэ хущlэкъуныгъэкlэ, пкъыр зыузэщl lэбэгъуэ тегъэчынахэрэ теплъэ дахэрэкlэ. Абыхэм гъунэжу хэтщ сабийхэм фlыуэ ялъагъу къебжэкl псынщlэрыпсалъэхэмрэ пхъэидзэхэмрэ, къыщыгъэлъэгъуащ цlыхухэм я псэукlэр, я лэжьэкlэр, лъэпкъым къыдекlуэкl хабзэхэр, щlыхьыр, лlыгъэр lупщl зыщl теплъэгъуэхэр. Джэгукlэхэм сабийхэр драгъэхьэх лъэщу, бэшэчу, пкъы псынщlэу щытыным, творческэу гупсысэным, текlуэныгъэм хущlэкъуным, хуэпабгъэным. 

А джэгукlэхэм лlыщlыгъуэ куэд хъу тхыдэ яlэщ. Лlакъуэхэм зэlэпахыурэ, ахэр ди нобэрей лъэхъэнэм къынэсащ, Хьэкъыпlэкlэ а лъапlагъэхэращ Кушпэ Маринэ и нэтыным къыщигъэлъэгъуари.  

Лъэпкъ хъугъуэфlыгъуэхэм я хъумакlуэу къыщlэкlащ ди нэхъыжьыфl Хутэ Аслъэн. Аращ «Страна детства» программэм пкъы дахэ щlэзыгъэувар, аращ «Голос Евразии» фестивалым и номинацэм щlытекlуар.  

Етlуанэ программэм – «Народные приметы черкесов» жыхуиlэм саугъэт щхьэхуэ хэхауэ, фlыщlэ тхылъи щlыгъуу къратащ. Зыгъэхьэзырар Ещэр Мыlуминатщ, операторыр Урым Ислъамщ. 

Саугъэт хэха зылъагъэса «Народные приметы черкесов» программэр щlэныгъэ къызыхах нэтынщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэхэм я лъэпкъ философиер. Лlыщlыгъуэхэм я кlыхьагъым зи тхыдэ хэкум щыпсэужа лъэпкъым къыхудэхуащ щlыуэпс къэхъугъэ къызэрымыкlуэхэм япэщlэтын, бгъэдыхьэкlэщlэхэр къигъэlэрыхуэн, щlэныгъэщlэхэр зыхиубыдэн.  

Иужькlэ ахэр цlыхубэ нэщэнэ хъужащ. Лъэпкъ щэнхабзэм и lыхьэ щхьэхуэр нэрылъагъу зыщlщ псы lуфэм, мафlэ пащхьэм щытраха программэр. Мафlэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я дежкlэ гъащlэм епха мыхьэнэ зиlэ (сакральнэ) пкъыщ. Программэр мыхьэнэ хэхарэ теплъэ дахэрэкlэ ирагъэкъужащ адыгэ lэнэм тет, гурыlупсыр къэзыгъажэ шхыныгъуэ lэфlхэм. 

Фестивалыр теухуауэ щытащ Урысейм и щэнхабзэ щlэиныр хъумэным и Илъэсым. Жюрим и унафэщlу щытащ ВГТРК-м и генеральнэ унафэщlым и къуэдзэ, хэгъуэгу Департаментым и унафэщl Сабитов Рифат. 

Ари жыlэпхъэщи, мыпхуэдэ зэпеуэхэр куэдрэ екlуэкlкъым икlи абы текlуэныгъэр къыщыпхьыным пщlэшхуэ пыщlащ.  

Ди адыгэ радиотележурналист нэхъыжьхэм ящыщ Щакlуэ Мусэлы зэрыжиlамкlэ, ди адыгэ пщащэхэм къагъэлъэгъуащ lэщlагъэ lэпщlэлъапщlагъ ин икlи яхуэфащэ дыдэу къратащ саугъэтхэмрэ фlыщlэ тхылъхэмрэ. 

Дэри абы щlыдгъужынщи, Тхьэм яхуигъэбагъуэ я ехъулlэныгъэхэмрэ абыхэм къапэкlуэ саугъэтхэмрэ! 

(Черкес хэку) 

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэ Iуэхум – гуащIэ ин

ЧЫРЖЫН (Дохъушокъуэ) Куклэ Жамбэч и пхъур илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ пэрытщ егъэджакIуэ ІэщІагъэм. Арами, Куклэ дохутыру еджэн и мурадащ. Ауэ гъащIэм апхуэдэу зэблихри, и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img