Ди Хэкум щытлъэгъуа гуэпагъэр!

0
377

Туркум икIыпIэ бжэ «Сарп»кIэ Гуризин дихьауэ, дызэрыс гумкIэ зыкъом гъуэгу дырикIуащ. Гъуэгум и зы щIыпIэм зэкIэлъхьэужыу щыт гухэм яужь дихьауэ, дыщIызыхэтыр дымыщIэу, зими ямыщIэу, жэщым нэху щыхункIэ, лъэбакъуэ лъэбакъуэ жыхуаIэм хуэдэу «Таможнэ» зыфIаща Гурызин щIыналъэ гъунапкъэм дынэсащ. Абы дикIа нэужь Вилади Кавказ щыналъэу Асэтиным дызэкIуцIырыкIыри Къэбэрдейм дынэсащ.  

Mы зэ далэ, Хэкум си кIуэкIэр, лъагъупхъэ щыпIэ дахэхэр лъагъун папщIэтэкъым. Дызытелэжыхь бзэм епхауэ, щIэнхабзэм ехьэлIауэ, зы лэжьыгъэ егъэкIуэкIынырат. ТцIыху, дызэрыцIыху тхакIуэхэр тлъагъун, ди лэжьыгъэхэм дытепсэлъыхьу дыгъэкIуэтэн папщIэт. Къэбэрдей/Балкар лъэныкъуэм щытлъагъунухэр, Карачай/Чэркэскым дызыхуэзэнухэр, дыхущIэхьэмэ АдыгейкIэй дырекIуэкыну, дызырыщыIэфын махуэхэм тегуэшауэ махуэхэр итщIыкIат.  

Махуэ зытIущ Налчик дыщыIауэ, тэлэфонкIэ зыпытщэурэ, Карачай/Чэркэск щыпсэу, Кайсэри къалэм дэт Эрджийэс Iунивэрситэм щызыIуаха «Адыгэбзэ Къудамэ»м и нэхъыщхьэ егъэджакIуэ Прф. Йуан Зэуал сырыгъэблэгъауэ, Налчик нэс къакIуэри, Чэркэск къалэм сишащ. Абы дыщыIэу, Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Аслан Алий дыри хьэщIащ. Дызыдэуэршэру ди Iуэху, ди лэжьыгъэхэм дыщытепсэлъыхьым; Зыры «парлэмэнт»ым сылъыгъуэзащ. Ди зы цIыху гуапэу, уэршэрым дызыщIиуIэфауэ дыщысыу, Туркым дикIауэ дызыра хьэщIэр зэхихауэ; Кардэн Зэремэ зытыриухуауэ, си тхылъ езэнэрейуэ къыдэкIа «Щыуэпсым и бзэ, Ди бзэ АДЫГЭБЗЭ» тхылъым и гугъу хущIауэ, зы ТВ гуп хасэм нэкIуащ. Абыхэм ягъусэу «Чэркес Хэку» газетым и нэхъыщхьэ тхакIуэ, Журналист Абыдокъуэ (Щохъужь) Люсанэ Алий и пхъу, Тхылъым теухуауэ, зэмылIэужь упщIэ куэдкIэ щэупщIахэщ. Адыгэ Хасэм дезгъэблэгъа, Хасэ Тхьэмадэми ирата псалъапэ щIэдзэгъуэми, щытхъу Iэф куэд къытхужиIащ. Абы яужьыми Йуан зэуал, илэсищ хъуауэ дызэрыцIыхуу, псалъэ дахэхэр дищIыгъуащ.  

Хасэм, ТВ лъэжьыпхъэр щырекIуэкIым; ЦIыхуитI ныщIэхьащ. Ахэм зыр, и нэкIум си нэр щыхуэзэм, зий сымылъэгъуау, ауэ, фIыуэ сцIыху, слъэгъасэрэт жысIэу сызыпэплъэ, сурэтыщI Iэзэ, егъэджакIуэ, ди фейс гъусэ гуапэ Абыдэ Асят’т. Жыжэу, щхьэщIэ кIэщIкIэ Iуэхъус есхащ. ТВ лэжьыпхъэр дыуха нэужь, «Ди Абид Аси» зыфIэсща Асят, щыпэ зэрылъагъуу, дызэрылъэгъуащ, дызэрыцIыхуащ, Iэплъэ гуапэ зэтшэкIащ. И гъусэу ныщIэхьа, и щхьэгъусэ щIалэ къекIу Абыдэ Едич’и тцIыхуа хъуащ. А махуэм тIэку дызыдэуэршэрауэ, адырей махуэм къыхуэдгъэнащ, къэтпсэлъыным и нэхъыбэр… Дызытепсэлъэхьынухэр… 

Карачай/Чэркэск Фэдэрэ къралыгъуэм и нэхъыщхьэ къалэ Чэркэск, дигъэлъагъуну, дыхигъэплъэну дежьащ. Чэркэск уэрамым дэт, унэ зытет гъэщIэрэщIахэм дихэплъэурэ, уэрэмышхуэм утым, утыкум тращIэхьа Адыгэм и фэеплъ Iэщэ/фащэ сынышхуэ тегъэсам, и фэеплъу къытхуэнэну Аслан Алий, Йуан Зэуал, сэ (Токъмакъ Айдын) сурэт щызтырыдгъехащ. Зы шхапIэм кIыхьу дыщыздэуэршэращ.  

Йуан Зэуал и къуажэр Хьэгъундокъуейщ. Жэщым сызыщыхьэщIэнур а къуажэрат. Мыгуващэу дехмэ, махуэнэкIэ тхуэлъагъур тлъагъунщ жытIэри дежьащ. Теплъэ дахэ зиIэ щIыналъэм дахэплъэурэ; Инджыдж псыщхуэ, инджыдж псыцIыку и гугъ тщIыурэ псы дахащэ убгъуахэм дыблэкIыурэ, Хабэз Къуажэм дыIуплэурэ, Кабардейм щыIэ ди къуажэ «Зейыкъуэ» къуажэй мы лъэныкъуэми зэрыщыIэр сфIэгъэщIэгъуэну къуажэ дэхьапIэм, джабэ нэзым тращIэха «Зейыкъуэ» къуажэ тхыгъэр зыдытетым дей дыкъыщыувыIэри сурэт щызтырезгъэхащ.  

И лъэныкъуитIыри, къурщ щхъуантэ лъагэхэм дыдэплъеурэ, зызубгъуа къуэладжэм, пысыхъуэм тел лъэмыжхэмкIэ дащхьэпырыкIыу Хьэгъундукъуей гъунэгъу дыхъуауэ Зэуал гур къигъэувыIэри сигъэлъэгъуащ:  

-Мис мы щIыпIэри Нарт IуэрыIуатэхэм хэтыж «Адыйыху» къызыхэщ IуэрыIуатэхэр щекIуэка щIыпIэу ягъэлъагъуэ, Мо бжьэпэм тету тращыхьари «Адыйыху и Чэщанэу» дыIоплъэ. Мы пжьэпитIым я зэхуакуми лъэмыж телъауэ яIуэтэж…Ахэм жыжэу дахэплъауэ дожьэж.  

Хьэгъудокъуей дыщыдэхьэм, мы къуажьэм зэрыщыIэр зыхэсхауэ, видэохэм щыслъэгъуауэ, си нэ къызхуикI «Адыгэ нып Iуащхьэ»р тлъагъуну къуажэ дэкыпIэмкIэ дыунэтащ. Дыщынэсам, сын зытет зы Iуащхьэм, щхъуантIэпс теплъэр лъэгу хуэхъуауэ, Вагъуэ пщIыкIутIыр зыкIэлъыкIуэу зыбгъурыту , зы гъэ гъащIэу, хэпсэуэхьа лэпкъ къудамэу, абы и лъабжьэмы щыуэ зыкъуэт щабзэшэхэр уэгумкIэ деплъейуэ, зы махуэ гъащIэу, зыкIэлъыкуэу зызрагъэщIау дыIуплъащ, дытеплъащ.  

Iуащхьэ теплэ нэкIур щхъуантIэу Iыгъын папщIэ, Псы тыриутхэу тет, ныбжыфI зиIэ лIым дей сыдэкIыри Iуэхъус хэсхыри, сыщIэупщIэу, Туркым сызэрикIар, сызэрыхьэщIэр езгъащIэри, сэри, мы щхъуантэпс теплъэм си Iыхьэ хэлын папщIэ; IэщIэлъ псы теутхэр къеIысхыри, псы тезутхащ. Мы щIыпIэр зауэшхуэм хэкIуэда Адыгэ Лъэпкъым папщIэ яузэдауэ, и пжьэпэ дыдэми сынышхуэ трагъувауэ тетщ. Мы сыныр куэдрэ ирагъэIэтыжыну, иралъэфэхыну яужь ихьами, хатIэжыурэ яхъумащ. Мыр зыхъума зэкъуэшхэм щыщщ Хутэ Аслан. Аслан и пщэ илъщ, псы щIэгъэхьэным дей щыщIэдзауэ, мы щIыпIэр гъэкъабзэн, пщIантэм дэт муземи щыгъуазэу,и унафэри IэщIэлъыу (и дирэктор) псори зырегъакIуэ.  

Музем, Адыгэм пасэрей лэхъэнэм щызэрихьа Iэмэп сымэхэр, хьэпшыпхэр, Iэщэ, фащэхэр, пщэфIапIэм щызрахьа хьэкъщыкъухэр, цIыкIухэр зэрыджэгуа кIэн(чIэн), кын (чын) хуэдэ зэмылIэужь куэд дигъэлъэгъуащ. Зэрыз зэрызу и гугъу къытхуищIащ. Ныбжьу блыщIым фIэкIарэ пэт , мы Iуэхухэр фIэфIыу зезыгъакIуэ Хутэ Аслан зэрызцIыхуар си гуапэу, фIыщIэшхуэ хуэфащэу , гуапэу дыкъыригъэжьэжаш. 

А жэщым, Хьэгъундокуей Йуанхэ сарихьэщIащ.Унагъуэр сыт щыгъуей зытезIыгъэр бзылъхугъэращ. Зэуал и щхьэгъусэ Лулэ, Кайсэри къалэм щыщыIэми,илэсищ хъуауэ дызэрыцIыхуу зы цIыху гуапэщ. Адыгэ щхын Iэнэ зытыригъувамкIэ дигъэлъэпIащ, дигъэтхъэжащ.  

Нэху зырыщыу, пщIантэр, хадэр, хадэхэкIхэр, къэкIыгъэхэр зыхэтлъэгъуащ. Чэркэск дыкъэкIуэжыну, къуажэм дыкъыщыдэкIыжым «Адыгыху и Чэщанэ»м Iуплъэ бжьэпэм дыдэкIыри, Хьэгъудокъуей дыкъеплъыхыу сурэт тетхащ.  

Чэркэск дыкъэсыжауэ, къыдэжьэ Абыдэ Асят, и щхьэгъусэ Абыдэ Едич, дыгъуасэ хуиту дызэрызэмыпсэлъэфар къыхагъэщауэ, Зэуал игъуэу тхуилъагъумэ, Налчик дэ тшэжынщ, гъуэгуми къэтпсэлъынухэм дытепсэлъыхыфынщ, жаIэу зэгурыIуахэщ.  

Чэркэск / Налчик и зэхуаку гъуэгум «Щыуэпсым и бзэ, Ди бзэ АДЫГЭБЗЭ» тхылъыми, къыкIэлъыкIуэну етэнэрей тхылъу «Фэщхъуныгъэм и бзэ, ди бзэ АДЫГЭБЗЭ» тхылъыми кIыхьу дытепсэлъыхьащ. Гъуэгур дыухауэ Налчик дыкъэсыжауэ, ауэ, къэтпсэлъынухэр тхуэмыухауэ, зы шхапIэ тысыпIэм IэфIыу дыуэршэрыуэ дыгъэр щыкъуэдгъэхьащ.  

Фейс гъусэуным дызэрипхауэ, дызытет гупщысэ, псэукIэ щIыкIэ, бзэм, хабзэм, лъэпкъым ди еплъыкIэр зытехуэу, фыуэ тлъагъу, зы цIыху гуапэу, ди щыпэ зэрылъагъуу, къыздэтпсэлъын куэд диIэу, зыщыдмыгъэнщIау, тхуэмыухыну; къэкIуэну ди лэжьыгъэхэм дызэрытелэжыхьыфынум и унафэмкIэ гъуэгу дызытетыну дызэгурыIуащ. 

Бэслъэней псалъэкIэ щIыкIэр Iэзэу зэзыхьэ Абид Аси, зылъыгъуэза хабзэжхэм ящыщу, нобэ къэсауэ зырамыхьэжхэм нэса зы хабзэр, сэр папщIэ зэрихьауэ, си гуапэ дыдэу сыкъыригъэжьэжащ.  

Унагъуэм къахуеблэгъа хьащIэр, щырагъэжьэжым зыдэкIуэжыным нэзхьэсыжын «гъуэгу гъуэмылэ» хуэхъуну, «Шу Iэнэ» хуаIатын хабзэр зырахьащ. Нобэ зедмыхьэжми!  

Ауэ, а хабзэжъыр сэ схузэрихьащ! «Щу Iэнэ» схуиIэтащ. Хьэлыуэ, Хьэлывэ, зыкIэрыпщIэ, фо зытелъ, пхьэм хэщIыкIа Iэнэми ди Токъмакъ Дамыгъэри хиригъэщIэхьауэ… Си гуапэу, Си гум IэфIыуэ къинащ, Си тхыгъэ куэдым къызэрыхэщу «Ди Абид Аси»уэ…  

КъэкIуэну ди тхыгъэр Къэбэрдей лъэныкъуэ гуэпагъэхэм хухэхауэ…. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz