А пщыхьэщхьэм ар сымылъэгъужатэмэ, зэи къызыхуэзгъэгъунутэкъым…
Тхьэмахуэ ипэ (блыщхьэм)…
Гъатхэпэт. Уэфlт. Дунейр гъащlэщlэм къыхуэушт. Сэ еджапlэм сыщыlэт, ещанэ урокыр щlидзат. Урокыр иригъэкlуэкlыну къыщlыхьа егъэджакlуэм, тlэкlу зэрызэщымыщхъур къытещу, зыкъысхуигъэзащ:
-Марьянэ, уи шипхъу Каринэ къэпсэлъащ, узгъэкlуэжыну къызэлъэlуащ. Уи хьэпшыпхэр зыщlэкъуэжи кlуэ, узоутlыпщыж.
Дэ еджапlэм и гъунэгъуу дыпсэурт, дакъикъиблкlэ сынэсырт. Жеин тlэкlур си жагъуэтэкъыми, нэхъыбэрэ сыхэлъын щхьэкlэ, унэм сыщlэкlыу еджапlэм сынэсыным зэману ихьыр сыбжауэ сщlэрт. Сыкъэтэджыну сызэрымыпlащlэр и жагъуэу, си анэр пщэдджыжь къэс къызэшхыдэрт «мы лъэбакъуитlым укъыкlэрыхунущ» жиlэурэ. Сэ сщlэртэкъэ сыкъызэрыкlэрымыхунур! Уэзджынэ къыщеуэ дыдэм деж сыщlыхьэрт.
Унэмкlэ сунэтlыжауэ сокlуэ, сыщlрагъэутlыпщыжынкlэ хъунум согупсыс. Егъэджакlуэм деж нэпсэлъа си шыпхъу Каринэ сабиитl иlэщ, езыр зыщьыпlэ щыкlуэнум деж, ахэр сэ къысхуигъанэт, Ноби къызэрысщыгугъыр сщlэрт, еджапlэм сыкъикlыжмэ, нэхъыщlэр къысхуигъанэу адрейр дохутырым ишэну.
-Щхьэ нэхъ жьыуэ кlуэн хуей хъуауэ пlэрэ? – жысlэурэ, ауэ зыгуэрым щхьэкlэ си гур гузавэурэ, сынэсыжащ.
Иджыри махуитl ипэ (щэбэтым)…
Тхьэмахуитlым нэблэгъащ лъэрытету, жыджэр цlыкlуу къэгъуэгурыкlуэ си анэшхуэр сымаджэ зэрыхъурэ. Нэхъыфl ящlыжыну дыщыгугъыу здэдгъэгъуэлъа сымаджэщым:
-Хуэтщlэфынур хуэтщlащ, унэм фшэжи вгъэтынш, – жаlэри къыдатыжащ.
Си анэм нэмыщl, нанэ зы къуэ фызкъэмышэ иlэу арати, «Щlалэмкlэ ар зехьа хъунукъым» жиlэри, мамэ ди деж къишащ. Ар унэм къыщыщlашэжым, си нитlым ялъагъур си фlэщ хъуртэкъым! И лъакъуитlкlэ унэм щlэкlыу сымаджэщым кlуа си нанэ дыщэр и lэблэр цlыхуитlым яlыгъыу, ерагъкlэ бакъуэу къыщlыхьэжу арат!
-Мамэ! Дауэ ар!? Мыпхуэдэу щытакъым нанэ, сыт мыбы иращlар?
-Зэкlэ аращ, нэхъыфlи хъужынщ, – жиlащ мамэ, и анэм и щытыкlэр къызэрытегуплlэр, абы тепсэлъыхьыну зэрыхуэмейр къасщlэу.
Къаша щхьэкlэ, нанэ ди деж куэдрэ щыlакъым, и унэжьым яшэжыну лъэlуати, ари и псэм телъ бэлыхьым къыхигъэхъуэну хуэмейуэ, и лъэlур ягъэзэщlащ. Си анэ дэлъху Хьэсэн къакlуэри машинэкlэ ишэжащ, мами и гъусэу кlуащ.
Нанэ апхуэдизкlэ цlыху щабэу, гуапэу дунейм тетти, хьэблэм къытемыгузэвыхь, къыщlэмыупщlэ дэстэкъым.
Сыщыцlыкlум, псори сабийм хуэдэу къыщызэпсалъэм, нанэ сигъэбалигът, и ныбжьэгъум зэрыдэуэршэрынум хуэдэу къыздэуэршэрт, захуэр щlэзахуэр, къуаншэр къуаншапlэм изыгъэувар къызгуригъаlуэрт. И гъунэгъу цlыхубз махуэм щэ къекlуэкlри зэ къысхуиубат. «Иуб» псалъэр тlэкlу езгъэлеяуэ къыщlэкlынущ, нанэ цlыхур зыгъэпуд псалъэ къызыжьэдэкlхэм ящыщтэкъым, ауэ и гъунэгъур зэрыlуэхуитlгъэныр дигъуэт.
Гушыlэр хэхауэ, нанэ сыщригъусэхэм деж, зэми псори зыхузэфlэкlын балигъыу зыкъысщыхъурт, иныкъуэхэми сысабий дыдэу къызыщызгъэхъуу, зезгъэгъафlэрт. Сыкъыщыкlуэжкlэ и тыкуэным къыхуищlа фейдэм щыщ ахъшэ тэкlу къыскъуидзэрт.
Блыщхьэ махуэм…
Дапхуэдизкlэ сыхуэмейми, семыгупсысу хъуртэкъым:
-Нанэ и узыншагъэр нэхъ lей хъуауэ пlэрэ? Нанэ зыгуэр къыщыщlауэ пlэрэ?
Тхьэшхуэм нанэ къытхузэтринэну селъэlуурэ сынэсыжащ. Вакъэр здызэсхъуэкlым, пэшым къыщlэувыкlа си шыпхъу Каринэ и нэгумкlэ псори къызгурыlуат, ауэ зыгуэрым иджыри сыщыгугъыу сыщlэупщlащ:
-Сыт къэхъуар?
-Марьянэ, на… нанэ цlыкlу диlэжкъым, – жиlэри ину къэгъащ.
Псалъэу хъуар лейт. Си гум зызэхуишащ: апхуэдизу фlыуэ плъагъу цlыхур дунейм темытыжу, зыми зыри хуимыщlэжыфыну…
Зэман дэкlа нэужь зыкъэсщlэжри, Каринэ сеупщlащ:
-Куэд щlа?
-Сыхьэтитl ипэ…
Каринэ сакlэлъыплъыну и сабийхэр къысхуигъанэри, хьэдагъэм кlуащ. Махуэ псом, дауи, си нэгу щlэтар си нанэ дахэ цlыкlуращ.
Щэбэт махуэм…
Пщыхьэщхьэ хъуат. Унэм си закъуэ сыщlэст тхылъ седжэу, сызэджэми сытегупсысыкlрэ анэшхуэ сымаджэм деж псэкlэ сыкъыщыхутэу. Нанэ сыlуплъэну, сыщlэупщlэну кlуапlэ къызатыртэкъым: зэм Каринэ и сабийхэр тезгъэурт, си унэ лэжьыгъэхэр сщlыжырт, унэм сыщыlэбэрт. Сызыхэт гупсысэ нэщхъейхэм сыкъыхишащ бжэ lух макъым.
-Укъэкlуэжа, папэ?
-Сыкъэкlуэжащ, ауэ згъэзэжынущ. Уи анэр щыгъын зэхъуэкl щхьэкIэ лъэlуащи, хуэсшэнущ.
-Сэри сыздэшэ! Пщэдей сыдэсщ, кхъыlэ, сынэгъакlуэ.
-Накlуэ. Зэгъусэу дыкъэкlуэжынщ.
Сэ а дакъикъэм къэзгуфlам ущlэмыупщlэ! Апхуэдэу псынщlэу зэи зызгъэхьэзырауэ сщlэжыртэкъым.
Сытми сыгуфlэу дежьащ, псынщlэ дыдэуи дынэсащ.
Унэм узырыщlыхьэу узыхуэплъэ пэшырат нанэ здыщlэлъыр. Абы и шыпхъухэри къэкlуэжауэ щыlэти, нанэ деж сеплъэкlыурэ псоми сэлам есхри, нанэ декlэ сунэтlащ. Жейуэ къысфlэщlати, тlэкlу сыщхьэщытри, сыкъыщlэкlыжащ.
-Сыту пасэу жея нанэ, ныжэбэ мыжеижыфмэ… – щыжысlэм, мамэ къэпсэлъащ:
-Жейуи жысlэфынукъым, Марьянэ. Махуищ хъуауэ мы зэрыплъагъущ. Зэзэмызэ тlэкlу къэтlэтурэ зыгуэр lудогъахуэ.
-Загъуэрэ зыхуейри жеlэ икlи дыкъецlыхуж, – къыпищащ нанэ и шыпхъум, «lуэхур гузэвэгъуэ lейкъым», жыхуиlэу.
Нанэ пlэм и сэмэгурабгъумкlэ щылъти, сэ ижьырабгъумкlэ сыкъекъуэкlри сыбгъэдэгъуалъхьэ хуэдэу сщlащ. Си нэпсхэр хуэмурэ си нэм щlэз хъуащи, щlесыкl.
-Нанэ, сызыхэпхрэ? Сыкъэпщlыхужа, нанэ?
Нанэ, и щабагъыр и нитlым щlэслъагъуэу тlэкlу къызэтрихри, «нтlэ» жыхуиlэу напlэр тригъэуащ.
-Зыгуэрым укъыхигъэзыхьрэ, нанэ?
И щхьэр ищlащ, «хьэуэ» жыхуиlэу. Игъащlэм хэт зэхиха нанэ зыгуэр хуейуэ, зыгуэркlэ мыарэзыуэ жиlэу? И lэ гъур цlыкlухэм lэ дызолъэ, и щхьэцыр тызолъащlэ. Адэкlэ зыгуэр жысlэну сыхуежьэмэ, сыгъынущи, къарууэ сиlэмкlэ зызэтызоlыгъэ. Сэ мызэкlэ схуэщlэнур арати, нанэ гъунэгъу дыдэу сегъуэлъылlащ. И lэм дэслъэ си lэр щикъузам, си гум имыхуэж гурыщlэм нэпс гуащlэ къыщlихуащи, зы нэм къыщlэжыр мыдрейм къыхэлъадэрэ си щхьэцым щlэлъэдэжу си нанэ lэфlым сыбгъурылъщ. Нанэ къару бгъэдэлъыжкъыми, псэлъэфынукъым, сэ зы шынагъуэ гуэрым сызэщlищтащи, си жьэр схузэщlэхынукъым, ауэ дэ тlур мызэкlэ псалъэ дыхуэныкъуэкъым. Псэкlэ дызэрощlэ. Нанэ ещlэ сэркlэ зэрыцlыху лъапlэр. И гъащlэм гугъуехьрэ хьэзабу хэлъами, гурыфlыгъуэу иlами сыщыгъуазэщ. Сыту lущыгъэ куэд къызжепlа, си псэм хуэдэу си нанэ дыщэ, сыту куэдым гу лъызбгъэта… Уэращ lеймрэ фlымрэ зэхэзгъэкlыу сызыгъэсар. Уи жьэм къыжьэдыхьэ псор къэбгъэlу зэрымыхъунур, зыгуэр бгъэкъуэншэн ипэ, уэ езым уи щыуагъэ къэплъыхъуэжын зэрыхуейр, пцlы бупсыныр зэрыикlагъэр… Къызжепlауэ хъуар зы шэч къытезмыхьэу къэсщтащ. Зы махуэ закъуэм бдэслъэгъуа цlыхугъэр схурикъуни щапхъэу узиlэну, си нанэ.
Уи гъунэгъуитl зэщыlеяти, махуэ къэс кlийуэ зэжьэхэлъадэрт, куэд зэрапэст, хьэблэр зыщlагъэплъу. Уэ абы уриукlытэрт. Угупсысэщ, угупсысэри, сэ къызжепlащ (зыри къысщубзыщlтэкъым!):
-Умылъэгъуа пщlыхьэпlэ плъэгъуауэ жыпlэну гуэныхь дыдэщ, ауэ мы тlум я напэр зэрытох, дэри къытщыукlытэркъым, мыр зыгуэрурэ къэгъэувыlэн хуейщ. Сыкlуэнщи, тlуми яжесlэнщ я анэ лlахэм сепщlыхьауэ, я псэм бэлыхь телъу, зэкlужу lэплlэ зыхуащlыжу афlэкlа апхуэдэ емыкlу ямылэжьыжыну къелъэlуу. Ар пцlыми, сигу илъыр фlыщ, мыхэм уеущиекlэ зыхащlыкlынукъыми, Тхьэшхуэм къысхуигъэгъунщ. Ялыхь къысхуэгъэгъу!
Зэ зым уепсэлъащ, итlанэ адрейм деж укlуащ. Етlуанэу уздэкlуар уи гъусэу къыдэпшри, япэм и пщlантlэм фыдыхьащ. Адэкlэ къэхъуар сэ слъэгъуакъым, ауэ угуфlэу укъызэрыкlуэжамкlэ къэсщlат уи гуращэр къызэрохъулlар. Апхуэдэ дапщэ…
Арыншами хьэжэпхъажэ си гур къилъэт пэтащ абдж къутэ макъышхуэр къыщыlум. Шкафым хэлъ гъуджэр къыкlэрыхури, цlыкlу-цlыкlуу щэщащ. Пэшым щlэсхэр диящ, мыбэуэж хуэдэу. Сэ япэ зыкъэсщlэжри, жыхапхъэрэ хьэнцэрэ къэсхьыну сыкъэтэджащ…
Махуитl псэужауращ си нанэ. Си сабиигъуэр игъэхуабэу, игъэнэхуу къыщыблэ уэздыгъэ щабэр уфlынкlащ. А пщыхьэщхьэм нанэ сымылъагъужатэмэ, си щхьэм хуэзгъэгъужынтэкъым, жызоlэ, ауэ зыхуэзмыгъэгъунур сабийтегъэу сищlу сызымыгъэкlуа си шыпхъурат. Жесlэфынтэкъым, и гур згъэузу, ауэ сыlуплъэху сигу къэкlынт…
Си фlэщ мэхъу си нанэ дахэр, си нанэ щабэр зытетам нэхърэ нэхъ дуней дахэ хыхьэжауэ.
Абазэ Заринэ,
Бэрбэч ХьэтIутIэ и
цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжым и еджакIуэ.