Кайсэри 5. Тхылъ ГъэлъэгъуапIэм!

0
365

Мэгъэй, жэпэуэгъуэ Мазэм и 14/23.2022 махуэхэм хуэзэу, гъэ къэс щызтыраухуэ щIыпIэм, щIэуэ къыдэкIа, ипэрей, еджакIуэхэр зыхуэныкъуэ тхылъхэр, къыдэзгъэкIа тхылъ тедзапIэхэм, тхылъ гъэIуакIуэхэм, тхыл щакIуэхэм хуагъэува увыпIэхэм я тхылъхэр тралъхьэу/трагуашэу я гъэлъэгъуащ, я щащ… 

«Dünya Ticaret Merkezi» зыфIэщам щыIэ, мы гъэлагъуэным хухэхау зытеухуа, ут унэ пэщышхуэм, махипIщIым къекIуэлIа цIыху бжыгъэр, газэтхэм зыратхыжамкIэ 935.638 цIыху бжыгъэм нэсауэ, 300 тхакIуэ, милуанищым (3.000.000) хуэдиз тхылъырэ, еджакIуэрэ зырыгъуэтауэ деджэжащ. 

Тхьэмахуэ кIуэцIым, махуэ нэхум хуэзэу; егъэджапIэм щIэс еджакIуэ цIыкIухэр гуп гупу къашэурэ, ез я ныбжьым хуэфащэ тхылъхэм хагъэплъащ, къакIуэхьащ, зэхъуапсэхэми хэщэхуахэщ. 

Дэри къытлъысу, дызыхэта увыпIэр; Кайсэри Адыгэ Хасэм хухэха (Станд) щытыпIэрат. ЗыкIэлыкIуэ махуэхэм тэгуэшауэ, ди тхакIуийым (8) махуэ зэрызкIэ къекIуалIэу, я тхылъхэм тепсэлъыхьу, Iэ хущIадзэу, я еджакуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ зэрыгъуэтын папщIэ Хасэ Тхьэмадэм къыригъэблэгъащ.  

ТОКЪМАКЪ Айдын 14.10.2022  

МЭЛЫХЪУЭ Мухиттин 15.10.2022  

ТОХЪ Эда (Балбай) 16.10.2022  

ЕУТЫХ Турхьан 17.10.2022  

БЗАДЖЭ Эргун (билги) 19.10.2022  

ПАЩТЫ (Мыжей) Мадинэ 20.10.2022  

КIЭДЫКIУЕЙ Эркан 21.10.2022  

IЭДЭМЕЙ Хьикмэт 22.10.2022 

Мы зыкIэлъыкIуэкIэм епхауэ къекIуэлIа еджакIуэхэм, ди тхылъхэм Iэ яхущIэддзэурэ еттащ. ТхакIуэхэм я тхылъхэм плIыр ЛатинкIэ, плIыри Кирил тхыпкъкIэ (хьэрф) тхат. 

Сызэрыхэплъахэм къызэрыхэщкIэ зыхэтгъэкIын хъумэ, ТуркубзэкIэ тха тхылъ еджакуэхэр зэрынэхъыбэр нахуэу хыболъагъуэ, ауэ, ди щIэлэ гъуалэхэми ди бзэр зэхищIыкIу, иримыпсэлэф куэдыми дырихьэлIащ. 

Ди бзэмкIэ (кирил) тха тхылъ еджакIуэхэр мащIэми, и бзэр тыншу зырехьэ, ауэ, ахэри тхыгъэхэм щэрыуэу еджэфхэркъым. 

Си бзэмкIэ седжэфасэрэт щызыIэу, зыригъэщIэну хущэкъу зэрыхэтым хуэдэу, зэригъэщIау пычыгъуэхэм къытхуеджэхэри зы гурыфIыгъуэу хэтлъэгъуахэм ящыщщ. 

Iунивэрситэм, Адыгэ къудамэм щеджахэр, щеджэхэр адыгэбзэкIэ тха тхылъхэм хэплахэщ, ахэм нэхъ лъыгъуэзахэщ. АдыгэбзэкIэ псалъалъэ щIэупщIэ дырихьэлIащ. 

ЕджакIуэхэмрэ тхьакIуэхэмрэ щызырыгъуэта мы тхылъ гъэлъэгъуапIэм, уэршэр кIэщI Iэфхэми дыщыхэтай хъуащ, фэеплъу къанэн папщIэ зытырагъэха теплъэ (сурэт) дахэ куэдыми дахэплэжащ… 

КъакIуэну гъэхэм зыIуахыну, тхылъ гъалъэгъуэным нэсыхункIэ, ди бзэмкIэ ди тхакIуэхэри, абы и еджакIуэхэри тхьэм тхуигъэбагъуэ… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz