Щlы, щlы-хъейн!

0
232

Мы псалъащхьэм хэт «щIы»м и гугъу тщIыуэ щIэддзэн нобэрей ды тхыгъэм. ЩIыр, дуней зыфIэтщауэ дызытет, дызытес, дызытепсэуэхьыращ. Нэгъуэщ зы цIэуэ «щIыналъэ»й фIэтщащ. «ЩIыпIэ» псалъэри хузыдохьэ.

Нобэ къэсыху тепсэуэхьа псэущхьэу цIыхуми щакуэ лъэхъэнэм, щыщэдзауэ щытезэкIуэхьащ, гуанэхэр, бгъуэнщIагъхэр «гъуэ» хуэхъуащ, «пIэ» хуэхъуащ, «гъуэлъыпIэ» хуэхъуащ. БгъуэнщIагъым къыщIэкIыу, псым пэгъунэгъу, псыр щежэх къуэладжэхэр тысыпIэу зытыриуфэу, чыкIэ къихуэхьащ. Къихуэхьам къэкIыгъэ хи«щIэ»у «щы»м, зы «щIэныгъэ» кыригъэжьащ. «ЩIы»рэ, «щIэ»рэ, «щIэн»ырэ макъхэр зэщхьыу, зыр зым къытехъукIыжу. «Вэн/сэн» фIащIауэ а лъэжьыгъэми. Хиса къэкIыгъэ жьылэм псэ щигъуэту. Зы псэ зэрыхэтыр нахуэу пхуэмылъагъуми, а щIым къыхэкIхэм, къытекIыкIэхэм хэлъ къруур хыуигъэлIагъуэу. «ЩIы» макъ зыхэт псалъэхэр бзэм къыхэхьащ. Си зы Пычыгъуэми къыщыхэщу:

Хэхуэр мэбагъуэ щIым.

ХэпщIар нэхъыбэжу къыуэтыж.

Псэ къызыхэкI щIыр, Бзылъхугъэ?

Уэгум хуэфащэу пIэрэ, хъулъхугъэ?

ЩIым имыIэ пфIэщIырэ уэ «Iэ»!

Къызыкъуихымэ и Iэр, хужыдоIэ «щIы-Iэ»!

ЦIыхум хуэдэщ щIыр. Абы зырехьэ «лъэ»!

Еплъых, узытетым. И цIэр «щIы-лъэ»!

«ЩIы»м и кугъэм зыщIэжьэражьэу къаруушхуэ хэлщ. А къарум щIылъэр зэрихуэу къыдырехуей. Къыдырихуей щIыпIэхэм пжьэпэхэр, къуршхэр къыхохъукI. КъыхэхъукIа къуршхэм и тIасхъэхэм, къыщеудыри дэп жьэражьэхэр къыдырехуей. Мы щIыналъэ хабзэ хъурыщIэхэр зы цIыху гъащэкIэ пхухэлъэгъуэнукъым. Гъэ мин куэд екIу.

ЩIы щIагъ къарум къыдырышея куршхэм телъ хьэлъагъэми къаруушхуэ щызыхос. ЩIылъэм зытырищIэхьа а къарухэр щиунэщIым, щылъэр мэхъей. «ЩIы хъей» псалъэм, бзэми щIыпIэ щегъуэт. Хъея щIым, и щIыфэм, щIы щIыIум тету хъуари егъэхъей, нэхъ быдэуэ зытещIэхьахэр къол, адырей хъуар зытырекъутэ! Мы щIы хъейыным и инагъэм епхауэ щIыфэри къокэ. ЩIыфэри зыгоуд, йоух, тетхэри дохуэ!

ЩIы хъейыным къыхэхъукIа псалъэхэм ящыщыу бзэми къыхэнащ: «ЩIыр зыгуэудыу удэхуа?» дэнэ ущыIэ! Хуэдэу… Хуэмыгъуэтыжь Iэмэпсымэм папщIэй, «дэнэ удэхуа?» «думп хъуащ!» хужиIэу.

Мы гъэм Тырку щыналъэм 06.02.2023 сыхьэтыр 04.17 щигъэлъагъуэм щIылъэр 7.7 МW, абы кIылъыкIуэу (зы махуэ кIуэцIым) етIууанэрейуэ 7.6 МW зыщIэсысэу игъэхъеяуэ къалэ пщыр (10) зытырыкъутащ.

Илэс щитху (500) хъуауэ зыхуэхьэсауэ зытелъ щыналъэм, ТыркущIым щикIэхьагъыр киломэтрэ щитхум нэсу, и бгъуагъыр киломэтрэ блыщIырэтхум нэсыу зытес псэупэхэр зытырикъутащ. Мыбы киломэтрэ щищкэ пэжыжэ къалэм дэт унэ зытетыу хъуар зыщигъэсысэхьауэ къигъэкауэ, жэкIэ зыкъыщIэзыдза цIыхухэри зытешынэхьауэ махуэ зытIущкIэ я унэм щIэхьэжыфакъым.

Мы щIы хъейыным зытырикъутэу и лъабжьэм къыщIина цIыхухэм и гуауэр, къела цIыхухэми зыхащIауэ; яIэ къызэрихьэкIэ ядэIэпыкъуну зыхуэсахэщ. Щыбым къыдэнауэ, Iэмалыншэу къэна, щIымахуэм и щIыIэм къезыгъэлын, зыгъэхубэн, щхыну, псыуэ Iурыхьэн, щитIэгъэн хуэдэу иджыркIэ зыхуэныкъуэхэмкIэ зыхадзэурэ,зыхалъхьэурэ хурагъашэу щIадзащ.

ЛъыкIэ зэпыщIа, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зыщыпсэур Маращ къалэм епхауэ Гоксун пыщIа «Джылъахъыстэней» къужэхэмрэ, Хьэтай епхьа къуажэхэм дэсхэращ. Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщхэр зыхуэсауэ, мы гуауэр зыдагъэшу хагъэщIын, зыдэщIыгъуу мы гуауэр щхьэщихын папщIэ яIэ къызэрихьэкIэ еужьэрэкIахэщ.

ЩIыпIэ щхьэхуэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ТВ’им щалъагъуа, мы щIы хъейным къытехъукIа гуауэр зыхащIауэ, Жорданым, Сурием, Хэкум, Кабэрдейм, Черкескым дыкъэзыцIыхухэр къытIщIэупщIэу къытхуэгузэвахэщ.

Мыбы хуэдэ гуауэхэр зыдэдгуэшыу хэдгъэщIынущ! Ауэ, дызыщIэсыну зытетщIыхь унэхэр, и щIэныгъэхэм хуэфащэу, хуэщIапхъэмкIэ зытещIыхьын хуейщ, хэмыдыгъуэхьау! Къеуха унэ зытетахэмрэ, зыфIэту къызтенахэм ущеплъым хыболъагъуэ щIэныгъэм екIуалъэу зытещIыхьар.

Мы унэ зытещIыхьыными хыболъагъуэ цIыхум и гъасэкIэри. ЦIыхухэр щагъасэкIэ фIэщхъуныгъэ шынагъуэкIэ ягъасэ. Мы фIэщхъуныгъэ гъасэкIэм, щэны, щэныхабзэ, щэныфI, щэныфIагъэ (ахьлак) хэмылъмэ; а фIэщхъуныгъэ гъасэкIэри зы нэпцI гъасэкIэщ. «Щэн зыхэмылъ фIэщхъуныгъэм» зы пщIэй, зы уасэй иIэкъым! ЦIыхур, цIыхугъэр зытезыкъутэ мы щIы хъейным зыфэту къызытена унэ зытетхэмрэ, зыхэлъэлъа унэхэм и теплъэхэм, нахуэу зы цIыху гъасэкIэр къыщигъэлъагъуэу.

Мы теплъэхэр, щапхъэ хохъу: Унэ зытетыр зыщIа гъасэкIэмрэ, а блыным кIырыщIэхьа пкIэлъейр IузыщIэхьа гъасэкIэр зэрызщхьэщыкIыр (Унэр зыщIар Iыракъ щыщ Iуэху щIакIуэщ, пкIэлъейр кIырызщIэхьар Жапон Iуэху щIакIуэщ). Унэ зытету къэнахэр зыщIахэмрэ, зыпкъырылъэлъу къеухахэр зыщIахэри зэрызщхьэщыкIыри къигъэлъагуэу…

Тыркум и зы цIэрыIуэ «щIы хъейным» щыгъуазэ, хуэIэзэ жэо-физикэр Профессор Ахмэт Мэтэ Iышыкара и зы псалъэр, псалафэу къытхуигъэнащ: «ЦIыхухэр къемылуу зыукIыр, щIы хъейныракъым, щIым тыращIыхьа унэхэращ» жиIэу.

ЩIыр хъейуэ, къауэу зытекъутахэм зи псэр щыхэзынахэм Тхьэм жэнэтыр хапIэ яхуищI. Къелъу дыркъуэ гуауэ зытехуахэми Тхэм яригъэIуэтэж. Лъэпкъыри, цIыхугъэри мыбы хуэдэ щыуэпс гуауэхэм, иджы нэужь щихъумэ!!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz