Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Уи бзэр бгъэлъэпIэныр гурыфIыгъуэщ

«Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэкъым» жи адыгэм.

ЦIыхум щIэныгъэу бгъэдэлъым, гъащIэ зэхэщIыкIыу иIэм, и зэчиймрэ и гуащIэдэкIымрэ хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ игъуэу зэрагъуэтыпхъэр шэч зыхэмылъщ.

Къэрэшей-Черкес къэрал университетым деж лэжьыгъэшхуэ щызэфIах ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэныр я лъабжьэу.

Апхуэдэхэм ящыщ зыщ адыгэ ди тхакIуэ нэхъыжьыфI Шорэ Ахьмэд ЛутI и къуэр илъэс 80 зэрырикъуам тращIыхьу гъатхэпэм (мартым) и 3-м ищхьэ еджапIэм къыщаIэта, щIэджыкIакIуэхэр зыхэта, «ЛIыщIыгъуэри схурикъунукъым фIы къысхуэзыщIахэм я щIыхуэр спшыныжын папщIэ!» зи фIэщыгъэцIэ конференцыр.

ЖытIэнщи, ди тхакIуэ нэхъыжьым къыхуаIэта пшыхьыр адыгэбзэкIэ иригъэкIуэкIащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъЧКъУ-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Астэжь Айшэт.

Зэхыхьэм кърагъэблэгъащ университетым щеджэхэмрэ и егъэджакIуэхэмрэ, курыт еджапIэхэм щIэсхэр, тхакIуэм и ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ.

Къэрэшей-Черкес къэрал университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Узденов ТаусулътIан конференцыр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Шорэ Ахьмэд и къалэмым къыщIэкI псалъэхэмкIэ цIыхухэр фIым, дахэм къызэрыхуриджэр, адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэфIхэм я къежьапIэр щIэблэм IэщIыб ямыгъэщIыныр тхакIуэм игъэнэхъапэ Iуэхухэм ящыщу зэрыщытыр.

КъинэмыщIауэ, еджапIэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ гъэхьэзыра дауэдапщэхэр дяпэкIи ирагъэкIуэкIын я мурадщ, ахэр лъэпкъхэм я бзэри, я щэнхабзэри къэзыIэтыну, езыгъэфIэкIуэну, зымащIэ гуэр нэхъ нэмыIэми — хэIущIыIу зыщIын хьэрычэтщ.

«КъЧР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ я пщэдейр нэхъыфI щIынымкIэ жэуаплыгъэ зыхьхэм ящыщщ ди университетыр. Нобэ нэрылъагъущ лъэпкъ цIыкIухэр бзэ и лъэныкъуэкIэ гугъумыгъу зэрыхэтыр — ар зи ягъэр ди зэхэтыкIэ-щытыкIэр «зэхэзытхъуэ» глобализацэращ. Аращ лъэпкъхэм къахуэтIэт конференцхэр я бзэхэмкIэ екIуэкIыпхъэу щIытедубыдар.

Сохъуапсэ тлъэкI къэдмыгъанэу ди анэхэм тыгъэу къыдата бзэхэр къэдупсэлъ зэпыту дыщытыну. Дэнэ мыкIуэми хуиту, гъэхуауэ я анэдэлъхубзэр си хэкуэгъухэм зэрагъэIур зыхэсщIэну си гурыфIыгъуэщ», – къыхигъэщащ Узденов ТаусулътIан.

Юбилярым и гъащIэм, и творчествэм теухуауэ доклад убгъуа къищIащ гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Черкес институтым и щIэныгъэрылажьэ пашэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Адышэс Маринэ.

ТхакIуэм хуэгъэзауэ къэпсэлъащ Хъумэрэ еджапIэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ щылэжьа Дыгъужь Барэсбий, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ Лыхь Тимур, КъЧКъУ-м филологиемкIэ и Институтым и унафэщIым и къуэдзэ Хубиевэ Фаризэ сымэ.

— ЦIыхур гъэлъэпIэнымрэ и гуфIэгъуэр Iэтынымрэ нэхъыфI щыIэу къыщIэкIынкъым мы дунейм. ЩIэджыкIакIуэхэм я конференцыр Ахьмэд и творчествэм зэрыхухахар ауэ сытмикъым. Адыгэ литературэм ар мычэму хуолажьэ жанру хъуар къигъэсэбэпурэ, ирехъу ар прозэ, драматургие, усыгъэ, повесть, е нэгъуэщI лъэныкъуэ.

Нобэ мыбы къеблэгъа цIыкIухэм ди тхакIуэм нэIуасэ зыхуащIыну лъэкIыныгъэ яIэщи, гукъинэ гуапэу къахуэнэжыну сыхуейт пшыхьым щалъагъунумрэ щызэхахынумрэ, — къыхигъэщащ Дыгъужь Барэсбий.

Тыркум щыIэ Эрджиес университетым щылажьэ профессор Иуан Зэуал видео IэмалкIэ конференцым хэтхэм закъыпищIэри, къайхъуэхъуащ бзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуа пшыхь университетым и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщу, Шорэ Ахьмэд и творчествэр щапгъэгъэлъагъуэу утыку къызэрырахьам папщIэ.

ЕгъэджакIуэм къыхигъэщащ къэбэрдей-черкесыбзэр ипэкIэ гъэкIуэтэным и гуащIэ ин езыхьэлIахэм Шорэр зэращыщыр икIи «Лэгъупыкъу» сабий журналым и къызэгъэпэщакIуэрэ и япэ редактору ар щыткIэрэ, лъэпкъ литературэм лъэбакъуэфI зэрыригъэчар.

Творческэ пшыхьыр зи зэчийкIэ зыгъэдэхахэм ящыщщ Къэрэшей районым и Малокурганнэ жылагъуэм дэт курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэр. Ахэр къеджащ Шорэ Ахьмэд итха сабий усэхэм, пшынэкIэ макъамэ дахэхэм къеуащ, адыгэ уэрэдыжьхэр ягъэзэщIащ.

— Сыт щыгъуи жызоIэ Къэрэшей-Черкес къэрал универистетым хуэдэу Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд зылэжь ищхьэ еджапIэ димыIэу. Фи ехъулIэныгъэхэм сыщогуфIыкI газетхэм къыщытрадзэкIэ, телевизоркIэ къыщаткIэ. А къомыр, дауикI, пхузэфIэкIынукъым гудзакъэ зыхэлъ унафэщIыфI къыпщхьэщымыту.

Сэри мы еджапIэращ къэзухар, ауэ сыщеджа зэманымрэ иджырэ зэплъытмэ, шумрэ лъэсымрэ хуэдэщ университетым игъуэта теплъэри, и лъэкIыныгъэхэри. Гуапэ дыдэщ еджапIэм и щIыхьэпIэм деж «Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университет» жэуэ бзихкIэ зэрыкIэралъхьар. Абы къегъэлъагъуэ университетыр гъуэгу захуэ зэрытетыр. Тхьэм нэхъри иригъэфIакIуэ! — къызэхуэсахэм захуигъазэу жиIащ Шорэ Ахьмэд.

Ахьмэд сабийхэм, гъащIэм, цIыхугъэм теухауэ итха усэхэм къахуеджа нэужь, къыдигъэкIа тхылъ зыбжанэ тыгъэ яхуищIащ университетым и библиотекэм. А псом къыдэкIуэу, усакIуэр илъэс 80 зэрырикъуамрэ творчествэм илъэс 60 гуащIэ зэрыхуигъэтIылъамрэ папщIэ, ФIыщIэ тхылърэ щIыуэпсым къытращIыкIа сурэт телъыджэрэ КъЧКъУ-м и ректорым къыхуигъэфэщащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIамрэ ди республикэм и гъащIэм жыджэру зэрыхэтымрэ къыхалъытэкIэрэ, Шорэ Ахьмэд илъэс зэхуэмыдэхэм къыхуагъэфэщащ къэрал нагъыщэ инхэр, къыфIащащ щIыхьыцIэ лъапIэхэр. ТхакIуэр — СССР-м и печатым и отличникщ, УФ-мрэ КъЧР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, Къэрэшей-Черкесым и цIыхубэ тхакIуэщ, литературэмрэ гъуазджэмрэкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм и саугъэтым и лауреатщ, ПсэукIэ-Дахэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ.

Шорэ Ахьмэд и IэдакъэщIэкIхэр ихуащ Ищхъэрэ Кавказым и усакIуэхэм я Антологием. Къэрал гъунэгъухэми, ди хэгъуэгуми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIи зэрадзэкIри «Из ручейков – море», «Солнце над Домбаем» (Къэзахъстэн), «В семье единой» (Дагъыстан») тхылъхэм, Урысейм и «Литературная газета», «Литературная Россия» газет инхэм, «Дон», «Кабардино-Балкария», «Ставрополье», «Литературная Адыгея», «Лира Кавказа», «Iуащхьэмахуэ», «Голос Кавказа», «Нана» (Шэшэн Республикэ») журналхэм къытрадзащ.

И пьесэхэм къытращIыкIри Къэрэшей-Черкесми, Адыгэ Республикэми я къэрал драмэ театрхэм спектаклхэр щагъэуващ.

Шэч зыхэмылъу, мы махуэм университетым щекIуэкIа Iуэхугъуэ дахэмкIэ яIэтащ пщIэ зыхуэфащэ тхакIуэри, ар зи лIыкIуэ адыгоэ лъэпкъри, адыгэбзэри.

(Черкес Хэку)

Yazarın Diğer Yazıları

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакlуэ щэджащэ Руставели Шота и цlэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщlэ лъэпкъ труппэхэр...

ФIы зыщIэм псапэу къретыж

Унагъуэм щыщращ гу къабзэрэ фIылъагъуныгъэ пэжрэкIэ цIыхур къэзылъагъур, гузэвэгъуэ гуэр щихуэкIи, адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ япэ дэIэпыкъуэгъуу игъуэтыр. Унагъуэр зыгуэркIэ ебгъэщхь хъунущ бжьэ шырыр къызэрыкI безынэм,...

КъэфакIуэщ, уэрэджыIэщ

Адыгэм и дунейр къэзыхъумэр, зыгъэдахэр гъуазджэрамэ, цIыхупсэр къахъумэ икIи къахутэ лъэпкъ макъамэхэм, уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм. Ауэ, цIыхур цIыху зыщIыжыр лъэпкъым къыхэкIаращ, бэм игу дыхьаращ, Тхьэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img