Хэкурысыр Хэхэсымкlэ… Щрагъаджэу!

0
343

Щlыналъэм икъухьауэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр, я lэ къызэрихьэкlэ я бзэр, я хабзэр яхъумэну яужь итхэщ. Дэ -Тыркум щыпсэу адыгэхэри- бзэр, хабзэр тхъумэжыфын папщlэ долъэпlастхъэ. Унагъуэ кlуэцlым щызетхьэ адыгэбзэ псалъэ мащlэм, дызыхэс лъэпкъым и бзэр хэзырыхьауэ, бзэ дыркъуэ хъуауэ зыдохьэ. Ди бзэмкlэ еджэкlэ-тхэкlэ зыщlэр мащlэ дыдэщ. Ди бзэмкlэ еджэным, тхэным хуэгъэса, егъэджакlуи, еджакlуи диlакъым. Езыр- езыру хэкум къикlауэ къыlэщlыхьа «Букуар», «Анэдэлъхубзэ» хуэдэ щlэдзапlэ тхылъ тlэкlу еджэфу щlэзыдзахэм хэкум къикlа газет, журнал, тхылъ хуэдэу зы тхыгъэ пычыгъуэ сыт къыlэщlыхьами еджэурэ, еджэным хуэмыlэзэми, еджэф хъуащ. Литэратурэм (эдэбият) нэсыфакъым. Литэратурэм и бзэм нэсыфын папщlэ, абы и щlэныгъэмкlэ гъэсэн хуейт. Литэратурэ бзэм щlэныгъэкlэ хуагъэсэныр, и гъэсапlэр унивэрситетым и факультетхэращ.

Тырку Къралыгъуэм факулътет дэнэ къэна, щыпэ щlэдзэ, курыт еджапlэ хуэдэ еджапlэ иджырикъэс диlакъым. Езыгъэджэни диlакъым… Ауэ:

Илъэс зыхыбл ипэ; Адыгэ Хасэ Тхьэмадэхэм, зи псалъэ пхыкl ди нэхъыжьхэм, Тырку Хасэшхуэм хаха лlыкlуэхэм (Адыгэ парламентхэм) я фlыгъэкlэ Тырку къыралыгъуэм гурыlуэу «Адыгэбзэ, бзэ къудамэ»р lурагъэхащ.

Зыр Дузджэ Къалэм; «Дузджэ Унивэрситетым», Адрейр Къайсэри къалэм дэт «Ерджиес Унивэрсытетым» факултетхэм щыlуахащ. Дузджэ lунивэрситетым епха факультетым Адыгэбзэм и псэлъафэ щlыкlэу (диалэкт) «кlахыбзэкlэ», Эрджиес университет факултетыми «къэбэрдеибзэкlэ» Адыгэбзэ, и щlэнхабзэм (культурэ) щрагъаджэ.

Дузджэ lунивэситетым щыlэ ди егъэджакlуэхэр:

* Профессор Хьэкlэмыз Мирэ

* Дочэнт Щхьэмахуэ Суснииэ

* Дочэнт Дол Рузанэ

* Дочэнт Унэрокъуэ Мирэ

Къайсэри Эрджиес унивэрситетым и факултетыми, Адыгэбзэрэ и щlэнхабзэ къудамэм щезыгъаджэхэр:

* Доктор Ариф Йылдырым (Къудамэ Тхьэмадэ)

* Профессор Иуан Зэуал

* Дочэнт Озден Иринэ

* Доктор Пащты Мадинэ

* Доктор Къумыкъу Маринэ

Ди бзэ къудамэр щызэlуахам щыгъуэ щlэзыдза еджакlуэхэм яухри, зэраухар зыгъэлъагъуэ щыхьэт тхылъхэри (диплома) яlэрыхьащ. Къыкlэлъыкlуэ еджакlуэхэри зыпымычу щоджэхэ.

Хэкум къытхуикlыу ди бзэри хъумэным хуегъэзэкlауэ, бзэмкlэ гъэсэн лъэжьыгъэм теухуауэ, я гурылъхэм щыгъуазэ дыхъуну ди егъэджакlуэхэми упщlэ яхуэтшиящ.

Егъэджакlуэхэм я нэхъыщхьэ Профессор Иуан Зэуал хуегъэзэкlа упlщlэм кытхужиlахэр:

Эрджиес университетым деж адыгэбзэмрэ культурэмрэкlэ къудамэ къызэlуахам дыщылэжьэну 2018 гъэм и щlышылэ мазэм Къайсэр къалэм дыкъэкlуащ. Ауэ адыгэбзэм хуеджэну студентхэр къыщекlуэлlэну лъэхъэнэм иджыри илъэс ныкъуэ иlэт. Дэ ди къалэныр а лъэхъэнэм ехъулlэу студентхэм яджыну дерсхэр гъэбелджылыныр, а дерсхэр гъэхьэзырыныр арат. Абы къыдэкlуэу урысыбзэ зыщрагъэдж къудамэм дыщылэжьащ. Ар къытщхьэпащ егъэджэныгъэ lуэхум и екlуэкlыкlэр Тыркуейм деж зэрыщытыр къэтщlэнымкlэ.

Дерсхэр зэхуэдгуэша нэужькlэ, щхьэж къылъысахэр дгъэхьэзырыным иужь дихьащ. Япэрей илъэсым, дауикl, гугъу демыхьу хъуакъым, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ еджакlуэ къэкlуахэм адыгэбзэр зэращlэ мардэр зэхуэдэтэкъым: хэти фlы дыдэу ищlэт, хэти нэхъ мащlэу, зымыщlэххи яхэтт. Абы тегъэпсыхьауэ ди лэжьыгъэри зэтедухуащ.

Сэ изогъэджыр Адыгэбзэм и грамматикэр, синтаксисыр, абы къинэмыщlауэ, адыгэм и тхыдэр, Кавказым и тхыдэр. Нэхъыбэу къэзгъэсэбэпыр адыгэ бзэщlэныгъэм щызэфlэува академие тхыгъэхэр тегъэщlапlэ сщlурэ сэ зэхэзгъэува дерсхэрщ. Илъэс къэскlэ lуэхум нэхъ дыхэгъуазэурэ екlуэкlащ. 2022 гъэм лисансым къыщlэдгъэкlа япэрей еджакlуэхэм я адыгэбзэм зэрызиужьам, щlэныгъэ къагъэлъэгъуахэм гугъапlэ къыдатащ адыгэбзэр джыным и lуэхур Тыркуейм деж лъэ быдэкlэ щыувауэ.

Ди бзэ егъэджакlуэ, дочэнт доктор Къущхьэ (Иншиева) Ирина ди упщэхэм пэкlуэу къытхуитхахэр:

Дэ ди студентхэр зэхэтщ: 1) бзэр зыщlэ, тхэф, еджэф, тхылъхэр, статьяхэр ятхыу; 2) бзэр зымыщlэ, ауэ къызыгурыlуэ; 3) бзэр зеи зыхэзымыхахэр. Нэхъыбэм бзэр ящlэкъым, кирилыр яцlыхуркъым. Адыгэбзэр хамэкъэралыбзэу щедгъаджэкlэ алыфбейм щыщlэдзауэ идогъаджэ. Бзэм и статусым елъытауэ ди программэм къыхыхьащ мы дисциплинхэр: еджэныгъэ, тхыгъэ, псэлъэнымрэ едэlуэнымрэ.

Методикэ и лъэныкъуэкlэ апхуэдэу зэхэт гупым удэлэжьэныр гугъущ. Индивидуальнэ бгъэдыхьэкlэ уимыlэмэ, лэжьыгъэм студентхэр дебгъэхьэхыфыркъым. Гуп зэхуэмыдэм папщlэ лэжьыгъэ зэмылlэужьыгъуэ зэбгъэпэщын хуейщ, псоми яхузэфlэкl гуащlэр халъхьэфын хуэдэу. А бгъэдыхьэкlэм зэреджэр дифференцированнэщ. Пэжщ, абы зэман куэд егъэджакlуэм трегъэкlуадэ дерсыр щигъэхьэзырым деж, ауэ дерсыр нэхъ тыншу, псори лажьэу, зыри мызэшу йокlуэкl. Дэ къыдогъэсэбэп ролкlэ джэгукlэхэр. Бзэр зыщlэм къалэн щхьэхуэхэр худогъэув. Абы и пщэ къыдохуэ тэрмэшыну, щыуагъэхэр зэригъэзэхуэжыну, гуп лэжьыгъэр къипщытэну, нэгъуэщlхэри.

Къэбэрдеибзэр хамэ къэрал университетым ипэкlэ зеи ирагъаджэу зэрыщымытам къыхэкlыу, дауи тхылъ дыхуэныкъуэщ. Къэбэрдеибзэр хасэхэм зэрырагъаджэ тхылъ щыlэхэр псори анализ тщlащ, хэт и лэжьыгъэ пашэри щlэгъэкъуэн тщlащ. Къэбэрдейм щатха зэрагъаджэ тхылъхэр ди дэlэпыкъуэгъущ. Къыздэлажьэ Маринэ хъуэжэрэ сэрэ акъыл зэхэдзэкlэрэ тхылъ lэрытх зэдгъэпэщащ. Ди тхылъыр программэ дызэрылажьэм тетщ. Короновирусым ди lуэху куэд зэблигъэуащ. Ауэ зы лъэныкъуэкlи ар сэбэп хъуащ. Интернет технологиехэм нэхъыбэу зеттащ. Ари нэхъ куууэ зэдгъэщlащ. Гъащlэр апхуэдэщ: упсэухукlэ уеджэнущ. Кlыщокъуэ Алий итхауэ щытащ: Щlэныгъэ зэгъэщlэныр псыкъуий мастэкlэ къэптlыным хуэдэщ.

Интерактивнэ технологиехэр япэми къэдгъэсэбэпу щытащ, ауэ иджы дистанционнэ программэщlэхэр зэдгъэщlащ, абыхэм я интерактивнэ доскахэр догъэшэрыуэф, студентхэми ахэр зырагъэцlыхуащ. Зи гугъу сщlы технологиехэр лэжьыгъэшхуэщ, зэманыщlэм и жьы къыщlихуащ. Ахэри тлъэкlын хуейщ дяпэкlэ. Мис иджы щlы сысам къыхэкlыу аргуэру онлайну деджэн хуей хъуащ. Псоми къагурыlуэу къыщlэкlынщ, абы дидактическэ материалхэри хуэхьэзыру зэрыщытын хуейр. Мы ди lуэхум сегупсысмэ, Льюис Кэрролл и тхылъ лlыхъужь Алисэ сигу къокlыж: «Ди пlэм диту дыкъэнэфын папщlэ жэрыжэкlэ дыжэн хуейщ.» Аращи, зэрытлъэкlкlэ зэманым дыкlэлъыщlыхьэну иужь дитщ.

Мы лэжьыгъэр дэ къыщыхэтхакlэ, гугъуехьхэми дыпэлъэщын хуейщ. Абыкlэ сэ хуабжьу сэбэп къысхуохъу си студентхэр. Алыхьым фыщlэшхуэ хузощl, хамэщl сыщыlэми, цlыху сызыхуэзэхэр псори зэрыцlыхуфlымкlэ. Сэ ди студентхэм ядэслъагъур: цlыхугъэ, гуапагъэ, бзэ lэфlагъэ, гъэсэныгъэ, хуитыныгъэ, зэlухахэщ. Зэрыжысlащи, дэ адыги тыркуи идогъаджэ. Цlыхугъэр дэни щыцlыхугъэщ. Ауэ адыгэхэр зы зыщlу, лъым хэлъу гу зылъыстэр, нэхъыжьым пщlэ хуэщlынырщ, щlэныгъэм хуэпабгъэу зэрыщытырщ, адыгэгу язэрыкlуэцlылъырщ. Лъэпкъ зэхэщlыкlыр дэтхэнэми дызолъагъу.

Къэхутакlуэ, ди бзэ егъэджакlуэ доктор Пащты (Мыжей) Мадина ди упщlэхэм хуегъэзэкlа и лэжьыгъэхэр, и гупщысэхэр зы тхыгъэкlэ игъэлъэгъуащ:

Хэхэс адыгэм и тхыдэм илъэс зыбжанэ ипэ зэхъуэкlыныгъэшхуэ къыщыхъуащ: езым и бзэкlэ къэрал еджапlэхэмрэ университетхэмрэ щеджэну хуитыныгъэ игъуэтащ. Дэ ди къудамэми яфlэфlу къыщlэтlысхьахэщ студентхэр, адыгэуи нэгъуэщl лъэпкъхэм ящыщуи. Илъэс къэс абы я бжыгъэр нэрыбгэ 25 хуэдизым нызэрохьэс. Ахэр я ныбжькlи я щlэныгъэкlи зэхуэдэхэкъым. Япэ дыдэу егъэджакlуэр зыпэщlэувэ упщlэри зэпхар аращ: бзэр зыщlэмрэ бзэр зымыщlэмрэ зэдебгъаджэу уадэгъуэгурыкlуэфын хуейщ. Ди дерсхэр адыгэбзэр я лъабжьэу гъэпса пэтми, шэч хэмылъу, егъэджакlуэм тыркубзэри, нэгъуэщlыбзэхэри къигъэсэбэпыфу, хамэбзэ зэрырагъэджым и lэмалхэм хуэlэижьу материалыр игъэхьэзырыфын хуейщ.

«Адыгэ культурэ» (Çerkes Kültür Bilimi), «Адыгэ фольклор» (Çerkes Folkloru), «Адыгэбзэм и диалектхэмрэ псэлъэкlэхэмрэ» (Çerkes Dili Lehçeleri), «Адыгэ мифологие» (Çerkes Mitolojisi), «Адыгэбзэ практикум» (Sözlü Anlatım), «Адыгэ лъэпкъ усакlуэхэмрэ гупсысакlуэхэмрэ» (Çerkes Halk Şairleri ve Düşünürleri), «Этнокультур терминологиер» (Çerkes Etno-Kültürel Terminolojisi), нэгъуэщl еджэгъуэ курсу естхэр зыр зым епхауэ зэрызгъэпсыным яужь ситщ, зы курсым кърит щlэныгъэр студентым lэщlэмыхужу, адрей курсым ар игъэбыдэжу. Къинэмыщlауэ, хэхэс адыгэ къуажэхэм илъэс зыбжанэкlэ щызэхуэтхьэсауэ щыта бзэ, фольклор, этнологие материалхэр lэмал имыlэу си курсхэм хызогъэхьэ. Япэрауэ, езы студентхэр къызыхэхъукlа культурэм щыщ щапхъэм теориер нэхъ нэрылъагъу ящещl, нэхъ тыншу гурегъаlуэ. Етlуанэрауэ, студентхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм (Bitirme tezi) езыхэм я нэхъыжьхэм къаlуэтэж материалхэр зэрыхагъэхьэну, къызэрагъэсэбэпыну щlыкlэхэр нэхъ нэрылъагъу ящещl.

«Дыщыпсэлъэфым щыгъуэ деджэн дыхуитакъым, псэлъэн щыщыдгъэтыж зэманым деджэну хуит дыхъуащ» жаlэу зэхэпхынкlэ хъунущ Тыркум адыгэбзэ егъэджэным теухуауэ. Ди къудамэм бзэр фlыуэ зыщlэ, ныбжькlэ адрей къудамэхэм щlэс студентхэм нэхърэ тlэкlу нэхъыжь еджакlуэхэр къыщlэкlуэри арагъэнщ: илъэс 20-30 ипэ ахэр зэхъуапсэу щыта адыгэ лъэпкъ щlэныгъэм лъэlэсыну, я къэухьым зрагъэужьыну иджыщ lэмал щагъуэтар.

Эрджиес университетымрэ Дюзджэ университетымрэ я адыгэбзэ къудамэхэр лэжьэным икlи заужьыным папщlэ нэхъыщхьэу щхьэусыгъуитl щыlэщ: 1) къэралыр лъэпкъ мащlэхэм бзэр яфlэмыкlуэдынымкlэ дэlэпыкъуэгъу хъун хуейщ; 2) езы лъэпкъ мащlэхэм я зэхэщlыкlыр хурикъуу, я анэдэлъхубзэмрэ я лъэпкъыщхьэр (kimlik) къэзыгъэпс культурэмрэ хуаlэ лъагъуныгъэр мыужьыхыу зэрахьэфын хуейщ, абыкlэ мыхьэнэшхуэ яlэщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хасэкlэ дызэджэхэм.

Иужьрей зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, Анэдолэм ис лъэпкъхэм, адыгэри яхэту, гузэвэгъуэ куэд зэдалъагъу. Цlыхущхьэри лъэпкъыщхьэри къегъэлынымкlэ мыхьэнэшхуэ иlэщ дэтхэнэ зы культурэми илъэсищэ бжыгъэкlэ зэхуихьэса щlэныгъэм, «адыгагъэм», «цlыхугъэм», «хабзэм» хуэдэ хъугъуэфlыгъуэхэр щызэхуэхьэсам. А щlэныгъэм цlыхухэр къыхишыжу щытащ зауэхэм, узышхуэхэм, дуней къэхъукъащlэ шынагъуэхэм. Нобэ хэхэс адыгэм къатепсыха гуашхуэми – Анэдолэм къыщыхъуа щlыгызым – ар нахуэ ещlыр: мылъкур цlыхум яфlокlуэдри культурэ щlэиныр къонэж.

Дибзэ егъэджакIуэ, Доктор Къумыкъу (къырбэч) Марина Анэдэлъхубзэ, тхыбзэм и махуэм теухуа ди упщIэм пэкIуэжхэр къытхуитхыжащ: 

«Анэдэлъхубзэ» (Тхьэгъэзит Зубер) Анэдэлъхубзэр ущымыIатэмэ, Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат. Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ, Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым, Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым. Адыгэ хабзэр – ар анэдэлъхущи Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

 

«Ди бзэр ди псэщ» 

ЩIы хъурейр къызэригъэщIрэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Адыгэ лъэпкъми нобэ сыт хуэдэ зыужьыныгъэ иlэми,  щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ бгъэдэлъми, псори зи фlыщlэр  ди бзэращ.

Ди бзэращ ди  лъэпкъыр зыIэтыр, адрейхэм езыгъэлъагъур, хамэ щlыпlэхэм щыпсэу адыгэхэр зэзышэлlэжыр, зы зыщlыжыр. Илъэсищэм щlигъужащ дэ тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр телэжьащ адыгэбзэм зиужьыным.  Блэкlа лlэщlыгъуэхэм  абы елэжьахэщ узэщIакIуэхэу Нэгумэ Шорэ,  Хъан-Джэрий СулътIан, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, ПащIэ Бэчмырзэ,  нэгъуэщlхэри.  Адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищlащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Адыгэ лъэпкъым и япэ алыфбейр тхылъ щхьэхуэу «Шэрджэсыбзэм и букварь» жиIэу 1853 гъэм мартым и 14-м Тифлис къыщыдигъэкIащ. А махуэр адыгэ тхыбзэм и щIэдзапIэу къалъытэ. 

Зи бзэм иримыпсалъэ, иримытхэф, къэзымыгъэсэбэп адыгэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум  щIэныгъэлlхэри, егъэджакlуэхэри, лъэпкъыгу зыкIуэцIылъ дэтхэнэ зыри темыгузэвыхьу къанэркъым. Лъэпкъыбзэр щымыIэжмэ, а лъэпкъри кIуэдыжа пэлъытэу аращ. Псом хуэмыдэу хамэ щlыпlэм щыгугъущ уи бзэр щыпхъумэжыныр. Адыгэ лъэпкъри нэхъыбэ дыдэу зыщыпсэур Тырку къэралыращ. Зэрытщlэщи,  Тыркум щыпсэу адыгэхэм я бзэр щаджакъым, щаджынуи хуитыныгъэ яlакъым,  адыгэбзэри  хуэмурэ кIуэдыжын гъуэгум теува хъуат. Ауэ  2018 гъэм Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмрэ культурэмрэкIэ къудамэ къыщызэIуахащ, мы къудамэр  адыгэбзэр къызэтегъэнэнымкlэ гурыфlыгъуэшхуэщ, мы къудамэр зэрыщыlэр зыхуэбгъадэ мыхъун lуэхуфlщ.  Ищхьэкlэ зэрыжытlащи, ди къудамэр 2018 гъэм къызэlуахащ. Мы гъэм илъэситху ирикъунущ къудамэр зэрыщыlэрэ. 2018 гъэм къыщlэтlысхьахэм диплом еттыжащ (мезун хъуахэщ). Абыхэм щыщу зыбжанэми  еджапlэ курытхэм адыгэбзэ щрагъаджэ. Мыбы дэ хуабжьэу дрогуфlэ, дрогушхуэ. 2022-2023 гъэ еджэгъуэм ди къудамэм 30 еджакlуэу къыщlэтlысхьащ. Мыбыхэм яхэтщ адыгэ еджакlуэхэри, Тыркум щыпсэу нэгъуэщl лъэпкъхэм къыхэкlаи. Еджакlуэхэм я нэхъыбэм бзэр зэрамыщlэм къыхэкlыу, адыгэбзэр алыфбейм щыщlэдзауэ идогъаджэ. Япэ курсым щlэсхэр сэ тхыгъэм хузогъаджэ. Инчы Иринэрэ сэрэ зэпыщlауэ дызэдолажьэ.  Еджэныр,  псэлъэнымрэ едэlуэнымрэ, тхэныр – мы дерсхэр зэкlэщlэпч хъунукъым. Япищымкlэ Иринэ ядолажьэ, еплlанэмкlэ сэ садолажьэ.

Бзэр нэхъ тыншу къагурыдгъэlуэнымкlэ, тхыбзэм гугъу еджакlуэхэр демыхьын папщlэ дэ тлъэкl къэдгъанэркъым. l курсым ди дерс еттхэм хуэгъэзауэ зы тхылъ дгъэхьэзыращ. Абы нэмыщlкlэ, литературэ дерсхэм папщlэ зы тхылъ къыдэдгъэкlыну ди мурадщ. Литературэр псори зэрытхар адыгэбзэщ, бзэр зымыщlэ еджакlуэхэм щхьэкlэ куэдыр тыркубзэкlэ зэдзэкlын хуейм мэхъу. Мыбыкlэ дэ сэбэп къытхуэхъуащ  4 курсым щlэс ди еджакlуэ нэхъ пажэ дыдэхэм ящыщ Мэлыхъуэ Джихьэт. Джихьэт 2 курсым, 3 курсым щетт литературэ дерсхэр тыркубзэкlэ зэридзэкlащ, ахэр зэхуихьэсыжурэ и диплом лэжьыгъэ хъужащ. Къэкlуэну зэманми Джихьэт, Иринэ, сэ ди мурадщ  методикэ и лъэныкъуэкlэ лэжьыгъэхэр етпхыжу зэрырагъаджэ тхыль щхьэхуэу къыдэдгъэкlыжыну.  Мурад куэд диlэщ. Мыпхуэдэ гугъэхэр дэ къыдэзытри, ди лъэр жан зыщlри, дызыгъэгушхуэхэри  цlыхугъэшхуэ,  гъэсэныгъэшхуэ, пщlэшхуэ зыбгъэдэлъ ди еджакlуэхэращ.

«Сэ сыадыгэщ!» – жызыlэ дэтхэнэми ищlэну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, ари анэм къыlурилъхьа бзэщ, абы и лъым хэпщащ, и анэдэлъхубзэщ.

Мы дызыхэт гъатхапэ мазэм и 14-м «Адыгэбзэ тхыбзэм и махуэм» хуэзэу ди бзэгъу, ди лъэпкъэгъухэм; Ди бзэм фрипсалъэу, фритхэу зефхьэу гъащlэ кlыхь игъуэтыну зы лъэlу хъуэхъукlэ дынывохъуэхъухэ…

Бзэр зепхьэмэ гъащlэ егъуэт!

Зомыхьэмэ хокlуэдэж!

Ари уэ уи lэ илъщ! Адыгэ!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz