Адыгэу укъэнэжын щхьэкIэ…

0
191

«Сыту насыпыфIэ адыгэбзэ жьгъырукIэ псалъэ лъэпкъыр! Илъэс бжыгъэ куэдкIэ едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ди щхьэ куцIым и зы лъынтхуэ закъуи къэмынэу къыдогъэсэбэп адыгэбзэм и макъхэмрэ хьэрфхэмрэ (ахэр 59-рэ мэхъу) къыщытпсэлъым деж. Жьыгъэм емылъытауэ, фи щхьэ куцIыр фIыуэ лэжьэну фыхуеймэ, адыгэхэм я бзэр зэвгъащIэ…»

Коларуссо Джон,

Канадэм щыщ лингвист-еджагъэшхуэ.


Зыми япэ иумыгъэщыфыну анэм къыдалъхуа бзэм ухуэпэжыным мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ. Дунейм укъыщытехьа махуэм щыщIэдзауэ зэхэпх бзэращ уи гупсысэр зэфIэзыгъэувэр.

Иужьрей илъэсхэм куэдым къагурыIуэжу хуежьащ лъэпкъым дежкIэ анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъапэ зэрыщымыIэр. Анэдэлъхубзэр пщIэныр зэрынасыпышхуэр къыщыбгурыIуэнур бзэр зымыщIэхэм зыщеплъытым дежщ. Сэ къысфIощI апхуэдэхэм гъащIэм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ зы хъугъуэфIыгъуэ гуэр яфIэкIуэдауэ, абы и инагъри ар зыхуэдэри я нэхъыбэм къагурымыIуэу.

Анэдэлъхубзэм и «IункIыбзэIухыр» зыIыгъри псом япэу ар сабийм езытыфынури къыщалъхуа, зрапIыкI унагъуэрщ, адэ-анэрщ, адэкIэ я бзэм зыщиужьынур еджапIэрщ. Ди тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэм удезыгъэхьэхыфын егъэджакIуэ къыпIэрыхьэнри насыпышхуэщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ дэтхэнэ зы еджакIуэри шэрыуэу и бзэмкIэ псэлъэфу ебгъэсэфынри.

А лэжьыгъэ мытыншым зи гъащIэри зи гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщI цIыху емызэшхэщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Лэскэн щ1ыналъэм и курыт школхэм щезыгъэдж егъэджакIуэхэр. Дэтхэнэми хужыпIэнрэ щIыжыпIэнрэ фIы и лъэныкъуэкIэ куэду бгъуэтынущ. Анэдэлъхубзэр гуми псэми и Iэщэу, лъэпкъ зэхэщIыкIым зезыгъэужь, езыгъэфIакIуэ, нэхъ лъагэ зыщI и хэкIыпIэу, цIыхум и гупсысэм и кууагъыр къызэращIэр абы и псалъэхэрауэ зэрыщытыр а егъэджакIуэ емызэшхэм я еджакIуэхэм хапщэныр махуэ къэси я пщэрылъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.

Абыхэм я къалэныр тэрэзу гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс къахуохъу Лэскэн щ1ыналъэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я метод зэгухьэныгъэм и методист Атэлыкъ Альмирэ. Зыхэт гупым елъытауэ Альмирэ куэдкIэ нэхъ щIалэми, абы хузэфIэкIащ езым и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэ зэпэщ иубзыхуу абы гупыр хуишэныр. Лэжьыгъэ къапэщылъхэр нэсу, щызу гъэзэщIа хъунымкIэ чэнджэщ щхьэпэхэр къозытыф, зыпэрыт 1уэхур фIыуэ зылъагъу икIи хэзыщIыкI унафэщI Iэзэу зыкъыщигъэлъэгъуащ а пщащэ гуакIуэм егъэджакIуэ гупым. Альмирэ и жэрдэмкIэ Лэскэн щ1ыналъэм бзэм ехьэлIа зэпеуэ, зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щрагъэкIуэкI.

Бзэр зы лъэпкъыр адрейхэм къащхьэщызыгъэкI фащэщ, ар имыIэмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр фIокIуэд. Бзэр икIи тхыдэтхщ – лъэпкъым и блэкIар зыхъумэр, ди деж ахэр къэзыхьэсар бзэрщ. Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ пасэрей цIыхум и дуней еплъыкIами, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэми. Апхуэдэ къалэнышхуэ зыгъэзащIэ анэдэлъхубзэр зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмыдахэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым. Апхуэдиз дахагъэмрэ IэфIагъэмрэ бзэм зэрыбгъэдэлъыр дерсхэм къызэрыщащIэм и щыхьэту къызолъытэ республикэ олимпиадэхэм бжьыпэр щызыубыдхэм ди щ1ыналъэм и еджакIуэ хэмыту зы гъэ закъуи зэрыблэмыкIыр. Дерс къудейкIэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр къызэтеувыIэркъым. Езы егъэджакIуэхэри я гъэсэнхэри республикэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм жыджэру хэтхэщ. Абыхэм ящыщщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э и министерствэм гъэ къэс къызэригъэпэщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр, эссе, сочиненэ нэхъыфIу зытххэм я зэхьэзэхуэхэр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэн зэхуэмыдэхэр, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым ди щIалэгъуалэм папщIэ зэхишэ Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщI куэдхэри.

Бзэм и гъащIэр зи IэмыщIэ илъыр зэзыгъэпэща лъэпкъыращ. Ар абы фIыуэ илъагъумэ, тэрэзу игъэлажьэмэ, абы сытым дежи щхьэлъап1эгъуэ и1энущ. Лъэпкъым ущыщу зыщыббжыжкIэ, а лъэпкъым и нагъыщэ нэхъыщхьэу щыт бзэри пщIэну уи къалэнщ. Зы бзэкIэ тхар нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкI хабзэщ, адрей лъэпкъхэр щыгъуазэ ящIын щхьэкIэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ущрихьэлIэ щыIэщ ди тхыгъэ купщIафIэхэм урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ къеджэмэ нэхъ къэзыщтэ. Си щхьэкIэ насыпыншэу зыкъэслъытэжынут, ди нартыжь пшыналъэхэм, ди хъыбарыжьхэм, ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыфIхэм я тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэм щыгъуазэ сыхъун, абыхэм я IэфIыр зыхэсщIэн папщIэ тхыгъэ зэдзэкIахэр къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ.

Бзэ нэхъ лъэщ дыдэу щыIэхэм ящыщщ урысыбзэр, ар умыщIэу лъэпкъ щэнхабзэ зэмыл1эужьыгъуэхэм ущыгъуэзэнукъым, ауэ ар тэмэму пщIэнукъым, уи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ умыщIауэ. «Адыгэбзэ зэзмыгъащ1эу, урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым…» – жи1эгъащ усак1уэшхуэ К1ыщокъуэ Алим. Языныкъуэхэм жаIэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым». Апхуэдэ гупсысэ зиIэр езыр цIыху «къулейуэ» убж хъунукъым. Анэдэлъхубзэр фIыуэ зымыщIэм нэгъуэщIыбзэм и IэфIагъи, и дахагъи къызэрыгурыIуэщэн щыIэкъым. Дэтхэнэ бзэми езым и дахэ, и щ1эщыгъуагъ иIэжщ. Ар тыншу къызыгурыIуэнур зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэжырщ. Бзэр къулей-къулейсызу зэхэбдз хъунукъым. Зыхуей псор хузэбгъэпэщмэ, зыужьыныгъэ нэс зымыгъуэтын щыIэкъым. Апхуэдэ еплъыкIэ иIэу щытащ ди адыгэбзэр нэхъ зыгъэлэжьахэм я пашэу щыта ЩоджэнцIыкIу Алии. «…Зи бзэр бзэ мыхъуну жылэ закъуи бгъуэтынукъым, тэрэзу игъэлажьэм…» – жызыIа усакIуэшхуэр щIыхь ин зыпылъ а лэжьыгъэ гугъум емызэшыжу бгъэдэтащ.

Ди лъэпкъым и тхыдэр тщIэжу, къыдэкIуэтей щIэблэр абы щыгъуазэу къэхъуну дыхуеймэ, къыддалъхуа бзэр, адыгэбзэр, тхъумэжыным дэтхэнэ зыри дыхущIэкъун хуейщ. Арыншэу ди лъэпкъым и блэкIари и къэкIуэнури, пшахъуэу лъэлъэжынурэ, жьым дихьыжынущ. Апхуэдэ бзэ дахэрэ лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэIэтыф бзэ къулейрэ дунейм текIыжыныр къэхъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ! Ар къэмыгъэхъуным къаруушхуэ ирахьэл1э адыгэбзэмк1э егъэджак1уэхэм, ауэ абыхэм къищынэмыщ1ауи, адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми и къалэнщ мащ1э-куэдми и гуащ1э гуэр абы и зыужьыныгъэм хилъхьэну. Псалъэм папщ1э, адыгэбзэм узэрырипсалъэ къудейм абы и гъуэгум къыпещэ, уэ п1урылъу зэхих бзэрщ уи щ1эблэми къищтэнур, апхуэдэурэ иджыри л1эщ1ыгъуэк1эрэ абы и гъащ1эм къыпыща хъунущ.

Си тхыгъэм и кIэухыу къэсхьыну сыхуейт си къуажэгъу бзэщIэныгъэлI БищIо Борис и псалъэхэр: «Адыгэбзэ пщIэн, адыгэбзэкIэ псэлъэн щIыхуейр абы фейдэ гуэр къыпыпхын щхьэкIэкъым, атIэ адыгэу укъэнэжын щхьэкIэщ».

 

Бищlо Мафурэ,

Лэскэн щ1ыналъэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ

литературэмрэ щезыгъэджхэм я метод зэгухьэныгъэм и унафэщI.

(Адыгэ Псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz