ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
268

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

Екlуэкlыу: 3. Дзыгъуэм, тхьэкlумэкlыхьым lэзэу ещакlуэ хьэкlэкхъуэкlэ хьилэшы. 7. «… лъакъуэ щlэткъым». 9. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 10. Мыщэм фlэбэлацэ хьэкlэкхъуэкlэ. 12. … джэдыгу. 13. Къурlэным и зы lыхьэ. 15. Толъкъунхэр зытелъадэ хы lуфэ. 18. Лы лей зытелъ цlыху. 19. lэпхъуамбищым я бгъуагъым хуэдиз пщалъэ. 20. Шыбжий фlыцlэм нэгъуэщlу зэреджэ. 24. Джэршым хуэдэу жылэ къызыпыкlэ, зи гъэгъахэм бжьэхэм фо къыхах жыг лlэужьыгъуэ. 26. Бгы щlэуда, щlыхьэпlэ зиlэ. 27. Лъагэу зэтекlута гуэр. 28. Нартыху … . 29. Къэрэшей-Шэрджэсым и цlыхубэ усакlуэ. 32. Бэнэкlэ хуитымкlэ 2007 гъэм дуней псом и чемпион хъуа адыгэ щlалэ. 37. Псэущхьэ lэл цlыкlу, джэду лъэпкъым щыщу. 38. Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ зэрызэкъуэувар зи фlыщlэ адыгэпщ. Абы и цlэр Налшык и уэрам нэхъ инхэм ящыщ зым фlащащ. 41. Дин лэжьакlуэ. 43. Зиусхьэн лъэпкъ. 44. Къэбэрдей адыгэ усакlуэ е цlыхухъуцlэ. 46. Пхъашэ, гъур. 47. Хьэжыгъэм къыхэщlыкlа адыгэ шхыныгъуэ. 48. Уемыlусэ – укъисынщ. 49. Пхъащlэ lэмэпсымэ. 50. Дзыгъуэм и бий кlэуфlыцl.

Къехыу: 1. Гъатхэм пасэу къэлъэтэж къуалэбзу. 2. Шым и фэ. 3. Щыщlыlэм, щыуэлбанэм щхьэм фlапхъуэ, пщэм кърашэкl. Губгъуэм ит lэщыхъуэхэм я щыгъыным щыщ. 4. Удын зытехуам игъуэт ныкъуэдыкъуагъэ. 5. Джэдхэм я «гъуэлъыпlэ». 6. Шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь. 8. Тутын зралъхьэу зэрефэ. 11. Пашэ, пэрыт. 14. Уафэм къех псыlагъэ. 16. «… зылъысми ешх, блыпкъ зылъысми ешх». 17. Бахъсэн районым щыщ къуажэ. 21. Джэдкъазым традзэ дамыгъэ. 22. Зи къудамэхэр теухъуэнщlыкlа жыг лъэдий гъум. 23. Насыпыфlэ, lуэху зэхъулlэ. 25. Адыгэ щыгъын щlыlутелъ. 27. Ахъшэ жьгъей. 30. Зи гъэгъахэр шакъафэ-къащхъуафэ, гъатхэм пасэу къэкl удз. 31. Бгы … . 33. Лъахъстэн вакъэ пlащlэ. 34. Щlыпlэ хуабэхэм къыщыкl пхъэщхьэмыщхьэ lэфl. 35. Зи щхьэм гуагуэ тет къуалэбзу къуэлэн пэ псыгъуэ къуаншэ. 36. Плъыжьыфэ. 39. Хадэхэкlыр lисраф зыщl псэущхьэ. 40. «Мафlэ уиlэ?» жиlэу Сосрыкъуэ зэупщlа Нартхэм ящыщ зы. 42. Пасэрей фоч. 45. КъБР-м щыlэ псыежэх. 47. «… трактористкэщ» – Щоджэнцlыкlу Алий и усэ.


№ 33 2023 Мазае мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр

Екlуэкlыу: 5. Махъшэ. 6. Сэлэт. 10. Азэмэт. 11. Кlэрахъуэ. 13. Ибэ. 14. Шылъэгу. 15. Щай. 17. Хущlэ. 19. Абазэ. 22. Дыщэпс. 23. Тотрэш. 28. Къатхъэнсулыкъу. 33. Мэщэгу. 37. Уэншэку. 38. lужажэ. 39. Къыкъ. 41. Лъэхъу. 42. Шыпсэ. 46. Нартан. 47. Хъарбыз. 48. Пшынэ. 49. Нысэгъу.

Къехыу: 1. Мафlэгу. 2. Хьэутий. 3. Псыкlэху. 4. Бэракъ. 7. Батэрэз. 8. lэмбатэ. 9. Бжьыныху. 12. Уэзрэдж. 16. Алъп. 18. Щlэп. 20. Ес. 21. Ут. 24. Ету 25. Шэд. 26. Псы. 27. Кхъулэ. 29. Мэржэхъу. 30. Адэжынэ. 31. lункlыбзэ. 32. Нэпсей. 34. Гулъ. 35. Бжы. 36. Кусэ. 37. Удж. 40. Къандзэгу. 41. Лъэхъэнэ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz