«Пхъуантэм къыдэна гукъинэхэр»

0
190

Шамил гъэсэн, щlэнхабзэ мылъку lыгърэ (Вакыф) Нэхъыщхьэ Адыгэ Хасэм (КАФФЭД) зыда lыгъ лэжьыгъэ «Пхъуантэм къыдэна гукъинэхэр» 2022 гъэм гъэтхэпам и 30-м зы lуэтэж тхыдэ лэжьыгъэ кърагъэжьат. Зыдэзыlыгъхэм жаlэр мырат. «Тыркум хэхэсу, къалэшхуэхэм къыфпыщlауэ щыпсэухэм я псэукlэр игъэунэхуну; къэгъэлъэгъуэн, щlэн гъэтlылъа хуэдэхэм зы лъэхъэнэм и псэукlэр игъэлагъуну дызыщыгугъ, щlэн гъэтlылъа тхуэхъуну сурэт техахэр къэдгъуэтыну гъуэгу дытохьэ. Япэ щlэдзапlэу, Истамбыл щыщlэддзэну мы ди лэжьыгъэм гу хуэкlуэ зи lэщlапэхэм долъыхъуэ.» Мы макъым къыпэджэжу лъагъунлъагъу гуп езгъэжьа щlалъэхэм, теплъэтех (камэра), макътешэ  lэмэпсымэхэмкlэ гъуэгу техьэу макъкlэ тхыдэ зэхуэхьэсыныр, «Къуажэ цlыкlухэр зыгъэлъапlэ мылъку lыгъ»ым и тхьэмадэ Шыкъым Севим Кунейрэ «Шамил гъэсэн, щlэнхабзэ мылъку lыгъ» тхьэмадэ Цей Рэнгин Юурдакъулрэ зыдагъэзэщlащ.

Становитдзэ къикlыу Нигъдэ…

Щlымахуэку мазэу 2023 гъэм Адыгэ гъуазджэ  lэщlагъэхэм хуэ lэзэ Тырку хэхэсхэм «Пасэрей Адыгэ гъуазджэ  lэщlагъэ» цlэ фlащауэ зыгъэlуа Дыщэкl Аишэрэ и шыпхъу Элмас (Эшсиз) къахуеблэгъахэщ. Эсэн Бал я дэlэпыкъуэгъуу, Айшэн Дагъыстанлы, Фатих Эким, Джанпэр Эрдэм сымэ гъэлъагъуэ техыным и лэжьыгъэр сыхьэтитху (5) икlуащ.

2015 гъэм Жьынэпс Журналым къыщыпсэлъа Аишэрэ, Элмасырэ езыхэм папщlэ мыхэр къыжаlат: «Югославиям Становитдзэ къуажэм дыкъыщалъхуащ. Тыркум дыкъагъэlэпхъуэу Нигъдэ къалэм дыщlагъэтlысащ. Абы ин дыщыхъуащ, дыщеджащ, гъащlэм абы щыщlэддзащ. 1961 гъэм Истамбылкlэ дыlэпхъуащ. Кафкас Щlэнхабзэ Хасэр 1968-69 гэхэм къэтlцlыхуащ, ди гъащlэми зыгъэзапlэ хуэхъуу…»

 

И лъэгур пасэрейм езгъэщl нагъыщlэуней: Пхъэхэкl!

Гъатхапэмазэу 2023’м пГъэтхэпа мазэу 2023 гъэм пхъэхэкl дэбзыкlыным и гъуазджэ Исмейл Невзат (Озбай) Анкара Къалэм щиlэ и кlыщ,  lуэхущlапlэм ялъагъуну КАФФЭД хасэ унафэщlхэм щыщ, щlэнхабзэрэ гъуазджэ гупым хэт Каныкъуэщ Фэриха дэщlыгъуу мы лэжьыгъэм хэт Фатихь Эким, Элиф Токгуэз, Джанбэр Эрдэм, Чэтин Кылыч хуэкlуахэщ.

Кайсэри/Пынарбашы/Казанджык къуажэм Дунейм къыщытехьа Абаза гъуазджэлэжь Исмейл Нэвзат Дунейм щыцlэрыlуэ сурэтщ lа теплъэхэми пхъэхэкlхэмкlэ и псыкугъэм епщэурэ псэ  lуегъащlэ жыуегъэlэ. Пабло Пикассо дунейм и цlэрыlуэ «Гууэрника»р мазэ пщыкlубгъу (19) сакъыу епэщэщу, елэжьа Озбай, мы и  lэщlагъэр «lэзагъэ»  lэщlагъэу егъэлэгъуэ.

Жьынэпсым Гъэмахуэ мазэкуу 2009 бжыгъэм къыщипсэлъам, сызэрыцlыкlу лъандэрэ пхъэхэкl гъуазджэ лэжьыгъэм хуэнэрыгъуу мыхэр хужиlат: «Пхъэхэкlыр пкъынэлъынэ зи lэ зы пкъыгъуэщ, гъащlэм и къежьапlэу, жыгыр фlыуэ солъагъу. Ди лъым хэщlауэ зы щхьэусыгъуэуи уегупщысыфынщ.  lузуняйлар зы щlы пцlанэу, жыгым хуэзэшу,  lузуняйла ис Адыгэу хъуам я гукъеуэщ. Си цlыкlущхьэр  lузуняйла а щlы пцlанэм щызгъэкlуащ. Мэлыхъуэ бэщхэм сехъуапсэу сыгъэкlуащ. Мэлыхъуэхэр щlыбым къикът. И нэхъыбэр Тыркумэнт, Курт, адрей лъэпкъхэр. Мэл зэрагъэхъуну я бэщхэр къызэдахьт. А бэщхэр сэ сфlэгъэщlэгъуэн дыдэ къысщыхъут. Сызэрыцlыкlу лъандэрэ сызыхещlэ, и лъабжьэр пасэрейм еуалlэу зы нагъыщэунейщ сэркlэ пхъэхэкlыр.  lузуняйлар губгъуэщхъуэ пцlанэу, щхъуантlагъэ щыlэкъым, нэхъ щхъуэ пцlанэр ищхъэрэкlэ Сивас лъэныкъуэращ. Дыгъэрэпсымкlэ Маращыр нэхъ щхъуантlэщ. Щlы пцlанэм уэгу зэпыщlапlэр нахуэу хэплъэгъуэнщ. Ари и щхьэж хуитыныгъэр зыхэпсэху зы лъэгу хуохъу. И щхьэж хуитыныгъэр, цlыхубэ зыхэпсэхьыным пэрыуэхэм я щыщ зыщ. Итlани, зыдэлэжь зэрымыхъуфыми и щхьэусыгъуэу.

 

Щlэныгъэрыбж (дижитал) гъэтlылъыпlэ зырагъэпэщыну

Зэгъэпэщ/зегъэкlуэным Тугъчэ Эдизгилрэ, Айшэн Дагъыстанлы, Чэнджэщэгъуу Др. Дидэм Чаталкылыч зипщэм дэлъ «Пхъуантэм къыдэна гукъинэхэр» хуегъэзэкlауэ, щlэн гъэтlылъа зыхуэфащэ сурэт теха, щыпсэ зыщlэкъун, цlыхубэ, щlэнхабзэ, гъуазджэ лэжьыгъэхэм лъэгу хуэхъун зы Щlэныгъэрыбж гъэтlылъыпlэ зэрагъэпэщынущ. «Пхъуантэм къыдэна гукъинэхэр» ди блэкlам хуэкlуэжу, Адыгэ лъэпкъым цlыхубэ псэукlэм, яухуа хасэхэм, мылэу lыгъын лэжьыгъэхэм, я зэхуаку дэлъ зэдэщlэныгъэм щагъэщlа гукъина куэдым щыхьэт дытехъуэнущ.

 

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар: Токъмакъ Айдынщ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz