Сыт щыгъуэ ущылъэщыр? Узыдэщlмэ?

0
172

Мы псалъащхьэм тlэкlу дытегупщысэхьын хуейщ. «Зыдэщlын»ыр сыт, сыт зыдэщlыным къырагъэкlыу мы псалъэр ди бзэм къыщlыхэхьар! Псалъэр зыпкърыкlмэ зиlуэтэжыну пlэрэ? Зэ дыхэплъэнщ.

Зы/дэ/щlы/н?

«Зы» псалъэм сыт щыгъуи къудей, закъуагъэ, зэщхь щымыlэ хуэдэ псалъэхэмкlэ кэщIыу тхуэlуэтэнщ.

«Дэ» псалъэм куэдыгъэ зэрыхэлъыр дызырагъэсауэ къыдгуроlуэ. «Сэ» жысlэмэ (сlуэмэ), си закъуэ сэр папщlэ сызэрыпсалъэр гурыlуэгъуэщ. «Дэ» псалъэм «сэ», сэр хуэдэ куэдыр зыхуишэсу зыхуегъэс зыбгъурегъувэ, куэдыгъэм дыхуешэ.

«Щlы», «щlэ» хуэдэ макъ къизыгъэкl псалъэхэр зы lуэху, lуэхугъуэм телэжьыхьын, гъэзэщlэн, хъурыщlэныр гурыlуэгъуэ тхуещl. Мы псалъэхэм къежьапlэуэ хуэугъувыпхъэр лъэхъэнэу, щlым щlэуэ щыщlидзэ «вэн-сэн» лэхъэнэращ.

«Н» тхыпкъыр псалъэ зэпхщ. Гъэзэщlэныр игъэлъагъуэу…

Мы псалъэм къыхэкlыу, зы lуэхур, зы закъуэу щытым щыхузэфlэмыкl щыхъуи, щыпэмылъэщи мэхъу. Мис абы щыгъуэ, мы зэрыз закъуэхэр, зыгуохьэ, зыдоlэпыкъу, зыдаlыгъ, зыдаубыд, зыдахь, зыдашх, зыдагуэщ, здогушыlэ зыдэщlыгъуу… Зыр зыпэмылъэщым «дэ» хъумэ «зыдэ» мэхъу… зыдэ хъури лъэщу «бы/дэ» мэхъу…

Мы гъэм дызыщыпсэу щыпlэ щlыналъэр къэгызгызу щlы хъей зэщlэсысэм щы щыlум тэт, тес псэупlэ куэдыр зытрикъутыхьауэ, цlыху куэд къеуха я унэ псэупlэм къыщэмыкlыжыфу къыщlэнэу я псэр щыханащ. Цlыху бжыгъэу мин щэныкъуэм фэкlыу… Къелахэр щlэсыпlэншэу, унагъуэ ныкъуэ-дыкъуэу, бынхэр зеиншэу… Цlыхухэр цlыхугъэм щыхуэныкъуэм… Мы гу узыр зылъэlэса ди лъэпкъэгъухэм псынщlэу зыракащ… Езышэжьар ди Адыгэ Хасэхэращ. Мис ахэм яз, Кайсэри Адыгэ Хасэ Тхьэмадэ Алхъэс Уэтей Нуршах, Нобэм къэсауэ зэпымыча и лэжьыгъэхэр зэдгъэщlэну хуэтшия упщlэм къытхужиlахэр:

Щlы хъеиным и кугъуэм дытемысами, дэри дызыщlэсысэу дызыщlэсхэм дыкъыщlэкlауэ щlыбым дыдэтащ. Зыкъэтщlэжауэ ТВ хъыбархэм дыщеплъым гуауэшхуэр хэтлъэгъуауэ, тэлэфонкэ зэдгъэщlэну зыпытщlэу щlэддзащ. Кахраманмаращ, Гоксун, Адана, Мэрсин Хасэ тхьэмадэхэм дызылъэlэсыфхэм далъэlэсащ. Нэхъыщхьэ Хасэ (КАФФЭД), дызылъэlэсыфа хасэхэр, зэгурыlуэкlэ тщlа унафэмкlэ Анкара хасэмрэ дэрэ зыдэщlыгъуу дылэжьащ. А махуэ кlуэцlым амалыншэу зыхуэныкъуэнухэр зэдгъэпэщауэ Курывэ Сэдат дэщlыгъуауэ, ящхьэщыту гъуэгу тедгъэхьащ.

Къыкlэлъыкlуэ махуэхэм папщlэ Хьатай /Рейхьанлы лъэныкъуэм Адана хасэр пэгъунэгъу щылэжьэну, Газиантэп, Кахраманмараш/Гоксун лъэныкъуэми Кайсэри Хасэр щылэжьэну зыпэдгуэщащ.

Шхыныгъуэ/щытlэгъэн

Махуэ къэс псы-щlакъуэм дей щыщlэдзауэ, шхыныгъуэ, щытегъэн хуэдэу нобэ къэсу едгъэшахэр мыщынэшхуэу (ТЫР) 110, адрей мащынэ цlыкlухэр дэщlыгъуауэ 200 нос.

Къуажэхэм хэгуэша нэужь къыдэхуэхэм гъэтlылъыпlэ хуэхъуар Гоксун Балкар Рафэт псэущхьэ lус къыщыдигъэкl щlыпэр гъэтlылъыпlэу зетхьащ.

Узуняйла къуажэхэм зыхадзауэ къагъэхьа мэл-былым бжыгъэр щэм 100 фэкlауэ; лыгъэ лыбжьахуэу кило ныкъуэ и щыкlауэ зыкъомыр гуэшащ, къэнахэри нэщl мазэм яхуэдгъэушынущ.

 

Щlэсыпlэ/хьэпшып

lуэхущlапlэ зиlэ ди лъэпкъэгъухэм, мэтрэу 4х4 зибгъуагъу, бжыгъэу 320 щатыр хуащlащ. 90 хуэдизи дэ хэтщахуэри яхуедгъэхьащ. И лъабжьэм алэрыбгъу, зырагъэхуэбэн (соба), мафlэ гъэункlыфl хуэдэу зыхуэныкъуэнухэр дэщlыгъуауэ…

Къабзэныгъэм хуегъэзэкlауэ/хущхъуэ

Зи пкъыр пыуда, къуагуэ хъуа, дыркъуэ зытехуа, зи пкъыр къызыдэмыбзэхэм хуегъэзэкlауэ lэмэпсымэ, зырахьэн хьэпшып, хущхъуэ…

Нанухэмрэ Бзылъхугъэхэм хуегъэзэкlауэ, хухэхауэ сэ салъыгъуэзэну яуж ситащ. Нану лъабжьэ зэхъуэкlыным, и лъэгу щlэдз, бзылъхугъэри къабзэныгъэкlэ зыхуэныкъуэ lэмэпсымэхэр, щыгъын щlагъ щlэлъхэр, lэмалыншэу зырахьэн хуей хущхъуэ зезыхьэхэми далъыгъуэзащ… жеlэ. Езыри зыри зы бзылъхугъэу, зы анэу Хасэ тхьэмадэм…

 

Фlыщlэ зыхуэфащэу

Мы lуэхухэр зегъэкlуэн папщlэ ахъшэкlэ дэlэпыкъуэгъу хуэхъуахэм фlыщlэ хуищlу къребжэкl:  Бурхание (Бабыгуэй), Борандэрэ (Жамботей), Мэтхие (Мударей), Эгърисогъут (Карачай) къуажэхэр, Амэрика Ниу Жэрсэй къикlа гупыр, Хэкум къикlауэ Истамбыл дэсхэр, Нэмыцэм щыlэ Адыгэ Хасэхэр, цlыхуищэ (100) зыщlэуэн, хэщэщу хузэlузыха зэщхьэгъусэ Гъукlэ Хьаканырэ/Шэджэм Бейханырэ фыщlэ зэрыхуэщыпхъэр къыхигъэщэщ.

Мы lуэхум фlэфlуу гухуэкlуэ лэжьыгъэкlэ хэлэжьыхьа щlалэхэр щитlырэхыщl (260), мы lуэхухэр зегъэкlуэным и кугъэм хэтау зыблэзыха (координэ) щlалэ плlыщlырэблым (47), цlыхубэр зыlууа псэкъу гуауэр (травма) щхьэщыхыным хуэлэжьа псэкъулажьэхэр (псиколог, пэдагог), егъэджакlуэхэр зыхэту цlыху тхущl (50) хуэлэжьащ.

Мы гуауэм къелу Кайсэри къалэм кырагъэблэгъахэм:

lуэхуншэу къэнахэм lуэху къыхуагъуэтащ.

Гъэмахуэ унэу, унэ нэщlхэр щlэсыпэу иратащ.

Дунейм ехыжахэм я псэм лъэlэсыну; Тхэм и лlыкlуэ щытхъурэ (Мэулуд), тхылъ лъапlэ (Къурlэн) хурагъэджащ.

Дунейм ехыжахэм, и псапэр я псэм лъэlэсыну жьэрымэ (лэкъум) ягъэуащ, ягуэшащ.

Хасэ Тхьэмадэ Алхъэс Уэтей Нурщах къыдигъэлъэгъуахэм къыхэкlыу, мы къедбжэкlахэм дыщыхэплъэм зы цlыхугъэ хабзэ ди хабзэр зэрызекlуэм щыхьэт дытохъуэ. Ди блэкlам къытхилъхьэу нобэ нэс къэгъуэгурыкlуа мы цlыхъугъэгъуэгу (цивилизация, мэдэнийэт, lуйгарлык) хабзэхэр, гузэвэгъуэхэм, гуауэщхьэуэхэм нахуэу нэрылъагъуу утыкум илъу, зырахьэу щытлъагъум дегъэгушхуэ.

Ды хэхэсми, дызыхэсым дызырыхэмыкlуэдар наlуэ ещl.

Фыпсэухэ; Ди хасэхэр, Хасэ тхьэмадэхэр, унафэщlхэр, ди щалэхэр, гуауэр зыдэщlу зыдэзыгъуэша ди лъэпкъэгъухэр.

Тхьэм гуауэ-щхьэуэншэ фищl!

Узыкъуэтмэ (узыдэщlмэ) улъэщщ!

Мы псалъэр, псалъэ къудейм къыщыремынэ!

Мис мыбы хуэдэу гъэлъагъуэ, гъэзащlэ АДЫГЭ!

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz