Щапхъэ зытепх хъун егъэджакlуэ

0
208
Маршэн-Куржы Агнессэрэ и гъэсэнхэмрэ
Махуэ щlагъуэ къэмынэу зызыхъуэж гъащlэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыlэу цlыхупсэм и хъумакlуэу щыт, еджэныгъэм, щlэныгъэм и лъахэм курых хуэхъу егъэджакlуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр щlэблэ къыдэкlуэтейр узыншэу, акъыл жан иlэу, гъэсауэ, пкъыфlэхэу дунейм тешэнырщ. Мы гупсысэр зи лэжьыгъэкlэ къэзыгъэнахуэ цlыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.

Агнессэ Щоджэнцlыкlу Алий и цlэр зезыхьэу Бахъсэн къалэ дэт етlуанэ курыт еджапlэм и егъэджакlуэщ, гъэсакlуэщ, еджап1э унафэщ1ым и къуэдзэщ. Къыжыlапхъэщ Агнессэ илъэс 22 хъуауэ еджапlэм зэрыщылажьэр. 2001 гъэ лъандэрэ курыт еджапlэр зи етlуанэ унэу къэзылъытэ егъэджакlуэр и лэжьыгъэм щытепсэлъыхькlэ и псалъэхэр шэщlауэ щытщ, гум къыбгъэдэк1ыу хуабэщ щылажьэ еджап1эм хужи1эу хъуар. Езым и гъэсэнхэм я гугъу щищlкlэ, псалъэхэр зэрылъэлъ къудейкъым, атlэ абы и нэхэм хъуаскlэ къыщlихыу къыпфlощl. Сабийхэр фlыуэ зымылъагъу цlыхум мы lуэхугъуэр дэплъагъункlэ lэмал зимыlэщ. Пэщlэдзэ классхэм щылажьэ Агнессэ и напщlэ телъщ и еджакlуэхэр. Дэтхэнэми и нэlэ тригъэтщ, псоми гулъытэ зэхуэдэу яхуещl, щlэныгъэ ябгъэделъхьэ. Зэпыу имыlэу езыри и еджакlуэхэри зэпеуэхэм, махуэшхуэхэм щыболъагъу. Зэфlэкlыу яlэр, щlэныгъэу ягъуэтауэ ябгъэдэлъыр къэзыгъэлъагъуэ Агнессэ и еджакlуэхэм бжьыпэр куэдрэ я lэрылъхьэщ. Цlыкlухэм бгъэдыхьэкlэ къахуегъуэт, дэтхэнэми гуапэу яхущытщ. Унэ лэжьыгъэхэр тэмэму, пэжу зытхыжа-зыщlыжам дамыгъэфlым дэщlыгъуу lэ я делъэ, зыгуэркlэ зымыщlыжа яхэтмэ, къызыгурымыlуа щыlэмэ-нэхъ лейуэ абыхэм йоплъ, ядоlэпыкъу, гулъытэ хэхакlэ абыхэм яхуотыгъэ. Цlыху гурыщlэу зэрыщытым, лэжьыгъэм фlыуэ зэрыхищlыкlым ипкъ иткlэ, Маршэн-Куржыр еджапlэ унафэщlым и къуэддзэ ящlащ, къищынэмыщlауэ, абы 2017 гъэ лъандэрэ кадетхэр щагъэхьэзыр корпусым и гуащlэ щелэжь. Агнессэ методикэ и лъэныкъуэкlэ хуабжьу урокхэм хуэгъэхьэзыращ. Щlэуэ егъэджэныгъэм къыщежьэ lэмалхэр и дерсхэм хеухуанэ. Езым ищlэ, зэригъэпэща щlэныгъэхэр игъэтlылъу щигъэлъкъым, атlэ ахэр и лэжьэгъухэм, адэ-анэхэм ябгъэделъхьэ, сэбэп яхуохъу. Куэдрэ си нэгу къыщlоувэ Агнессэ щыслъэгъуа зэманыр. Республикэ зэпеуэм еджакlуэхэр къэзыша егъэджакlуэр апхуэдизкlэ ятегужьеикlат, ятеубгъуат и еджакlуэхэми, зэзгъэщхьар зи шырхэр дамэпкъым щызыгъэхуабэ бзуущхъуэщ. И гъэсэнхэм щыщу хэт сыт хуэдэ пэшым щlэсми щыгъуазэт, хэт сыт зэманми утыку ихьэу и зэфlэкl щигъэлъэгъуэнуми ищlэххэт: зым псалъэ щыгъупщэжахэр дэщlыгъуу къригъэщlэжырт, етlуанэм и фащэр хузэригъэзахуэрт, ещанэр игъашхэрт…Мис абдежщ Агнессэ къыщысцlыхуар. Къэсцlыхуащ икlи сыхущlегъуэжакъым, сыту жыпlэмэ абы гушхуэ иlэщ, псэ къабзэ бгъэдэлъщ, гулъытэкlэ бейщ, щlэныгъэ ин зиlэщ. Маршэн-Куржым хъуэпсапlэу иlэми сыщигъэгъуэзащ. Ар хуейщ щlэблэ узыншэ лъэпкъым къыщlэхъуэну, щlэныгъэ ябгъэдэлъу къэтэджыну, гъэсауэ щытыну. Хулъэкlатэмэ, зэфlэкl иlатэмэ, Агнессэ хуейт еджапlэр зыхуей хуэзэу игъэлэжьэну, класс пэшхэр псори щlэуэ къежьа техникэмкlэ зэпэща ищlыну.

Дызэрыщыгъуазэщи, Урысейм и президентым и унафэкlэ 2023 гъэр егъэджакlуэхэмрэ гъэсакlуэхэмрэ я илъэсщ. Республикэм, лъэпкъым и егъэджакlуэ пэрытхэр утыку ирашэ, ягъэлъапlэ. Сызэригугъэмкlэ, Куржы Агнессэ щапхъэ зытрах хъун егъэджакlуэщ икlи гъэсакlуэщ. Абы и лэжьыгъэр щагъэлъагъуэ зэхыхьэхэм, зэlущlэхэм бжьыпэр къыщыхуагъэфащэ. Жысlэ псалъэхэм щыхьэт тохъуэ Москва щекlуэкlа зэпеуэр. Агнессэ абы иригъэхьа дерс-зэlухахэм, классщlыб, методическэ лэжьыгъэхэм япэ увыпlэхэр къыщратащ.

Унагъуэ дахэ зиlэ,щхьэгъусэрэ бынитlрэ зи жьэгу хуабагъэкlэ зыгъэнщl цlыхущ ар.

Аращ-тlэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр еджакlуэхэм ядэщlыгъуу езыгъэкlуэкl, еджапlэм и пщlэр къэlэтыным хущlэкъу, щlэныгъэм и гъуэгум пкъыфlэхэу еджакlуэхэр тезышэ Агнессэ щапхъэщ. Мызэ-мытlэу зи lуэху зехьэкlэм, лэжьэкlэм щыхьэт хуэхъуа сэ егъэджакlуэм хуэгъэзауэ схужыlэнур мыращ:къыхэпха гуащlэ мытыншыр гугъу лъэпкъ уемыхьу къохъулlэ, Агнессэ, уи фащэр гъэсэнхэм я щапхъэщ, щlэныгъэ мыкlуэщlкlэ уотыгъэ, псалъэу уиlэр гуапащэу зэролъэлъри-уеуфlакlуэ!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz