lэщlагъэм и псэм щыщ хелъхьэ

0
189
Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэ цlыхубзым и теплъэмрэ абы и lэпэ зыпекlуэкlым хилъхьэ дахагъэмрэ сыт щыгъуи узыгъэпlейтейщ. Абы и щыхьэтщ хамэ щlыналъэ къикlыу ди къуршыжь хэку къэкlуа тхыдэтххэм, сурэтыщlхэм, усакlуэ-тхакlуэхэм уардэу зи пкъыр зыlыгъ, хабзэ-нэмысым щlапlыкlа, гулъытэ, гущlэгъу зыхэлъ ди адыгэ пщащэхэм абыхэм къыхужаlа псалъэхэр. Уагъэ зыщl, щагъэ зэlузыщэ, lуданэ тешэм дихьэх, хэдыкlыр зи дыщэидэ, Мэлэчыпхъухэм я хъарыбэм и щэхухэр зыщlэ Мамбэт Анетэ и lэщlагъэм и псэм щыщ хелъхьэ.

Шэджэм къалэ насыпыфlэу щыпсэухэм ящыщщ Мамбэт Анета и унагъуэри. Щхьэгъусэрэ бынитlрэ зиlэ цlыхубзым и къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщщ жьэгу пащхьэм берычэтыр, зэгурыlуэныгъэр, гъэсэныгъэр щытепщэу щытыныр. Къищынэмыщlауэ, ар хуабжьу хущlокъу хэдыкl lэщlагъэм гулъытэ хэха цlыхухэм хуригъэщlыну, хъыджэбз цlыкlухэм ар я lэпэгъуу щигъэтыну. Арагъэнущ Анетэ 2005 гъэ лъандэрэ а лэжьыгъэм итхьэкъуауэ щlытелажьэри. Налшык къалэ дизайнмкlэ дэт колледжымрэ университетымрэ щеджа цlыхубзыр lэнатlэ зэхуэмыдэхэм пэрытами, абы и зэмани, къаруи щымысхьу зытригъэкlуадэр кружок къызэригъэпэщарщ. Езым и lэпэм къыпыкl дахагъэр цlыкlухэм я гуащlэм ныхешэ, ямыщlэ, ямылъэгъуа телъыджэ куэдым щегъэгъуазэ. Пасэм куэдым хэдыкlыр фlыуэ ящlэу щытами, нобэм ар зыщlэжыр мащlэщ, lэдакъэщlэкlыр утыку къизылъхьэри нэхъ мащlэжщ. Анетэ и хэдыкlыр, уагъэу ищlыр, щагъэу зэlуищэр занщlэу утыку кърилъхьакъым. Ящыгъущэжу хуежьа lэщlагъэм ар хуеджащ, зыхуигъэсащ,илъэс бжыгъэ мымащlэкlи абы телэжьащ, итlанэщ цlыху пащхьэ ахэр щигъэлъэгъуар. Псэ къулей зиlэ Анетэ къигъэщlыр телъыджэщ. Арагъэнущ абы и хьэпшыпхэр зэпыу ямыlэу щlагъэлъагъуэри, езыр мастер-класскlэ цlыхухэм къыщlыддэгуашэри. Мамбэтым и lэдакъэ къыщlэкlахэр ди республикэм щынэмыщlауэ хамэ щlыналъэхэми щыцlэрыlуэщ. Ар зэпыу имыlэу ирагъэблагъэ зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэхэм. Бжьыпэр абыхэм къыщызыхь Анетэ абыкlэ ирипагэу щыскъым, атlэ адэк1э зэрыкlуэн гуращэм иlыгъщ. Зэрыгушхуэ-зэрылъагэр езым и гъэсэн цlыкlухэм яригъэлъагъур lэпэкlэ яхуэщlыжу щыщытырщ, зэхьэзэхуэхэм увыпlэ пашэхэр къыщратырщ. Мызэ-мытlэу Мамбэтым и гъэсэн цlыкlухэм бжьэгъур къыщыхьащ ди республикэми хамэ щlыналъэхэми. Анетэ зэрыжиlэщи: «Цlыкlухэм уадэлэжьэныр насыпышхуэщ. Хьэлкlэ зэхуэмыдэхэу, теплъэкlэ зэмыщхьхэу щыт сабийхэм я lэпэ цlыкlухэмкlэ хэдыкlым зыхуагъасэу щыслъагъукlэ, уагъэ щащlкlэ, щагъэ щызэlуащэкlэ-абы сытым хуэдэу гукъыдэж къызитрэ! Пэжщ, мы lэщlагъэр тыншкъым, зы махуэкlи зыхуебгъэсэфынукъым. Сэри занщlэу сыхъуакъым хэдыкl цlыхубз. Зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъ къызэхъулlэурэ, зэм сщlам нэхърэ нобэ си lэрыкl хъуам нэхъ сыхуэарэзыурэ сыхуэкlуащ lэщlагъэ схуэхъуам, фlы лъагъуныгъэр хузиlэу. Сызыпэрыува, зызэспщыта хэдыкlыр кlэухым щыхуэкlуам деж, абы къызит гушхуэныгъэр сыт и уасэ? Уасэншэщ! Сыхуейщ апхуэдэу ялэжь, ящlэ псомкlи си гъэсэнхэм гукъыдэж яlэну. Си гугъапlэщ хэдыкlыр зыфlэфl, абы ирилажьэ, ар зи гуащlэ дэтхэнэри гупышхуэ сщlыуэ ящыгъупщэж мы lэщ1агъэ дахащэр цlыху нэхъыбэм яхэтшэну…»

Анетэ и лэжьыгъэм гулъытэ къызэрыхуащlым и щыхьэтщ щытхъу, фlыщlэ тхылъхэр зэхуэмыдэ гупхэм къабгъэдэкlыу къызэрыхуагъэфащэри. Иджыблагъэ хъыбарыфl дыдэ къыlэрыхьащ Мамбэтым. Абы къыхуагъэфэщащ Урысейм и цlыхубэ lэщlагъэлl цlэ лъапlэр (Народный мастер России). Узэрыгушхуэ хъун хъыбаркъэ? Уи лъэпкъ, уи къуажэ, уи унагъуэ щыщ адыгэ цlыхубзым апхуэдэ гулъытэ, щlыхь къыхуащlыныр ар уасэншэщ!

Къыхэзгъэщыну сыхуейщ Анетэ и дуней тетыкlэри. Цlыху гъэса, зи жыlэм купщlэ щlэлъ, гущlэгъу ин зыхэлъ, гулъытэ псоми яхуэзыщl, гу къабзэ зиlэ, псэ махэ зыбгъэдэлъщ Мамбэтыр. И чысэхэм, уагъэхэм, щагъэхэм егугъупэу, гулъытэ яхуищlу зэрытелажьэм хуэдэ къабзэущ ар цlыхухэми зэрахущытыр. Анетэ куэдым я дежкlэ щапхъэ хъун цlыхубзщ. Сыхуейщ мураду ищlыр къехъулlэу псэуну, лъэпкъым дахагъэу илъэс куэдым къапкъриха lэщlагъэр зыбгъэдэлъ Анетэ и lэпэ къыпыкlыр утыку щагъэлъагъуэу щытыныр си гуапэщ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz