ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
219

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщlэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщlапlэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“Тхылъымпlэ кхъухьхэр”) зи фlэщыгъэ тхылъыр, тхакlуэм и lэ щlэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.


Екlуэкlыу: 3. Узыкlуэцlрымыплъыф хьэуа. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ. 10. Зи пэр щимэу пылъыкlа мастэ пlащэ. 13. Ди къэралым и щlыналъэм щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, километр мини 4-м щlигъу и кlыхьагъыу. 15. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпlэ. 16. Къурlэным и зы пычыгъуэ. 18. Псым и … макъ. 21. Зипхъу ирахьэжьам е зиш ирахужьам кlэлъыщlэпхъуа гуп. 22. … дарий е … хьэпlацlэ. 23. Зи нэхэр куууэ ис. 27. Шыуанышхуэ. 29. Шэжыпс гъэфlэlуа. 30. lэпхъуамбищ зэбгъурылъым и бгъуагъым хуэдиз. 31. Мыщэм фlэбэлацэ хьэкlэкхъуэкlэ. 32. 2008 гъэм Путин Владимир и япэ къуэдзэт. 35. lугъуэ куэдрэ зыщlихум трищlэр. 40. … бэлътоку. 41. Гъэшхэкl. 44. Мэлыцl щабэ. 46. Хьэцэпэцэ лъэдий закъуэ. 47. Къуалэбзу. 49. Гъукlэ lэмэпсымэ. 50. Нарт фызыжь Уэрсэрыжь и фlыгъэкlэ Лъэпщ ищlа мэкъумэш lэмэпсымэ. 51. Лlыгъэшхуэ зыхэлъ, къимыкlуэт. 52. Кавказым щыпсэу лъэпкъ. 54. Къэрэгъул, плъыр.

Къехыу: 1. «Къуэш … нэхърэ ныбжьэгъуфl». 2. Бдзэжьей зэрещэ. 4. Пхъэщхьэмыщхьэ. 5. Адыгэ композитор, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтыр зрата. 6. Нарт лlыхъужь. 7. Фэ lув гъэтэджа. 9. Тепlэнщlэлъын. 11. «… зытl йохуэж». 12. Щакlуэ фочышэу къагъэсэбэп бдзапцlэ хъурей цlыкlу. 14. Уафэм къех псыlагъэ. 17. Гъукlэ lэмэпсымэ. 19. Джэду лъэпкъым щыщ хьэкlэкхъуэкlэ. 20. Хабзэм ебакъуэхэр пасэм зрадзэу щыта мащэ куу. 24. Щlымахуэ щыгъын. 25. Пасэрей фоч. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлlэ псэущхьэ шынагъуэ, къуажэпсыр иубыду. 28. Чыцэм къыпыкlэ пхъэщхьэмыщхьэ къащхъуэ-фlыцlафэ. 30. Кlэстумыпхъэ. 33. lэпслъэпсым щыщ. 34. Къуэкlыпlэ гъунэгъум щыlэ хьэрып къэрал. 36. «… зэхэдзэ нэхърэ lыхьэ зэхэдзэ». 37. Тхылъымпlэ шыхьа, сэхуран, н.къ. иракlутэу. 38. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу уэрэджыlакlуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цlыхубэ артист. 39. Мэкъу зэтелъхьа, lэтэ зыкъом хъууэ. 42. Лы лей зытелъ. 43. Адыгэ таурыхъхэм хэт щlалэ хьилэшы цlыкlу, иныжхэм акъылкlэ ятекlуэу. 45. Нэщl мазэм тхьэмыщкlэхэм ират lыхьэ. 48. Хьэрыпыбзэкlэ къабж нэмэзыбзэ. 50. Пашэ, пэрыт. 53. «… вы бжьакъуэм къокl». 55. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащlэ цlыкlу.


№ 37 2023 Мэкъуауэгъуэ мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:

Екlуэкlыу: 1. Шэмэдж. 8. Къэбыстэ. 9. Андэгурэ. 13. Хьэжы. 14. Жэп. 15. Молэ. 16. Къыр. 17. Бэдж. 18. Щауэ. 19. Къанж. 20. Хъы. 21. Тумэн. 23. Гулъ. 27. Сосрыкъуэ. 28. Бжэмышх. 31. Пхъу. 32. Шабзэ. 33. Кlуж. 35. Амыщ. 37. Кlарц. 38. Мыл. 39. Кlыщ. 41. Джэду. 42. Кугъуэ. 43. Пашэ. 45. Къэрабгъэ. 47. Хьэкlэпыч. 49. «Насып».

Къехыу: 1. Шатэ. 2. Мы. 3. Джанэ. 4. Дзэлыкъуэ. 5. Шынакъ. 6. Шэрэдж. 7. Гурымыкъ. 10. Къэуал. 11. Жэрумэ. 12. Бланэ. 20. Хъарып. 21. Тхьэгъуш. 22. Набгъэ. 24. Лъэмыж. 25. Тощ. 26. Хъушэ. 29. Абрагъуэ. 30. Амдэч. 34. Къурашэ. 36. Щэумэн. 37. Кlэпхын. 38. Мурат. 40. Щэбэт. 44. Бгъэн. 45.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz