Iэфl lэфlурэ къигъахъуэй, зыхуем хуэдэу егъэlуб!

0
175

Зы гупщысэ IэфIагъ зыхэлъ мы псалъэ дахэр щызыхэсхар, илъэс щэныкъуэм фIэкIауэ си гу къинауэ, игъуэр игъуэтмэ зесхьэ псалъэхэм ящыщщ.

Зы щIалэгъуэ зимыIэ щыIэкъым. Дэри ды щIалэу, мис а си щIалэгъуэм хуэзэу, нэхъыжьхэм я уэршэрхэм дащыхэдэIуэхьэм зым; Дэри дыщыщIалэм щыгъуэ жаIэу къырагъажэ уэрщIэр Iэфым къыхагъэщIыу псалъэм щIадзэт. ТIэкуи я щIалэгъуэр зыдагъажэу, зыпеуэу я къэщэнахэми тепсэлъыхьу.

И уэршэрэгъу, ныбжэгъухэм къыригъэжьауэ жыриIэт:

Ди щIалэгъуэм дэнэ къуажэ джэгу щыIэми зыхэдгъэнтэкъым… Зы жэщ гуэрым дызыдэкIуа къуажэм, джэгур зыхаублау сэмэн сабэр кыдырихуэйуэ дызыщIэхьа кэтышхуэм, блыным кэрыт хъыджэбзхэм лэкус нэхур тридзэу сахэплъащ. КъэкIуауэ пэрэ, хэтыу пэрэ жысIэу хъыджэбзыу хъуар нэкIэ зэрыз зэрызу къэсплъыхьу джэгу тарщыным (хьэтихакIуэ) и лэкус жауэм къыщIэнауэ хэслъэгъуащ. Дызыхэхьа джэгум и Iэфыр зэрихъуэкIыу щIидзащ. Ди Iэгу макъыр хэдгъахъуэу, зыдгъэлъэгъуэну, къафэгъуэр къытлысащэрэт жытIэу дэужэрэкIыу, нэкIэ зызылыхъуа си къашэным, си нэр темыкIыу, сызыдэплъэм нэкIэ дызыхуэзащ.

Сэ щхьэщэ щабэкIэ, си щхьэр есшэхыу фIэхъус есхащ. Езыми и напIэ иришэхамкIэ сызырилъэгъуар, и нэгур гуфIэу къызигъэщIащ.

Уэрщэр зы тIущым дыщызрихьэлIауэ, дызэрыщIауэ, нахуэ дыдэу куэдыщэ къызыдэдмыпсэлъами, дигу зырихьауэ, зы джэгуми дызэрыспылъыр зыщIэхэм, хуэгъэзауэ дыкъыщыздагъэфауэ, хуезыгъэхьа псалъэхэм зыщыуIэфэу, къысхуигъэхьыжа псалъэхэр сфIэфI хъуауэ, къашэну зытлъытэным кууэ дынэсат. ФIыуэ зэрыслъагъур, сыкъызырилъагъур зыхэсщIэу.

Хьыдъэбзхэм я нэхъ нэжэгужэу езым хухэха и къафэ щIыкIэмкIи, щIалэхэм я нэр темыкьыу, къыдихьэхт. Джэгу таршыныр, апхуэдиз хъыджэбз блыным кIырытырэ пэт си къашэным и пащхьэм икIтэкъым. ЩIалэхэм хуагъэхь псалъэхэм къыдэхуэу. Мы щытыкIэр езыми къыгурыIуауэ, тIэкIуи зэхэзехуэ хъуауэ. Джэгу таршыныр сыдей къэкIуащ. КъэзыгъэкIуам и цIэр жиIэри, кIылъыжиIащ, тIэкIу зигъазэу:

-Мо удзыфэ зыщыгъ, мы лъэныкъумкIэ ещэнэреуэ кIырыт хъыджэбзым сыкъигъэкIуащ жиIэу къыпищащ.

-ЩIалэу хъуам мыувыIэу, зыгуэрэхэр къызжаIэ,псалъэ къысхуагъэхь, сэри согузавэ, уи гум зыгуэрэхэр къэкIынщ, ди зэхуаку дэхъуэхьауэ дэлъ лъагъуныгъэм гурыщхъуэ хуэпщIыну сытошынэхь. Даурэ сщIын, сыт яжесIэными сымыщIэу сыкъонэ… ЖиIэу сыкъигъэкIуащ, жиIэри, щыIукIыжым:

-Уэ егупщыс жэпIэжынум! ТэкIу щIэмэ къэзгъэзэжынщ! ЖиIэри, адырей къуажьэ щIалэхэмкIэ зыригъэбащ джэгу таршыным.

Мыгувэу, зыгуэрэхэр жесIажасэрэт жысIэу, сыхэгупщысэхьыу, и гур сыгъэтыншыну, и лъагъуныгъэм гурищхъуэ зэрыхуэзмыщIынур гурызгъаIуэ сфIэфIу, си ныбжэгъухэми сечэнджэщащ хуезыгъэхьыжыну псалъэм.

Къытпэрымыхьэж джэгу тарщыныр къедджащ. Зэрыз зэрызу езым жедгъэIэжыу гурыдгъаIуэу.

-СэркIэ гурыщхъуэ умыщI! Уи гуи умыгъэныкъуэ! Псалъэ къпхуезыгъэхь щIалэхэми я гур умыкъутэ!

-Iэф IэфIыурэ къигъахъуэй, зыхуем хуэдэу егъэIуб! ЖытIэу зыхуэдгъэкIуа хъыджэбзыр, илэс дапщэ хъуауэ пIэрэ? Илэс щэныкъуэм фIэкIагъэнщ, дызытепсэлъыхьа а хъыджэбзыр, абы лъандэрэ си щхьэгъусэщ. Iэнэ фхузытезгъувэ фи нысэращ…

Мы зы Iуэтэжыгъуэм къыхэщ, нысэ зи гугъу ищIар, си анэшыпхъу Бекалды Гул Махиет. ЗыIуэтэжар и щхьэгъусэ ПхъуэнтэрыщIэ Салимт. Мы Iутэжыгъуэр зэрызхэсхырэ илъэс хыщIым (60) нэсагъэнщ. Ауэ си гум IэфIыу къинауэ фхузоIуэтэж.

Цыху гуапэхэу, фIыуэ тлъагъуу, ди щIалэгъуэми гъуэгу гъэлъагъуи тхуэхъуахэщ. ЗэрытхэкIыжырэ куэд щIащ. Дахуаразыщ. Тщыгъупщахэкъым. ЗыдэкIуар тхьэм тыншыпIэ яхуищI. ЖэнэткIэ игъэгуфIэхэ…

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz