Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Сасыкъхьэблэ (Къырхъпугъар)

Къуажэ дэсхэр хэкум 1859 гъэм къикlхэри Шэшэным lэпхъуахэщ. Зыкъомрэ Шэшэным дэса иужькlэ хьэжым кlуэн я щхьэусыгъуэу 1864 гъэхэм Къарс къалэм Селим районым къэтlысахэщ. Сасыкъ Жамбот Къарс Селимым и каймакаму щыlэт. Илъэс пщыкlуплlкlэ Селим дэса иужъкlэ Куртхэмрэ мыхэмрэ зэзауэри Сасыкъ Жамботыр Абы къыщаукlащ. Сасыкъ Хьанифэй (Нэфlыцlэ) еуэри Куртым япщыр иукlащ. Сытми абы дэмысыжыфl хъухэри Сивас къалэм Емирлеркlэ зэджэ районым къэтlысахэщ. Абы икlри Токъат къалэм кlуэхэри зыкъомрэ абы щыпсэуахэщ. Ар щхьэкlэ гурэ псэрэ ягур Узняйлэм къетати Узняйлэ къакlуэхэри 1894 гъэхэм нобэ зыдыдэс къуажэр яухуащ. Къуажэр зыухуахэр Къардэнхэ, Сасыкъхэ, Джазэхэщ. Джазэхэ Асетин лъэпкъыу жаlэжыр. Къуажэр зыухуа цlухэр Сасыкъ Исмейлрэ Алирэ зыри Къардэн Исмейлу жаlэжыр. Къардэн Исмейл икъуэщ Али шууэ 300 и гъусэу яхэкlыжри “сэ мы жылэм сыдэсыфынукъым” жиlэри ахэм зэрыщыту хэкум ягъэзэжащ.

Къуажэр зыухуар мы лъэпкъищращ. Иужъкlэ Лъостэнхэ Анзорей, Хьеймащэхэ Жамботей, Жигкlыхьхэ зэрыжаlэжымкlэ Гуэшокъуэ лъэпкъу иужъкlэ Жигкlыхькlэ я цlэр зэрахъуэкlыжау (Абы ищхьэусыгъуэу куэд жаlэжу аращ ауэ дэ ар ди lуэхукъым, дыщlытепсэлъыхьыни щыlэкъым) къущхьа Хьаж Яхья Мэртэзей, Кlэфохэ Иналкъуей къикlри къэтlысахэщ. Къуажэр 30 мин гектар щlы тесщ. Щlышхуэ яlыгъщ. 20 мин гектарым гуэдз хасэу аращ.

Къуажэр къуажэ цlыкlущ узэреплъынкlэ ящlыр Иналкъуей, Инэркъуей, Къаракъуий, Шерефие къуажэхэмкlэ къэтlысыхьащ.

Къуажэм зи цlэ ираlуэу дэсау щта цlыуххэр;

Жигкlыхь: Файыкъ, Хьаж Мустафэ, Хьаж Исмейл, Лутl Казим, Зеки, Мухьудин.

Къущхьа: Хьаж Ехья, Фикри.

Абазэ: Мурат, Мэмосезгин, Бедредин.

Хьемащэ: Хьусин, Сабри, Орхьан.

Кlэтlыкlуей Фэтхьи.

Кlэфо Хьажмурид.

Лъостэн Адил.

Джазэ: Ислам, Хьасан.

Сасыкъ: Тамбот, Тимбот, Камил, Тахьсин, Хьамид, Мухьамэд.

Къуажэм егъэджапlэ дэтыжкъым. Зэ псоми я бынхэр ирагъэджэн я унафэу къалэшхуэхэм кlуахэщ. Зэ псори къалэхэм щопсэур. Ауэ lэщ зыпыщlа мэш хэлъхьэным пыщlауэ елэжьу унэгъуэ зытlущ дэсщ. Къуажэр Азей районым 50 км Кайсери къалэм 140 км кlэ пэжыжьэщ.

Tablo-1
Tablo-2

 

Yazarın Diğer Yazıları

Жэрыштей – Ягълыпынар

Къуажэр Къэбэрдей къуажэщ. Зэржаlэмкlэ 1867-рэ 1872 гъэхэм (и пэжыр зыми ящlэкъым) Къэрэшей-Черкесым Алъэсчырей къикlа цlыхухэм яухуауэ жаlэжыр. Къуажэр Азей районым пэгъунэгъущ. Кайсери къалэм 109, Азей...

Инлиорен / Хэусай

Хьатукъуай къуажэ. Хэусхэр зы лъэпкъыцIэщ, Къуажэм хэусу дэс лъэпкъхэр; Хьагъошкъо, Гуэтыжъкъо, Тывкъо, Балкъо. IутIыжъуи лъэпкъиплI дэсщ: Асчэрыкъо, Нэгъожкъо, Гъуаланкъо, Пшырыкъо (Джэтгъэжъ). Къуажэр Хьатукъуай къуажэщ, къуажэр хэкум Кубан...

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img