Къуажэр Къэбэрдей къуажэщ 1821-22 гъэм къэсух Аргудан псы lуфэм щыпсэуауэ 1822-1889 гъэм нэсух хуэдз lуфэм щыпсэуауэ зы къуажэщ. Къуажэдэсхэр Аргудан, псыджэнсу, Черек дэсахэр зыхэзэрыхьауэ 1889 гъэм тыркум 550 унагъуэ ису кхъухьымкlэ къэкlуахэщ. псалъэм папщlэ Жанокъуэхэ, Мыкlуэфхэ, Сабаншыхэ, Сэбэнокъуэхэ, Тулащхэ, Урысхэ Аргудан, Бейкъулхэ псыджэнсу, Шурдымхэ шыгъушэхэ Черек къикlахэщ.
1889 гъэм Мерсин къалэм къекlуэлlа кхъухьым иса 550 унагъуэм псори жылэ жылэу ипхъыхьауэ ирагъэтlысхьащ. Жаныкъуей къыдэтlысхьа гупыр, унэгъуэ хыщlыр дэ узняйлэм дыкlуэнущ жаlэри фlагъанэри узняйлэм 1892 гъэхам нобэрей я псэуалъэм къэтlысахэщ. Ауэ гугъуехь куэди къапэщlэлъащ. Сыт щхьэкlэ жыпlэн ухъмэ 1859 гъэм къэкlуахэм щlы яубыдащ, зэхэсыхьащ зы гъэщlэщlэ яухуащ ауэ Жаныкъуейыр икlий дэхуэхауэ, икlий зыри ямыщlэу щlы къэралым къыратам щхьакlэ къуэжа гъунэгъу lусхэм къэмыдэу къытегушхуэу къезауэу гугъуехь куэд япэщlэлъащ ауэ къуажэр лъэщу зэрыlыгъу зыкъуэту бзаджэу япэуващ.
Узняйлэм къэтlыса къуажэ псом хуэдэу яхэщlа щыlэщ хэхэсу къахэхьа щыlэщ, псом щыщи къахэхьащ ауэ Жанокъуэхэ я къуэжэпщ зэрыхъуам папщlэ Жаныкъуей и цlэр фlащащ. Ипэдыдэ къэтlыса унагъуэхэм лlыцlэуэ тхузагъэщlахэр;
Кlэрэф Иса, Мысост,
Бжъыхьалl Хьарун,
Сабаншы Йусуф,
Тогъуз Мирзабек,
Мыкlуэф Хьабатl, Хъошгелды Зекрей,
Ашабокъуэ Товэж.
Къанщаукъуэ Махьир къуажэр яухуа нэгъужь илъэсипщl дэкlауэ къуажэм къыдэтlысхьащ.
Къуажэр, Кайсери къалэм 135 км Пынарбашы (Азей) районым 45 км пэжыжьэу Хъынзыр бгым и дыгъэпlэмкlэ щыгум итщ. Чукурйурт (Абзэх), Кlурашынхьаблэ, Кайнар (Хьатыкъуей) къуажэхэмкlэ къэуфэрэзыхьауэ зы къуажэщ.
Къуажэр хэкум къыщикlам 60 унагъуэу къэтlысат абыщыгъуэхэм елъытауэ къуэжэшхуэт.
Нобэ къыздэсам къуажэр хэщlащ цlыух куэд дэсыжкъым дэсхэри лlыжь фызыжьу зи ныбжь нэсахэращ ахэри гъэмахуэм къуажэм къэкlуэжу я лэжьыгъэ кърахьэлlэу я мэкъу мэш кърахьэлlэжу щlымахуэм къалэшхуэхэм lэпхъуэжхэращ. Щlымахуэм lащ зыпыщlа унэгъуэ зыбжанэ нэхьынкlэ дэсыжlэкъым.
Псоми я бынхэр къалэшхуэхэм lуэху lэнатlэ пэрытхэщ, еджауэ щlэлэ куэд яlэщ, псэукlэ хъарзынэ яlэщ.
Псы щlэгъэхьэ щlы зэрамыlэм папщlэ хьэ, гуэдз нэхъ хасэр. lащ зезыхуэ унэгъуэ зытхух щопсэур.
Къуажэм лlы цlэрыlуэу дэсахэм зэкlэ сигу къэкlыжахэращ;
Абазэ Джафар, Нэджиб,
Ашабокъуэ Товэж, Асим,
Бейкъул Мурат,
Бжъыхьалl Назим, Зия,
Хъошгелды Аслан, Суфян,
Хьакlужъ Сейид, Зихьни,
Къанщаукъуэ Махьир,
Кlэрэф Иса, Мэжид, Зиядин, Сэлэдин, Зихьни, Айтек, Ерол, Къурубей,
Мыкlуэф Фуад, Мэмэт,
Нэхущ Зияттин, Фикри, Ебуьекир,
Сабаншы Азиз, Шерафеттин, Хъалис,
Сэбэнокъуэ Нури, Сабри, Къасым,
Сэрхъош Осман,
Щынахъуэ Маил, Назим,
Кхъуэнэ Зулкадин, Нещухь, Тlэюб.