Мэкъумэшlыщlэ псэукlэ, зэлъытауэ!

0
135

Дыкъуажэ дэсу, дыщыцlыкум щыгъуэ къуажэм дыщыдэса махуэхэм сызэплъэкlыжу сыщыхэплъэжым сытемынэ ди бзэ псалъэ куэд зетхьауэ къыщlэщыжырэ.  

Мэкъуэуэ мазэм зэтхьа псалэхэр, мэкъу къишыгъуэр, мэш къитшу щызытетлъхьэ щlыпlэ псалъэхэр, ахэр къыщитшым зэтхуа псэущхьэхэр, ахэм щlэщlауэ хузетхьа lэмэпсымэхэм я цlэхэр нобэрей щlалэхэм зыхахмэ «ар сыт?» жаlэу, упщlэ псалъэр къыпхуашийнщ.  

Мэкъуэуэгъуэ мазэр къыщихьэм зырахэну lэмэпсымэхэр зырагъэпэщыну, зыдагъэтlылъа гъэтlылыпlэхэм къырахыжу, хухэха пэщ зиlэм пэщым къыщlихыжу зэригъэпэщыжт. Мэкъу жыпlэмэ япэ ищ lэмэпсымэр «шэмэдж»т. Шэмэджыр мыулъийн папщlэ зыдыпылъа бжьыкъум къыфlахыжу, изыфlэлъыкlэм дей дэукlа «хьэлэ»м быдагъэ игъуэтым папщlэ щэмэдж тlыгур псым халхьэу ягъэбэгыжт. Зы илъэс хъуауэ зырамыхьауэ, и дзlэми lувагъ зыгъуэта шэмэджыдзэри упlэщlын хуей щыхъум; сыджырэ/уадэрэ зырахьэт. Щlым хэтlа сыджым тралъхьэ шэмэджыдзэр, и lэсэмэгумкlэ иlыгъыу, иукъуэдия и пкъым, дэшея и лъакъуэ ижь лъэгуажьэм шэмэджыкlыр тегъэщlауэ, lэ ижкlэ и lыгъ уадэмкlэ сыджым телъ шэмэджыдзэм еуэурэ иупlэщlыу, макъ дахэ зыкlэлъыкlуэкlэ шэмэджыдзэм ирикlуэу «яуlу»т. Шэмэджыдзэр уlункlэ зыфlэкlтэкъым. Абы и дзэми гъущl пхъахъуэ дэлъэн хуейт. Зиlэм зэрихьэт. Зимыlэми зэригъэпэща, пшахъуэ щабэ зыхэкlутар псы зэрыт псылъэм, «лъэпсылъэ»м хэщlа, пхъэм хэщlыкlа «лъэпlанкlэ»м щахуэ пшахъуэ зыкlэрыцlэлъамки шэмэджыдзэр ягъэжаныну, лъэпlанкlэр далъэт. 

Пщэдыджыжьым жьыуэ мэкъупlэм ехыр, жэщым къеха уэсэпсыр темыкl кlыщlэ (щlыкlэ) шэмэджыдзэм къыхуэмыубыд «шкэщх» зыфlэща мэкъу кlэщl щабэхэр паупlщlт.  

Мэкъуауэ гуп зыкlэлъыкlуэхэр, зыкlэлъхьэужьыу яубыда «lэнатlэ»м, мэкъур паупlщlыурэ ирикlуэт. Зыбгъурыту паупlщlауэ мэкъупlэм къытенэм фlэща цlэр «арыгъынэ»т. Аргъынэ псалъэм и къежьапlэр, Шэмэджыр зырамыхьэ ипэ, мэкъу-мэш пыупlщlыу зырахьа «гъубж»ым тращlыкlа псалъэщ. Пиупlщlыну мэкъу-мэшыр lэ сэмэгукlэ зыщlикъуэу, lэ ижькlэ иlыгъ гъубжкlэ пиупlщlыурэ, lэ сэмэгум lэрыгъыу, lэрымыхуэж щыхъум щыгъуэ, «lэрыгъ»хэр «нэры/нэ»у игъэтlылът. «lэрыгъы/нэ» псалъэр къызытехъукlар «гъубж лъэхъэнэращ». Нобэ къызыдэсам «аргъынэ» хужытlэми…  

Аргъынэхэр гуахъуэкlэ зыщlэкъуауэ, «lэмбатэ»у ягъэтыст. Гуахъуэм хузыщlэмыкъуэу къытенахэри «пхъэlэбжьанэ»кlэ нэхъ къабзэу зыщlакъуэжт… lэмбатэхэр, гу/шыгукlэ щырашынум хуегъэзэкlауэ, гур и зэхуакlум зэрыдэхьэным хуэдэу «lэтэ» ныкъуитlыу (зы lэтэ) ягъэтlыст. lэмбатэ тlощlыр зы гу ябжыу.  

Мэкъу къыщырашым щыгъуэ, мэкъур мыщатэну, кlапсэкlэ зыщlэкъузауэ къырашт. Мэкур «хьэвэ»у, «мэкъу пыпхъуэ»у зытыралъхьэт. Жьапщэм, жыбгъэм имыlэтын папщи, удз пхъашэ «lутlанэ»р кlапсэм хуэдэу яшыхьу, мэкъу хавэр зытыриlыгъэну, и къуапэ зэрызым мывэ хьэлъэ пыщlауэ мэкъу хьэвэм кlыращlэт. Щlымахуэ мэкъу-мылэу, «мэкъу пыупlщl»кlэ паупlщlыу я lэщым ирагъэщхт. 

«Гъасэ» (мэшхэкl) къышыныри нэхъ щхьэхуэт. Выгут/шыгут къызырырашыр. Вы зыщlэщlа гум, «гурыгъ»кlэ пыщlауэ «бжьы» телът. Бжынэ гъуанэхэм «дамэкъуэ» плlы игъэжауэ фlэлът. Дамэкъуэхэр зэрипхыну фэм хэщlыкlауэ «дамэкъуэпс»хэр фlэщlауэ. Шэрхъит зыщlэт гум, шэрхъитыр зэзыпх «гулъэмыж»ым телъ хьэлъэм зыщихъуэурэ, къэплъыурэ кlыгъуу щlидзэмэ, сабын гъэщэща, тхъу цlынэм хэщlауэ зырылъ гум и гуэп щыбагъым пыщlа бжьакъуэм къырахыу, гулъэмыжым ирацlэлът. Къыраша гъасэр щаlуэну щlыпlэм «шэдж»у щызытыралъхьэт. Мывэ дзакlэ жан зыlулъ пхъэ «балбэ»кlэ щаlуэнум щыгъуэ хъурейуэ «лъахъи»у традзэт. Махуэрей lуэгъуэр нэмысамэ, гъасэ жэпкъыр пщэдыджыжьым къех уэсэпсым имыгъэхудэн папщlэ хьэмлъэгур лъахъир зыщlакъуэт. lуэныр зыфlэкlамэ «самэ»у зытыраухуэжти, якlыщтэну жыбгъэм пэплъэт. Хьэуазэмрэ (сэмэн) щхынгъуэ яхуэхъуну жылэр зыхагъэкlыну пхъэ хьэнцэгуахъуэ пlащlэкэ дырапхъеурэ якъыщтэт. Къыщlэкlа жылэр ущыбзанэкlэ (хъалбур) яущыбзыу, напlэ пхъашэу хэлъыр хахыу ягъэкъабзэт, Псыкlи ялэст  

Гъэкъэбзауэ «къэп»хэм иракlута «гуэдз»ыр, хьэжыгъэу, гъэ щхыныгъуэ яхуэхъуну, псы къарукlэ къырихуэкl «мывэ щхьэл»хэм выгукlэ яшэу ирагъэхьэжт.  

Нобэрей мэкъу-мэшыщlэм и лэжыгъэр, ипэрей лэжыкlэр зэплъытын хъумэ икъукlэ зэрихъуэкlащ. Щlэныгъэ lэщlагъэм къыздихьа (тэкнология)м lуэххэр игъэпсынщlащ.  

Трактор зыфlэща машынэр, абы кlэрыщlа lэмэпсымэхэр, мэкъупыупщl машынэхэм ирыпаупlщl. Мэкъу зыщlэкъуэ машынэхэм зыщlикъуэу, кlапсищкlэ зыщlэкъузауэ, зыпэплlимэ кlанэу гъэтlылъа мэкъухэр машынэкlэ къыращыж хъуащ. 

Гъасэ къырашыжкъым. Мэшым еуэу, иlуэу, зыхигъэкlыу, хэплъхьа жылэм и щlэкlыр зыщlикъуэу къозытыж машынэшхуэхэм игъэзащlэ хъуащ. 

Тэкнологя щlэныгъэ lэщlагъэхэр цlыхугъэм щхьэпэ хъуащ, тынш хъуащ! 

Ауэ дэ дыщыцlыкlум зетхьа мэкъу/мэшыщlэ лъэжьыгъэ псалъэхэр, хэкlуэдэжыным нэсауэ зырамыхьэж, зырамыхьэжыф хъуащ. 

Тхыгъэм и кlэухыр, зы упщlэкlэ пызок! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz