Фащэ! Адыгэ Фащэ!

0
805

ФокIадэм и 28. махуэхуэр, Адыгэ фащэр гъэлъапIэным, гъафIэжыным хухэха зы махуэщ. Мы махуэм къежьапIэ хуэхъуар, Хэкум Адыгей къыралыгъуэм 2000 гъ. ящIа хасэщхуэ унафэмкIэ «Адыгэ ФащIэм и махуэ»у хухахащ. Адырей къралыгъуэхэми зыдаIыгъу нобэ къэсащ.

Сыт «фащэ»м къикIыр? ЦIыху зыхужытIа псэущхьэм, пцIэнагъэм изыш, и щIыфэр, и пкъыр хуабэм, щIыIэм щызыхъумэ щитIагъэу щыгъыращ. И щIыфэ щIыIум щиIыгъыращ. И къежьапIэр, ижь ижьыжьым бгъуэнщIагъым щыщIэсу, щакIуэ щыкIуам илIа (къиукIа) псэущхьэм, мывэ дзакIэ жан фэкIа IэщIагъэ зримыхьэфу, трилъэфа и фэр игъэгъу, абы нэужь гъэща, гъэщэба фэ щабэр и Iыгъыу, езэшыу зыгъэпсэхун хъумэ абы щабэу тетIысхьэу къызыдырыхьэкIащ. ЩыщакIуэм, псэущхьэхэм щыкIэлъыжэм аткI-мыткIэ къыщинэ щыхъум; Зы гъуанэ хуищIыу, ищхьэр иригъэкIыу, и пкъым фикъуащ. Ауэ, щыщакIуэм щыгъуэ джэрэзыу и Iэм, и Iэблэм къыфIэзэрэхьыу гугъу иригъэхь щыхъум, гъуанищ (3) хуиугъуэнащ а фэм. И IэблитIымрэ, и щхьэр зэрыкIын. А гъуанищымкIэ и пкъым щи/Iыгъ хъуащ. Щы/Iыгъ/ын псалъэр, нобэм «щыгъын» псалъэу къэсащ. IэкIэ и Iыгъыр, и щIыфэм щиIыгъыу. Ныбжьышхуэ иIэу къэгъуэгурыкIуащ.

И къежьапIэр фэм хэщIыкIауэ «фащэ»ми, Адыгэ цIыхум и «Адыгэ фащэ»р, нобэ и пкъым щиIыгъ щыгъыныу хуэфащэращ.

Хъулъхугъэм ер щхьэхуэу, бзылъхугъэм ер щхьэхуэу. Щхьэрыкъуэн, хъурыфэ пыIэм дей щыщIэдзауэ гуэншэрыкъым нэс зэкIужыу зыхуэузэдауэ… АткIэ бгы псыгъуэр куэншыбэкIэ зыщIэIыгъауэ, фащэр даримрэ дыщэмрэ щимэу зыхэпсэхьауэ зэкIужыу…

Мис Адыгэм хуэфащэ, Адыгэ фащэ зэкIужхэр.

Мы махуэр лъэпкъым хуэмахуэну… Къайсэри Адыгэ Хасэм и зы лэжьыгъэ дахэр Къайсэр и истасионым (МафIэгум и щежьапIэм) щагъэлъагъуащ.

Къайсэрыжьым и истасионыр!

Мы псалъащхьэр зэрыфлъагъу зы гу уз усэм и уэрэдыр фигу къыгъэкIыжауэ къыщIэкIынщ. Жу Жансурэт хуауса усэр, фыуэ зэрылъагъуу, зэрымышэфахэм теусэхьауэ, «Къайсэрыжьым и истасионым»кIэ цIэрыIуэ ирихъуауэ, уэрэдыу нобэм къэсащ.

Теплъэхэми зэрыхэфлъагъуэну мыбы, «Къайсэри истайоным» гъэлъэгъуапIэу щIызыхуэсын хуей щIэхъуар, зы гъафIэж махуэ дауэдапщэращ.

Къайсэри Адыгэ Хасэм зэригъэпэща «Адыгэ Фащэм» хухэха махуэм хуэзэу Хъулъхугъэ/бзылъхугъэ фащэхэр, ди щIэблэхэм яфэ илъыу къекIуэлIахэм ирагъэлъэгъуащ.

Хэкум щыщ Апщэ Алим и макъ лъэщ зэкужымкIэ, Мазэ музик гупым и уэрэд жыIакIуэхэм дахэдэIуэхьащ. Хасэм къырыгъэблэгъа хьащIэ нэхъыщхьэу, Къайсэр и парламент, и нэхъыщхьэ мерыр, Талас, Пынарбащы къалэцIыкIухэм я Iэтащхьэхэр хэтащ. Махуэм, Адыгэхэм теухуауэ псалъэкIэ зэрыз ящIащ.

 

Сурэтхэр: IуткIу Тащчы

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz