Лъэпкъгъэкlуэдым и lуэрыlуатэ: «Кърум и къафэ»

0
224

 

Тхакlуэ Ягъэн Аднан Озвери, Исмел Уэздемыр Озбай «Къру Къафэ» зи цlэ и тхыгъэр лъабжьэ ищlри зы сценарий итхащ.

«Кърум и Къафэ» зи цlэ мы сценарийр лъэпкъгъэкlуэдым и lуэрыlуатэщ…

Тхыгъэр лей ехыныгъэм, тхьэмыщкlагъэм зэщlиубыда Кавказым и зы къуажэ гуэрым къыщыхъуа-къыщыщlахэм теухуащ.

Ягъэн Аднан Озвери, Папба Аныт Баба, киноиндустрием и лэжьакlуэхэм мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр дэзыlыгъ Тырку къэралыгъуэмрэ нэгъуэщl къэралыгъуэмрэ я lуэхущlапlэхэм я лэжьакlуэхэм сценарийм гу къылъатагъэххэщ икlи ягу ирихьауэ щытщ.

«Мы lуэхум теухуэуэ къыдэтха лэжьыгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр фlыуэ екlуэкlащ» жызыlэ Ягъэн Аднан Жьынэпс газетым и упщlэхэм кърита пэджыжхэмкlэ Тырку къэралыгъуэм зы фильм гупрэ зы фильм директорымрэ зэрыгурыlуахэр, фильмым щыджэгуну хуагъэфащэ актерхэми зэрепсэлъахэр къыхигъэщащ.

КАФФЕД-м, КАФДАВ-м, егъэджэныгъэмрэ культурэмкlэ ШАМИЛ Фондым хуэдэ хасэхэмрэ lуэхущlапlэхэмрэ «къыддэlэпыкъуну дыкъагъэгугъащ» жызыlэ Ягъэн Аднан, «мы lуэхур утыку къитлъхьэфын папщlэ дызыхуэныкъуэну ахъшэмрэ дэlэпыкуныгъэмрэ пщыхьэщхьэ зэlущlэ зэдгъэпэщынухэм псом яужь хуэфащэр къытlэрыхьэну догугъэ» жиlэри къыпищэжащ.

Япэрей зэlущlэр 2023 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 26-м Анкара къалэ щlащlащ, иужьрейр Истамбыл къалэ щlекlуэкlынущ.

Фильмыр техыным теухуа зэдэlэпыкъуныгъэ джэпсалъэр гупым мыпхуэдэу утыку къралъхьащ:

Кърум и къафэ

Зэдэlэпыкъуныгъэм и джэпсалъэ

Шэрджэсым я Хэкур зэрагъэбгынамрэ къращlылlа лъэпкъ гъэкlуэд зауэмрэ шэрджэсым я тхьэмыщкlагъэкъым, дунейпсо цlыхугъэм япэрей и напэкlуэцl гуузхэм ящыщщ. Урыс тхыдэтх Адольф Берже зи хэку зрагъэбгына шэрджэсхэм папщlэ: «А цlыхухэр хуабэузымрэ фэрэкl узымрэ зэщlаубыдат. Зи псэр хэкlа шэрджэс бзылъхугъэм сабий цlыкlуитl щlэст, ибэу къэнахэм ящыщ зыр и псэ еджэрт, адрейм и анэ лlам и бгъафэм быдзышэ къыщилъыхъуэрт…» жери итхыгъащ. Нэгъуэщl тхыдэтхым мыпхуэдэу етх: «Хы Фlыцlэ lуфэм lулlыхьа шэрджэсым я бжыгъэр и ныкъуэм нызэрохьэс, Трабзон къалэ къудейм цlыху мин 53-м нэс дунейм щехыжащ. Хы гущlыlум тету «зауэужь кхъэхалъэ» зыфlащlа кхъухьхэм щыщу дапщэр Хы Фlыцlэм щlилъэфами зыми ищlэркъым, – жеlэ. Урыс тхакlуэ Пушкин: «Дэ шэрджэсхэр щхьэхуиту зыдиса я хъупlэхэм идгъэкlащ, абыхэм я къуажэхэр дгъэсащ, жылэ бжыгъэкlэ дгъэкlуэдащ».

Ауэ аркъудейкъым. Кавказым и нэхъ лъэпкъыжьхэм ящыщ шэрджэсхэм я хъуэпсапlэхэри, я гурыфlыгъуэри, я гугъапlэхэри, я къэкlуэнури фlагъэкlуэдащ. Ди лъэпкъ гукъинэжым, илъэс мин бжыгъэкlэ дыщыпсэуа ди адэжь Хэкум, ди адэжьхэм я гущlэм дыкъыхачащ. Ди гуэуахэмрэ ди нэщхъеягъуэхэмрэ зэщlэткъуэри, ди гуащlэмащlагъэр, ди гузэвэгъуэр гъусэ зыхуэтщlыжри, ди Хэку дахэм, Кавказым и бгылъэхэм дыкъикlащ. Дыкъыздэкlуа щlыпlэхэр къумрэ тафэрэт. Мыбы и цlэр хэкугъэбгынэщ, мыбы и цlэр лъэпкъгъэкlуэдщ. Мыр тхыдэм щыщ нэхъ инышхуэу, нэхъ инышхуэ дыдэу, нэхъ узылэу хэкугъэбгынэнщ.

И кlыхьагъкlэ дызэпхрыкlащ зы Хы Фlыцlэм, абы и псы фlыцlэхэм зырыз-зырызу дыхэткlухьрэ дыкlуэдурэ. Зэман куэд дэкlа иужь зэхэтхыу зэрызэдгъэщlащи, псэууэ къэна ди лэпкъуэгъухэм а хы кlыфlым къыхэкlа бдзэжьейр яшхыртэкъым. Хым и закъуэ къудейтэкъым, атlэ кхъухь тедзапlэхэм щащlа мыхъумыщlэ хэхэс псэупlэхэм, уэсылъэ бгы дэкlыпlэхэм дэ псэ куэд щыдгъэнащ. Языныкъуэ лъэпкъхэм я ехъулlэныгъэхэр, я зыужьыныгъэр, я гуфlэгъуэхэр тхыдэм и нэгу щlэкlыху, дэ ди хэщlыныгъэхэр, ди насыпыншагъэмрэ ди хэкугъэбгынэмрэ я хьэзабыр тпэщlэкlащ.

Япэрей зэманым а гуауэр нэхъ гугъуу къыщlэкlынт дунейпсо цlыху цlыкlум ягурыгъэlуэныр. Ауэ иджыкlэ зэпыщlэныгъэмрэ техникхэмрэ я лlэщlыгъуэм дыщопсэу. А тхьэмыщкlагъэр зэрыдунейуэ яхуэтlуатэу мыпхуэдэ гузэвэгъуэр зэи зыщlыпlи къыщымыхъужын щхьэкlэ тхузэфlэкlыр утыку къитлъхьэн хуейщ. lэмалу диlэр етхьэлlэн хуейщ. Иджыпсту а трагедием и хъыбарыр мелуанхэм къахуэзыlуэтэн фильм техыным и зэман къэсащ. Икlи тщlэн хуейщ, иджы зэманым и псэр ди телъхьэщ…

Тхакlуэ Аднан Озвери гупсэхуу итха, лъэщу, дахэу зы сценарий диlэщ. Икlи ахъшэ мащlэм къыхэкlынущ, икlи дуней псом щыlэ темэхэм толэжьыхь, цlыхугъэм и фlыгъэхэр ипэ къригъэщу, макъ зыгъэlуфын зы сценарийщ. Мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр дэзыlыгъ Тырку къэралыгъуэмрэ нэгъуэщl къэралыгъуэмрэ я lуэхущlапlэхэм сценарийм гу къылъатагъэххэщ икlи ягу ирихьауэ щытщ. Арщхьэкlэ дэ иджыри гъэщlэ къаруущхьэ, зэрызэщlэблэн зы мафlэбзий дыхуэныкъуэщ. Мыр тхузэфlэкlмэ куэд дэмыкlыу иужьыр къыкlэлъыкlуэнурэ, хэхэсым и тхыдэм хыхьэну зы художественнэ тхыгъэм lэпэ теддзэнкlэ догугъэ.

А щlыхьыр псоми дыдейуэ хъун хуейщ.

Индий lуэрыlуатэм зэрыжиlэмкlэ, уз зэрыцlалэхэм яхьа адэшхуэхэм папщlэ я щlэблэм абы я псэм лъэlэсыну зы lэдакъэщlэкl ямыщlмэ, я псэр тыншынукъым. Ди адэшхуэхэм я псэхэри лlэщlыгъуэрэ ныкъуэрэм щlигъуауэ кlуэдыныгъэ куум, Хы Фlыцlэм и лъабжьэм къыщыдоджэхэ: Ди макъыр зэхэзых щlыlэу пlэрэ?! Ди макъыр зэхэзых щlыlэу пlэрэ?!

Уэ, цlыхугъэ! Уэ, хэкугъэбгынэ! Мы макъыр зэхэпхмэ, ди макъым макъ къетыж, ди lэм lэ къетыж. Ди гур фи гум гъусэ хуэфщl!

Зы фильм – макъ мелуанщ! Зы фильм – гу мелуанщ! Зы фильмыр – гугъэр мелуанкlэ гъэкуэдынщ!

Уэ, цlыхугъэ! Уэ, хэкугъэбгынэ! Гугъэр гъэбагъуэ. Шынагъуэр хэгъэщl!

А маржэ!

А къару!

Зэгъусэу щlыхьэхум къару едывгъэхьэлlэ!

 

Адыгэбзэм зэзыдзэкIар Хьажьбэвыкъуэ Эрдоган Йылмазщ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz