Азей районыр Узняйлэм щыпсэу; Урус-Кавказ зауэ лъэпкъ гъэкlуэдым къэлу я Хэкур зэрагъэбгынахэм яухуэ къуажэхэр зэпха районым и цlэращ. Районыр мер щащlа гъэр 1863-ращ. Сулътlан Абдулазиз пащтыхьу и тетыгъуэм хозэр. Ипэдыдэ меру тетар Ло Махьмудщ илэс тlощlрэ тlу гъэкlэ тетащ.
Азей районым ицlэр Сулътlан Абдулазиз ицlэм къытрахри «Азизие»у ягъэуващ. Иужькlэ республикар яухуа нэужьым ицlэр «Пынарбашы»кlэ зрахъуэкlыжащ. Азей районыр зытраухуа щlыналъэр ермэлы псэуалъэщ. Апщыгъуэхэм лъэпкъу ермэлы нэхъ зыри щыпсэуу щтакъым. Мер яухуа нэужъым Адыгэхэри къыдэтlысхьащ Адыгэмрэ ермэлымрэ пэмыщlреям лъэпкъ дэсу щтакъым. Иужъкlэ Карс мухьажырхэмрэ Аушэрхэмрэ къэтlысащ. Районым щыпсэу цlух бжыгъэр 10.000 хуэдизщ. Къэнар иужъкlэ къуажэхэр хьаблэу къыгущlау къуажэхэм дэсу 12.000.цlухщ. Азей районым 146 къуажэ (иужъкlэ хьаблэу ялъытащ) къыпыщlауращ. Мы къуажэхэм 62 хуэдизыр Азей районым и дыгъэ къыкъуэкlыкlэмкlэ щыс Адыгэ къуажэхэращ. Къэнари дыгъэпlэмрэ дыгъэкъуэхьапlэм щыс аушэр къуажэхэращ. Азей районыр ширван бгым и дыгъэмыхъуэм псынэ къижыпlэмкlэ къыпыщlэту узреплъынкlэ щlыпlэ дахэщ. Щlымахуэхэм и уафэр ткlийщ уэсышхуэ къыщосыр. Гъэмахуэр ущыпсэу хъуну мыхуэбащэу зы районщ.
Азей районым ипэрей мер ыр Ло Махьмуд (Абазэ) жытlа нэужъ, Муфтыуэ Ащхъуэт Мэжид, щэныбэ Али Ефэнди Кып Сэлахьадин ефэнды зэртетар къыжытlэнщ.
Меру1957-1960 гъэхэм адвокат Ягъан Мэжиди тетащ кlэщlу зы зэман. Абы иужъкlэ Адыгэхэм къулыкъущlэу тетау зыри щыlэжкъым, нобэрей Азей Районым Адыгэ куэдуи щыпсэужкъым. Зэржаlэмкlэ 500 нэрыбгэщ дэсыжыр.
Азей районым ипэдыдэ меру тета Ло Махьмуд иужъкlэ 1900 гъэхэм 18 гъэкlэ Думэныщ Махьмуди тетащ.
Азей районым къуажэ мытlысу занщlэу районым къыдэтlысхьа Адыгэ унагъуэ зыбжанэ щыпсэуащ, къэдбжын духъмэ:
Ащхъуэт, Бешкlур, Быж, Думэныщ, Дырухъ, Жамбылэ, Кхъуэжъ, Къашыргъэ, Къундухъ, Ло, Пэрыт, Щэныбэ, Ягъан.
Мы унагъуэхэм лlы цlэкlэ иужъдыдэу псэуахэр дощlэжыр: Ащхъуэт Мэжид; Бешкlур Саим; Быж Саадэт; Думэныщ Махьмуд, Зеки, Иса, Мэжид; Жамбылэ Газий; Къундухъ Махьмуд; Къурмэн Адил; Ло Махьмуд, Мустабей; Пэрыт Нащхъуэ; Щэныбэ Али Ефэнды; Ягъан Осман, Расим, Умар, Мустабей.
Дырухъхэ ипэ Азей районым къэтlысри иужъкlэ Къылышбихьаблэ lэпхъуэжащ.
Маркет: Бабуг Назим; Гусэр Шэукэт, Нафиз; Жыгкlыхь Емин; Къаныкъуэ Анзор, Умар, Хъулуси; Кlуэкlуэ Музаффер, Хьикмет; Урыс Орхьам; Шыгъэлыгъуэ Мэмэт, Абидин.
lащ шхын: Думэныщ Сервет, Сезаи; Къарэйlукl Нэжат, Саид, Джахьит; Молэ Алым, Нури; Мэкьуауэ Сабри, Ертугърул; Пщыгъусэ Сэруэт; Щогэн Хьайри.
Дохтыр: Кlэнэтl Сэлами; Тамби Нуреттин; Хьацlукl Баяр.
Аптека: Ягъан Акгул
Адвокат: Адыгэунэ Суад; Думэн Фикри; Жыгит Саид; Хьацlукl Кэрами; Шыкъ Фуад; Ягъан Мэжид;
Кlыщ: Тхьазэплъ Хьайдар, Хьажы.
Трактор еlэзэщlэ: Алътыдокъуэ Ердал.
Мебилыщl: Къалмукъ Фейзуллахь, Хьайруллахь; Тхьазэплъ Зеки.
Азей lуэу зэрихуэу бизныс игъэзащlэ дэсахэр;
Магазин игъэлажъэу: Аге Неджати; Вэрокъуэ Зеки; Думэныщ Зеки; Кип Рейхьан, Емир; Къардэн Ата; Къылышбий Али; Лlыгъур Зеки, Фахъри; Ныбэжъ Зия, Фикри; Сабаншы Низамэдин; Тхьакъуахъуэ Баяр; Хьэжбэвыкъуэ Хьэмид, Эмин; Шыгъэлыгъуэ Сами; Шыд Муаммэр; Шыкуэ Ремзи, Ниязи; Щогэн Джахьид;.
Пхъащэ: Къарашей Албуз, Синан; Мэкэр Мэмэт, Талат; Шыд Фэхьми, Рахьми.
Алэрыбгъу (хъалы) хезгъэдыкl: Кlэрэф Айтек; Мыкlуэф Фахъри, Нэжми, Васфи; Тат Тахьсин; Хьатыкъуей Орхьан, Осман.
Бацэрэ фэ lуэух зезыхуахэр: Адэжэ Исмэт; Къарэгъул Зехьни; Шэт Нафиз.
Бугалт (мухьасебэ): Къардэн Исмэт; Къэрэгъул Бурхьан; Мэкъуауэ Нэжмэдин; Хьаlупщэ Атилла; Ягъан Басри.
Абы къыщынэмыщlам, Лlымэхуэкъарэ Локъмэн къахьауэ, Мэлыхъуэ Бахьри, Ягъан Айдын, Йылдырым мэл гъашхэу, Шакъ Хилми кхъуей мандыра иlэу, Токъмакъ Саимрэ Пщыгъусэ Азмирэ трактор ящlэуэ, Кlэнэт Нури арзухьалу, Бабуг Мамо лыщэу, щылэжъахэщ.
Гъущlунэ Пагуэ фоч кlэрахъуэ ищlыжу, Байкъалды Нурирэ Къущхьа Муаммэр кlыщ яlэу.