Зи щхьэ пщlэ хуэзыщlыж дэтхэнэ къэралми егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ lэнатlэр щалъытэ жылагъуэ зыужьыныгъэмкlэ мыхьэнэшхуэ зиlэ унэтlыныгъэу. Абы и «пкъо» егъэджакlуэфlри къэралым и къару нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ абы бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым нэрылъагъуу еубзыхуф цlыху гъащlэм и lыхьэ куэд. Ауэ щыхъукlэ, Хэкум нэхъри зиужьынымкlэ, адэкlи ефlэкlуэнымкlэ къалэнышхуэ ягъэзащlэ зи lэнатlэр хьэлэлу езыхьэкl егъэджакlуэхэм. Апхуэдэ лэжьакlуэхэм, зи пщэрылъхэр къызыхуэтыншэрэ щlыхьрэ пщlэрэ пылъу зыгъэзащlэхэм ящыщщ Бахъсэн щlыналъэм хыхьэ Хьэтlохъущыкъуей жылэм дэт курыт школ №l-м (унафэщlыр Нэхущ Аллэщ) адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Шыбзыхъуэ (Жолдащ) Марьянэ Хьэмидбий и пхъур.
Гурэ псэкlэ къыхиха lэщlагъэм фlэфlу ирилажьэ, темызашэу, дерс къэс щlэщыгъуэ гуэр зэрыхилъхьэным хущlэкъуу зи lэнатlэр езыхьэкl цlыху щыпкъэщ Марьянэ. Къуажэ школыр ехъулlэныгъэкlэ 2003 гъэм къэзыуха пщащэм нэхъ пасэу иубзыхуакlэт зыхуеджэну lэщlагъэр зыхуэдэр: ди анэдэлъхубзэм, лъэпкъ литературэм дахьэхырти, ахэр нэхъ куууэ иджын мурадкlэ и щlэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м и филологие къудамэм. Абы лъандэрэ блэкlа илъэсхэм къриубыдэу Марьянэ хьэлэлу ирехьэкl зыпэрыт lэнатlэр.
– Школым сыщыувам гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуащ егъэджакlуэ нэхъыжьхэр, абыхэм я lуэху бгъэдыхьэкlэр, гупым я зэхэтыкlэр щапхъэ схуэхъуу. Си насып къикlати, абыхэм сымыцlыху щlагъуэ яхэттэкъым: ахэрат сэ щlэныгъэ къызбгъэзылъхьари, адэ-анэм хуэдэу къызэлlалlэу гъэсэныгъэ къысхэзылъхьари, ноби фlыщlэ яхузощl ди нэхъыжьыфlхэм. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ lэнатlэм сызэрыпэрыт илъэс 20-м къриубыдэу сэ lуэхугъуэ зэмылlэужьыгъуэ куэдми цlыху мымащlэми сарихьэлlащ. Егъэджакlуэхэм ди лъэр лэжьыгъэм хущlагъэкlыу, ди жэрдэмхэмрэ мурадхэмрэ къыддаlыгъыу дапщэщи ди пашэщ ди lуэхущlапlэм и унафэщlхэр. Ар куэд и уасэщ гупым и дежкlэ, – жеlэ Марьянэ. – Къинэмыщlауэ, ебгъаджэ сабийхэм щlэныгъэфl ептыну ухуейрэ ар уи мурад быдэмэ, абыхэм я адэ-анэхэми уадэлэжьапхъэщ. Ахэр зыдэбгъэlэпыкъуурэ сабийм и зэфlэкlыр, хьэл-щэныр, дэзыхьэх lуэхугъуэхэр зэбгъэщlапхъэщ. Сабийм и ныкъусаныгъэр, lэщlэкl щыуагъэхэр нэхъ къыхэбгъэбелджылыкlыурэ, и фlым гу лъумытэу къанэмэ, ар къуаншагъэхэм я къуаншагъэжщ. Дэтхэнэ сабийми и зэфlэкlыр, бгъэдэлъ зэчийр наlуэ къэщlыпхъэщ, итlанэщ и ныкъусаныгъэхэм ущелэжьынур.
Апхуэдэ гупсысэхэр и гъуазэу щlэблэм ядолажьэ Шыбзыхъуэр. Абы къыдэлажьэхэм зэрыжаlэмкlэ, Марьянэ цlыкlухэр къыдехьэх и макъ гуапэмкlэ, хьэл-щэн щабэмкlэ. Пэжу, сабиймрэ егъэджакlуэмрэ я зэхуаку хуабагъэ дэмылъмэ, ахэр ныбжьэгъу зэхуэмыхъумэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ lуэхум къикlын щыlэкъым, сыту жыпlэмэ еджакlуэ цlыкlур дэзымыхьэхыф егъэджакlуэм лъэкlынукъым абы щlэныгъэ нэс иритын, ныбжьыщlэм бгъэдэлъ зэфlэкlхэм адэкlи зригъэужьын. Зи lэщlагъэмкlэ lэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ Шыбзыхъуэм хулъокl иригъаджэхэм я гумрэ я псэмрэ дыхьэн, ахэр и предметхэм дригъэхьэхын.
– Егъэджакlуэфlыр хуабагъэ къызыбгъэдэкl дыгъэ, гурыщlэ къабзэр щыбэгъуэн щlыгулъ яхуэхъун хуейщ и гъэсэнхэм, сабиипсэр дахагъэм хуигъэушу. Апхуэдэхэм щlэныгъэм и жылэр щыхасэ ныбжьыщlэхэм я акъылым, абы и нэхур лъагъэlэс цlыкlухэм я гумрэ я псэмрэ. А псалъэхэр зи хьэл-щэным, lуэху бгъэдыхьэкlэмрэ зехьэкlэмрэ хуэпхь хъуну егъэджакlуэ lэзэщ Шыбзыхъуэ Марьянэ, – жеlэ еджапlэм и унафэщl, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакlуэ lэкlуэлъакlуэ Нэхущ Аллэ. – Фlы куэд схужыlэнущ Марьянэ щхьэкlэ. Ар ящыщщ зи къалэнхэр хьэлэлу, къызыхуэтыншэу зыгъэзащlэхэм, къыдэлажьэхэми, ныбжьыщlэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми пщlэрэ нэмысрэ зыхуащlхэм. Апхуэдэ фlыгъуэхэр Шыбзыхъуэм къелэжь езым бгъэдэлъ гъэсэныгъэ, цlыху хэтыкlэ екlумкlэ, лэжьыгъэм хуиlэ жэуаплыныгъэмрэ хэлъ жыджэрагъымкlэ.
lуэхущlапlэм и унафэщlым зи гугъу ищl lуэху зехьэкlэ дахэм, цlыху хэтыкlэ екlухэмрэ щэнхэмрэ Шыбзыхъуэр хуашащ ехъулlэныгъэ куэдым. Къэтщтэнщи, нэгъабэ Марьянэ жыджэру хэтащ адыгэбзэр езыгъэджхэм я республикэпсо зэпеуэм. Абы къриубыдэу ита дерс зэlухахэм наlуэ къыщыхъуащ егъэджакlуэм лэжьыгъэм къыщигъэсэбэп методикэмрэ lэмал зэмылlэужьыгъуэхэмрэ. Бахъсэн щlыналъэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я нэхъыфlу къалъытащ Шыбзыхъуэр. Абы къыхуагъэфэщащ «Анэдэлъхубзэмкlэ егъэджакlуэ нэхыфl-2023» цlэ лъагэр, егъэджэныгъэмкlэ щlыналъэ lэнатlэм къыбгъэдэкl щlыхь тхылъымрэ саугъэт лъапlэхэмрэ. Республикэпсо зэпеуэм ирагъэблэгъа егъэджакlуэхэми Марьянэ къахэщащ бгъэдэлъ lэзагъымкlэ, зэфlэкlымкlэ, дерсхэр зэриухуэ lэмалыфlхэмкlэ. Ар халъытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щlэблэм нэхъыфlу ябгъэдэзылъхьэ егъэджакlуитхум икlи къратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щlэныгъэмкlэ и министерствэм и щlыхь тхылъыр.
Дэтхэнэ егъэджакlуэми хуэдэу, Марьянэ и пщlэр lэнатlэм щызыlэтыр и нэlэм щlэт сабийхэм ябгъэдэлъ щlэныгъэфlымрэ яхэлъ гъэсэныгъэ екlумрэщ. Апхуэдэ фlыгъуэ куэд и щlыбагъ къыдэлъщ щlэблэм я унэтlакlуэ, ущиякlуэ lэзэм. Шыбзыхъуэм иригъаджэхэм къахэкlащ щlыпlэ, щlыналъэпсо зэпеуэхэм текlуэныгъэфlхэр къыщызыхьахэр, щlыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэр.
Зыпэрыт lэнатlэм щызыlэригъэхьэ ехъулlэныгъэфlхэм къапэкlуэу Марьянэ мызэ-мытlэу къыхуагъэфэщащ егъэджэныгъэ, жылагъуэ, нэгъуэщl lуэхущlапlэхэм къабгъэдэкl щlыхь, фlыщlэ тхылъхэр. Апхуэдэхэщ «Адыгэбзэмкlэ дерс нэхыфl» зэпеуэм, Щомахуэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси l00 щрикъум ирихьэлlэу екlуэкlа щlыналъэ фестивалым пашэ зэрыщыхъуам, «Урысей зэкъуэтым» и Гвардие ныбжьыщlэ» зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиlэ къудамэм щlэблэ узыншэ гъэсэнымкlэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэм зегъэужьынымкlэ ирагъэкlуэкl lуэхугъуэхэм жыджэру зэрыхэтым папщlэ кърата щlыхь тхылъхэр, саугъэтхэр.
Зыпэрыт lэнатlэкlи, и унагъуэкlи, дуней тетыкlэкlи щапхъэ зытрах бзылъхугъэ гуакlуэщ Марьянэ. Егъэджакlуэ lэзэм и щlыбагъ унагъуэ дахэ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Аслъэнрэ (ар хабзэхъумэ lэнатlэм и лэжьакlуэщ) бынищ зэдагъуэтащ, лъэпкъ гъэсэныгъэ екlу, щlэныгъэ ирагъэгъуэт.
Жылагъуэм пщlэрэ нэмысрэ щызиlэ а цlыху гуащlафlэм къыхуэарэзыщ зыщылажьэ lуэхущlапlэм и унафэщlхэри, къызыхэкlа, зыхыхьа лъэпкъхэм я нэхъыжьхэри. Дэри ди гуапэу дохъуэхъу егъэджакlуэ lэкlуэлъакlуэм, адыгэ бзылъхугъэ екlум зыпэрыт lэнатlэм ехъулlэныгъэщlэхэр щызыlэригъэхьэну, гъащlэм мурадрэ хъуэпсапlэу щиlэ псори нахуапlэ хъуну.
(Адыгэ Псалъэ)