Къэралым щынэхъыфlхэм халъыта Кlущ lэсият


0
72

2023 гъэм и кlэм нэблэгъащи, зэрыхабзэу, lэнатlэ псоми щроплъэж блэкlа илъэсым къриубыдэу зыlэрагъэхьэфа ехъулlэныгъэхэм, зыхунэмысахэм, къэкlуэну лъэхъэнэми хуэщlа мурадыщlэхэр зыхуагъэувыж, къалэныщlэхэри яубзыху. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щlэныгъэмкlэ и министерствэм Лъэпкъ щlэныгъэхэмкlэ и къудамэм и пашэ Мыз Залинэ къызэрилъытэмкlэ, анэдэлъхубзэр щlэблэм егъэджынымкlэ ехъулlэныгъэфlхэр иlэу lэнатlэр Илъэсыщlэм тохьэ. Дауи, ахэр зэпхар ди егъэджакlуэ пашэхэм я цlэхэращ. Абыхэм я лэжьыгъэфlхэмрэ ябгъэдэлъ lуэху зехьэкlэ пэрытхэмрэ мы гъэми щагъэлъэгъуащ урысейпсо утыкум, ди гуапэ зэрыхъущи, текlуэныгъэхэри къыщахьащ.


Зи гугъу тщlы къэралпсо зэпеуэр, Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфlэкlхэр щагъэлъагъуэ Урысейпсо мастер-классыр, мы гъэм епщыкlуиянэу къызэрагъэпэщащ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэ Черкесск щызэхаша а зэхьэзэхуэм ирагъэблэгъащ УФ-м хыхьэ субъектхэм гъатхэм щекlуэкlа щlыналъэпсо lыхьэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Къэралпсо утыкум ехъулlэныгъэ иlэу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм ящыщащ ди лъахэгъу адыгэ бзылъхугъэ екlу, Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу жылэм дэт курыт школ №3-м (унафэщlыр Гъуэгунокъуэ Владиславщ) пэщlэдзэ классхэр щезыгъаджэ Кlущ lэсият. Къэралпсо зэхьэзэхуэм екlуэлlа егъэджакlуэ 70-м щlигъум къыхагъэбелджылыкlа нэхъыфlитхуми яхэхуащ lэият,  абы и лауреати хъуащ.

Унэтlыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ зэхьэзэхуащ егъэджакlуэхэр.  «Методикэ мастерской» унэтlыныгъэм хэту, Кlущ lэсият наlуэ къищlащ и дерсхэм нэхъыбэу къыщигъэсэбэп лэжьэкlэ мардэхэр, гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкlэ бгъэдэлъ lэзагъымрэ lэкlуэлъакlуагъымрэ щыхьэт техъуэ lэмалхэр щlыгъужу.  Псом хуэдэжтэкъым Кlущым кlэух зэхьэзэхуэм щита дерс зэlухар.  Имыцlыху сабий гупым ядригъэкlуэкlами, Кlущым абы lэзэу хиухуэнат ди лъэпкъ хабзэри, щlыналъэм и теплъэ дахэри, адыгэ фащэм и зэхэлъыкlэхэри, нэгъуэщl lуэхугъуэ хьэлэмэтхэри. Сабийхэми, егъэджакlуэм къахуиlэ мурадымрэ хъуэпсапlэмрэ гурэ псэкlэ зыхащlэ хуэдэу, дерсым акъылыфlэу хэтащ. Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэ купщlафlэм къыпэкlуа фlыгъуэхэм ящыщщ ди лъахэгъу егъэджакlуэ lэзэр, щlэблэм я унэтlакlуэ lэкlуэлъакlуэр анэдэлъхубзэр щlэблэм яlурызылъхьэ, абы и lэфlыр зыхезыгъащlэ лэжьакlуэ нэхъыфl дыдэхэм зэрыхалъытар. Бгъэдэлъ lуэху зехьэкlэфlым пщlэ лъагэрэ гулъытэ инрэ къэралым щызыгъуэта Кlущ lэсият зыlэригъэхьа ехъулlэныгъэхэм щыхьэт техъуэ щlыхь тхылъыр къритащ УФ-м егъэджэныгъэмкlэ и министр Кравцов Сергей.

– Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ икlи иригъэкlуэкlащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щlэныгъэмкlэ и министерствэмрэ щlэныгъэм зегъэужьынымкlэ абы и федеральнэ lуэхущlапlэм Лъэпкъ щlэныгъэ lуэхухэмкlэ и институтымрэ. Зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр, урысыбзэри хэту, хъумэным сэбэп хуэхъунырщ, лъэпкъ щэнхабзэхэм я зэпыщlэныгъэхэр гъэбыдэнырщ, къэралым и цlыхубэм яку дэлъ пщlэр, зэхущытыкlэ дахэр нэхъри егъэфlэкlуэнырщ, – жеlэ Кlущым, зэпеуэ хьэлэмэтым тепсэлъыхьыжу. – Зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыми  гукъинэж тщыхъуащ а махуэхэр. Ди лэжьыгъэм щхьэпэ хуэхъун щIэ куэд къыщытщIащ абы, ди lуэху зехьэкlэхэмкlи дызэдэгуэшащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт а текlуэныгъэр си щхьэ закъуэ текlуэныгъэу къызэрызмылъытэр: ар ди зэхуэдэщ абы сыхуэзыгъэхьэзырахэми, хэта ныбжьыщlэхзэми, ди школым и унафэщlхэми, сэри.

Пэжу, Кlущым и ехъулlэныгъэщlэм псори щыгуфlыкlащ, псом хуэмыдэу и гъэсэн цlыкlухэр, школым къыщыдэлажьэхэмрэ абы и унафэщlхэмрэ.

– Ди еджапlэм и лэжьакlуэ нэхъыфlхэм ящыщщ Кlущ lэсият. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хуэlэижьу дапщэщи зыкъэзыгъэлъагъуэ lэсият зыпэрыт lэнатlэм къигъэув къалэнхэр зэфlэхыным творческэу бгъэдохьэ. Абы лэжьыгъэм шэщlауэ къыщегъэсэбэп еджэным къыхыхьэ технологиещlэхэр, – жеlэ Кlущыр зыщылажьэ школым и унафэщlым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ lуэхухэмкlэ и къуэдзэ Къудей Иринэ. – Егъэджакlуэм и зэфlэкlыр езыгъэлъагъужыр, и лэжьыгъэм и хъерыр къызэрилъытэр и предметымкlэ и гъэсэнхэм яlэ щlэныгъэращи, ди lуэхущlапlэм и щlыхьыр утыкушхуэхэм щlэх-щlэхыурэ щызыlэт егъэджакlуэ lэкlуэлъакlуэщ ари и нэlэм щlэт ныбжьыщlэхэри: ехъулlэныгъэ лъагэхэр зыlэригъэхьэу Кlущри и еджакlуэхэри мызэ-мытlэу хэтащ Аруан щlыналъэм щекlуэкl зэхьэзэхуэхэм, «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм. Дрогушхуэ икlи дропагэ ди лэжьэгъум урысейпсо утыкум щызыlэригъэхьа текlуэныгъэм икlи дохъуэхъу и lуэху дэкlыу, узыншэу иджыри lэнатlэм пэрытыну.

Адыгэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным псэ зэlухакlэ хуэлажьэ, щlэблэр щlэныгъэ зэгъэгъуэтыным къыхуезыджэ егъэджакlуэ щыпкъэм, дахагъэм хуэзыгъэуш, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщlэзыгъэтаджэ унэтlакlуэ lэзэм, гъэсакlуэ lэкlуэлъакlуэм дяпэкlи ехъулlэныгъэфlхэр зэрызыlэригъэхьэнум, и еджакlуэ цlыкlухэм я псэр литературэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ нэхъри хузэlуха зэрыхъунум шэч хэлъкъым.  Лъэпкъыр хъума хъунымкlэ мыхьэнэшхуэ зиlэ а lуэхугъуэхэм хьэлэлу телажьэ мымащlэу зэрыдиlэми ди гур зэрыдыхэхъуэри хьэкъщ.

Адыгэ Псалъэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz