Ди бзэр щlыуэпсым и бзэщ! Сызыгуэмыгъэуд кхъыlэ!

0
47

Мы псалъащхьэр зы еIуэкI (Намeх, Kinaye) псалъэщ. Псалъэ лъэгур «зыгуэудын»щ. Сыт мы псалъэр къызытехъукIауэ хэт макъхэр. «гу», «уэ», «дэ» макъхэр хэтщ. Мы макъхэм къытехъукIауэ «гуэдзы»р, «хугу»р, «гуны»р, «гухъу»р. «уэ»р, «уэн»ыр. «Дэ»р, «быдэ»м кIэщIыу и зэрыжыIэкIэр дымыщIэмэ псалъэр тхузыпкъырыхыфынкъым.

«Гуэдзы»р, «Ху»р зы щхыныгъуэ къэкIыгъэщ. Хур, гухъукIэ ягур, и напIэр (хуэнсапIэ) траху. (Ягуа хугум хуэнсапIэ текIар; сабий цIынэр зыхэпха гущэм и лъабжьэм щабэу зежэу, пкъым езэгъыу уэншэку хохъу.) И напIэр ягуу трахуа хур «хугу» мэхъу. Щагум щыгъуэ гухъу быдэкIэ е»уэ»урэ ягу. Ща«гу»м йо«уэ» бы«дэ»у, гу/а/уы/ды/у, у/ды/н техуэу зытеуда хъуауэ, хумрэ и напIэр зы/гуэ/у/да/уэ зытокI, зыхокI. (Дзэ зэрызыу «гуа» хъуа зы къэкIыгъэми «гуэ/дзы»у цIэ хуэхъуащ.)

Шхыныгъуэу зырахьа къэкIыгъэхэр псэури зы «жылэ» зэрызщ. Жылэу захъумэжыфын папщIэ дзэу хъуам «фэ» ятелъщ. Фэ быдэ зытелъхэр, шхалъэм гъэткIугъуей къызэрыщыхъум папщIэ е хьэжауэ, е и напIэр техуамэ нэхь зэгъ мэхъу.

Мы «зыгуэудын», «зытэудын» псалъэр вэнсэн лъэхъэнэ лъэжьыгъэу бзэм къыхэхьагъэнущ (Иса ипэ гъэ 7000).

ЯужькIэ, гъущI лъэхъэнэм къэсыу, пхъэр зэрыз«гу»ах пхъэхыр къежэу, пхъэр дакъэу зыпахыу, гъущI уэщымкIэ быдэу еуэу, а дакъэр «зы/гуэ/у/д»ын псалъэри ягъэзащIэуэ хузырахьагъэнщ…

Зы щIыуэпс лъэжьыгъэм къыхэхъукIа псалъэм зеIуэтэжыф! ЗыщIиIуэтэжыфыр и къэжьапIэмрэ нобэрей зехьэкIэм зимыхъуэжьауэ, пэжу, щыпкъэу зэрыщытыращ. Мы псалъэхэр нэгъуэщ бзэм зэрыхэхьэу, а бзэм щызихуэIуэтэжыфкъым! Апхъуэу зыхэхьа бзэмрэ, къыщежьэм лъабжьэ хуэхъуа макъхэри псалъэри зытехуэнкъым. А бзэр щIыуэпсыбзэм хэкIауэ бзэ Iэрыщ мэхъу. Iэрыщ хъуа бзэм зыIуэтэжьыгъуэ хуэгъуэтынукъым.

Ар зи жыжагъ къыщежауэ къэса, «зыгуэудын» псалъэр, нобэ цIыху зэхуаку еIуэкI, щIагъщIэлъ псалъэу зырахьэ.

«СЫЗЫГУЭМГЪЭУД КХЪЫIЭ» жаIэу…

Сыт зыгуэзгъэудыр? Зыгуэудын щIыхуер, дыхэплъэнщ!

СОМЫГЪЭБАМПIЭ!

Зетхьэ псалъэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ мы псалъащхьэри. «Зыгуэудын» псалъэм дытепсэлъыхьат. Иджый зыгуэудыным нэзыгъэс псалъэу «бампIэ»м дытепсэлъыхьынщ. Ауэ, «бэ» псалъэр фIыуэ къыдгурымыIуэмэ «бампIэ» псалъэр Iуэтэгъуей хъунущ.

«Бэ» псалъэр вэнсэным «бэв», «бэгъуэн», куэдыгъэ зыхэлъ псалъэу зыдохьэ.

ЦIыхум и пкъым, и лъэм хуэIэтын, хуэшэкын псалъэу «бэшэк» псалъэр хузыдохьэ.

Убалъэм илъыр деуэурэ доуб(э), дыубыурэ зыгудоуд.

Зы пIэм, зы щIыпIэм, зы лъэм, ихуэным нэмыщI, нэхъыбэ игъэхуэн папщIэ яубэ, ираубэ. Мы у/бэ псалэми, «уэ» хэтщ, ща/бэ/къым, быдэу ираубэу. Уэ/р быдэмэ у/дын хэлъщ. (Хьэжыгъэр къэпым щыраубэм IэщтIым быдэкIэ хэуэу зыраубэм хуэдэу).

Хьэфэгъэпщ (топ)ыми, гум и шэрхъыми дыгъэпщыну жы (хьэуэ) доуэ. Ахэм яхуэшэкIын, яхуэIэтын зы (бар) бжыгъэ пычыгъуэ яIэщ. А бжыгъэм дыфIэкIыу нэхъы/бэ дыщеуэм хуэмышэкыу мэбампIэ. Тасхъэ иIэмэ мэтIэпI. ТIэпIам фIэкIыу, дызыреуэщар а пIэм, щыпIэм имыхуэу зыгоуд! Мауэ! («бампIэ» псалъэмрэ «бомб, бомба» псасэлъэр зэфлъыт!)

Пасэрей щымахуэ щхыныгъуэхэр къэпым, гуэным, кейм, кхъуэщынхэм ираубэт. И щхьэр быдэу тепIахэм итхэм, фIэIун зэрытхэр, фIэIуу бампIэу и пIэм имыхуэжыу, е макэ, е щхьэтепIэр щхьэщеуд, е зыгоуд.

ЦIыхуми, щIыуэпсым хэлъ хабзэр хэтщ, быдэщ. Бэшэкщ! Ауэ; хуэшэкыным фэкIыу ебэкIыу щIидзэмэ мэ«бампIэ», и гум хуэмышэкыу, и гум йоуэ, зыгоудыным нос!

БЫГЪЭБАМПIЭМЭ, ЗЫГУЭУДЫНУ…!

Ныбжьышхуэ зыхуэдгъув ди бзэм, и тхыгъэ гъащIэр кирил тхэпкъкIэ (хьэрф) зырызтеувэрэ лIэщIыгъуитIым нэсакъым. Хэкуми щызырахьэр мы тхэпкъыращ. ТхылъкIи, тхыгъэкIи дызэрызпыщIар мы тхэпкъыращ.

БЗЭ ТХЫГЪЭРИ ТIУУЭ ИВМЫЩIЫКI!

Фызыщыпсэу щIыпIэм фызэреджэ и тхэпкъхэм (хьэрф) фыхуэщэрыуэ къыщIэкIынущ. Фи бзэм и макъхэр къыригъэкIыфыу хуэгъэлъагъуэмэ, пэлъэщмэ а тхыпкъхэм фритхэ, фреджэ!

Тыркум щыпсэур Латин тхэпкъ…

Хьэрыпым щыпсэур Харып тхэпкъ….

Израелым щыпсэур Журт тхэпкъ…

Хэкум щыпсэур къызырежьауэ кирил тхэпкъ…

А щIыпIэхэм щыпсэухэм яфIэхамэкъым мы тхэпкъхэр. Ауэ уэ зепхьэ бзэм хэт макъ бжыгъэр хыщIым (60) нос, фIокI.

Дызытепсэлъыхьа щыпIэхэм щызырахьэ тхэпкъхэм и къаруур уи бзэ макъым и ныкъуэм хуэдизщ макъыу къыхуэгъэIур (28-30 Тхэпкъ). Тхэпкъхэм зыгуэрэхэр тепIщIэхьми, щIэпIщIэхьми, дэпщIэхьми уи бзэ макъыр къипсэлъыфыну…

Къипсэлъат жий…

Мы щIыпэхэм щыпсэухэм зыхуатх тхыгъэр адырей псэупIэхэм щыпсэухэм яджыфыну, ягурыIуэну…

Дэ лъэпкъым зэрихьэ псалъафэ щIыкIэр (диялэкт) дыгъамэщIэну, нэхъ зэгурыIуэгъу хъуну яужь дитщ.

Зы бзэ, зы лэпкъ, зы хэку, зыкъуэту зы псэ дыхъужасэрэт хужыдоIэ, ди гупэр хэкум хуэгъэзауэ…

ПсэупIэ щIыпIэу дызырищIыкIар иримукъу нэхъей; Дэ ди бынхэр, ди бзэм ирипсалъэу тхуэгъэсащэрэт жытIэу, къару зимыIэ тхэпкъхэмкIэ, бзэ макъ уныкъуарэ, бзэм пэмылъэщын тхэпкъ (Латин) къарууншэм дыхуашэну зи гугъэкIэ яужь ит щыIэхэщ.

Я бжыгъэр куэдыщэкъым Латин жызыIэхэм. И нэхъыбэм Хэкум щызырахьэу дызыреса кирилыр зетхьэнщ жаIэу.

Хэкурыс, хэхэс (хамэрыс) жытIэу ищIыкIащ.

Хэкум исыр Фэдэрациа хужаIауэ ищIыкIащ.

Бзэр зезыхьэ, зезымыхьэж хужытIэу ищIыкIащ.

Харыпым и бзэр муслымэныгъэ фIэщIыу ищIыкIащ…

ИрикъункIэ зырищIыкIар;

Дунейм тет Адыгэр дэнэ щызыхуэзэми зэрызгурыIуэр и бзэ закъуэращ, ари «нэгъуэщI тхэпкъ» тхыгъэ жыфIэу ивмыщIыкI…!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz