Усыгъэрэ макъамэкlэ зэхэухуэна пшыхь

0
36

Черкесск къалэ дэт зи №6 курыт еджапlэм и хэщlапlэм лъэпкъыбзэхэр хъумэным и Къэралыбэ Махуэм ипкъ иту адыгэбзэмкlэ усэ къеджэнымкlэ къалэдэс ныбжьыщlэхэр зэпеуащ.


Усыгъэрэ макъамэкlэ зэхэухуэнауэ «Унагъуэм и илъэсым» къызэрагъэпэща зэхыхьэ щхьэпэр унагъуэ лъапlэныгъэхэм, зэlыхьлыхэм яку дэлъ зэхущытыкlэ дахэмрэ гуапагъэмрэ хуэгъэпсат. Пшыхьыр зэрекlуэкlар адыгэбзэщ. Гуапэщ къалэ курыт еджапlэхэм дежкlэ мытынш а lуэхум зэрытегушхуар. Пшыхьыр щекlуэкl пэшым узэрыщlыхьэу адыгэ фащэкlэ хуэпа, адыгэ щэн зыдэплъагъу, адыгэбзэкlэ зэпсалъэ ныбжьыщlэ цlыкlухэм уахэплъэну гухэхъуэт. Лъэпкъым дежкlэ насып псом я щхьэщ щlэблэ узыншэ, и анэдэлъхубзэ зыlурылъ къыщlэхъуэныр, абы елъытауэ адрей ехъулlэныгъэ псори гуэдзэнщ. Ар щымыlэмэ, лъэпкъым сыт фlагъ бгъэдэлъми псэншэщ.

Курыт еджапlэм щеджэ ныбжьыщlэ цlыкlухэм пшыхьыр къызэlуахри, «Унагъуэм и илъэсыр» зэраубзыхуам, абы и мыхьэнэм, унагъуэм цlыхум къыхилъхьэ къарум щытепсэлъыхьащ.

Ныбжьыщlэ цlыкlухэм я зэфlэкlыр къапщытащ: «Адыгэ Хасэ – Черкес Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и Цlыхубэ Зэlущlэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алий, Черкесск къалэ мэрием егъэджэныгъэмкlэ и къудамэм и lэщlагъэрылажьэ нэхъыщхьэ Агырбэ Хъаджэт, методист Ахбэ Зое, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, усакlуэ, «Архыз-24» каналым и лэжьакlуэ Чэнджэщауэ Артур, Акъ Мухьэрбэч и цlэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и артист Мамыжь Хьэзрэт сымэ.

Къызэхуэсахэм фlэхъус псалъэ гуапэкlэ захуигъэзащ зи №6 курыт еджапlэм и унафэщl Клименкэ Галинэ.

-Сэ икъукlэ сфlэфlщ анэдэлъхубзэкlэ зэхыхьэхэр ди еджапlэм щащlкlэ. Сыт хуэдэ бзэкlэ дыпсалъэми, псалъэ нэхъыщхьэхэр зэрыжытlэр щхьэж ди анэдэлъхубзэщ. Ди къалэн нэхъыщхьэр къыдэкlуэтей щlэблэм дадэlэпыкъуурэ щхьэж и анэбзэр едгъэхъумэнырщ, ар къабзэу lурылъу къэдгъэхъунырщ. Фи бзэр фэ фlыуэ фымылъагъумэ, фымыхъумэмэ, нэгъуэщl лъэпкъым щыщхэм ялъагъунукъым, яхуэджынукъым, нэсу зыхащlэфынукъым. Лъапlэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ – анэдэлъхубзэр фхъумэну фыкъыхузоджэ, — захуигъэзащ абы ныбжьыщlэхэм.

Япэу утыку кърашар пэщlэдзэ классхэм щlэс ныбжьыщlэ цlыкlухэращ. Пэжым ухуеймэ, сеплъ пэтми защызгъэнщlыртэкъым абыхэм. Нобэ дызыхэплъэ сабийхэм яlэщlэлъ къарумрэ лъэкlыныгъэмрэ зихуэдэр зыми ищlэркъым, абыхэм lэщlагъэу къыхахынури гурыlуэгъуэкъым, ауэ гузавэу, къыфlэlуэхуу мыпхуэдэ lуэху дахэ хэт ныбжьыщlэм ар и гъэсэныгъэм зэрыщхьэпэнур шэч къызытомыхьэжынщ.

Псом хуэмыдэу ситхьэкъуащ япэ классым щlэс Щауэ Зарэ, а цlыкlур теплъафlэ къудейтэкъым, атlэ адыгэ фащэ екlупскlэ хуэпарэ абы хуэфащэу зиlыгът, а сабийм хэлъ щыпкъагъымрэ lэдэбагъымрэ уемыхъуэпсэнкlэ lэмал имыlэу.

Ныбжьыщlэ цlыкlухэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ унагъуэм теухуа теплъэгъуи. Абы къыщеджащ адыгэ усакlуэхэм я lэдакъэщlэкl къыхэхахэм, уеблэмэ, езыхэм зэхалъхьэжа усэ къеджаи яхэтащ.

Усыгъэрэ макъамэкlэ зэхэухуэна пшыхьым сэ гу зылъыста зы lуэхугъуэ сфlэгъэщlэгъуэн хъуащ.

А зэпеуэм хэта цlыху 17-м щыщу (8-р пэщlэдзэ классым, 7-р класс нэхъыжьхэм щеджэр), класс нэхъыщlэм щlэсхэм я бзэр анэдэлъхубзэм нэхъ хуэкъутауэ, нэхъ къабзэу псалъэу къысщыхъуащ. Абы къикlращи, бзэм и къару къызэрогъуэтыж, лъабжьэм зеубгъу. Ар зи фlыгъэр адэ-анэм я закъуэу жытlэмэ, пцlы хъунущ, дауи. Дэ зыхуэдгъазэри депсэлъащ илъэс 30-м щlигъуауэ адыгэбзэмкlэ езыгъаджэ, мы зэхыхьэ гуапэр къызэзыгъэпэща Щауэ Марьянэ.

Абы къызэрыджиlамкlэ, къалэ курыт еджапlэ псоми хуэдэу, мыбы екlуалlэхэм адыгэбзэ мащlэ дыдэу фlэкl зыlурымылъ яхэтщ, ауэ Марьянэ ахэр хуэмурэ я анэдэлъхубзэм дрегъэхьэх, хабзэм и дахагъэр ярегъэлъагъу, яхелъхьэ, абы и щыхьэт нахуэщ мы зэхыхьэр. Мы махуэм Щауэ Марьяни, зи № 11 купсэм адыгэбзэр щезыгъаджэ Хъытlу Айшэти хуагъэфэщащ Парламентым и Президиумым и щlыхь тхылъхэр.

Къэпщытакlуэ гупым я къалэныр тыншу щымытами, ахэр зэчэнджэща, ягъэува бжыгъэхэр зыхалъхьэжа иужь, нэхъыфlым я нэхъыфl усэкъеджэхэр, ахэр езыгъаджэ, зыгъасэ егъэджакlуэхэр КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и щlыхь тхылъкlэ, депутат Хъупсырокъуэ Алий къыбгъэдэкlа саугъэтхэмкlэ къыхагъэщащ, ягъэлъэпlащ.

«Бзэр тlэщlэкlмэ, дылъэпкъкъым» — сатыр пэжхэр итхауэ щытащ Бещтокъуэ Хьэбас. Гъащlэм хуэдэу lэрыхьэ-lэрыкl бзэр, щlэблэ къытщlэхъуэм lурытлъхьэну зыщыдывмыгъэгъупщэ, девмыгъэпэгэкl, гъащlэмрэ – анэдэлъхубзэмрэ зыкlэщlэпч мыхъуну lуэхугъуэщ!

(Черкес Хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz