Зыхуэбгъадэ хъун щымыlэ тхылъ

0
37

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкlэ институтым иджыблагъэ дунейм къытригъэхьащ «Адыгэ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс, хэхэс адыгэ тхакlуэхэр XIX-XXI лl.лl» фlэщыгъэм щlэт биобиблиографие псалъалъэм и ещанэ lыхьэр (Р-Я хьэрфхэр).


Мы къыдэкlыгъуэр 202l, 2022 гъэхэм дунейм къытехьа «Адыгэ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс, хэхэс адыгэ) тхакlуэхэр XIX-XXI лl.лl» биобиблиографие псалъалъэхэм къапызыщэ ещанэ къыдэкlыгъуэщ. Япэ тхылъым тхакlуи l39-рэ хыхьащ я унэцlэкlэ («А»-хьэрфым щыщlэдзауэ «И»-м нэс къызэщlиубыдэу). Етlуанэ тхылъым 136-рэ хыхьащ («Къ»-м щыщlэдзауэ «П»-м нэс). Ещанэ тхылъым тхакlуэу l33-рэ итщ («Р»-м щыщlэдзауэ «Я»-м нэс къызэщlиубыдэу). Мы тхылъыр лъэпкъ литературэм, литературэ щlэныгъэм, критикэм я лъабжьэр зыгъэтlылъахэмрэ абы и зыужьыныгъэм зи гуащlэ хэзылъхьахэмрэ я lуэхущlафэр къызэщlэзыкъуэ лэжьыгъэщ. АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Кавказ Ищхъэрэм и нэгъуэщl хэгъуэгу зыбжанэм щыпсэу адыгэ тхакlуэ, lуэрыlуатэдж, литературэдж, критикхэм нэмыщl, псалъалъэм хыхьащ хэхэс адыгэхэм къахэкlауэ Тыркум, Щамым, Иорданием, Мысырым, н. къыщыхъуауэ щыпсэу тхакlуэхэр, лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ хуэлажьэ цlыху пажэхэм ятеухуа тхыгъэхэр.

Тхакlуэ, публицист 400-м щlигъум я гъащlэ, лэжьыгъэр къызэщlакъуэжу абыхэм я lэрыкlхэм теухуа тхыгъэр гъэхьэзырыным илъэсибкlэ елэжьащ филологие щlэныгъэхэмкlэ докторхэу Бакlуу Хъанджэрий, Тlымыжь Хьэмыщэ, Тхьэгъэзит Юрэ, Алъхъэс Светэ, Хьэкlуащэ Мадинэ, Хьэщхъуэжь Рае, Хьэвжокъуэ Людмилэ, филологие щlэныгъэхэмкlэ кандидатхэу Щакlуэ Марьянэ, Къэжэр Иннэ сымэ.

Биобиблиографие псалъалъэр щlэныгъэлl-литературэджхэм, щэнхабзэр зыджхэм, еджапlэ нэхъыщхьэхэмрэ курыт еджапlэхэмрэ щезыгъаджэхэм, филолог lэщlагъэм хуеджэ студентхэмрэ аспирантхэмрэ, апхуэдэуи адыгэ литературэм и тхыдэм щыгъуазэ зыхуищlыну хуей дэтхэнэ зыми яхуэщхьэпэнущ. Тхылъыр бзитlкlэ (адыгэбзэрэ урысыбзэкlэ) зэратхам и фlыгъэкlэ абы нэхъыбэм нэlуасэ зыхуащlыну, ар къагъэсэбэпыну lэмал яlэнущ.

Къыхэгъэщыпхъэщ мыр Щlэныгъэхэмкlэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президент Къанокъуэ Арсен и мылъкукlэ къызэрыдэкlар. Къызыхэкlам хуэгумащlэ адыгэлlым лъэпкъым и къэкlуэнум хуищl тыхь куэдым щыщ мы къыдэкlыгъуэм щхьэкlэ фlыщlэ лей хуэфащэщ!

Лъэпкъ литературэм дежкlэ мыхьэнэ ин зиlэ мы лэжьыгъэр ящэкъым, ар тхылъ хъумапlэхэм, еджапlэхэмрэ курыт школхэмрэ хуагуэшынуращ.

Зыхуэбгъадэ хъун щымыlэ къыдэкlыгъуэм и лъапlагъыр тхылъ фlыуэ зылъагъу дэтхэнэми зэрыlэрыхьэу къыгурыlуэнущ. Адыгэм къахэкlа дэтхэнэ тхакlуэри абыкlэ зэбгъэцlыхуфынущ, и lэдакъэщlэкlхэр зыхуэдэм, къиlэт lуэхугъуэхэм зэпкърыхауэ нэlуасэ зыхуэпщlыфынущ.

Лъэпкъым апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ хуэзыщlа щlэныгъэлl гупым фlыщlэ яхуэфащэщ, ефlэкlуэну, ехъулlэну ди гуапэщ.

(Адыгэ Псалъэ)

 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz