Убыхыбзэм и фэеплу къытхуэна зы бжыгъэ гъэлъэгъуэу «Загъуэ» (заман) псалъэр зызохьэ. Мы бжыгъэр къызыхэкIыу тлъытэр хъейуэ, зекIуэу, дэпщейуэ ипщыу, ибжыу, и унэу ялъытэ «ды/унэ/ей» (дыуней)м къыщытехьэм, нэм бэуэ щилъагъум махуэу, дыунейм щехыжым кIыфым дыхуэкIуэу жэщым дыхуишэу, зыкIэлыкIуэу дыкызыхэзышыжьыр ды (ды/гъэ)ра’щ.
БлэкIа/дызэрыт (иджы)/къакIуэну загъуэр:
…Вэсмахуэ, дыгъуасэ, /нобэ/ пщэдэй, пщэдемыщ…
…Вэсэпщыхь, дыгъуасэпщыхь/ ныщхьэбэ/
Пщэдейпщыхь…(ащхьэ)…
«Ды»р, «ра»р, «щы»р, а псалъэхэм, и зекIуэкIэм къыхэхъукIыу зы Iэгъуэ «загъуэ» (заман)ыр гурыIуэгъуэ мыхъуу, ды, «ды/гъэ»р Iу’сэ’у, зэрыIу«сэ»р тхухэмылъагъуэмэ тхузыхэхунукъым. Ды’р блэкIаращ зэIусар! Дыгъуа(сэ), Вэ(сэ)махуэ.
КъэкIуэнум нэ(са)къым, еIу(са)къым. (Нобэ)ми мэIу(сэ), щоIу(сэ) ды (ды/гъэ)р, ауэ блэкIамэщ Iу(са)уэ щибжьыр. КъакIуэнур къэ(с)ыу, (пщэдей)р нобэ хъууэ блэкIмэ ды (ды/гъэ)р еIу(сэ)мэ арий ды/гъуа/сэ хъунущ.
Ижь ижьыжьым, фэщхъуныгъэм кыхэкIыу, дыгъэм «щэ» еIуэ(сэ)у еджэу, елъэIут. Тхьэ, Тхьэпэлъытэу ибжа дыгъэм хуишия и Iэгум къип(сэ) бзиймкIэ къеIу(сэ)уэ, езыри дыгъэм еIу(са)уэ; ды/зэ/Iу/са/щ хужиIэт.
И Iэгум къипса бзий (ху)р, и нэм щихуэу нэ/ху кезытыр игъэлъагъуэу…
Пщыхьэщхьэ, пщэдыджыжь, (ещэнэрей джэгъуэу) щы/джа/гъуэу! (Мыхэр си тхылъхэм хэвгъуэтэнущ!)
Хьэблэу, къуажэу мытысауэ бгъуэнщIагъым щыщIэс лъэхъэнэу, бжыгъэ, бжыгъэцIэхэр зэрихьэным нэсауэ ищIэкъым. Хуигъэдэну зыхуигъэдэну зэрихьэфыр и Iэпхъуамбэхэращ.
Жэщым махуэр, махуэми жэщыр зыпымычыу зыкIылъокIуэ. Жэщым и кIэм, кIэ/ху къищIыу нэху щыщынум щыгъуэ бгъуэнщIагъым къыщIэкIыу, къыхэкIыну дыгъэм, и нэм езыгъэлъаунум пежъэт. КъыщыхэкIым ЩхьэщIэ хуищIыу и итIыр дыгъэм хуэгъэзауэ къыхэкI дыгъэм и бзийр (ху) и Iэгум къыригъапсэт. Зэрыз зарызу и Iапхъуамбэхэр щытыригъашэм щыгъуи дыгъэм и фIэщхъуныгъэцIэ «Ра»р иIуэт, жиIэт. IэпхъуамбипщIым и тегъашэныр зэриухыу, епщIыкIузэнэрей «Раааа» кIыхьыр дищIыгъууи и Iэгур и нэ уфIыцIам щихуэу зэтырихт. Тхьэуэ илъытэ дыгъэм махуэм «щэ» далэ и цIэр и Iуэу, еджэу, елъэIуу игъэзащIэт. ПщIыкIузыр (11) щэкIэ (3) быгъэбагъуэмэ (11х3=33) щIэщIырэщырэ (33) ещI. «Ра»р зыщ. Ар Тхьэ Рауэ «зы»уэ зыралъытэм къыхэкIауэ «ТхьэРа зы къыпхухъу» щIыжаIаращ. Рам и цIэр иIуэу, ищIа (икIа) игъэзэщIар «Зы/кIы/ра»щ. Нобэрей жыIэкIэу «зыкыр»щ.
Дыгъэм щытыкIэу «щы», щытыкIищ иIэщ. Ра щыхъур ещIэнэрей джэгъуэу «щы/джа/гъуэ/ра»щ. Ар щым и ку ращ. «Щы/ку/ра»щ. ЗыкIыра, щыкура хуэдэ фэщхъуныгъэ псалъэ куэдым и къежьапIэр дыгъэращ.
ДЫГЪУА(СЭ)М ИПЭ МАХУЭУ, ВЭ(СЭ)МАХУЭ!
Зетхьэ Вэ/сэ махуэ (вэс махуэ) псалъэм, дыгъуасэ нэхъыпэ къикIыу зыдохьэ… Ауэ ди бзэ хьабзэ къуэдейкъым, зы бзэ хабзэу В=Б=П=Ф макъ зэхъуэж зэриIэр дымыщIэмэ мы псалъэм тегъэщIапIэ иIэу тхузыхэхункъым,зыпкъырыхами лъэгу игъуэтынукъым…
Баба=Папа=Фадыр=Пэдэр
Пыраунэ=Фираунэ
КаВим=КаБилэ. Макъ зэхъуэж хабзэ щапхъэу.
Дыгъэр махуэм зэрыIу(сэ)м къыхэкIыу Iу(сэ)у:
Зэ Iу(сэ)мэ Iусауэ, тIо Iусамэ тIоры(сэ)у, а бжьыгъэм фIэкIмэ куэдыгъэм хэхьэу «бэ Iу(сэ) хужаIауэ, гъэкIэщIауэ БЭ(СЭ) МАХУЭ къыщIэкIынущ. Арырэ пэт дэ хузетхьэ псалъэр ВЭ(СЭ) МАХУЭЩ. Вэс махуэщ.
Ди бзэми дыщыхэплъэжым щыгъуэ; Вэн-сэным дыхэту довэ, хыдосэ, хыдощIэ. «Бэ» хъуну, «бэ»в хъуну, дыгъэ«бэ»гъуэну..
Жэщым и кIыфIым уэгум дыдэплъеймэ, зиубгъуауэ, «бэ»гъуауэ зэпщIыпщI пкыгъуэхэм папщIэ «багъуэ» жытIэкъым. хужытIэр «Вагъуэ»щ.
Фэм, нэгъуэщIым хэщIыкIа лъакъуэфIэлъхьэр «Вакъэ»щ.
ЦIыкIухэм мыбы папщIэ хужаIэр «бакъэ»у пIэрэ? Ущыбакъуэм уобакъуэ! Узэрыбакъуэр «вакъэ»?
Дыщыуэныри хэлъщ! Хэт ищIэрэ?
НОБЭ
«Нобэ» псалъэр зыдохьэ. КъикIыр, къызыхэкIым зи демыгупщысауэ зыдохьэ. Ауэ, нобэ щыжытIэм зэрымахуэр къыдгурыIуэу дызыресарауэ къыщIэкIынщ.
Мы «нобэ» псалъэр зыпкъырыхауэ дыхэплъэмэ:
«Нэ», «уэ», «бэ» макъ пычыгъуэхэр хэтлъагъуэфынщ. Нэр маплъэ, къеплъыхь елъагъу. Ауэ нэр плъэуэ щимылъагъуи мэхъу. Ар кIыфыгъэщ, ар жэщщ. Нэм илъагъун папщIэ «ху» хуэныкъуэщ. Нэмрэ хумрэ зэгъусэмэ «нэ/ху» мэхъу. Хур къезытыр дыгъэращ. Дыгъэр щыщыIэм махуэщ. Махуэм уэм итыри, щIым тетыри зыхэхуауэ щыхъум щыгъуэ куэдрэ «бэ»уэ елъагъу. Арауи къыщIэкIынущ нобэ щIыхужаIар.
«Ныжэбэ» псалъэми «нэ», «жэ», «бэ» хэтщ. Ныжэбэ псалъэр щыжытIэм зэрыжэщыр къыдгуроIуэ. Жэщыр кIыфIщ. Нэху хуэныкъуэщ. Жэ/щы псалъэм хэтыжщ. ЖэкIэ щым хуэкIуэмэ (щыр дыгъэщ) кIэху къищIынущ. КIэху нэужьым нэху зищIынущ къыджиIэу.
Нобэ’ми, ныщхьэбэ’ми, ныжэбэ’ми хэт «бэ»р бжыгъэ куэдыгъэу загъуэбжу еплъын хуейщ.
Мыхэр псори къызыхэкIар; КъыхэкIыу ды/унэ/ей (дуней)м кытехьэуэ ялъытэ дыгъэр уэгумкIэ дэ«пщ»ейуэ и пщыуэ, щипщыми ибжыуэ, ар зы «щы/гъэ»уэ, ар зы «б/жы/гъэ» бзэм къыхохьэ. Ар дыгъэм, ар дым, ар А/ды(м) ей бзэмэ; Уэ уи бзэкъэ… Уи бзэр АДЫГЭБЗЭ КЪЭ?
П/ЩЭ/ДЫ/ЕЙ (ПЩЭДЕЙ)!
Нобэм ды’хэтмэ; къакIуэну, къыкIылъыкIуэну (загуэ) махуэм и цIэщ Пщэдей’р. Зыпкъырыхауэ:
* «П» макъыр яПе, иПэ ищ, иригъэщыращ.
* «ЩЭ»р дыгъэм и (щы)тыкIи(ЩЫ)р, еджэу, елъэIуу, и Iэгур хуишиуэ «ЩЭ» еIу(сэ)ныращ.
* «ДЫ»р дызгъэунэхум и пкъыращ. Дыр зекIуэу, «гъэ» зыхужытIэ загъуэр дэщIыгъущи «ды/гъэ» хужыдоIэ.
* «ЕЙ» макъым «зей»р егъэлъагъуэ. Ар (П/ЩЭ/ДЫ/м/ЕЙ)щ. Дызэрыт махуэм къыкIэлъыкIуэну махуэращ.
Махуэрей гъащIэр ды/унэ/ей (дуней)м тетыу,тепсэу игъэкIуауэ, махуэрей гъащIэр иухауэ (хы)мкIэ и щхьэр ирехьэ(хы)ж, псым а/ды/ра/и/щIы/м (адырыщI) «Хьэ/ды/ра/хы» (хьэдырыхэ)кIэ макIуэ! Пщы/хьы/щхьэ/у, и щхьэр ирихьэхыу.
Мы къэспсэлъ псалъэхэр зейр; теплъэм щытлъагъу зи щхьэр махуэ «(I)уащхэмахуэ» зыфIэща къурш нэзым пэрысыу, кIэрыса лъэпкъым и бзэщ.
Мыр уэ уи бзэмэ, теплъэм къыбжиIэмрэ, уи бзэм жиIэмрэ зытехуэрэ зэлъыт! И ныбжьыри хэлъагъуэ!
Уи бзэр, зэры«ЩIЫУЭПСЫБЗЭ»ри хэбгъуэтэнщ!..