1990 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщекIуэкIа Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэм къыхэкIыным хэлIыфIыхьахэмрэ Абхъаз-Куржы зауэм хэтахэмрэ ящIэ Пщынокъуэ Артур и цIэмрэ, мамырыгъэр зэтеублэжынымрэ къуэш щIыналъэр зэрыпхъуакIуэм къыIэщIэхынымрэ хуэгъэзауэ илэжьар зыхуэдизыр.
Дзэ-политикэ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха Пщынокъуэм Демократие парт къызэригъэпэщри, абы и унафэщIхэм ящыщ зыуэ политикэ дэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ ди псалъэгъум.
Абы и закъуэкъым, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэр зэзыгъэуIужа «Къэбэрдей» жылагъуэ-политикэ зэщIэхъееныгъэу 1991 гъэм къэунэхуам и унафэщIхэм яхэтащ. Абхъазым зауэр къыщыхъея жэщми къуэш лъэпкъым дэIэпыкъуну япэу нэсахэм я унафэщIу кIуащ.
Дзэ къулыкъу лъагэ и пщэм дэлъу илъэс куэдкIэ Урысей Федерацэми, щалъхуа щIыналъэми хуэлэжьа Пщынокъуэм подполковник цIэр зэрихьэу КГБ-м къыхэкIа нэужь, и дунейм зэуэ зыкъигъэзам хуэдэу, и лэжьыгъэм зихъуэжащ. 2006 гъэм абы къыдегъэкI бестселлер хъуауэ щыта «Реалии и каноны» жыхуиIэ тхылъыр. Адыгэм и мифологиемрэ лъэпкъ Iэзэгъуэхэмрэ теухуа тхылъым алъандэрэ лъэпкъым имыцIыхухха, нарт IуэрыIуатэ мыхъуу, алъандэрэ димыIа мифологиер къитIэщIыжри дигъэцIыхужащ Пщынокъуэм.
Нобэ кIуэдыжауэ зыхуагъэфащэ лъэпкъыжьу, цивилизацэр къыщежьэж шумерхэм я мифологиер щиджым Пщынокъуэм гу лъитащ абырэ адыгэм и IуэрыIуатэмрэ зэщхь гуэрхэр зэрыхэтыр. Нэхъ кууIуэу щеIэбыхми, «зэщхь гуэр» мыхъуу, ди къежьапIэр зыуэ къихутащ абы.
Дауи, апхуэдэ цIыхушхуэр зэзмыгъэцIыхун, схузэхуэмыгъэхъу упщIэхэр езмыхьэлIэн слъэкIакъым.
-Дзэ-политикэ, КГБ, адыгэ мифологие… ЗыкIи зэщымыщ Iуэхугъуэхэщ. Дауэ, сыт щыгъуэ лъэпкъ Iуэхур уи гущхьэм къыщызыщIэушар, Артур?
-Адыгагъэм сыщIапIыкIащ сэ. Сызэраущияр адыгэбзэщ, Адыгэ Хабзэр си гъуазэу сапIащ, щапхъэу сиIари IуэрыIуатэм дигъэцIыхуж лIыхъужьхэрщ. СызэригугъэмкIэ, адыгэр нобэм къызэрысар а бзэрщ, хабзэрщ, IуэрыIуатэрщ зи фIыщIэри. Сысабийуэ гу лъыстат нарт лIыхъужьхэм я дуней тетыкIэмрэ си нэгу щIэт, си гум илъ, сызыхуэпабгъэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ зэрызэтехуэм. Арыххэуи згъэщIагъуэрт: хэт япэ дыдэу IуэрыIуатэр зыхуихьэсыжу зытхыжар? Илъэс плIыщI хуэдиз дэкIа нэужьщ а упщIэм и жэуапыр къыщызгъуэтар. ЩIыналъэ ФСБ-м и дэфтэрхэр къэсIэтыжу, 1937 гъэм ехьэлIа тхылъхэр зджа нэужь наIуэ къэхъуащ апхуэдизу гукъинэ сщыхъуа нарт теплъэгъуэхэр зэныбжьэгъу гупым зэрызэхуахьэсыжар: адыгэ усакIуэхэм, IуэрыIуатэджхэм, адыгэм и тхыбзэр зыгъэпса лIыхъужьхэм. Илъэс бжыгъэкIэ телэжьащ ахэр эпосым, икIи 1936 гъэм «Академия» тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIауэ щытащ адыгэ щэнхабзэм къежьапIэрэ лъабжьэрэ хуэхъуа IуэрыIуатэр щызэхуэхьэсыжа «Нартхэр» тхылъыр. Яхэтащ абыхэм си адэшхуэ Пщынокъуэ МэчрэIили. Тхылъым и редактор нэхъыщхьэ, щIэныгъэлI лъэрызехьэ, а лэжьыгъэр зэригъэзэхуэну Кавказ Ищхъэрэм къагъэкIуа Талпэ Михаил щIыгъуу си адэшхуэр хэтащ лъэпкъ хъыбарыжьхэр ятхыжу адыгэ къуажэхэр къызэхэзыкIухьа зекIуэлIхэм. Си адэшхуэм щIэх-щIэхыурэ къыкIэлъыкIуэрт и дэлэжьэгъухэр. Шэджэм щиIэ унэ-лъапсэжьым щигъэхьэщIа щIэныгъэлIхэм яхэтащ Борыкъуей ТIутIэ – ныбжьэгъуфIыр, хэкупсэр, адыгэ тхыбзэр зыубзыхуа щIэныгъэрылажьэ щэджащэр, усакIуэр. А тIум зэщIыгъуу къыдагъэкIауэ щытащ къэбэрдеибзэкIэ тха усэхэр щызэхуэхьэса, адыгэ тхыдэм япэ дыдэу къыхэщыж усэ тхылъыр. Дадэ и деж къакIуэрт къызэщIэушэ адыгэ литературэм и псыпэхэш куэд. Ахэр я IэдакъэщIэкIхэм къеджэрт, тепсэлъыхьырт, жанр зэхуэмыдэхэр япсыхьырт. «Нартхэр» дунейм къызэрытехьэрэ илъэс дэкIауэ, бадзэуэгъуэ мазэм и зы пшыхь хуабэхэм, адыгэ щэнхабзэм и лIыхъужь пэрыт гупыр, я редактор нэхъыщхьэр ящIыгъуу, дашри яукIауэ щытащ, нарт эпосым теухуауэ ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIэ Iэрытххэри зэрыщыту институтым щагъэсащ. ЯгъэкIуэдащ япэ творческэ интеллигенцэм я усыгъэри, зэщIащыпащ езыхэр щыдашым. Нарт IуэрыIуатэр япэ дыдэу зытхыжахэм «лъэпкъым и бий» фIащри, я натIэ хъуам зыри щымыгъуазэу кIуащ лIэщIыгъуэ ныкъуэ. Нобэр къыздэсым зыми ищIэркъым ахэр щыщIалъхьэжа щIыпIэр.
-КъызэрыщIэкIымкIэ, уи лъым хэту аращ адыгэм къепха псоми хуиIэ лъагъуныгъэр?
-Арагъэнущ. ИщхьэIуэкIэ дызытепсэлъыхьа унэм къыщалъхуащ си адэ Пщынокъуэ БетIал (ПIатIэ). Ар макъамэуст, «лъэпкъым и бий» цIэ жагъуэр ди унагъуэм напэгъэулъий щыхуэхъуа лъэхъэнэм усакIуэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдауэ щытащ, гу лъытапхъэщи. ИужьыIуэкIэ, а унэм сыкъыщалъхуащ сэри. ЩIэныгъэмрэ узэщIыныгъэмрэ я бийуэ къэралыр зыщIэзыщта бзаджэнаджэхэм япэщIэуват Нэхум и Къэрэгъул адыгэ щIэныгъэлIхэр. Мывэкъалэу яIэтат абыхэм лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплърэ адыгэ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ къызэрытIэпIыкIа нарт IуэрыIуатэр. Зы Iэмал закъуэт щыIэр лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж тхыдэр утыку ипхьэнуи, я щхьэр халъхьащ а Iуэхум – щIэблэм къыхуагъэнащ адыгэм и пасэрей дунейр дэзыгъэцIыхуж хъыбарыжьхэр. Аращ лъэпкъым ди гъуэгуанэр игъэнэхуу, гъуазэу ди япэ итыр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, нобэкIэ лъэпкъым зитIэтыжащ, ди тхыдэми, IуэрыIуатэми, щэнхабзэми дыщыгъуэзэну зыри зэран къытхуэхъуркъым.
-СызэреплъымкIэ, нарт пшыналъэмрэ мифологиемрэ зыкъым. Мифологием щIэдзапIэр едж, лъэпкъыр къызэрыунэхуар уегъащIэ. Эпосыр зытепсэлъыхьыр нарт лIыхъужьхэм ягъэхъа лIыгъэр мыхъумэ, мифологиекъым.
-Шумерхэм я мифологиер щызджым абы къыхэзгъуэтащ япэ дыдэу дунейм къытехьа цIыхум и цIэр – Адапэ. Япэ адэ жиIэу адыгэбзэм къеIуатэ а цIэм и мыхьэнэр. ГъущIынэтхым къызэрыхэщыжымкIэ, Адапэ къыщагъэщIар Абзу жыхуиIэу Iуащхьэмахуэ и лъабжьэ щIэлъа тхьэунэрщ. Абзущ цIыхухэр зэрыпсэуну Хабзэр Тхьэшхуэм къащритар. ЦIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэтеублэнымкIи жэуап зыхьу къащхьэщытар Ин Анэрщ. А цIэми къеIуатэ «великая мать» жиIэу лъэпкъ куэдым я мифологием къыхэщыж тхьэ гуащэм иIа пщIэмрэ зэрихьа къалэнхэмрэ. Псори и пIэ изыгъэзэгъэжар генетикхэращ. Абыхэм къызэрахутамкIэ, шумерхэр Кавказым икIри ТIуащIэм (Месопотамием) Iэпхъуауэ щытащ дунейпсо псыдзэр къеуэу хы ФIыцIэм зыщиIэтам – ди лъэхъэнэм ипэкIэ 5000-4500 гъэхэм. ЗызыIэта псым къуршым ириубыда лъэпкъым икIыпIэ къагъуэтри, ипщэкIэ ехауэ аращ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ. Абы щыхьэт тохъуэ археологием къитIэщIыжа, Кавказ Ищхъэрэм нэхъ хуэлъэ хьэкъущыкъухэмрэ фэилъхьэгъуэхэмрэ ТIуащIэм зэрыIэпхъуар. Ауэ щыхъукIэ, шумерхэм я мифологиерщ дыдейри.
-Къапщтэмэ, уи къэхутэныгъэм щыхьэт тохъуэ «Эпос о Гильгамеше», «Энума Элиш» пасэрей тхыгъэхэу шумерхэм къащIэныжар.
-Псалъэм папщIэ, «Энума Элиш» поэмэр мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ къыщIедзэ: «Уафэр щымыджэмыпцIэу, щIылъэр щызэпцIагъащIэм…». Адыгэм а жыIэгъуэр куэд щIауэ диIэщ, хъыбарыжь куэди апхуэдэущ зэрыщIидзэр. НэгъуэщI щIыпIэ сыщрихьэлIакъым сэ а жыIэгъуэм.
-Уи тхылъым сыщеджэм Уэрий Дадэ и хъыбар срихьэлIащ…
-Уэрий Дадэ хъужыр Кавказым икIыу япэ дыдэ ТIуащIэм Iэпхъуа цIыхухэм пашэу яхэта дзэпщырщ. А лъэхъэнэм «дадэ» псалъэм арат и мыхьэнэр – дзэпщ. Абы щыхьэт тохъуэ хьэт гъущIынэтхри. Уэрий и дзэр фIащыжащ ТIуащIэм щаухуа япэ жылэм – Эриду. Ар нобэщ Эриду щыхъуар, гъущIынэтхым къеджэхэм ар къызэрапсэлъыр УэритIущ. Адыгэ уэрэдыжьхэм къахэна «Уэри Дадэ» ежьур, а дзэпщым и фэеплъщ.
-2006 гъэ лъандэрэ нэхъыбэжи бджауэ, иджыри птхыни уиIэу хузогъэфащэ, Артур.
-Сыхуейт «Реалии и каноны» тхылъыр адыгэбзэм къизгъэзэгъэну, инджылызыбзэкIэ зэздзэкIыну, адэкIэ деплъынщ.
-Уи хъуэпсапIэр тхьэм къыпхузэпищэ, нэрылъагъу хъуауи дыщигъэгуфIыкIыж!
-Тхьэр арэзы къыпхухъу!
Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.
Адыгэ Псалъэ