Даур Юлэ Индрис и пхъур зэрызицIыхугъэрэ илъэс куэд хъуащ. Абы и нэIэм щIэтащ Хьэбэз районым и щэнхабзэр. Сэ сыщылэжьащ районым щэнхабзэмкIэ и Унэм. Нэхъри зэгъунэгъу дищIащ ди хьэлэмэтхэр, ди гъащIэ еплъыкIэхэр зэрызэтехуэм. Ноби согъэныбжьэгъу си нэу, си псэу щыт а цIыхур.
КъигъэщIа илъэсхэми емылъытауэ ар къэнащ щIалэу, зэкIужу, гъащIэм гукъыдэж хуиIэу, фIым щыгугъыу, губзыгъэу. Абы и нагъуэ Iущхэм къащIех гуапагъэр, и нэгум иболъагъуэ и щхьэм пщIэ зэрыхуищIы- жыр, нэгъуэщIхэм нэмыплъ зэралъимыгъэсыр. Мыбдежым Пушкин Александр адыгэ бзылъхугъэм теухуа и усэ- хэр уигу къэмыкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым: «Ипщэ уэгум и вагъуэхэм ябгъапщэ хъунущ, псом хуэмыдэу усэхэмкIэ, абы и адыгэнэхэр…» АтIэ аращ, илъэсищэ куэдым къриу- быдэу адыгэ бзылъхугъэм мащIэкъым усэ образу хузэ- халъхьар, псалъэ гуапэу хужаIар.
А цIыху Iущым, щIэныгъэ зиIэм уепсэлъэныр уи гур хэ- зыгъахъуэщ, дэрэжэгъуэ къыпхэзылъхьэщ. Индрис ипхъу Юлэ дапщэщи, дэнэ дежи пщIэрэ щхьэрэ иIащ, сыт хуэдэ бжэри гуапэу хузэIуахт: зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеранхэм, политикэ зэхэзехуэныгъэхэр зи фэ дэкIахэм, цIыхубэ ансамблхэм я музыкантхэм, унагъуэ быныбэ- хэм, пщIэ зыхуащI егъэджакIуэхэмрэ дохутырхэмрэ. Абы Iуэху куэд зэфIихащ ди районым и лъэпкъ хабзэхэр къэ- гъэщIэрэщIэжынымрэ къызэтегъэнэнымрэ яхуэгъэзауэ. Политикэ зэхэзехуэныгъэхэм я зэран зэкIахэм я Iуэху- хэр зэхэгъэкIынымкIэ комиссэм и унафэщIу щыткIэрэ, абы зэфIигъэувэжащ районым щыпсэуа, щыпсэу куэдым я захуагъэр, яхуэмыфащэу зэхэзехуэн ящIа мымащIэм ар ящхьэпэри, абыхэми «я напэр яхуитхьэщIыжащ».
Даур Юлэ куэдрэ жеIэ: «Сэ сыщIохъуэпс Урысейр — зи унафэр цIыхубэм елъыта, абы и пащхьэм жэуаплыгъэ щызыхь къэрал хъуным, цIыхубэм къэралми хабзэхэми пщIэ яхуищIу щытыным». ХьэкъыпIэкIэ езы Даур Юли къэрал унафэм и район къулыкъум апхуэдэ и лIыкIуэу щытащ, ноби абы чэнджэщкIэ зыкъыхуагъазэ и лъа- хэгъухэм, сыту жыпIэмэ, абыхэм ящIэ Юлэ и псалъэхэм иджырей унафэщIхэри къызэрыщIэдэIур. Абы къызэри- лъытэмкIэ, мы зэман гугъум дэ дыкъызэтенэнущ, ди на- пэр тхъумэмэ, дызэрыIыгъмэ, адыгэ хабзэхэм тету ды- псэумэ.
Сэ фIыуэ сощIэж Даур Юлэ щыдгъэлъэпIар: апщы- гъуэм зэтехуат къыдигъэкIа тхылъым и лъэтеувэмрэ езыр илъэс 70 щрикъуа махуэмрэ. Ар щагъэлъэпIат Хьэ- бэз дэт щэнхабзэмкIэ Унэм. Дауэдапщэр зэхаублат Даур Юлэ теухуа фильмымкIэ. Абдежым нэгъэсауэ къы- щагъэлъэгъуат ар и къуажэм гъерэтыфIэу зэрыхуэ- лэжьар. Ар дэнэ щымыIами, и гу хуабэр цIыхухэм яхузэIухат. Абы цIыхухэм яхузэфIигъэкIт я унагъуэ Iуэхухэр, абы и нэIэм щIэтт зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеранхэр, хуэгъэкIуэтэныгъэкIэ къахудихт къэралым и санаторэ нэхъыфIхэм зэрызагъэпсэхуну тхылъхэр, еджа- пIэр къэзыухахэм «бронхэр» яхузэфIигъэкIт къэралым и ищхьэ еджапIэ нэхъыфIхэм щIыхьэн папщIэ. ИкIи а пщыхьэщхьэм абы хуэарэзыуэ щэнхабзэмкIэ Унэм къы- щызэхуэсахэм я гуапэу ягу къагъэкIыжат мы дауэдап- щэр зыхузэхыхьа бзылъхугъэм и гъащIэ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр.
Абы лъандэрэ гъэхэр блэлъэтащ. Иджы мис къэу- нэхуащ къыкIэлъыкIуэ юбилейр – Даур Юлэ илъэс 85-рэ щрикъур. Си гум, си псэм къабгъэдэкIыу сохъуэхъу а махуэщI дахэмкIэ! Мы ныбжь дахэм къыдэкIуэу абы зэхуихьэсащ губзыгъагъэр, щIалагъэмрэ зэкIужыны- гъэмрэ, псэ беягъэр. Зауэмрэ зэхэзехуэныгъэхэмрэ я зэман бзаджэм халъхуа сабийуэ щыткIэрэ, блэкIамкIэ зоплъэкIыжри, абы и нэгу къыщIохьэж зауэм и гъэу- нэхуныгъэ хьэлъэхэр, зауэнэужь зэхэкъутэныгъэхэр, щIэныгъэншагъэр зэрагъэкIуэдыжар. Езыри а I уэхухэм хэтащ еджакIуэу. Абы къыкIэлъыкIуащ Хрущев и «гъатхэ хуабэр» (оттепель), къэралыр мащIэ-куэдми зэ- пIэзэрыту щыпсэуа Брежнев и лъэхъэнэ нэхур. Апщы- гъуэм щыIа къэхъугъэхэр псори абы и дежкIэ нэIурыту щыта къудейкъым, езыри абыхэм яхэтащ (партым и райкомым и техническэ секретарь, инструктор IэнатIэ- хэм къыщригъажьэри, нихусащ райкомым, райиспол- комым я секретарь, район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ IэнатIэхэм, иужьрей илъэсхэм гугъу зыщ- ригъэхьащ егъэджэныгъэм епха къулыкъухэм).
И жагъуэ хъууэ, Юлэ игу къегъэкIыж Горбачев и зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэмрэ къэрал щэджащэр — СССР-р Ельцин щызэхигъэлъэлъэжамрэ. 1970-1980 гъэхэм заузэщIащ Хьэбэзрэ районымрэ. Апщыгъуэм ирагъэкIуэкIащ электрификацэр, псы кIуапIэхэр яукъуэ- диящ, заужьащ промышленностымрэ мэкъумэш хъыз- мэтымрэ.
— Срищыхьэтщ район купсэмрэ районымрэ я зы¬ужьыныгъэм и ренессанс лъэхъэнэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апщыгъуэм сылэжьащ Хьэбэз райисполкомым и секретару, — игу къегъэкIыж абы. — Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Хьэбэз 1975 гъэм щылэжьащ предприятэ- ми организацэми 30-м щIигъу. ИкIи ар сэ тегъэчынауэ соцIыху, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си IэнатIэм ипкъ иту, си нэIуасэт предприятэ, организацэ псоми я унафэщIхэр. Абыхэм ящыщу нэхъ инхэт «Виток» заводыр, «Хьэбэз» совхозыр, ПМК-р, АТП-р, «Быткомбинатыр», «Водстройр», «Местпромыр», нэгъуэщIхэри. Мыбдежым къыщызэра- гъэпэщащ художественнэ самодеятельностым и ан- самбль дэгъуэхэр, щагъэхьэзыращ Хьэбэз районми Къэ- рэшей-Черкес автоном областми я цIэр жыжьэ зыгъэIуа еджагъэшхуэхэмрэ спортсменхэмрэ. Си псалъэхэр къы- зэщIэскъуэжу, жысIэнщи, Хьэбэз къуажэри, районыр зэ- рыщытуи областым и егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт купсэу щытащ, — щIегъэбыдэ Юлэ и псалъэр.
Щапхъэу къэтхьынщ Хьэбэз еджакIуэ бригадэр. Ар щыпашэу щытащ Ставрополь крайми къэралми. Абы и япэ унафэщIт Тимирязевскэ академиер ехъулIэныгъэкIэ иужькIэ къэзыуха Туаршы Назар. «Хьэбэз» совхозым къэ- ралым щынэхъыфIхэм хабжа и базэм щрагъэкIуэкIт еджапIэ бригадэхэм я край зэхуэсхэр, мыбы къакIуэт артист цIэрыIуэхэр, ГуащIэдэкIым и лIыхъужьхэр. Хьэ- бэз районыр ныбжьэгъугъэ быдэкIэ япыщIат Ставрополь крайм и Труновскэ районым, Краснодар крайм и Отрад- нэ, Успен районхэм, Адыгэ Республикэм и Куэшыхьэблэ районым, КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым. Ахэр зэхъуа- жэт я Iуэху зэхэщIыкIымкIэ, щэнхабзэ, спорт ехъулIэны- гъэхэмкIэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIэ.
Юлэ и гуапэу игу къегъэкIыж зауэ гъэхэм, нэмыцэхэр ирахужьэжа нэужь, КПСС-м и Ставрополь крайкомым кърагъэкIыу Хьэбэз райкомым и етIуанэ секретару бзылъхугъэ ныбжьыщIэ — Стругацкая Любовь къы- зэрагъэкIуар. Фашистхэм яукIат абы и адэр, и анэр, и щхьэгъусэр. Езыр партизанхэм ягъэпщкIури къызэтенат. Юлэ и анэ Марие пщащэр пщIэншэу фэтэру щIэсыну и унэм къригъэблэгъат. Апхуэдэу Любовь Моисеевнэ адыгэ унагъуэм щыщ хъуащ. Адэр фронтым щыIэт, анэр колхозым щылажьэт, зэшыпхъу хъыджэбз цIыкIуитхум унагъуэ Iуэхухэр я пщэ дэлът. Любэ районым къызэ- гъэпэщыныгъэ лэжьыгъэшхуэ щригъэкIуэкIт. ЦIыхухэр къыхуриджэт фронтым дэIэпыкъуну, езыри зэрыху-
зэфIэкIкIэ пыдзэ яхуэхъут унагъуэ быныбэм. Уеблэмэ ар лъэIуат унагъуэшхуэм и хьэлъэр хуигъэпсынщIэн щхьэкIэ хъыджэбзхэм ящыщ зыр езым ипIыну, игъэсэну иратыну, ауэ анэм идакъым. А унагъуэм ягу ихунукъым зауэ илъэс гугъухэм къадэIэпыкъуа Стругацкая Любовь Моисеевнэ и фэеплъыр.
1945 гъэм и шыщхьэIум (августым) унагъуэр игъэгу- фIэу, адэр фронтым къикIыжащ. Куэдрэ зимыIэжьэуи колхозым лэжьэну Iухьащ. АрщхьэкIэ унагъуэм и насыпыр кIыхьтэкъым. 1947 гъэм и бжьыхьэм Индрис бзэгузехьэм и псалъэ нэпцIхэмкIэ яубыдри, политикэ ущхьэгъукIэ ягъэтIысащ. «Урысыбзэ зымыцIыху мэкъу- мэшыщIэ щIэныгъэншэм советхэм япэщIэт пропагандэ иригъэкIуэкIыфынут?» — и жагъуэ хъууэ жеIэ Юлэ. Зэ- рагъэцIыкIуами, Сталин и лагерхэм гугъу зэрыщра- гъэхьами емылъытауэ, адэм и гур къажмыж хъуакъым, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж цIыху гуапэу, щабэу къэнащ. Абы и сабийхэм уэсят къахуищIащ дапщэщи я напэм емыпцIыжыну, зыми емыижыну, фIы ящIэу псэуну. ИужькIэ я адэр ягъэзэхуэжащ, ауэ ар езым илъагъу- жакъым.
Юлэ и дэлъху профессор Даур Борис и шыпхъум теухуауэ жеIэ: «Юлэ дапщэщи и нэIэм сыщIигъэтт, уеблэмэ щIалэжь цIыкIу къуейщIейхэми сащихъумэт. Абы пасэу лэжьыгъэм зритащ, унагъуэ IуэхухэмкIэ дэIэ- пыкъуэгъу хъууэ щIидзащ. ЕджапIэр къызэриухыу лэ- жьэн иригъэжьащ КПСС-м и Хьэбэз райкомым и тех- ническэ секретару, абы дихьт щIыпIэ радиом и диктор IэнатIэри (апщыгъуэм щыIэт апхуэди). Лажьэурэ, уна¬гъуэм дэIэпыкъуурэ, абы заочнэу къиухащ пединститу- тыр, гъэсакIуэу щылэжьащ еджапIэ-интернатым. КПСС-м и райкомым и инструктор хъури, ищхьэ парт еджапIэм етIуанэ ищхьэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтыжащ.
Ар КПСС-м и райкомым идеологиемкIэ и секретарь хъуащ, лэжьащ райисполкомым жэуаплыгъэ зыхь и секретару, иужькIэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэу, иужьрей илъэсхэм щылэжьащ егъэджэ- ныгъэм и район къудамэм. Псори зэхэту абы и гуащIэ- дэкI стажыр илъэс 60-м щIегъу! Ар сыт хуэдэ IэнатIэ щымылэжьами, щытащ хьэлэлу гугъу зегъэхьынымрэ ехъулIэныгъэ зыIэрыгъыхьэнымрэ я щапхъэу. Мызэ- мытIэу ирагъэблэгъащ КПСС-м и обкомым и аппаратым, ауэ идакъым, унагъуэ Iуэхухэр ущхьэгъу ищIурэ. Абы сэ ипэкIэ сигъэкIуа- тэт, и гулъытэмкIэ «зы- къыстриубгъуэурэ». Зи ны- бжьыр хэкIуэта ди адэ- анэм ябгъэдэсурэ, езым и уней гъащIэр имыухуауэ къэнащ. Юлэ сэ лъэкIыны- гъэ къызитащ Москва сы- щеджэну, сыщылэжьэну. Сэ гъащIэм щысхузэфIэкIа псо- ри и нэхъыбапIэмкIэ, зи фIыщIэр си шыпхъу Юлэщ!
Ар ахъшэкIэ къыздэIэ- пыкъуа къудейкъым, атIэ хуабжьу сэбэп къысхуэ- хъуащ си бынхэр гъэсэным- рэ егъэджэнымрэкIэ. Абы и «гъэсэныгъэ кхъузанэм щIэкIащ» си бынхэри, си шыпхъухэри. Абы и егу- гъуныгъэкIэ и шыпхъу рылъхухэмрэ и дэлъхум и бынхэмрэ ищхьэ еджапIэ нэхъыфIхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтащ, IэщIагъэлI хьэлэмэтхэр къахэкIауэ я гъащIэ гъуэгу якIу. Абырэ си анэмрэ я фIыгъэкIэ си сабийхэм зрагъэцIыхуащ анэ- дэлъхубзэр, я лъым хыхьащ адыгэ хабзэр. Абы папщIэ ену фIыщIэ яхузощI. Иджыри и ныбжьыр зэрыхэкIуэта¬уи, ар япылъщ си къуэрылъхухэмрэ си пхъурылъхухэмрэ. Абы и гуащIэдэкIыр лIыхъужьыгъэщ, нэгъуэщIу пху- жыIэнукъым! Тхьэр арэзы къыпхухъу, си шыпхъу лъа- пIэ!»
Нобэ Юлэ и гъусэу адэжь пщIантIэм дэсщ къэралым и къалащхьэм къикIыжу и адэжь пщIантIэм къыдэ- тIысхьэжа, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Даур Борис. Апхуэдэу къыхуэсакъа и шыпхъум иджы езыр хуосакъыж. Абыхэм къахуокIуэ зэпыт я бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ.
Даур Юлэ насыпыфIэу зыкъелъытэж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар и гъащIэ псом сэбэп яхуэхъуащ и дэIэпы- къуныгъэ хуэныкъуэхэм. ИкIэм икIэжым нэхъыщхьэр – фIы пщIэнращ. Юлэ къызэрилъытэмкIэ, абы тебухуэ хъунущ уи зэманри, уеблэмэ, уи гъащIэ псори.
Абы иIэщ парт, жылагъуэ саугъэт куэд. Ауэ а псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къелъытэ мамырыгъэр хъумэным- кIэ Совет Комитетым кърита дыщэ медалыр. Мамыры- гъэр ди ЩIылъэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэщ!
Агырбэ Ритэ,
Къэрэшей-Черкесым
щэнхабзэмкIэ щIыхь
зиIэ и лэжьакIуэ
Черкес Хэку