Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Апсны», «Амра» къафIэкIуэ гупхэр Истамбыл щыIащ

Къэрэшей-Черкес Республикэм щыщ сабий къафIэкIуэ гуп «Апсны»мрэ, Къэбэрдей-балъкъэр Республикэм щыщ сабий къафIэкIуэ гуп «Амра»мрэ, 2024 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 26 махуэм Истамбыл щекуакIэ Дуней Къафэ Зэпеуэм хэтахэщ.

Черкес хэсэхэм и лIыкIуэхэмрэ плъакIуэхэмрэ зыхета концерт гуащIэшхуэм къафIэкIуэ гупитIым къагъэлъагъуэ къафIэхэр яфIэгъэщIэгъуэныгъэшхуэу еплъахэщ.

«Жьынэпс» газэтым ди еджакIуэхэм папщIэ, «Апсны», «Амра» къафIэкIуэ гупхэм я чэнджэщэгъухэм я гупхэм щыгъуазэ дащIащ.


Амра – ГъукIэхэ Аслан

Амра къэфэкIуа гупыр 2017 гъэм дыIухуащ, сабийхэр илъэси плъым къщыщ1эдзауэ, пщыкIухым нэсыхукIэ къыщофэ.

Сэбихэр къэбэрдей къафэ къофэ, убых къафэ къофэ, абхаз къафэ къофэ.

Иджыри Кавказым ис лъэпкъхэм яа къафэ къэфэну абыхэми худогъэхьэзыр.

Сабийхэр утыкум ихьэу къэфэн щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу илъэс ныкъуэкIэ худогъэхьэзырри итIанэ утыку идгъэхьэу аращ.

Тхьэмахуэм нэхъ мащIэ дыдэу тIо къофэ.

Амра къэфакIуэ гупым я унафэщIхэр ГъукIэхэ Асланрэ Зитарэщ.

Къэбэрдей-балъкъэр Республикэм КабардинкэкIэ зэджэ къафакIуэ гупым тIури дыкъыщыфащ, абы дыхэтура Амра къызыIутхащ.

Апхуэдиз уи лъэпкъэгъу хамэ къэралым щыплъагъум деж, уи гур хохъуэр.


Апсны – Аговэ Алинэ

Ансамблым и япэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр техуащ 2022 гъэм Абазэ ныпым и махуэщIым. Апщыгъуэм игъуэтащ и Апсны фIэщыгъэцIэр.

Лъэпкъыбэ гупыщIэм егъэзащIэ Ищхъэрэ Кавказымрэ Ипщэ Кавказымрэ я цIыхубэ къафэхэр. Абы хэтщ зи ныбжьыр илъэсихым щыщIэдзауэ 18-м нэсхэр. Псори хъыджэбз цIыкIу защIэщ. Ауэ ди япэкIэ ди мурадщ щIалэ цIыкIухэри къыдэтшэхыну.

Къафэхэр зэхэзыгъэувэр ансамблым и художественнэ унафэщI Аговэ Алинэ. Алинэ ипэкIэ Меркурий ансамблым и къэфакIуэ пажэу щытащ. Тхьэмахуэм тIэунейрэ сыхьэт тIурытIкIэ ядолажьэ сабийхэм. Абы игури и псэри етауэ къэфэкIэр ярегъащIэ ныбжьыщIэхэм.

Ансамблым творческэ жыджэрагъ иIэу урысей псо, къэралыбэ зэпеуэхэм хэтщ. Мызэ-мытIэу щыIащ Краснодар, Пятигорск, Железноводск, Ставрополь, Владикавказ, Налшык къалэхэм.

Къэбэрдейм зыкъызэрагъэлъэгъуамкIэ Гран-при саугъэтыр къалъэщащ къафэ зэхэгъэувэкIэмкIэ.

КъинэмыщIауэ, ансамблым и унафэщIым къыхуагъэфэщащ ЩIыхь орденыр. Апсным илъэсым и гуп къыфIащри лъэкIыныгъэ игъуэтащ Истамбыл къалэм и «Дунейм и гъуазджэ» къэралыбэ зэныкъуэкъуныгъэм и суперфиналым хэтыну.

Иджыпсту Тыркум и деж хэхэс адыгэхэм дазэрыIущIам дыщогуфIыкI. Ди гуапэщ зэпеуэм къэтша «Убыххэм я щIэин», «Гандаган», «ПхъэцIыч къафэ» лIэужьыгъуэхэр зэрывэдгъэлъэгъуар.

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img