Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ.

Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса Къунаж Хьэжырэ и гъусэ Нэгъуей, Молэ, Хьэщэлохъ, Арымбег, Арыпщэхэ яухуащ.

ИужькIэ Щоугэнхэ Токат, Никсар къикIри къахэтIысхьэщ, Уэрдымхэи Щхьэлыкъуэ (Каракъуи) къыдэкIыжри къахэтIысхьащ.

Мэрзей Ауджы куэд иужькIэ хэхэсу къахэтIысхьащ. Абазэ лъэпкъу Сидкыт (Енияпан) къикIу къэтIыса унагъуэри Гъыдзэхэщ.

Къуажэр Анзорей, Тохъухьэблэ, Сасыкъхьэблэ (Къырхъпугъар), Иналыкъуей (Дикили), Шыгэбэхъуей къуажэхэмкIэ къэтIысыхьащ.

Къуажэр къуажэшхуэу щыткъым, гъэмахуэм 50 унагъуэ хъуми щIымахуэм дэсыр 10 унагъуэщ.

Къуажэм Iэщ зыпыщIа унагъуэ зэрыдэсым хуэдэу гуэдз, хьэ, хэзысэ щыкуэдщ. Къуажэдэсхэр щIымахуэм къалэшхуэхэм мэIэпхъуэжри ящI телэжьыхьыну гъэмахуэм къокIуэжхэр.

Илъэс зыбжанэ лъандэрэ кIэртIофыр хэмэхэм фэтэру иратри ахъшэ къыралэжь.

Къуажэр Адыгэ къуажэфIу къэгъуэгурыкIуащ. Зэр Узняйлэм къацIуху цIыху цIэрыIуэ куэд щыпсэуащ. Хабзэ яхэлъащ ауэ нобэ зэр Узняйлэм къащыщIар мы къуажэми къащыщIащ, цIыху къыдэнэжакъым, зэпсори къалэшхуэхэм нэхъыфIу щыпсэун я мураду Iэпхъуэжащ.

Къуажэм лIы цIэрыIуэ дэсахэр:

Щоугэн Бахьри, Бэдри, Фэхьми, Назми, Хьакъи.

Нэгъуей Назим, Абидин, Хьэжбей, Казим.

Уэрдым Билал, Баяр, Фози, Хьэж СултIан.

Мамух Хьэпакъ.

Арымбег Шэмсэдин, Зиядин.

Мэрзей Ауджы.

Молэ Хьэж Юсуф, Решад, Емин, Хьэж Бекир, Сефер.

Хьэщэлохъ Абидин, Шахьин

Хьэгъундокъо, Шакир.

ЛIуп Хьэжгази, Хьилми, Селами.

Дэбагъуэ Мухьудин, Садэттин.

Гъыдзэ Бахьри, ТIахьир.

Арыпщэ Абэкир, Амырбей.

Къурмэли Емин, Файык.

Шыгэбахъуэ Хьэж Исмел.

КIэщт Назим.

ГъукIэпщокъуэ Зубейир.

Бжикший Емин.

Yazarın Diğer Yazıları

Елъыхъуей — Юкарыборандере

Къуажэр Казанчык къуажэм яхэту 1860 гъэхэм Узняйлэм къэтӏыса Карачай Черкеск Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Ачкарува Абазэхэм ящыщщ. Иужъкӏэ Елъухъхэ я пащэу мы къуажэм къэтӏысри Елъыхъуейкӏэ...

Сидкыт — Енияпан

Къуажэр 1860 гъэм Бащылбий Абазэхэм я хэту Узняйлэм къэтӏысащ. Къуажэр нобэ Карачай Черкеск щыпсэу Гэбэкъуей къуажэм къикӏахэщ. Бащылбий Абазэхэм я хэту къэкӏуами куэд мыщӏэу...

Инэрокъуей — Узунпынар

Къуажэр Узняйлэм къэтӏыса къуажэхэм ящыщщ. Къуажэр зыухуар Инорокъуэхэщ, абы щхьакӏ и цӏэри Инэрокъуей фӏащащ, зэреджэхэр аращ. Къуажэр Ермэлы къуажэщ, Адыгэхэр къэмыкӏуэ ипэ Ермэлыхэр щыпсэуа и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img