Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Дау Аминэ: «Адыгэ уэрэдхэр нэхъыбэу зэрызгъэзэщlэным сыхущlокъу»

Нобэ ди псэлъэгъущ цlыху куэдым я гум дыхьэну хунэса, Шэрджэс ФМ радиостанцым Москва дэт «Vegas City Hall»-м гъэ къэс къыщызэригъэпэщ пшыхьхэм щыщу иджыблагъэ екlуэкlам хэта уэрэджыlакlуэ Дау Аминэ.


-Аминэ, псом япэу утезгъэпсэлъыхьынут иджыблагъэ Апэнэс Астемыр и гъусэу утыку къифхьа лэжьыгъэм. «Уэрэ сэрэ» уэрэд цlэрыlуэр къэфщтэжу вгъэзэщlэну дауэ фигу къэкlат?

-«Уэрэ сэрэ» уэрэдым псоми я сабиигъуэр ягу къегъэкlыж жысlэу щытмэ, сыщыуэну къыщlэкlынкъым. Сэри а уэрэдым си сабиигъуэм сыхешэж. Телевиденэм нэтын иlэу щытащ, «Макъамэкlэ дохъуэхъу» жиlэу. Си нанэр псом хуэмыдэу а уэрэдым пэплъэу, къатмэ – дежьууэ щысу си нэгу къыщlохьэж. Мис апхуэдэ гукъэкlыжхэр епхащ а уэрэдым. Ауэ абы щыгъуэм а уэрэдым и купщlэри и мыхьэнэри сэ къызгурыlуащэу къыщlэкlынтэкъым, дауи. Къапщтэмэ, иджыщ, абы и псалъэхэм Интернетым сыщрихьэлlэу, икъукlэ сфlэгъэщlэгъуэн щыхъуар. Уэрэдым егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ зиlэ гупсысэ зэрыщlэлъыр наlуэ сщыхъуащ. Абы хэт псалъэхэр апхуэдизкlэ сигу дыхьати, зы махуэ гуэрым лэжьапlэм сыщыlэу, макъамэ щlэмыту уэрэдыр жысlэу видео зытесхыжри, си напэкlуэцlым къислъхьащ. А пщыхьэщхьэм Апэнэс Астемыр абы гу лъитагъэнт – езыми апхуэдэ дыдэу уэрэдым гитарэкlэ макъамэ щlилъхьэри, «Уэрэ сэрэ» уэрэдыр игъэзащlэу зытрихыжащ – ди видеохэр зэуlу ищlри, тlуми зэдыжытlэ хуэдэу Интернетым кърилъхьащ. Абдеж цlыху куэд абы къыщыпэджэжащ, ягу зэрырихьар, я псэм зэрыдыхьар къыхагъэщу. Языныкъуэхэми чэнджэщ къыдатащ а уэрэдыр зэгъусэу жытlэу lэмал имыlэу едгъэтхын зэрыхуейм теухуауэ. Апхуэдэурэ къыщатхым, Астемыррэ сэрэ дытегушхуащ а лэжьыгъэм. Фигу къэзгъэкlыжынщи, «Уэрэ сэрэ» уэрэдым и макъамэр зейр Даур Аслъэнщ. Абы и псалъэхэр Къуэдзокъуэ Хьэсэн хуитхауэ щытащ и щхьэгъусэ Ащнокъуэ-Къуэдзокъуэ Тамарэ.

Мы уэрэдыр хэкlуэтауэ пхуэзусами,

Мы си щхьэцым уэс мыткlужыр къытесами,

Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ

Япэу нобэ дызэхуэзэу.

Уэрэ сэрэ,

Уэрэ сэрэ,

Япэу нобэ дызэхуэзэу.

Мы псалъэхэр абы и гум къыбгъэдэкlыу зэритхагъэнращ, абы и купщlэр щlызыхэпщlэр. Ар япэ дыдэу зыгъэзэщlауэ щыта Шумахуэ Хьэзрэlили и фэеплъым пщlэ хуэтщlу уэрэдыр утыку къитхьащ.

 

-Аминэ, 2024 гъэм уэрэдыщlэ зыбжанэ бгъэзэщlащ. Абыхэм ящыщщ «Сэридай» жыхуиlэр. Къызэрызгурыlуамкlэ, абы Лосэн Тимур и гуащlэ хэлъщ…

-«Сэридай» уэрэдыр илъэсибгъу и пэ иджыри зэхэсхауэ щытащ, «Бзэрабзэ» гупым хэтхэр Мейкъуапэ драгъэблэгъауэ гъуэгу дытету дыщыкlуэм. «Уэ пхуэгъэзэщlэнут», – жиlэри, абы сригъэдэlуат Чылар Нэсрэн. Ар зэрызэхэсхрэ сигу дыхьауэ, ауэ сытемыгушхуэу куэдрэ сыгупсысащ. Иужьым си мурадым Лосэн Тимур щыщызгъэгъуазэм, lуэхур къыздиlыгъащ икlи уэрэдым макъамэри схущlигъэуващ езыр пшынэ еуэу.

Уэрэдым и гугъу пщlымэ, абы и тхыдэм, хъыбарым хэсщlыкlтэкъым, Нэсрэн сыхигъэгъуэзащ армыхъумэ. Ар зэратхар бжьэдыгъу диалектщ. Къэбэрдеибзэкlэ зэрадзэкlауи куэдым ягъэзащlэ. Ауэ уэрэдыр зытха Дэгумыкъуэ Илхьэн и жагъуэ хъуат къэбэрдеибзэкlэ зэзыдзэкlахэм абы и купщlэр зэрахъуэжар. Абы къыхэкlыу уэрэдым и псалъэхэр зэрыхъукlэ дымыхъуэжу, къэбэрдеибзэм къидгъэзэгъэныр нэхъ тфlэкъабылт. А lуэхумкlи Нэсрэн къыздэlэпыкъуащ, журналист Табыщ Мурат абы гъусэ къыхуэхъури, псалъэхэм я мыхьэнэр зэримыхъуэкlыу тхыжа хъуащ. Лэжьыгъэр щедгъэтхащ Лий Аслъэн и студием. Уэрэдыр дахэ хъуауэ къызолъытэ, щlэгъэкъуэн къысхуэхъуа псоми фlыщlэ яхузощl.

 

-Гу зэрылъыстамкlэ, уи уэрэдхэм щlэлъ псалъэхэр нэхъыбэу зейр Шыпш Залинэщ. Фи гупсысэкlэ, lуэху еплъыкlэкlэ фызэтехуэу ара?

-Залинэрэ сэрэ илъэситху и пэ дызэрыцlыхуауэ щытащ. Абы лъандэрэ дызэдолажьэ икlи дызэныбжьэгъущ. Псом хуэмыдэу сигу ирихьыр Залинэ псалъэхэр хэщыпыхьурэ купщlэ ящlэлъу къызэрыхихырщ. Псалъэм папщlэ, лъагъуныгъэм ар тепсэлъыхьмэ, а гурыщlэр наlуэу къыхигъэщыркъым, атlэ щlэхъумауэ къеlуэтэф. Залинэ и тхэкlэр куэдым ягу зэрыдыхьэр нэрылъагъу сщохъу «сыту псалъэ пэж, псалъэ дахэ куэд хэт уи уэрэдым», жаlэу къыщысхуатхкlэ. Ар зи фlыщlэр, шэч хэмылъу, Залинэщ.

 

-Аминэ, нэхъыбэу адыгэ уэрэдыжьхэр бгъэзащlэ си гугъэщ. Сыт ар къызыхэкlыр?

– Пэжщ, псом хуэмыдэжу сфlэфlщ ди лъэпкъ уэрэдыжьхэр згъэзэщlэну. Ар, сэ къызэрысщыхъумкlэ, зи фlыщlэр си анэращ. Сабиигъуэмкlэ сыlэбэжмэ, абы унагъуэ lуэху ищlэми, ауэ зигъэпсэхуу щысми, сытым дежи дзапэ уэрэд жиlэу щытащ. Апхуэдэу сэри уэрэд жыlэныр фlыуэ слъэгъуащ.

 

-«Бзэрабзэ» гупым узэрыхэтам и гугъу уэзгъэщlынут…

-Гупым илъэсих хуэдэкlэ сыхэтащ. Икъукlэ пшыхь дахэ куэд едгъэкlуэкlащ гукъинэжу. Абыхэм ящыщу къыхэзгъэщынут Щоджэнцlыкlум и цlэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым гъэ къэс пшыхьхэр зэрыщедгъэкlуэкlар. Псалъэм папщlэ, Лlыцlэрыlуэ Ким и уэрэдхэм тедухуа концертыр сигу къинэжащ.

 

-Аминэ, мы lуэхум епхауэ щlэныгъэ зэбгъэгъуэтат?

-Шэджэм къалэм дэт Макъамэ школыр къэзухащ. Абы иджыри сыщlэсу, 20l5 гъэм, Москва къикlахэм уэрэд гъэзэщlэнымкlэ зэпеуэшхуэ ирагъэкlуэкlыу сыхэтати, къызэгъэпэщакlуэхэм тхылъ къысхуагъэфэщауэ щытащ. Абы Москва гъуазджэхэмкlэ и колледжым срищlэтlысхьэну хуит сищlырт. Ауэ абы нэс сыкlуэну сыхуейтэкъым, ди деж щlэныгъэ щызэзгъэгъуэтым нэхъ къасщтэрти, Налшык дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкlэ колледжым сыщlэтlысхьэри, ар къэзухащ. Зэрезгъэжьам хуэдэу, адэкlи сыхуейт згъэзащlэхэм нэхъыбэжу адыгэ уэрэдхэр къыхэзгъэхьэну, солэжь си закъуэу стыну концертым. Уэрэд жыlэныр, утыку итыныр си унагъуэм, щхьэгъусэм сыт щыгъуи къызэрыздаlыгъым сегъэгушхуэ, си ехъулlэныгъэхэм щыгуфlыкlыу, зыкъызэрысщlагъэкъуэным иужь иту апхуэдэщи, фlыщlэ яхузощl.

 

-Упсэу, Аминэ. Тхьэм уригъэфlакlуэ!

 

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Бзэр лъэпкъым и фащэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Бжыгъэ технологиехэмрэ зэхэщlыкl lэрыщlымкlэ и институтым и магистратурэм щlэс Шэшэн Лацэ зэхигъэуващ адыгэбзэр тыншу яджынымкlэ «Псалъэ» зыфlища сайтыр. Ар иджыблагъэ абы...

Тхыдэмрэ хьэпшыпымрэ зэрызэпыщlар

Сыт хуэдэ лъэпкъми иlащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкlыфам дунейм увыпlэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икlи дэтхэнэ...

Бзурэ пэт и абгъуэр къелъыхъуэж

Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэр ди лъэпкъэгъухэм тIууащIэу къазэрытехьэлъам шэч хэлътэкъым - едэпщанэу Iэпхъуэшапхъуэхэм хэхуэн хуейт?! «ГУГЪУЩ, дауи, уи пщIэнтIэпскIэ унэ-лъапсэр зэфIэбгъэувауэ «иджы сыпсэунщ» щыжыпIэ дыдэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img