Бгъурбащ къуэжэ гуэрым, жэмагъэтыр нэмэзыщl кlуас жи.
Заплъыхьс зыкъаплъыхьри, хъуэжэр ялъэгъуаlым. Тlэ дауэ хъуну, нэмэзыр хэт дигъэщlыну? Зым зым еплъыурэ, зы гушыlэрей къэпсалъэри:
«Уэлей мыхуэду зыгуэр къэхъуа нэужь, зи фызыр дахэ-рамэ; нэмэзыр езгъэщlынур!» жиlэс жи. Зы лlи къахэкlри, джубэр щитагъэс аби; япэ иувас жи. Псэури, япэщlэкlэ щlэгуфlыкlыурэ, нэмэзыр ящlыну хуежьэри; езгъэщlыр къыщыуас жи. Сытми нэмэзыр зыгуэрэурэ яухри, къыщыщlэкlыжым, зи «фызыр дахэм», и ныбжьэгъухэр, икlэлъхьэужьым къиувауэ къешхыдэхэт жи:
«Уэнэмыгъуэр тезылъхьэн, ди шыпхъум и дахагъэри къыдгурыlуас ауэ; уи хъуэжагъэми тlэкlу уегупсыстэlэ! lэгътейнарэ, къулхьолэрэ пхуримыкъу; lэлэмнэшрэхьи ущlыхэпщхьар лlо пlэрэт!?»
Къэзыlуэтэжар: КъарэцIыкIу (Нэхущ) Хьэялщ, Узын-яйлэ ХьэтIохъущыкъуеижьым щыщщ, Илъэс 57 мэхъу.