Нысэхэр я дыщым, щыlэри къэкlуэжахэт жи. Гуащэр, нысэ нэхъыжьым еупlщlас:
-Уи дыщым сыт уагъэшха тlэсэ?
-Тхьэ щынэ схуаукlам!
Нысэ нэхъыщlэми занщlэу:
-Тхьэ сагъэтхъэжам; къэбыр lупlщlэу, къэбыр лыбжьэу, къэбыр пlащlэу, къэбыр шортэу, жиlэс жи.
* * *
Лимоныр…
Шыджэбэхъуейм Я Мухътарым*, лимон, портэкъал сыт къишати, зыр lухьэри:
-Яу мыбыхэм датхэнэра лимоныр?
Мухътарым:
-Егъэщlэкlэ сэ сывиlэну! Мис мы зи бынджэ цlыкlур, бойразымкlэ** гъэзарас, лимоныр. Жиlэс жи.
Къэзыlуэтэжар: Шыбзыхъуэхэ (Чичэ) Суриещ, Узын-яйлэ Мэхъарэхьэблэм щыщщ, Илъ.78 мэхъу
* Къуажэ тхьэмадэр
** Ищхъэрэ-Къуэкlыпlэ
