Кавказ Хасэхэм я Федерацэ (КАФФЕД)-м ныщхьэбэ интернаткӏэ иригъэкӏуэкӏыну лэжьыгъэкӏэ Гъатхэпэм и 14-р я гъэлъапӏэнущ. Сыхьэт 20.30-м къэублэну нэтыным и хьэщӏэхэр Метропол Тхылъ тедзапэм и тхылъыр къыщыдэкӏа гъэсэныгъэ тхылъ «Бзэрабзэ» тхылъым и тхакӏуэхэмрэ тхылъ тедзакӏуэхэмрэщ.
Адыгэ Хасэ (Анкара)-ми ныщхьэбэ хасэм и хьэщӏапӏэм сыхьэт 20.30-м щрагъэкӏуэкӏыну Гъатхэпэм и 14-р зэрагъэлъэпӏэнур мыпхуэдэу ягъэӏущ:
«ПщIэ зыхуэтщI ди лъэпкъуэгъухэ!
ХабзэфI тхуэхъуауэ гъатхэпэм и 14-м адыгэу дунейм тетым зэдыдогъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр.
Адыгэбзэм хуэпэжу, и АнэдэлъхубзэкIэ зызхуэпэжхэр фыкъыдогъэблагъэ.»
Истамбул Кавказ Щӏэнхабзэ Хасэми мы махуэ лъапӏэм папщӏэ Гъатхэпэм и 15 щэбэт махуэм сыхьэт 20.30-м гъэлъэпӏэнущ. Программэр и гъэщӏэр Адыгэ бзэмрэ Щӏэнхабзэмрэ елэжьу зыхьэ Щӏэжокъуэ Зафэр тӏыгъэ хуащ.
Кайсери Кавказ Хасэм махуэ гъэлъапӏэныр Гъатхэпэм и 16 Тхьэмахуэ махуэм сыхьэт 15.00-м щӏадзэнущ. Хьэгъуэфыгъуэр Псынэ сабий Гупымрэ Идеал Гъэсэныгъэ Коледжым и анэдэлъхубзэ еджэщым м еджакӏуэхэм я гъэхьэзырӏа пшыналъэ икӏи театр къэгъэлъэгъуэнущ.