Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Екӏуэкӏыу: 1. Уэсым ещхьу щӏылъэм къытохэ. 6. … куцӏрэ фо цӏынэкӏэ ягъэшхащ. 8. Муслъымэнхэм я махуэ лъапӏэ. 9. Адыгэ тхакӏуэ, усакӏуэ. 10. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щежэх псы. 13. Ӏэлъыным, тхьэгъум ирагъэтӏысхьэ мывэ. 14. Шым и кӏуэкӏэ. 15. Къуалэбзу унэ. 16. Къуаншагъэ зылэжьа цыху. 18. Цӏыхубз щыгъын. 19. Пӏастапхъэ. 22. Мэз псэущхьэхэм я «пащтыхь» е Теунэ Хьэчим и повесть. 23. Гуфӏэгъуэхэм щызэхаублэ къафэ. 25. Гъавэ къалэжьам щыщу хуэмыщӏахэм папщӏэ хагъэкӏ ӏыхьэ. 26. Ерыскъыгъуэ гуэрым (лым, къэбым) и зы ӏыхьэ. 27. Газетхэр, журналхэр здрашалӏэ ӏуэхущӏапӏэ. 28. Зи пэр кӏэщӏ. 30. Хьэм, ӏэщым я пщэм ирадзэ. 33. Литературэ тхыгъэ. 35. Вэгъзэгъыу щымыт, ерыщ. 36. Гъатхэм пасэу къэгъагъэ удз щхьэ гъуэжь дахэ. Хущхъуэгъуэщ. 38. Джыдэм нэгъуэщӏу зэреджэ. 41. Бжэгъу кӏыхь, къурыкъу. 44. Гагариныр япэ дыдэу здэлъэта уафэгу жыжьэ. 45. Тхылъымпӏэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 46. Цы фӏыцӏэ цӏу зытет, ди щӏыпӏэм щыкуэд къуалэбзу. 47. Ар хьэм хэсми, хумкӏэ и гур щыӏэщ. 49. Пасэм пщыхэм, уэркъхэм я быныр нэгъуэщӏым зэрырагъэпӏу щытам зэреджэ. 51. Ӏэщӏагъэ «ӏэфӏым» бгъэдэт цӏыху. 53. Ӏэщ, шы егъэзыпӏэ. 54. Гъэшхэкӏ. 55. ӏуэху гуэрым утезыгъэгушхуэ гурыщӏэ. 57. … бэлътоку. 59. Ныкъусаныгъэ, дерт псалъэхэр нэгъуэщӏу зэрыжаӏэ. 62. «Ныбжьыщӏэ …» – Щоджэнцӏыкӏу Алий и поэмэ. 63. Ӏуданэу зэхэща кӏапсэ псыгъуэ цӏыкӏу. 64. Цӏыху лъахъшэ быхъутӏэ. 65. Зыгъэгусэ. 66. Жыг лъагэ. 67. Гушыӏэ хэлъу зым адрейм иридз псалъэ.

Къехыу: 1. Пщыхьэщхьэ нэмэз. 2. Набдзэ … 3. Ӏэшэ-лъашэ, ӏэгъуэблагъэ. Е нэзым къриубыдэр. 4. Ди лъэпкъэгъу, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь. 5. Ди республикэм щыщ къалэ. 7. Унагъуэм къахуеблэгъа цӏыху. 11. Пӏалъэ-пӏалъэкӏэрэ къыкъуэу жьы. 12. Ин, пӏащэ. 13. Дэрбзэр ӏэмэпсымэ. 17. Зыгуэрым гущӏэгъу хуэпщӏыну, удэӏэпыкъуну ухуезыджэ гурыщӏэ. 18. Жыг кугъуанэхэр зи псэупӏэ псэущхьэ кӏэ баринэ. 20. Сабийр зэрыджэгу хьэпшып. 21. Мэкъу зэтелъхьа ӏэтэшхуэ. 23. Дзыгъуэм и бий кӏэуфӏыцӏ. 24. Зи … исым и уэрэд жеӏэ. 29. Ӏэщ гупышхуэ. 31. Мафӏэ бзий къыдидзу уафэм къыщоуэ. 32. Щӏы къиуда. 34. Пхъащӏэ ӏэмэпсымэ. 37. Джэдкъаз. 38. Зиусхьэн лъэпкъ. 39. Джэд … и пщӏыхьэгъущ. 40. Каракумы, Сахарэ къумышхуэхэр абыкӏэ къулейщ. 42. Щӏым гъуэ куу щызыщӏ, хьэпӏацӏэр зи шхыныгъуэ. 43. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыӏэ псыежэх. 48. Адыгэм зэрахьэу щыта тас, къубгъан хуэдэхэр къызыхэщӏыкӏа гъущӏ пӏащӏэ. 50. Зызыгъэпщу джэдым яхэт. 52. Жэщу щакӏуэ къуалэбзу. 56. Къэбэрдей композитор. 57. Икӏи ущӏэнэщхъеин икӏи ущӏэдыхьэшхын зыхэлъ ӏуэхугъуэ. 58. Ӏэуэ-лъауэ макъ. 59. Къурӏэным и зы пычыгъуэ. 60. Хьэкъущыкъум щыщ. 61. … куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.


№ 57 2025 Мазае мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:

ЕкIуэкIыу: 6. Аргъей. 7. Къанжэ. 9. Гъудэ. 11. Джэду. 12. Тхъу. 14. КIэ. 15. Хьэлэ. 17. Мардэ. 19. Бабыщ. 20. ЖьыкIурэ. 21. КIурацэ. 22. ПкIауэ. 24. Дурэш. 28. Къандзэгу. 29. Жумарт. 33. Тумэн. 36. Щэуей. 37. ЖьантIэ. 38. Шэрэз. 40. Бытыр. 41. Гумыгъуэ. 42. Лэкъум. 44. Хьэ. 45. Гъум. 47. Мазэ. 48. Баш. 49. Бжьыдзэ. 50. Пщащэ.

: 1. Хьэндыркъуакъуэ. 2. Арму. 3. Мест. 4. Къарэ. 5. Бжыхь. 8. ЛэпIанкIэ. 10. Елыркъэш. 13. ХъумакIуэ. 14. КIэрэф. 16. Ущ. 18. Кхъужь. 23. Улахуэ. 25. Уардэ. 26. Гудзэ. 27. Кумб. 30. Жумэрэн. 31. Хьэндырабгъуэ. 32. Бемырзэ. 34. Бжьыгуэ. 35. Жэрэгъу. 39. Зэ. 40. Бо. 43. Мажьэ. 44. Хьэдзэ. 46. Мыщэ. 47. Мащэ.


Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и «Kağıttan Gemiler» («ТхылъымпIэ кхъухьхэр») зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

Yazarın Diğer Yazıları

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

ЕкIуэкIыу 6. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 7. Хэтхэ я унэ ... тес? 9. Iэщым я фэр изых бадзэжь. 11. Унагъуэ псэущхьэ. 12. Шатэ, тхъуцIынэ гъэвэжам я дагъэ....

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

  Ихъуреягъкlэ къикlухьу: 1. Адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ. 2. Шы къэпщlэнтlам къыщхьэщих бахъэ. 3. Дуней псом къыщацlыху дирижёр Темыркъан Юрэ, Олимп Джэгухэм дыщэ медаль...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

ЕкIуэкIыу: 7. Гъуэгум иIэ кумблIэмбхэр. 8. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэ ин, тхьэв иралъхьэу. 9. Гъэм и зэман. 14. Адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ. 15. Мывэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img