Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Дяужь къинэнухэм къахуэнэу…»

Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкӏэ Унэм и пащхьэм «Кавказ зауэм хэкӏуэдахэм я фэеплъу» жэуэ тедзауэ ит домбеякъ сыныр гъэхьэзырынымрэ гъэувынымрэ мылъкушхуи гуащӏэ мымащӏи ирахьэлӏащ ар зыхуагъэувахэм я щылъху иджырей адыгэхэм. Псом хуэмыдэу, а ӏуэхум илъэс зыбжанэкӏэ пылъащ Хъумэрэ къуажэм щыщ жылагъуэ ӏуэхузехьэ, фэеплъ сыным и проектыр зыщӏа КУЭБЛ Сулътӏан Кърым и къуэр.

2017 гъэм къызэӏуаха фэеплъ сыным къежьапӏэ хуэхъуамрэ адыгэм и дежкӏэ мыхьэнэуэ зэрихьэмрэ сфӏэгъэщӏэгъуэну, ди лъэпкъым и щыгъуэ-щӏэж махуэм езгъэхъулӏэри, Сулътӏан сыдэпсэлъащ.

«Блэкӏа жыжьэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыбгъэщыну упылъа сыным сыт къаритыр иджырей адыгэхэм?» жэуэ сыщеупщӏым: «1763–1864 гъэхэм екӏуэкӏа зауэ лъыкӏ-псыкӏыр зыпэщӏэкӏа, хэкубгынэ гъуэгум егъэзыгъэкӏэ теувэныр зи натӏэ хъуа дядэжьхэм я фэеплъыр дгъэкӏуэд зэрымыхъунур дегъэлъагъу абы» къызжиӏащ.

Кавказ зауэм хэкӏуадахэр я цӏэ-унагъуэцӏэкӏэ дгъэнэӏуэфамэ фӏы дыдэ хъунут, ауэ ар нобэ зэрытхузэфӏэкӏыну щӏыкӏэр ди щхьэм къитӏэскъым жытӏэу, зыри дымыщӏэу дытӏысыжынри тэрэзкъым — дыкъызытехъукӏыжахэм ягъэва мыгъуагъэм дытемыпсэлъыхьу, абыхэм я щӏыхьыр дымыӏэту. Илъэсищэ зауэм хэкӏуэдахэм дапщэрэ уатемыпсэлъыхьми къыпхуэӏуэтэнукъым икӏи къыбгурыӏуэнукъым гугъуехьрэ хьэзабрэ зибэ лъэхъэнэм зэрыхэпсэукӏар, къэзылъхуахэмрэ къыдалъхуахэмрэ гу щамыхуэу, дунейр къатеункӏыфӏэнкӏэ дапщэщи шынагъуэ зэрыщыӏэм гусыс химыгъэкӏыу.

Иужьрей илъэсиблым хуэдэуи, республикэм и унафэщӏхэмрэ Адыгэ Хасэмрэ Черкесск дэт фэеплъ сыным и пащхьэм мы мазэм и 21-м къызэрагъэпэщыну пэкӏум мыкӏуэу къызэрымынэнум пылъынущ зи лъынтхуэм адыгэлъ щызежэ дэтхэнэ зыри.

Иджы сывдэгуэшэнщ Куэбл Сулътӏан сыным и ухуэкӏэм теухуауэ гъэщӏэгъуэну сызыщигъэгъуэзамкӏэ. Нэзий иӏэу щӏа сыным и къэухьыр метр зэбгъузэнатӏэ пщыкӏутӏ мэхъу, абы и кум итщ къамэ ӏэпщэ дэгъэзеяр, пэщӏэсэм тегъэбыдыхьа мэӏухукӏэ и гупэри и щӏыбри узэдауэ.

Къамэр — хахуагъэм, щӏыхьымрэ бгырыс лъэпкъхэм я зауэлӏхэм къадекӏуэкӏ щхьэмыгъэзагъэмрэ я нагъыщэщ. Фэеплъ сыным и жыпхъэр Сулътӏан щигъэхьэзырым, зауэр къызэрагъэувыӏар къамапӏэм илъу зэрыщытын хуеймкӏэ нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэфащ. Къамэкӏыр къэщӏыхьащ адыгэ тхыпхъэщӏыпхъэ зэмылӏэужьыгъуэхэмкӏэ.

Мэӏухухэр — Хэкур хъумэным я нагъыщэщ. Абыхэм я кум дыщэпсу къыхэцӏуукӏ сэдзэхэмрэ шабзэхэмрэ бийм и мыжурэпэм дыщахъумэу аращ къикӏыр. Сыным и лъабжьэм къещӏэкӏа щимэ пэу пщыкӏутӏым гурыӏуэгъуэ тщащӏ Адыгэ Хэкум къриубыдэу щыта щӏыналъэ бжыгъэр, ахэр зы ӏэштӏым лъэщу зэрызэрыӏыгъар. Ищхьэӏуэкӏэ винт мыулъийхэмкӏэ хэӏуэнтӏащ нэзихыу гъэжа фэеплъ плитэ пӏащӏэхэр, Кавказ зауэм зи псэ хэзылъхьахэм лӏыгъэу яхэлъар, адыгэщӏым и хуитыныгъэм хуэпсэуахэр дигу къагъэкӏыжу.

Кавказ зауэм хэкӏуэдахэм фэеплъ сын хуагъэувын хуейуэ хэгъуэгум и ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид унафэ къыщихьам, Куэбл Сулътӏан сыным и теплъэр и нэгу къызэрыщӏигъыхьэм хуэдэу тхылъымпӏэм щитхагъэххэу иӏэти, и лэжьыгъэр иригъэхьащ КъЧР-м и Правительствэм къызэригъэпэща комиссэм хэдэ-хэплъэ ӏэмалкӏэ фэеплъ сынхэм я проекту щыӏэхэм я нэхъыфӏыр сэтей къыздащӏыну зэпеуэм.

Черкесск къалэм зи ӏэрыкӏ къыдэзыгъэувэну хъуапсэхэм яхэтт Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цӏыху ӏэпщӏэлъапщӏэхэр, ди лъахэм щыщу Куэблым щӏыгъут скульптор гъуэзэджэ Кӏэмрыгу Хьэтызэ (Тхьэм здэкӏуам щигъэтынш).

Зэпеуэм хагъыхьа дэтхэнэ лэжьыгъэри зэщымыщу икӏи бэлыхьу щӏат. Зым къыщыгъэлъэгъуат шы иудам и фӏалъитӏыр дэгъэзеяуэ, абы къуаргъ тесыжу. Етӏуанэр теухуат ӏэщэ-фащэкӏэ узэда адыгэ зауэлӏыр испы унэм къызэрыщӏэжам. Хьэтызэ итха чертежыр нэхъ инт, нэхъыбэ къызэщӏиубыдэу — бгы теплъэу щӏа мывэм зэхэуэм и пэмрэ и кӏэмрэ къыхэӏущӏыкӏат, и гъунэгъуу щытт адыгэ анэм нану цӏыкӏур и бгъафэм щӏикъузауэ иӏыгъыу.

—Сыныр иджыри дыуха щӏыкӏэкъым. Абы лъэныкъуитӏымкӏи иӏэ дэкӏуеипӏэ цӏыкӏухэм зэпэплӏимэу къыщыдгъэна щӏыпӏэ нэщӏхэм барельеф теплъэу сыныщӏэхэр щыдгъэувын ди мурадщ. Зы плӏанэпэр хухэтхынущ Кӏэмрыгу Хьэтызэ къыщӏэна лэжьыгъэм, етӏуанэр теухуауэ щытынущ адыгэм и мамыр гъащӏэм, ещанэр — тырку кхъухьыр къэсыным пэплъэу жыг щӏагъым щӏэс, псэ зыхэмытыж нанур идиихьауэ зи куэщӏ илъ лӏыжь-фызыжьым, еплӏанэр — зауэнэужь илъэсхэм ди лъэпкъым гъащӏэщӏэ иухуэн зэрыщӏидзэжам, — фэеплъ ухуэныгъэм хищӏыхьыжыну къыпэщылъым теухуауэ жеӏэ Куэблым.

Мыбдежым къыхэзмыгъэщ хъунукъым фэеплъ сыным теплъэу иӏэнур тхыным Куэблым илъэсиплӏ зэрыфӏихьар, абы сурэтыщӏ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд чэнджэщкӏи ӏуэхукӏи дэгъуэу зыкъыщӏигъэкъуауэ зэрыщытар.

Дахэрэ уардэу щӏауэ адыгэхэм сын яхуэгъэфэщэнрати нэхъыщхьэр, мывэхэкӏхэмрэ гъущӏхэкӏхэмрэ елэжь москвадэс ӏэщӏагъэлӏ лъэрыхьхэм сыныр ярегъэщӏ Сулътӏан. Мазитӏкӏэ домбеякъым кӏэрыса ӏэпэӏэсэхэм, мэӏухум къамэхэмрэ шабзэхэмрэ къыщыхагъэжым, ахэр ӏупщӏу щытын щхьэкӏэ, трахъукӏри шэху плъыфэншэ трагъэлъэдэжащ, уэс къытесэми уэшх къытешхэми улъия кърамыгъэщтэну.

—Хэткӏи гурыӏуэгъуэщ фэеплъ сын къызэрымыкӏуэ щӏынми гъэувынми ахъшэшхуэ зэрытехуэр. Ди хэгъуэгум щыщу мылъку зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъу куэд яхузэфӏэкӏ къамыгъанэу къыддэӏэпыкъуащ. Лъэпкъыпсэхэм сыным и щӏыпщӏэри тхуатащ, и лъабжьэм ихъуреягъкӏэ хэтлъхьа пкъыгъуэхэмкӏи дыкъызэрагъэпэщауэ щытащ, — игу къегъэкӏыж Сулътӏан.

Щӏым къыхэкӏа сыт хуэдэ хъугъуэфӏыгъуэми пӏалъэ иӏэу Тхьэм игъэпсащи, сынри хуэныкъуэщ къыкӏэлъыплъын цӏыхуӏэ. Гуапэ зэрыхъущи, КъЧР-м и Щӏалэгъуалэ Адыгэ Хасэм хэтхэм абы гулъытэ егъэгъуэтыныр къалэн зыщащӏыжауэ, накъыгъэм и 21-м ехъулӏэу ар ятхьэщӏ, зэхуей хуагъазэ.

Куэбл Сулътӏан сыщепсалъэм къыбгъэдэкӏа гупсысэхэр хъарзынэт зэкӏэ, ауэ зым сыкъызэщӏиӏэтащ сигъэгушхуэу: «Фэеплъ сыныр Черкесск щыгъэувэным хэлӏыфӏыхьахэри, нобэ ар здэщыт щӏыпӏэм екӏуалӏэурэ зауэм ижь къызыщӏихуахэм яхуэщыгъуэ, яхуэгумэщӏ ди лъэпкъэгъухэри псэхыж хъужыкъуэмэ зэгуэр, абыхэм яужь къинэнухэм фэеплъу къахуэнэнущ я щхьэр ину языгъэлъагъужыни, пщӏэ зэрызыхуащӏыжыни…»

Yazarın Diğer Yazıları

КуэдкIэ дыпщогугъ, Адемыркъан!

Жэпуэгъуэм и 11-13 махуэхэм Кипр Республикэм и Ларнакэ къалэм самбомкIэ Дуней псом пашагъэр къыщыхьынымкIэ дыщэ медаль къыщызылъэща, зи ехъу-лIэныгъэмкIэ адыгэ лъэпкъри, Къэрэшей-Черкесри, Урысейри, езыр...

Уи бзэр бгъэлъэпIэныр гурыфIыгъуэщ

«Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэкъым» жи адыгэм. ЦIыхум щIэныгъэу бгъэдэлъым, гъащIэ зэхэщIыкIыу иIэм, и зэчиймрэ и гуащIэдэкIымрэ хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ игъуэу зэрагъуэтыпхъэр шэч зыхэмылъщ. Къэрэшей-Черкес къэрал...

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакlуэ щэджащэ Руставели Шота и цlэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщlэ лъэпкъ труппэхэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img