Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэт зауэшхуэм теухуауэ

Махуэ зыбжанэ дэкӏмэ, цӏыхубэм дгъэлъэпӏэнущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 щрикъу махуэр. Гъэ бжыгъэ ӏэджэ дэкӏащ абы лъандэрэ, къэувыжащ лъэ быдэкӏэ ди Хэкур, жыгышхуэ хъуащ хасэгъар чы лантӏэу, тыншыжащ цӏыхубэм я гур, я псэр.

Дызэрыщыгъуазэщи, июным и 22-м 1941 гъэм, зыгъэпсэхугъуэ махуэу, нэмыцэдзэр къыттеуащ хьэщхьэрыӏуэ бзаджэу. Гущӏэгъу зимыӏэ,зи лыр мыуз,бзаджагъэм зи гур итхьэкъуа нэмыцэхэм къапэщӏэхуэр зэтракъутэрт, къуажэхэр, къалэхэр зэтрагъасхьэрт. Къару фӏыцӏэм и ӏэпэхэр дэнэкӏи щигъэджэгурт,щӏыналъэ дахэхэр, гур дэзыхьэх щӏыпӏэхэр щӏым щыщ ищӏырт. Ауэ апхуэдиз лейр,мыхъумыщӏэр цӏыхухэм яхуэшэчакъым. Игъащӏэм ӏэщэ зымыӏыгъа лъахэм и къуэ пэжхэмрэ ипхъухэмрэ зэуэ зыкъаӏэтащ щалъхуа адэжь щӏыналъэр яхъумэну. Анэ бгъафэ хуабэм ӏэфӏу щыжей сабийхэр къигъаскӏэу гуих-псэихыу фашист кхъухьлъатэхэм бомбэ хьэлъэхэр псэуалъэхэм дадзэрт. Мафӏэ лыгъейм зэщӏищтэрт нэм къиплъыхь псори. Бий гущӏэгъуншэм и мурад бзаджэхэр зэхэкъутэн,ар ди щӏыналъэм ихужын хуейт, нэмыцэхэм бгъэгукӏэ пэщӏэувауэ Хэкур щхьэхуит къэщӏыжыпхъэт. Мыпхуэдэ гупсысэм зы ищӏащ цӏыхубэр. Зэман бзаджэм ирихьэлӏэу яусыгъа уэрэдхэми къыхэщыр зыт-зауэм кӏуахэм лӏыгъэ яхэлъу фашистхэм езэуэну, хахуэу, мышынэу бийм пэщӏэтынхэу, текӏуэныгъэр я ӏэрылъхьэу къагъэзэжынхэу. Ди щхьэхуитыныгъэр къазэуну зауэм кӏуахэр куэд, куэд дыдэ мэхъу, къэзыгъэзэжахэри мащӏэщ. Ауэ нобэкӏэ ди гъусэу къыддэбакъуэу къэнахэри мащӏэ дыдэщ.

Фашистыдзэр Хэкум къилъадэрт лъыпсыр къызыпыж шэрхъыу. Ар гущӏэгъуншэт, ауэ а къарум пэщӏэуващ цӏыху гуащӏэрыпсэухэр. Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэ дэс цӏыхухэри адрейхэм ещхьт. Фашистыдзэм пэщӏэувэну къуажэ цӏыкӏум дэкӏащ цӏыху 126-рэ. Хэку зауэшхуэр иуха нэужькӏэ къэзыгъэзэжар цӏыху 50-щ. Абыхэм яхэтщ зы унагъуэм щыщу тӏум я псэр хэкум папщӏэ ятауэ. Тэрч къыщыщӏэдзауэ Берлин нэсыху кӏуахэщ ахэр, мащэр къэзытӏа хьэщхьэрыӏуэдзэр абы ирагъэхуэжащ. Лӏыгъэ дэтхэнэми къигъэлъэгъуащ, ди щхьэхуитыныгъэм щӏэзэуащ. Си къуажэм и лӏыхъужьхэм я цӏэ-унэцӏэр иджыри зэ къисӏуэмэ,газет щӏэджыкӏакӏуэхэр щызгъэгъуазэмэ, си гуапэщ:

Апхуд Хьэмзэт
Бацэ Дзадзу
Бацэ Къэрней
Бацэ Латӏиф
Бацэ Митэ
Бацэ Мухьэжыр
Бацэ Суфьян
Бацэ Чылани
Дзасэжь Шагъир
Жамбей Хьэзрэӏил
Зэифӏ Алий
Зэифӏ Къадир
Къуэныхь ӏэуес
Кхъуэныхь Назир
Кхъуэныхь Шагъир
Кӏэмыргуей Хьэбыж
Кӏэмыргуей Хьэмгъуэт
Къанкъул Анатолэ
Къанкъул Асчэрбий
Къанкъул Гьалий
Къанкъул Данилэ
Къанкъул Дзру
Къанкъул ӏилэ
Къанкъул Къанщобий
Къанкъул Лъостэн
Къанкъул Мусэ
Къанкъул Мусэбий
Къанкъул Мухьэб
Къанкъул Сулътӏан
Къанкъул Мухьэжыр
Къанкъул Чэшиф
Къанкъул Хьэбан
Кӏашэ(Кашев) Талий
Къуэдзокъуэ Сафэрбий
Къуэдзокъуэ Мэцу
Къуэдзокъуэ Потӏэ
Къуэдзокъуэ Хьэбалэ
Къуэдзокъуэ Хьащым
Къуэдзокъуэ Хьэмгъуэт
Къуэдзокъуэ Худ
Къущхьэ Гьалым
Къущхьэ Мухьэмэд
Къущхьэ Нуралий
Къущхьэ Хьэмид
Махуэлӏ Къарэлбий
Махуэлӏ Лъостанэщ
Махуэлӏ Мицикъэ
Махъуэщ Къарней
Махъуэщ Къарэкъан
Махъуэщ Нахупщ
Нэчо Сулътӏан
Пэкъу Хьэпашэ
Пщунэ Мусэ
Токъубей Абдул
Токъубей Батий
Токъубей Болэ
Токъубей Тӏалэ
Токъубей Хьэжпагуэ
Тау Мухьэмэд
Тау Мысост
Тау Шыкъэ
Тхьэбысым Хьэтым
Хьэмыз Уэли
Хьэӏупщы Бэби
Хьэщхъуэжь ӏэуес
Хьэщхъуэжь Юсуф
Хьэпцӏэ Бэч
Цӏыпӏынэ Батырбэч
Цӏыпӏынэ Музэчыр
Цӏыпӏынэ Сихьэт
Цӏыпӏынэ Хьэбиц
Щауэ Назир
Шыбзыхъуэ Юсуф
Шыбзыхъуэ Мухьэз
Шыбзыхъуэ Мухьэмэд
Шык Щамил

Зауэ мафӏэм и лыгъэм псынщӏэу зеубгъу. Абы пэщӏэт имыӏэмэ,псори фӏыцӏагъэм хуешэ. Фашистыдзэм и мафӏэ лыгъэри пэщӏэкӏуэтакъым езы Къамылыкъуэ къуажэми. Къуажэр мазитху нэблагъэкӏэ яӏыгъащ нэмыцэхэм, ауэ абыхэми кърагъэкӏуэтакъым къуажэдэсхэр. Зауэ ӏэнатӏэм ӏут цӏыхухэм папщӏэ щыгъын хуабэхэр зауэлӏхэм хурагъэшащ.

Къуажэр езыр щаубыдар 1942 гъэм и август мазэут. Колхозым гъавэр ӏуихыжатэкъым,псори ӏэ хуэныкъуэт. Гъавэр къехьэлӏэжыным сабийхэри, балигъхэри пэщӏэуващ, лъэхъэнэ гугъум зэгъусэу пэлъэщахэщ. Мы зэман хьэлъэм Ленинград блокадэм кърашауэ цӏыху 20-м ядэӏэпыкъуащ къуажэдэсхэр. Си анэшхуэ Махуэлӏ ӏэминат зэрыжиӏэжамкӏэ, абыхэм яхэтащ цӏыхухъухэри,цӏыхубзхэри,сабийхэри. Ауэ гъэщӏэгъуэныр мыращ: Ленинград къикӏахэр нэмыцэхэм ямылъагъуу яхъумэфащ си къуажэгъухэм. Къуажэр хуит хъужа нэужь, ахэр Псыхуабэ яшэри, мафӏэгум ирагъэтӏысхьэжахэщ.

Нобэкӏэ а зэман хьэлъэм дриплъэжмэ жыдоӏэ а зауэр гугъуу щытауэ. Девгъэгупсысыт дэр папщӏэ а зауэм цӏыхупсэу хэкӏуэдам. Пхужымыӏэнщ икӏи пхуэмытхынщ!Зауэм къикӏыжауэ е а лъэхъэнэм хэпсэухьа цӏыхухэм ящыщ зыгуэр абы щытепсэлъыхькӏэ, нэм нэпсыр къокӏуэ. Илъэс къэс, уеблэмэ махуэ къэс нэхъ мащӏэ мэхъу текӏуэныгъэр къытхуэзыхьахэр. Гъащӏэм тэмэму,пкъыфӏэхэу тета цӏыху уахътыншэхэр дунейм щехыжым деж ,езы дунейри пщӏэуэ нэхъ фагъуэ мэхъу. Къамылыкъуэ Хэку зауэшхуэм хэтауэ зыри цӏыху диӏэжкъым, дэсыжкъым. Ахэр псори дунейм ехыжахэщ…Жагъуэщ, ауэ сыт ди ӏэмал. Къытхуэнар аращи, лӏыхъужьыгъэ яхэлъу фашистхэм япэщӏэува, текӏуэныгъэ къытхуэзыхьахэм я щапхъэр ди гъуазэу дыпсэунщ,абыхэм папщӏэ ягъэува фэеплъым пщӏэ хуэтщӏу. Илъэс къэмынэу ди къуажэ унафэщӏри яхэту, курыт еджапӏэм и лэжьакӏуэхэри, еджакӏуэхэри, щэнхабзэм и унэм щылажьэхэми Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъыр къагъэщӏэрэщӏэж, лӏыхъужьхэм теухуа псалъэ макъхэр ирагъэкӏуэкӏ. Жэщи-махуи зэпыу имыӏэу фэеплъ сыным деж щыблэ мафӏэм къегъэлъагъуэ ди лӏыхъужьхэр зэрытщымыгъупщар.

Махуэщӏэм пэджэ пщэдджыжь бзыгъэр макъ икӏа гуэрым зэхифыщӏащ, топышэ макъхэм цӏыхубз, сабий кӏий макъхэм зыхаухуэнащ, дуней нэщхъыфӏэр занщӏэу зэщӏэуфӏыцӏащ, ди къэралым нэмыцэр дзэ фӏыцӏэу къытегуплӏащ. Ар хэт и зэран? Цӏыху мыхъумыщӏэрщ, Гитлер бзаджащӏэрщ.

Шэ макъым зигъэпсэхуу хуежьащ, сабий цӏыкӏухэм я нэгу дыгъэр щоджэгу, цӏыхупсэр фӏым,дахагъэм поджэ, жыгыщӏэхэр къэщӏэрэщӏэжащ. Ар хэт зи фӏыщӏэр?Ди цӏыхубэрщ,ди лӏыхъужьхэрщ!

Щремыӏэ зэикӏ зауэ, къремыӏу сабийхэм я гъы макъ! Иугъащӏэ мамыр гъащӏэм, иугъащӏэ!

Yazarın Diğer Yazıları

Сыткӏи щапхъэ Шэру Заринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм...

Псэм къыдэщӏ Джэдмышх Иринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм...

«Афэ джанэм и таурыхъ»

Мы хъыбарыр къэзыlуэтэжар си адэшхуэ Махуэлl Жантемырщ. Ар сэ къызжезыlэжар си адэ Замирщ. Зэман куэд дэкlакъым адыгэ жьэгум пэрыс цlыхухэм я жэщтегъэууэ таурыхъхэр, шыпсэхэр, уэрэдхэр,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img