Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мифологиер зэрыпсэум и зы щыхьэт

«Дунейм цӏыху тетыху мифологиери щыӏэнущ», – жеӏэ егъэджакӏуэ Пащты Мадинэ. Сызэригугъэмкӏэ, егъэджакӏуэм хьэуэ жиӏэнтэкъым, «мифологие» псалъэм и пӏэкӏэ «культурэ» псалъэр идгъэувэми. Лъэпкъ культурэр дакъузэми, ар щагъэгъупщэну яужь ит пэтми, зэрымыщӏэкӏэ езыр-езыру къыкъуокӏыжыр, щыхуомыгъэфащэ дыдэхэм деж утыку къохьэжыр, ар зей цӏыхур зыгуэрым къыхуриджэу, гупсысэ игу къигъэкӏыу. Хэку икӏыжым, хамэ щӏыналъэ ӏэпхъуэным хуэдэ гуауэ блэдгъэкӏахэр тщыгъупщэми, ди культурэм – хамэ щӏыналъэм дежми – дызэрыпсэуфын ӏэмал къыдетыр.

Мыпхуэдэ ӏуэхугъуэхэм щӏэныгъэкӏэ щыхьэт техъуэрэ дэри абыхэм дыщызыгъэгъуазэ цӏыху хъарзынэхэм депсэлъылӏащ. Иужьрей илъэсхэм Тыркум и академие ӏуэхухэр мыщӏагъуэу щытами, Дюзджэ университетымрэ Эрджиес университетымрэ щылажьэ къудамэхэм ӏуэхуу зэфӏаххэмкӏэ, Кавказым къикӏа щӏэныгъэлэжьхэм я хэлъхьэныгъэфӏхэмкӏэ дагъэгуфӏэ.

Мы къыдэкӏыгъуэм уэршэрэгъу дахуэхъуащ Эрджиес университетым адыгэбзэмрэ адыгэ культурэмкӏэ кафедрэм и егъэджакӏуэ Пащты Мадинэрэ ещанэ курсым и студент Тохъу Назанрэ. Ахэм я щӏэнзекӏуэм гъусэу дыхашащи, иджыри зэ тхьэгъэпсэу яжетӏэну дыхуейт.


-Япэ щӏыкӏэ кӏэщӏу зы­къэдыбгъэцӏыхумэ, уи щӏэныгъэ лэжьыгъэм укъытхутепсэлъыхьмэ ди гуапэт.

Пащты Мадинэ

-2018 гъэм щегъэжьауэ Эрджиес Университетым (Къайсэр къалэ) адыгэбзэмрэ адыгэ культурэмкӏэ кафедрэм егъэджакӏуэу ыщолажьэ.

Мыбы ипэ сыщылэ­жьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щӏэныгъэхутэ институтым фольклорымкӏэ и къудамэм, си насып къихьащ адыгэ щӏэныгъэлӏ цӏэрыӏуэхэу Къардэнгъущӏ Зырамыку, Нало Заур, Гъут Ӏэдэм, ЦӏыпӏынэАслъэн сымэ садэлэжьэну. Мы институтым щызгъэхьэзыращ адыгэ ӏуэрыӏуатэмкӏэ си кандидат диссертацэр.

Унагъуэкӏэ Мейкъуапэ дыӏэпхъуа нэужь, Адыгэ къэралыгъуэ университетым адыгэ тхыдэмрэ культурэмкӏэ и кафедрэм, Адыгэ лъэпкъ щӏэныгъэ центрым, профессор Унэрокъуэ Рае зи унафэщӏым, сыщылэжьащ. Абы къыдэкӏуэу Кӏэрашэ Тембот и цӏэр зезыхьэ Адыгэ Республикэм и гуманитар институтым этнологиемкӏэ и къудамэм деж щӏэныгъэ ӏуэхум яужь ситащ. Си къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зытегъэпсыхьар темэ зыбжанэ мэхъу. Миф-дауэдапщэ культурэм илъэс бжыгъэкӏэ яужь ситащ дунейм ехыжа си адэ Мыжей Михаил и лэжьыгъэ къэнар нэзгъэсын мурадкӏэ. Ныкъуэтхыу (статья 100 хуэдиз фӏэкӏ мыхъуу) къэна «Мифологие псалъалъэр» си адэм и ныбжьэгъуу щыта нэхъыжьхэр, си щӏэныгъэ чэнджэщакӏуэхэр къыздэӏэпыкъукӏэрэ иризгъэкъужри, тхылъыр «Адыгэ мифологием и энциклопедие» фӏэщыгъэцӏэм щӏэту 2012 гъэм адыгэбзэкӏэ, 2018 гъэм тыркубзэкӏэ къыдэкӏауэ щытащ.

Тохъу Назан, Пащты Мадинэ

Ауэ уи академие лэжьыгъэм щыщу унэтӏыныгъэ нэхъыщхьэу плъытэр, нэхъыфӏу плъагъур сыт жыпӏэмэ, Тыркум ис адыгэм я деж щезгъэкӏуэкӏ фольклор-антропологие къэхутэныгъэхэращ. Мы темэмкӏэ Metropol тхылъ тедзапӏэм (Анкара) 2020 гъэм си тхылъ къыщыдэкӏащ («Фольклор черкесской диаспоры: локальная традиция и ее носитель»), икӏи 2022 гъэм Москва Дунейпсо литературэмкӏэ институтым, Урысей щӏэныгъэ академием епхам, доктор диссертацэр щыпхызгъэкӏащ.

Си студентыгъуэ лъандэрэ сызыщӏэхъуэпсу щыта зы лэжьыгъи иджы куэд мыщӏауэ едгъэжьащ. Ар адыгэбзэм и диалектхэмрэ псэлъэкӏэхэмрэ къэгъуэтыжыныр, къэхутэнырщ. Тыркум щедгъэкӏуэкӏа лингвист экспедицэм теухуа репортажыр «Жынэпс» газетым 2023 гъэм дыгъэгъазэ мазэм и къыдэкӏыгъуэм къыщытрадзауэ щытащ.

-Иджыпсту Къайсэр ущопсэу. Къалэм уесэныр гугъут? Гъэщӏэгъуныщэ пщыхъуа е узэмыса зыгуэр урихьэлӏат?

-Къайсэр хэсыхьыныр сэркӏэ гугъутэкъым, сыту жыпӏэмэ, мыбы ипэжкӏи къуажэ 70 хуэдиз хъу адыгэ жылэшхуэу Узун-Яйлэм бжыгъэрэ дыкъакӏуэурэ фольклор экспедицэ щедгъэкӏуэкӏат. Мыбдеж ныбжьэгъу щызикуэдщ, згъэпсэлъауэ щыта нэхъыжь ӏущхэм я бынхэр, я быныжхэр сытым щыгъуи ӏэфӏу къысхущытахэщ, Къайсэр Адыгэ Хасэми (Kayseri Kafkas Derneği жыхуэтӏэм) сазэрыдэлэжьэным, сазэрыдэӏэпыкъуным яужь ситащ, езыхэми сыт и лъэныкъуэкӏи зыкъысщӏагъэкъуащ. А псом къыхэкӏыу Къайсэрыр сэркӏэ хамэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, унагъуэм, хэкурыс ныбжьэгъу-лэжьэгъухэм пэӏэщӏэ уащыхуэхъукӏэ, ар зыхомыщӏэнкӏэ ӏэмал иӏэкъым, загъуэрэ «хэхэс гъащӏэ» жыхуаӏэм и щӏыӏагъыр нэгъэсауэ уи псэ-уи щхьэкӏэ къыщыплъэӏэс мэхъур. Ауэ «хэхэсым сарихэхэсыжу даурэ сыдэсыну» жысӏэу зэи сигу къэзгъэкӏакъым.

Нэхъ гъэщӏэгъуэныпӏэу сызрихьэлӏари сызэлэжь ӏуэхум щыщщ: тхыбзэрэ профессионал (сценэ) культурэрэ здэщымыӏэ диаспорэ хэгъэгум лъэпкъыщхьэм, лъэпкъ культурэм езыр-езыру зэрызихъумэжым, ар лӏэужькӏэрэ зэрызэӏэпахым укӏэлъыплъыныр телъыджэщ.

-Мы упщӏэр Тохъу Назан естагъэххэщ, ауэ уэри жэуап къептамэ си гуапэ хъунут: нобэр къыздэсым хъума хъуар сыт хуэдэ мифхэра?

-Дуней хъурейм цӏыху тетыху мифологиер кӏуэдынукъым. Нэхъ тэрэзу жыпӏэмэ, лъэпкъ мифологием зыкъиухуэжрэ зыкъызэфӏигъэувэжурэ псэун папщӏэ и щыщӏагъэр ӏуэхугъуитӏщ: анэдэлъхубзэмрэ цӏыхур абыкӏэ зэрызэлъэӏэс ӏэмалхэмрэ (щӏэныгъэм «контакт коммуникацэ» жыхуиӏэр). Нэгъуэщӏу жыпӏэмэ, мифологие фӏэщхъуныгъэхэр тхьэхэм, нартхэм, миф бзаджащӏэхэм ятеухуа хъыбархэмкӏэ дунейм къытохьэ, яӏуатэурэ щопсэу, токӏыж. Адыгэ мифологиер и лъапсэкӏэ пасэрей (архаик) миф системэхэм халъытэ икӏи, псоми зэрытщӏэщи, ар нарт эпосым къыгуэпх мыхъуну епхащ. Абы и ӏыхьэ нэхъ пасэрей дыдэр диаспорэм имызакъуэу Хэкуми ӏуэрыӏуэтэжу зэрахьэу щыдгъуэтыжыркъым, зэгуэрым ятжыхауэ фӏэкӏа. Ар нэхъыбэу зэпхар эпосымрэ мифологиемрэ ӏэщӏагъэкӏэ зезыхьэу щыта джэгуакӏуэхэр зэрыдимыӏэжыращ.

Къызэрывгурыӏуэщи, чристэн, муслъымэн динхэр къащтэн ипэ щыӏа фӏэщхъуныгъэхэм ящыщу къэнэжахэр мащӏэ дыдэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, прожем дыщелэжьым дымыгъэщӏэгъуэн тлъэмыкӏыу пасэрей адыгэ пантеоным хэт Щыблэ и культым щыщ зы кӏапэлъапэ дрихьэлӏащ. Этнографие литературэр куэду щыгъуазэщ пасэрей адыгэхэм щыблэм иукӏа цӏыхум е псэущхьэм худахыу щыта дауэдапщэм: хьэдэр къуажэкхъэм ямыхьу, щиукӏа щӏыпӏэм деж мывэкхъэ хуащӏырти, «Щыблэуджыр» жаӏэурэ и хъуреягъым къеуджэкӏыжхэт. А пасэрей хабзэжь щымыӏэжым щыщ дгъэпсэлъа нэхъыжь гуэрым къытхуиӏуэтэжащ. Нобэ Узун-Яйлэ къуажитӏым я зэхуаку апхуэдэ зы мывэкхъэ итщ, «Махьир и кхъэ нэпцӏ»-кӏэ еджэу. Зэраӏуэтэжымкӏэ, Тохъу Махьир Хэкум япэу къикӏахэм ящыщт. Губгъуэм иту щыблэр къыщеуэм, и хьэдэр къуажэкхъэм яхьри муслъымэн жэназы хабзэкӏэ щӏалъхьащ, ауэ къыщеуа щӏыпӏэми мывэкхъэ хуащӏащ. Аращи, «адыгэ дин синкретизм» жыхуэтӏэм и зы щапхъэщ мыри.

Мывэкхъэ. Щыблэм иукӏа Тохъу Махьир и кхъэ нэпцӏыр. Узун-Яйлэ Анзорей Цӏыкӏу (Пазарсу) къуажэм_и_ӏэхэлъахэм.

Мифологием и етӏуанэ ӏыхьэри щӏэныгъэм «актуал мифологие» е «демонологие» жыхуиӏэращ, лъэпкъ терминологиекӏэ жыпӏэмэ – «бзаджэнаджэ хъыбархэр». Хэкуми диаспорэми мы ӏыхьэр нэхъ хъума щыхъуащ. Ди сабиигъуэм щегъэжьауэ псоми зэхыдох уд, алмэсты (къуэлбастэ), лъэужьей, жэщтеуэ, Псыхъуэ-нанэ, Губгъуэ-нанэ, жын, шейтӏан сыт хуэдэхэм ехьэлӏа хъыбархэр.

Махьир и шым и мывэкхъэр.

Диаспорэмрэ Хэкумрэ миф фӏэщхъуныгъэхэр дэнэ деж нэхъ хъумауэ къыщызэтенами, ахэр дауэдапщэхэм зэрыхэувэ щӏыкӏэхэр зэпэплъытурэ къэпхутэжыфынущ, ди прожери мыпхуэдэ къэхутэныгъэхэм я лъабжьэу, я къегъэжьапӏэу щытщ. Псалъэм папщӏэ, ар дэ къыдгурыӏуэми, е абы десарэ гу лъыдмытэжми, сабий къэхъуным, нысашэм, хьэдэщӏэлъхьэм ехьэлӏа дауэдапщэхэр мифологие фӏэщхъуныгъэхэм нэхъ епхауэ къызэтонэжыр. Нысэтхьэлъэӏум, диаспорэм я нысашэ егъажьэ хъуэхъум и къарур щӏагъуащэ ди фӏэщ мыхъужынкӏи мэхъу, ауэ а тхьэлъэӏур дауэдапщэм и къарукӏэ быдэу гъэжа мэхъу, илъэс дапщэ темыкӏами дгъэзащӏэу, езы нысашэр зэрекӏуэкӏынури ныбжьыщӏитӏым я гъащӏэ насыпри абы зэтригъэбыдэрэ къихъумэу. Е, псалъэм папщӏэ, «бзаджэнаджэ (демонологие) хъыбархэм» я къалэнхэм деплъмэ, ахэм цӏыхур зыхэпсэукӏ ландшафтыр къызэтрагъэпсыхь, «емрэ фӏымрэ» зэхагъэкӏкӏэрэ щӏыуэпсымрэ цӏыхум я социал космосымрэ зэпэщ, зэкӏу ящӏурэ зэрагъэзахуэ.

Кӏэщӏу жыпӏэмэ, мифологиер лъэпкъ щӏэныгъэм и зы ӏыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы къыхэкӏыу диаспорэ жылэхэм я лъэпкъыщхьэр (идентичность жыхуэтӏэр) къэзыхутэ щӏэныгъэлӏхэм япэ дыдэу мифымрэ дауэдапщэмрэ хъума зэрыхъуар къахутэр. Дэ ди прожеми мыбы и ӏуэхукӏэ материалым и щхьэфэ дыдэр къитӏэщӏауэ аркъудейщ.

-Фи къудамэм щеджэ студентхэм, ахэм фи деж щагъуэт щӏэныгъэм теухуауэ сыт жыпӏэфын?

-Дэ ди студентхэри, дэ зэредгъаджэ щӏыкӏэхэри адрей кафедрэхэм мащӏэу къащхьэщокӏ. Ди гуапэ зэрыхъущи, Тыркум и университетхэм адыгэбзэр хамэбзэу зэребгъэджын дерс тхылъхэр иджыпсту дунейм къытехьэу хуежьащ. Хэкум къикӏа егъэджакӏуэхэм ди академие тыркубзэр нэхъ хэхъуэху, апхуэдэ тхылъхэмрэ методикэхэмрэ нэхъыбэ хъункӏэ догугъэр. Ди студентхэм ящыщу куэдым нэгъуэщӏ дипломрэ щӏэныгъэрэ яӏэххэу къытхуокӏуэр, я анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ культурэмкӏэ щӏэныгъэу яӏэм хагъэхъуэн мурадрэ гукъыдэжрэкӏэ гъэнщӏауэ. Языныкъуэм адыгэбзэр фӏы дыдэу ящӏэр, языныкъуэри хамэбзэр зэраджым хуэдэу пэрохьэ. Егъэджакӏуэм и къалэн нэхъ гугъу дыдэри гупым хэс дэтхэнэ зы студентри аразы къэщӏыныр, щӏэныгъэкӏэ иригъэкъуныр аращ – алфавитым деж щегъэжьауэ академие лингвистикэм, тхыдэм, этнографием щыщӏэкӏыжу. Мыри жыӏэпхъэщи, дэтхэнэ зыри еджэкӏэ ищӏэу еджакӏуэ къакӏуэкъым, псоми я мурадхэри зэтехуэкъым. Дэри зэрытлъэкӏкӏэ Хэкум зэригъэпэща академие щӏэныгъэм ди студентхэр нэхъ пэблагъэ зэрыхуэтщӏыным, зэрыхэтшэным яужь дитщ. Апхуэдэ мурадкӏэ дыхуейт Хэкум и университетхэм дадэлажьэкӏэрэ студент щӏэнзэхуэсхэр – конференцэ, семинар сыт хуэдэхэр – едгъэкӏуэкӏыну.

Гулъытэ къызэрытхуэфщӏамкӏэ тхьэразы къыфхухъу!


-Япэрауэ, фи прожер ТУБИТАК фондым къабыл зэрищӏамкӏэ сынывохъуэхъу. Ухэтми зыкъэдыбгъэцӏыхумэ, фи прожем кӏэщӏу и гугъу къытхуэпщӏамэ ди гуапэ хъунт.

Тохъу Назан

-Сэ си цӏэр Назанщ, Тохъухэ (тыркубзэкӏэ – Ток) сащыщщ, Къайсэр къалэм епха Узун-Яйлэ жылэм хыхьэ Пэзэрсу (Анзорей Цӏыкӏу) къуажэм сыкъыщыхъуащ. Эрджиес университетым и филологие факультетым адыгэбзэмрэ адыгэ культурэмкӏэ къудамэм и ещанэ курсым сыщоджэ. Си еджэгъухэу Аглан Ведат, Дэдэхъу (Узун) Хьэрун, Къуэкӏасэ (Озден) Чигдем, Хьэткъуэ (Шенкул) Хьандан сымэ ягъусэу, ди кафедрэм и егъэджакӏуэ Пащты Мадинэ ди чэнджэщэгъуу, мы темэр нэхъ тфӏэгъэщӏэгъуэн хъури, лэжьыгъэр къэтхутэн мурадкӏэ къыхэтха хъуащ.

Ди къэхутэныгъэм и темэр: «Курыт Анэдолэм ис адыгэхэм я ӏуэрыӏуатэмрэ я бзэмрэ хэт мифологие-дауэдапщэ терминхэр». Прожер зезыгъэкӏуар сэрат, щӏэныгъэ чэнджэщэгъури, зэрыжысӏащи, Пащты Мадинэт. Иджыркӏэ зэхуэтхьэсыфа материалыр термин 176 хъууэ «Мифологиемрэ дауэдапщэхэмрэ я псалъалъэ» цӏыкӏу хъуащ. Мурад нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжахэм ящыщщ Курыт Анэдолэм ис адыгэхэм я ӏуэрыӏуатэм мыкӏуэдыжауэ иджыри щызэрахьэ терминхэр – миф-фӏэщхъуныгъэ хъыбархэм, дауэдапщэм, псалъэжьхэм, псэлъафэхэм хэтхэр – къэгъуэтыжыныр, къыхэгъэщыныр, системэм тету тхыжыныр. Теориекӏэ ди лэжьыгъэм тегъэщӏапӏэ хуэхъуащ фольклорымкӏэ, этнографиемкӏэ, мифологиемкӏэ, лингвистикэмкӏэ Хэкумрэ Тыркумрэ къыщыдагъэкӏауэ щыта лэжьыгъэхэр.

-Лэжьыгъэм зэман дапщэ ихьа, фи материалыр къыщыфлъыхъуар дэнэ?

-Ди лэжьыгъэм илъэсым щӏигъукӏэ яужь дитащ. Псалъалъэм хыхьащ Къайсэр, Сивас, Гёксун хэгъэгухэм ящыщ адыгэхэм къаӏуэтэжу губгъуэ (экспедицэ) лэжьыгъэм къриубыдэу дэ ттхыжахэри, ипэкӏэ ятхыжауэ архивхэм хэлъхэри.

-Жьэрыуатэ культурэр, тхыгъэм еплъытмэ, нэхъ къэпщытэгъуейщ, ауэ, абы къыдэкӏуэуи, икӏи нэхъ бей, нэхъ гъэщӏэгъуэн къыпщохъур. Мифологием зэрызихъуэжым укӏэлъыплъыныр хуабжьу удэзыхьэх ӏуэхугъуэу къыщӏэкӏын. Сыт нэхъыбэ дыдэу бгъэщӏэгъуар?

-Шэч хэмылъу, мы зы прожем зэблихыфа губгъуэ лэжьыгъэмкӏэ материалым дэтхэнэ и зы ӏыхьэри фӏагъкӏэ, мардэкӏэ пхуригъэкъуну щыткъым. Ауэ, псалъэм папщӏэ, нысашэ дауэдапщэхэм, адыгэ джэгум епха псалъалъэр нэхъ хъумауэ, нэхъ зэгъэпэщауэ, нэхъ гурыӏуэгъуафӏэу зэрыщытыр дэркӏэ нэрылъагъу хъуащ. Абы и щхьэусыгъуэу щытыр езы дауэдапщэм и тхыдэр нэхъыжьхэм фӏыуэ зэращӏэжыращ, икӏи нобэр къыздэсым джэгур, къафэр нэхъ хъумауэ къызэрызэтенаращ. Хьэдэщӏэлъхьэ дауэдапщэхэм я псалъалъэр (хьэрыпыбзэм, тыркубзэм къыхэкӏа хамэ псалъэхэри хэту) къэпхутэнкӏэ, птхыжынкӏэ нэхъ гугъут, информантыр бгъэпсэлъэным теухуауи, щӏыпӏэ (локал) категорие гуэрхэри къызэрыхыхьэм теухуауи. Сэркӏэ нэхъ гъэщӏэгъуэн дыдэ хъуар «ӏэ сэмэгу ӏэт» хабзэм теухуауэ узун-яйлэ нэхъыжьхэм къаӏуэтэжа хъыбархэращ.

Гу зэрылъыстамкӏэ, мифым и лъэужь нэхъыбэу хъума щыхъуар нысашэ джэгумрэ хьэдэщӏэлъхьэмрэ епха дауэдапщэхэращ, е а хабзэхэм ятеухуауэ нэхъыжьхэм къаӏуэтэж хъыбархэращ. Махуэ къэс дызыхэпсэукӏ гъащӏэм мифым и лъэужь мащӏэу фӏэкӏа къыхэмынэжа хуэдэу урегъэгупсыс.

-Фи лэжьыгъэр тхылъу дунейм къытевгъэхьэн фи гугъэ? Мы прожем дяпэкӏи зегъэужьыным ӏэмал гуэр иӏэу пӏэрэ?

-Шэч хэмылъу, прожем зебгъэужьынумэ, дэ иджыркӏэ тщӏар пэублэ къудейуэ аращ. Университетым и ещанэ курсым дызэрыщӏэсу, мы псалъалъэм зэрыхэдгъэхъуэным яужь дитынущ, нэхъыжьхэм я деж щызэхэтх псалъэ къызэрымыкӏуэхэр ттхыжурэ. Дэ тӏэщӏэкӏа, зэи зэхэдмыха куэд иджыри зэрыщыӏэм шэч къытетхьэкъым. Псалъалъэ нэхъ ин зэхуэхьэсыжыныр, ар адыгэбзэкӏи тыркубзэкӏи къыдэгъэкӏыжыныр, ди лъэпкъым деж нэгъэсыныр куэду щхьэпэ хъун ӏуэхугъуэт.

-Иужьрей си упщӏэри: уэ Эрджиес университетым кавказыбзэхэмрэ культурэхэмкӏэ къудамэм ущоджэ. Мыбы къыщӏэпх щӏэныгъэр сыткӏэ щхьэпэ фщыхъурэ?

-Мы къудамэм и фӏыгъэ нэхъыщхьэ дыдэу сэ къэслъытэр ди анэдэлъхубзэмкӏэ тхэкӏэ-еджэкӏэ зэрызэдгъэщӏэфаращ. Кавказым къыщыхъуа, абы щӏэныгъэ щызыгъуэта ди егъэджакӏуэхэм я фӏыщӏэкӏэ Хэкум ис ди лъэпкъэгъухэм я гъащӏэм, Хэкум илъ щӏэныгъэмрэ культурэмрэ теухуа куэд зыдогъэщӏэф. Сэ адыгэбзэ фӏыуэ къызгурыӏуэ хуэдэу къысщыхъут, ауэ, къызэрыщӏэкӏамкӏэ, ди бзэм зи мыхьэнэ сымыщӏэ псалъэ куэд дыдэ хэтщ, уеблэмэ зэи зэхэзмыхауэ. Мыхэр къэхутэныр, ди бзэм и кууагъыр зыхэщӏэныр сэркӏэ насыпышхуэ хъуащ.

 

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img