Ашэмэзырэ, Щыблэрэ!
Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри lуэрыlуатэхэм къыхэщ цlэ цlэрыlуэхэщ.
АШЭМЭЗ: Нарт lуэрыlуатэхэм къыхэщ нэхъ лlыхъужь цlэрыlуэхэм ящыщщ. «Ашэ» и къуэщ. Нарт щlалэ къекlущ. И дыщэ бжьами лъэщыр зырехьэ. Лъэныкъуитl иlэщ:
Хужь лъэныкъуэмкlэ щепщэкlэ; плъыфэ зэмыфэгъу гъагъэхэм псоми къызыlуах. Шыналъэм зегъэщlэращlэ, гурыфlыгъуэр къобэкl.
Фlыцlэ лъэныкъуэмкlэ щепщэм щыгъуэ; Щlыналъэм и нэхур хокl, зыщlоункlыфlэ. Гурыфlыгъуэр мэкlуэд. lейагъэр утыку къохьэ.
Мы бжамийр, Тхьэгъэлъэдж бэгъуэным, бэвыгъэм и тхьэу гъащlэм, нэхугъэм, кlыфыгъэм (жэщ-махуэм), зыщlэгъагъэу, уэгъуу гъужыным (гъэмахуэ-щlымахуэ)м и нэщанэщ. Сэтэней гуащэ, Ащэмэз сабийуэ lэщlелъхьэ , Тхьэгъэлэдж и бжамийр.
Щыналъэм и зекlуэкlэр зыгъэлъагъуэ «Lуэрыlуатэ»у.
ЩЫБЛЭ: Уафэр гъуагъуэу, хъуэпскlыным и тхьэщ. Щыхъуэпскlым «щэ» ма«блэ», и цlэр и гъэзащlэм кытехъукlащ. Щыблэр мауэ, щыуэм зытехуар егъэлыцl, ес. Мэзым хэхуамэ, техуамэ зыщlегъанэ иресыкl. Цlыхум игъэса псэущхьэри, ез цlыхури еукl. Цlыхухэр щошынэ! Къауэ щыблэм фlолlыкl. Зыкырыгъэлыну йолъэlу, йоджэ! Щыблэр къызыдикlыр «уэгу»ращ, «уэ»ращ. Уэм йоджэ! Йолъэlу! Ар зы тхьэлъэlуу, лъэlум фэща цlэр «у/дж»щ.
Уджыр, зы къафэ, зы гурыфlыгъуэ джэгукlэкъым. Зы тхьэлъэlу щlыкlэу, къауэм щызыхъумэн зы тхьэлъэlу хъуэхъущ.
Щыблэр къауэу, иукlар псэущхьэмэ жэщищ-махуищкlэ уджкlэ, удж хъурейкlэ мэлъаlуэ. Тегъэзэжауэ и щхьэ къримыкlуэну йолъэlу.
Щыблэр къауэу; иукlар цlыхумэ жэщибл-махуиблкlэ уэм еджэу «удж» ящlыу тхьэм елъэlуу благъэкlт. Уджыр зы тхьэлъэlу щlыкlэу зэрыщытыр къыхощ.
Нобэ Хьэгъуэлlыгъуэ гуфlэгъуэр зы тхьэлъэlу щlыкlэу уджкlэ щlыдодзэ. Ди гур фlы зыщl «джэгу»р идогъэкlуэкl. Нэхущ уджыр, зы тхьэлъэlу щlыкlэкlэ доухыж. (lэнэм хъуэхъукlэ щэддзэу, дыщхэу, хъуэхъукlэ lэнэм зэрыпырыкlыжым хуэдэу.)
Мис, мы гурылъхэр пщlэуэ,
Уащыхэплъэм удехьэх,
Уащедаlуэм, уащыхэплъэм
Зыкъещlэж уи гум щlэуэ.
Мы утыкум къыщоlу уи бзэр,
Бзэрабзэу псэ щегъуэт.
Уи бзэр къэlуу, гъащlэ егъуэт.
Ущедаlуэми, гугъэ богъуэт.
Упсэу «АШЭМЭЗ ГУП».
Упсэу «ЩЫБЛЭ ГУП»
Ди Псынэр и нэ(пlэ)м Имызагъэжыф!
Псынэр псым и «нэ»щ, псыр щlыналъэм къызыдыщlив щlыпlэщ. Псыр кызыдиур абы и «нэ»щ, а нэ’ри зы бэгъуапlэу абы и «унэ»щ. Хуэныкъуэр бгъэдохьэ, тохьэ псынэм и пкъым и псыхуэлlэр ирегъэкl, лlэныгъэр блегъэкl. Узыншагъэ егъуэт, гугъэр хохъуэ. Псэр быдэ ещl, гъащlэр хегъахъуэ. Аращ псэр, псым щlепхар, псы щымыlэмэ псэ щыlэнукъым.
Иджы зи гугъу фхуэсщlынур, Кайсэри Адыгэ Хасэм и «ПСЫНЭ (Щlэблэ цlыкlу) Сабий гуп»ыращ. Ахэр ди щlэблэу, ди пlэ иувэн ди псэ-ди бзэу…
Мы гъэрей я лэжьыгъэхэм дахэплъащ.
Я фащэ, я къафэ зэкlужыкlэр жысlэн…
Тхакlуэ-Усакlуэ Вындыж Марие итхьа «Бзу Анэм и Уэрэд»ым Макъамэ хущlэзыгъува, макъамэтх Къул Амир и лэжьыгъэм къытехъукlа «Музыкальнэ Театр»ым зыщlэлыдэу, зыщlэцlыуэуэ я джэгукlэр жысlэн…
Щыджэгухэм зэрахьа я анэдэлъхубзэр жысlэн…
Лэжьыгъэхэр утыку къралъхьэну къизышэ, псалъэгъэlу хъыджэбз цlыкlуитlым Адыгэбзэ- Тыркубзэ зэкlужу, сыдихьэхауэ, я зехьэкlэр жысlэн…
Зыр зым нэхърэ нэхъ дахэжу я лэжьыгъэхэр дагъэлъэгъуащ, дахэплъащ. Дэ, мы ныбжь гупым папщlэ «цlыкlу, сабий» псалъэр яхузыдохьэ. Ауэ щыхъукlэ; Хэкум (Чэркеся) къикlа я нэхъыжь уэрэд жыlакlуэ lэзэ Иван Бэтал, Теркъул Астемыр ягъусэу уэрэд зыдыжаlащ. Ди гур къипхъэрыкlыу утыкур зыдагуэшащ.
Цlыхур гуфlэгъуэм хуэзышэ, и гугъэ гурыфlыгъуэр зыгъэбагъуэ, гур къыригъэпхъэру, гур махэ ищlыу, узыщlиуlэфlэу, узыхэплъэ узэдаlуэ дахагъэхэм зи lыхьэ хэлъхэр Эрджийэс Университетым бзэ щlэныгъэ Факультетым Адыгэбзэ Къудамэ Егъэджакlуэхэм дей щыщlэдзауэ, куэд щlауэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэ хэзылъхьа я гъэсакlуэ-егъэджакlуэхэм фlыщlэшхуэ зэрыхуэтщlэр къыхэгъэщын хуейщ.
Аткlэ; Псынэ анэ-адэхэм я lуэху, я дэлъ къагъанэу, Тхьэмахуэ махуэ къэс я бынхэм хухахыу, гъусэ яхуэхъу гъэсапlэ пщlантlэм щыпежьэу куэдрэ сарихьэлlащ. Быным хухиха пщlэшхуэ зиlэ а зэманыр, зыхухихар я бын къуэдэйкъым, лъэпкъ щеблэм тэкlуэдауэ лъытэн хуейщ.
Псынэ анэ-адэхэ фlыщlэшхуэ фхудощl. А яхухэфха, тевгъэкlуэда зэманым пщlэшхуэ иlэщ. Хуэфщlахэм къыгъэзэжынущ бзэу, хабзэу, щlэнхабзэу ди пащхьэ къыщыралъхьэу щызырахьэм щыгъуэ дыщыгуфlыкlыжынущ. Фыпсэухэ…
«Псынэ сабий гуп»ым дыдихьэхыри Хэкум къикlа ди хьэщlэ лъапэхэр яуж къиднащ. Уэрэд жыlакlуэ lэзэ, цlэрыlуэ Иуан Бэтал, Теркъул Астемыр, макъ зегъэкlуакlуэ Хьэпцlэ Арсен зэныбжьэгъуищыу къытхуеблэгъащ.
Иуан Фэрда и унэкъуэщ Бэтал илъагъуну Бурса-Инэгол къалэм къикlыри къыхуэкlуащ. Эрджийэс Университетым Адыгэ бзэ къудамэм и егъэджакlуэ Иуан Зэуал а махуэм кхъухьлъатэкlэ Хэкумкlэ лъэтэжыну; зэунэкъуэщ зэкъуэшищыр зэрыдгъэгъуэтыри сыхьэтитl хуэдиз насып диlэу дызыбгъэдэсыжащ.
Я гъэлагъуэм, театрым, уэрэд жыlэным щlадза нуужь «Псынэ сабий гуп»ым хьэщlэхэр ттрахыри дэ къыдамытыжа…
Ди нэ къызыхуикlхэр тлъэгъуащ, дедэlуащ. Дызыщиуlэфащ. Хэкумрэ, хэхэсыу псэухэмрэ зырепх, мыбы хуэдэ лэжьыгъэ дахэхэр, лъэпкъым бгырыпх хохъу.
Фыпсэухэ! Тхьэм гуфlэгъуэкlэ дызыкlэлъигъакlуэ…
Гъэ Лэжьыгъэ!
Кайсэри Адыгэ Хасэм и гуащэ lэзэхэм мы гъэрей лэжьыгъэхэр ягъэлъэгъуэну утыку къралъхьэщ. Я лэжьыгъэхэм дыщытепсэлъыхькlэ «lэ щlа гъэ», «lэ за гъэ» псалъэхэми «lэ» псалъэр къыхощ. А lуэхур щlагъэзащlэкlэ зы гъэ (зэман) зырытырагъэкуэдари ез ди бзэм къеlуэтэж.
lэщlагъэм lэзагъэ хэзылъхьэфыр, а lуэхум щыгъуазэращ. Къэблэжьым ущыгъуазэмэ, лэжьыгъэм «гъуазджэ» фlэщауэ доджэ.
Я щlэныгъэм хуэlэзэщlэу, lэпэlэзэ lэщlагъэ, lэзагъэ (дахэхуэщ, lэзэ щlагъэ) зыхалъхьэхэм дахэплъащ.
Гъэлъэгъуапlэу, Кайсэри ныбжьыщlэ еджапlэ (Кайсэри Лисэси) нэхъ цlэрыlуэр, «Музей» ящlыжауэ абы щагъэлъэгъуащ.
Щызыlуахым щыгъуэ; Кайсэри щlэнхабзэ (култур) унафэщl нэхъыщхьэ Доц. Др. Щукру Дурсун гупым хэтащ. Кайсэри Адыгэ Хасэ унафэщl нэхъыщхьэ Алхъас (Уэтей) Нуршах. Кайсэри Зэгуэтыныгъэ Адыгэ Хасэ Тхьэмадэ Молэмыкъуэ Айдын, и къуэдзэ Къэжмыж Фатих, Гъэсакlуэ lэзэ Ло (Тохъу) Донэ, сэри (Токъмакъ Айдын) саригъусащ.
Пасэрей лъэпкъ lэщlагъэхэм и щlыкlэхэр зыхъумэу, щlэблэм ирагъащlэу, дызыхэплъа дахагъэхэм зи lыхьэ хэлъу хъуам фlыщlэшхуэ яхуэфащэу…