Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тхыдэм мы мазэм

Бадзэуэгъуэм и 1, гъубж

Зауэ зэпэщlэтыныгъэм хэта ветеранхэм я махуэщ.

1957 гъэм Москва и Театр Иным щызэхэтащ Къэбэрдейр езым фlэфlу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щlыхькlэ къызэрагъэпэща, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакlуэхэм ята иужьрей концертыр.

1981 гъэм КъБР-м и цlыхубэ усакlуэ Кlыщокъуэ Алим СССР-м и Тхакlуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и секретару хахащ.

1934 гъэм къалъхуащ философие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБР-м щlэныгъэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Джатэгъэжь Владимир.

1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс жылагъуэ лэжьакlуэ, ДАХ-м и Гъэзэщlакlуэ гупым хэть Lэдэмокъуэ Альберд.

1980 гъэм къалъхуащ Китайм и къалащхьэ Пекин къалэм 2008 гъэм щекlуэкlа Олимп джэгухэм алыдж-урым бэнэкlэ лlэужьыгъуэмкlэ чемпион щыхъуа Хъущт Аслъэнбэч.

Бадзэуэгъуэм и 2, бэрэжьей

Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ.

Тенджыз, псы флотым и лэжьакlуэхэм я дунейпсо махуэщ.

Днепр псым и дунейпсо махуэщ.

Уфологым и дунейпсо махуэщ.

1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» lуэхущlапlэр къызэрагъэпэщащ.

1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакlуэ Гъуэщокъуэ Хъусин.

Бадзэуэгъуэм и 3, махуэку

1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Горно-Алтай, Хакассие автономнэ областхэр Адыгэ Республикэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ, Алтай Республикэ, Хакасие Республикэ жиlэу зэхъуэкlыным теухуауэ.

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Указкlэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етlуанэу къыхуагъэфэщащ

Бадзэуэгъуэм и 4, мэрем

Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ.

1848 гъэм Маркс Карлрэ Энгельс Фридрихрэ я «Коммунист партым и манифест» лэжьыгъэр къыдэкlащ.

1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цlэрыlуэу щыта, Кавказ зауэм и лlыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.

1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лlыхъужь Къардэн Къэбард.

1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.

1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкlэ хуитымкlэ и чемпион Бажэ Заудин.

Бадзэуэгъуэм и 5, щэбэт

Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ.

1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэlуахащ.

1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текlуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта Хьэтlохъущокъуэ Кургъуокъуэ.

1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакlуэ Абыкъу Хъалид.

1930 гъэм къалъхуащ филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, ЩLДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд.

1941 гъэм къалъхуащ медицинэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, ЩLДАА-м и академик Даут Юрэ.

1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щlыхь зиlэ и юрист, СССР-м спортымкlэ щlыхь зиlэ и мастер Алий Сулеймэн.

1963 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Цlыхубэ Зэхуэсым и депутат, «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щlыхь зиlэ и журналист Къул Фирдаус.

Бадзэуэгъуэм и 6, Тхьэмахуэ

1557 гъэм Къэбэрдейр езым фlэфlу Урысейм гухьащ.

1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфlэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фlэфlу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икlи республикэм Ленин орденыр етlуанэу къызэрыратам.

1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакlуэ, Тэрч щlыналъэм и щlыпlэ администрацэм и унафэщlу щыта Пэнагуэ Максим.

1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Мысачэ Валерэ.

1960 гъэм къалъхуащ техникэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Сэхъурокъуэ Анатолэ.

Бадзэуэгъуэм и 7, блыщхьэ

Осетие Ищхъэрэ – Аланием щагъэлъапlэ Республикэм и махуэр.

1971 гъэм Кlыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщlу хахащ.

1946 гъэм къалъхуащ усакlуэ, тхакlуэ, Адыгэ Республикэм щlыхь зиlэ и журналист Хъурмэ Хъусен.

1968 гъэм къалъхуащ политик, КъБР-м и Парламентым и депутат lэпщэ Заур.

Бадзэуэгъуэм и 8, гъубж

Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ.

нагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ.

Бадзэуэгъуэм и 9, бэрэжьей

1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лlыхъужь Къардэн Къубатий.

1931 гъэм къалъхуащ АР-м и цlыхубэ усакlуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Бэрэтэр Хьэмид.

1932 гъэм къалъхуащ сурэтыщl lэзэ, СССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хьэжу Руслан.

1941 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакlуэ Хьэкъун Барэсбий.

1942 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Беслъэней Чэмал.

Бадзэуэгъуэм и 10, махуэку

1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цlыхубэ усакlуэ, Абхъазым щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Хьэнфэн Алим.

1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щlыхь зиlэ и юрист Щоджэн Lэбу.

1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щlыхь зиlэ и артисткэ Срыкъуэ Хьэмщlасэ.

1934 гъэм къалъхуащ химие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Ибрэхьим Хьэмзэт.

1942 гъэм къалъхуащ техникэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩLДАА-м и академик Сэбаншы Хъусен.

1943 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакlуэ, Сирием и Адыгэ Фlыщlэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Гугу Акрэм.

1966 гъэм къалъхуащ КъБР-ми КъШР-ми щlыхь зиlэ я артисткэ Шэрджэс Lэсият.

Бадзэуэгъуэм и 11, мэрем

Цlыху бжыгъэм хэхъуэным и дунейпсо махуэщ.

Шоколадым и дунейпсо махуэщ.

1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакlуэ ансамблыр Монголием кlуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщlэ.

1932 гъэм къалъхуащ биологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Кlэрэф Майе.

1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цlыхубэ артист Къуныжь Алим.

Бадзэуэгъуэм и 12, щэбэт

Сурэттехым и дунейпсо махуэщ.

Граждан авиацэм и бортзехьэм и дунейпсо махуэщ.

1927 гъэм къалъхуащ скульптор lэзэ, УФ-м, КъБР-м щlыхь зиlэ я сурэтыщl Тхьэкlумашэ Михаил.

1947 гъэм къалъхуащ социологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, АКъУ-м и профессор, Адыгэ Республикэм и lэтащхьэу илъэс куэдкlэ лэжьа Тхьэкlушынэ Аслъэнджэрий.

1958 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цlыхубэ усакlуэ, КъБР-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Пщыгъусэ Аслъэнбэч.

1958 гъэм къалъхуащ дзюдомкlэ дунейм и чемпион Лъэцэр Хьэзрэт.

Бадзэуэгъуэм и 13, Тхьэмахуэ

Акъылым зезыгъэужь джэгукlэхэм я дунейпсо махуэщ.

1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакlуэ, тхакlуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэу илъэс куэдкlэ лэжьа Брай Адэлбий.

1972 гъэм къалъхуащ сурэтыщl-график, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цlыхубэ художник Пащт-Хъан Алим.

Бадзэуэгъуэм и 14, блыщхьэ

Осетие Ипщэм и мамырщlэкъу къарухэм я махуэщ.

1945 гъэм Париж къалэм Текlуэныгъэм и парад щекlуэкlащ. Япэ иту уэрамым ирикlуащ Франджым и Лlыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.

1957 гъэм Налшык щекlуэкlащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакlуэхэм я лlыкlуэхэр зыхэта пшыхь гъэщlэгъуэн.

1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкlэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкlэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкlащ.

1904 гъэм къалъхуащ адыгей тхакlуэ Щоджэн Lэюб.

1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакlуэ цlэрыlуэу щыта, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и унафэщlу 1988 – 1991 гъэхэм лэжьа Мамхэгъ Михаил.

1961 гъэм къалъхуащ адыгей усакlуэ, тхакlуэ Гутlэ Сания.

Бадзэуэгъуэм и 15, гъубж

Щlалэгъуалэр lэпщlэлъапщlагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ.

1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, lуащхьэмахуэ щlыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкlыу хуежьащ.

1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакlуэ, Урысей Федерацэм щlыхь зиlэ и юрист Шакъ Беслъэн.

1924 гъэм къалъхуащ къэфакlуэ, хореограф, СССР-м и цlыхубэ артист Эсамбаев Махьмуд.

1928 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, lуэрыlуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цlыхубэ тхакlуэ, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Нало Заур.

1929 гъэм къалъхуащ lуэрыlуатэдж, литературэдж, критик, филологие щlэныгъэхэмкlэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.

1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Ашэбокъуэ Леонид.

1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакlуэ Балъкъыз Батий.

1959 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакlуэ, КъБР-м щlыхь зиlэ и юрист Башорэ Хьэмид.

Бадзэуэгъуэм и 16, бэрэжьей

1922 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакlуэ Кlэрэф Мухьэмэд.

1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкlэ щlыхь зиlэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.

1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис.

Бадзэуэгъуэм и 17, махуэку

Этнографым и махуэщ.

Уголовнэ щlэпхъаджагъэ зылэжьахэм я хьэкумыр щlэным епха lэнатlэхэм я дунейпсо махуэщ.

1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и Унафэщlу лэжьа, экономикэ щlэныгъэхэмкlэ кандидат, УФ-м щlыхь зиlэ и ухуакlуэ Уэзы Анатолэ.

1948 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщl Къардэн Мухьэдин.

Бадзэуэгъуэм и 18, мэрем

Гъущlгъавэм и дунейпсо махуэщ.

1849 гъэм къалъхуащ адыгэ джэгуакlуэ Мыжей Сэхьид.

1932 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, литературэдж, искусствовед, критик Кlурашын Бетlал.

Бадзэуэгъуэм и 19, щэбэт

Мамкъут зыдэлъ хьэлывэм и дунейпсо махуэщ.

1903 гъэм лъакъуэрыгъажэмкlэ япэ дунейпсо зэпеуэр екlуэкlащ.

1942 гъэм Къардэн Къубатий Берёзовскэ куейм фашист кхъухьлъатитl къыщриудыхат.

Бадзэуэгъуэм и 20, Тхьэмахуэ

Шахматхэм я дунейпсо махуэщ. 1966 гъэ лъандэрэ ягъэлъапlэ, 1924 гъэм а махуэ дыдэм Париж Дунейпсо шахмат федерацэр (ФИДЕ) къызэрыщызэрагъэпэщам тращlыхьауэ.

Тортым и дунейпсо махуэщ.

1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ чыристан диныр кърагъэщтащ, Марие цlэри фlащащ.

1990 гъэм Осетие Ищхъэрэ автономнэ республикэм и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ я къэрал суверенитетым теухуа унафэ икlи я къалащхьэ Орджоникидзе нэхъапэм зэреджэу щыта Владикавказ цlэр иритыжащ.

1927 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакlуэ, политик Къущхьэ Гъумар.

1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакlуэ, егъэджакlуэ, философие щlэныгъэхэмкlэ доктор, техникэ щlэныгъэхэмкlэ кандидат Хъурей Феликс.

1938 гъэм къалъхуащ сабий усакlуэ Афlэунэ Лиуан.

1938 гъэм къалъхуащ усакlуэ, драматург, АР-м гъуазджэхэкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ, Адыгейм и цlыхубэ тхакlуэ Къуиикъуэ Налбий.

1947 гъэм къалъхуащ экономикэ щlэныгъэхэмкlэ кандидат, Кубанми АР-ми щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ, ЩLДАА-м и академик, РАЕН-м, Нью-Йорк академиехэм хэт Тlрахъуэ Энвер.

1964 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цlыхубэ сурэтыщl, Урысейм Художествэхэмкlэ и академием хэт Сэвкlуий Хьэмид.

1973 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакlуэ, КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек.

Бадзэуэгъуэм и 21, блыщхьэ

1774 гъэм Урысеймрэ Тыкумрэ Кючук-Кайнарджий мамырыгъэ зэгурыlуэныгъэр зэращlылlащ, 1768 – 1774 гъэхэм а къэралитlым ирагъэкlуэкlа зауэр зэриухам и щыхьэту.

1829 гъэм lуащхьэмахуэ и щыгум зэи цlыхулъэ темыувауэ адыгэлl Хьэшыр Чылар къуэкlыпlэ лъэныкъуэмкlэ а къуршым дэкlащ.

1994 гъэм Къэбрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.

Бадзэуэгъуэм и 22, гъубж

Щхьэ куцlым и дунейпсо махуэщ

Боксым и дунейпсо махуэщ

1945 гъэм КъАССР-м и щакlуэ хозяйствэр къызэрагъэпэщащ.

1914 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цlыхубэ усакlуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Кlыщокъуэ Алим.

1954 гъэм къалъхуащ АР-м щыщ журналист Мамрыкъуэ Нуриет.

Бадзэуэгъуэм и 23, бэрэжьей

Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.

Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ.

1923 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущlэ, генерал-майор, тхакlуэ, жылагъуэ лэжьакlуэ Нэхущ Мырзэбэч (Борис).

1944 гъэм къалъхуащ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакlуэу щыта, КъБР-м щlыхь зиlэ артист Дзыхьмыщl Къэрэлбий.

Бадзэуэгъуэм и 24, махуэку

Уи щхьэр езым бгъэфlэжыным и дунейпсо махуэщ.

Удз гъагъэхэмкlэ lэщlагъэлlхэм я махуэщ.

1929 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я макъамэ lэмэпсымэхэр щlыным хуэlэзэу щыта Ойберман Владимир.

1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон lус Ростов къалэр яубыдащ икlи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.

1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цlыхубэ артист, УФ-м щlыхь зиlэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.

1940 гъэм къалъхуащ философие щlэныгъэхэмкlэ доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт.

1944 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, критик, литературэдж, филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Гъут Lэдэм.

1961 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ усакlуэ, тхакlуэ, драматург Хъунэгу Саидэ.

Бадзэуэгъуэм и 25, мэрем

1472 гъэм шэрджэс кхъухь 24-рэ тенджыз Фlыцlэм зэпрыкlри, Тыркум теуауэ щытащ.

1942 гъэм щlидзащ Кавказым папщlэ екlуэкlа зауэм. Советыдзэхэмрэ нэмыцэхэмрэ абы папщlэ зэпэщlэтащ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 25 щегъэжьауэ 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 9 пщlондэ.

1886 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакlуэ, юстицэмкlэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (Мафlэдз) Умар.

1917 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цlыхубэ тхакlуэ Ахъмэт Мухьэдин.

1936 гъэм къалъхуащ филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, ЩLДАА-м и академикыу щыта, Адыгейм щlэныгъэхэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Хъут Шэмсэдин.

1944 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщlым и къуэдзэ, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ Аттаев Жэмал.

1948 гъэм къалъхуащ АР-м и къэрал лэжьакlуэ, журналист, политикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор Кlэрашэ Аслъэнбэч.

1949 гъэм къалъхуащ географие щlэныгъэхэмкlэ доктор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Болэ Владислав.

1972 гъэм къалъхуащ АР-м щlыхь зиlэ и журналист, «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор.

1983 гъэм къалъхуащ боксёр, Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм бокс спорт лlэужьыгъуэмкlэ щlыхь зиlэ и мастер Хърачэ Мурат.

Бадзэуэгъуэм и 26, щэбэт

Адэ къуэш-адэ шыпхъухэм, анэ дэлъху-анэ шыпхъухэм я дунейпсо махуэщ.

Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ.

Кубэм и лъэпкъ зэщlэхъееныгъэм и махуэщ.

1936 гъэм къалъхуащ тхакlуэ, тхыдэдж-архивист, КъБР-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Опрышкэ Олег.

1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щlэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-мрэ ЩLДАА-мрэ я академик Къумахуэ Мурадин.

1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цlыхубэ усакlуэ, КъБР-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Бицу Анатолэ.

1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакlуэ, КъШР-м и Правительствэм и унафэщlу щыта Къардэн Алик.

1970 гъэм къалъхуащ КъБР-м щlыхь зиlэ и артист Lэщын Руслан.

Бадзэуэгъуэм и 27, Тхьэмахуэ

1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтlылъащ.

1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.

1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэlуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.

1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.

1924 гъэм къалъхуащ адыгэ усакlуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.

1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужь Lэбубэчыр Нажмудин.

1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей.

1940 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цlыхубэ тхакlуэ, УФ-м щэнхабзэмкlэ щlыхь зиlэ и лэжьакlуэ Чуякъуэ Инус.

1945 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакlуэ, Тэрч щlыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Емкъуж Хьэсэнбий.

1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м щlыхь зиlэ и артисткэ Кlэнэтl Лидэ.

1952 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакlуэ, филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, щlэныгъэлl, Адыгэ Республикэм щlыхь зиlэ и журналист Къуиикъуэ Асфар.

1971 гъэм къалъхуащ адыгэ усакlуэ, тхакlуэ Тау Нинэ.

Бадзэуэгъуэм и 28, блыщхьэ

Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ.

1586 гъэм Европэм кlэртlоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкlыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.

1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щlидзащ. Ар дунейм щекlуэкlа зауэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ. Абы цlыху мелуанипщlым щlигъу хэкlуэдауэ, мелуан 22-рэ уlэгъэ щыхъуауэ щытащ а зауэм.

1957 гъэм Москва къалэм къыщызэlуахащ щlалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VL дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикlа ныбжьыщlэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакlуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.

1900 гъэм къалъхуащ Сирием щыпсэуа жылагъуэ лэжьакlуэ, Сорбоннэ дэт университет цlэрыlуэр къэзыуха, «Шэрджэсхэм я тхыдэр», «Пащтыхьхэм я бийуэ шэрджэсхэм ирагъэкlуэкlа зауэхэр» лэжьыгъэхэр зи lэдакъэ къыщlэкlа Сэмгугъу Lэмин.

Бадзэуэгъуэм и 29, гъубж

Къаплъэным и дунейпсо махуэщ.

1696 гъэм урысыдзэхэм яубыдащ lузэв тырку быдапlэр.

1997 гъэм адыгэ пхъурылъху, Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусен «Кабардинка» ансамблым хэтхэм яlущlащ.

1817 гъэм къалъхуащ дуней псом щыцlэрыlуэ сурэтыщl Айвазовский Иван (и цlэ-унэцlэ дыдэр Ованес Айвазянщ).

1938 гъэм къалъхуащ Абхъазым щыщ еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакlуэ цlэрыlуэ, юридическэ щlэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩLДАА-м и академикыу, Абхъазым щlэныгъэхэмкlэ и академием и президенту щыта Шамбэ Тарас.

1941 гъэм къалъхуащ щlэныгъэлl, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщlа Хьэкъун Барэсбий.

1945 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щlыхь зиlэ и журналист Сэхъутэ Нурбий.

1947 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ дзэ къулыкъущlэ, жылагъуэ лэжьакlуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ Фlыщlэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан.

Бадзэуэгъуэм и 30, бэрэжьей

Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ.

Цlыхукlэ сату щlыным ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къищта унафэм ипкъ иткlэ ирагъэкlуэкl.

1768 гъэм дунейм и хъуреягъыр къызэхикlухьын мурадкlэ псым техьащ Кук Джеймс зи капитан кхъухьыр. Абы ист псори зэхэту цlыху 84-рэ. Дунейм и щlыпlэ куэд япэу къахутэри, гупыр 1771 гъэм Инджылызым къекlуэлlэжауэ щытащ.

1916 гъэм къалъхуащ япэ рангым и капитан, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, дзэ-тенджыз щlэныгъэхэм я кандидат Вэрокъуэ Гъузер.

Бадзэуэгъуэм и 31, махуэку

Системнэ администраторым и махуэщ.

1944 гъэм РСФСР-м и щlыналъэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакlуэхэм къыlэщlагъэкlыжащ.

1955 гъэм къалъхуащ филологие щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, ЩLДАА-м и член-корреспондент Чым Рашад.

1964 гъэм къалъхуащ экономикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, АКъУ-м и профессор Бидэнокъуэ Мурат.

1965 гъэм къалъхуащ экономикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор Жэрыкъуэ Оксанэ.

Yazarın Diğer Yazıları

Anadilde Jineps’in Eylül 2025 sayısı yayımlandı

Değerli Jineps Gazetesi okurları, Anavatanda yayımlanan Adige Psale (АДЫГЭ ПСАЛЪЭ) ve Çerkes Heku (ЧЕРКЕС ХЭКУ) gazeteleriyle ortak hazırladığımız; Abazaca, Adigece (Doğu ve Batı Diyalektleri),...

İstişare Grubu’nun İstanbul’daki toplantısı gerçekleşti

14 Eylül 2025 Pazar günü, 15.30-18.00 saatleri arasında Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı salonunda “İstişare Grubu” çalışmaları kapsamında bir toplantı yapıldı. Kalabalık bir katılımla...

Zamantı için imza kampanyası başlatıldı

Kayseri’nin Uzunyayla Platosu’nda Pınarbaşı ilçesinin Şerefiye Köyü’nden doğan Zamantı Irmağı kuruma tehlikesiyle karşı karşıya. Zamantı Vadisi boyunca akarak Pınarbaşı, Tomarza, Develi, Yahyalı ilçelerinden geçen ve...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img