Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъыбар зэдзэкӏахэр

1. Сыт си мелыӏычым и цӏэр?

Пщэдей хуэдэм дунейм къытехьэну, нанум и псэ къабзэр Тхьэм епсэлъылӏащ.
– Пщэдей щӏым саутӏыпщынущ, – жреӏэ дзыхь зыхуищӏ и Тхьэм. – Дауэ сызэрыхъунур? Сыцӏыкӏуӏуэщ, зыри слъэкӏынукъым.
– Сэ уэстынущ мэлыӏыч. Ар къыщыппэплъэнущ щӏым, сытри къыпхуищӏэну хьэзыру.
– Сэ мы уафэм уэрэд жыӏэнрэ дыхьэшхынрэщ ӏуэхуу сиӏэр. Мыбдеж сыщынасыпыфӏэт.
– Сэ уэстыну мэлыӏычым уэрэд пхуиусу, къыпхуэгуфӏэ защӏэу уипӏынущ. Абы фӏыщэу укъилъагъунущ, насыпыфӏэкӏэм уригъэсэнущ.
– Дауэ сэ а дунейм щыӏэхэм сазэрыгурыӏуэнур? Я бзэр сщӏэркъым.
– Уи мэлыӏычым уэ къыбжиӏэну псалъэхэм нэхъ дахэрэ нэхъ ӏэфӏрэ щыӏэкъым. Шыӏэныгъэ хэлъу, щабэу и бзэр уигъэщӏэнущ.
– Уэ сигу укъэкӏмэ, сыт сщӏэнур?
Тхьэр щабэу нанум и щхьэм теӏэбэри жиӏащ:
– Уи мэлыӏычым уигъэсэнущ уи ӏитӏыр зэгуэплъхьэурэ тхьэ уелъэӏуу. Сэ ар зэхэсхынущ.
– Щӏым бзаджагъэ щызекӏуэу жаӏэ. Сошынэ.
– Сэ уэст мэлыӏычым сытым щыгъуи уихъумэнущ, уэр папщӏэ и гъащӏэр итыфынущ.
– Сэ хуабжьу сринэщхъеинущ уэ афӏэкӏа узэрызмылъагъужынум.
– Уи мэлыӏычым сэ стеухуа псори къыбжиӏэнущ, си деж къакӏуэ гъуэгум утришэнущ. Аращи, уэрэ сэрэ зэпымычу дызэщӏыгъунущ.
Хъуреягъыр щымт, уафэр къабзэт, ауэ Щӏымкӏэ ӏэуэлъауэ гуэрхэр къиӏукӏыу щӏидзащ. Нанур пӏащӏэу щӏэупщӏащ:
– Си тхьэ, дауэ а къызэпт мэлыӏычым сызэреджэнур?
– Анэ, – жэуап къритащ Тхьэм.

2. Сыт насып щӏызимыӏэр?

Зы щӏалэ псэути, жи, цӏыхубзыфӏ и насыпым кърихьэкӏыртэкъым. Зыр дахэтэкъым, адрейр губзыгъэтэкъым, ещанэр тхьэусыхэрейт… Игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ щӏалэр зы нэхъыжь губзыгъэ деж кӏуащ, чэнджэщэгъу ищӏыну. Щӏалэм жиӏэм набдзэгубдзаплъэу къедаӏуэри, итӏанэ къеупщӏащ:
– Солъагъу, уи ӏуэхур ӏуэхушхуэщ. Ауэ къызжеӏэт, уи анэм дауэ ухущыт?
Упщӏэр щӏалэм фӏэгъэщӏэгъуэнащ:
–Уэсхьэлӏа гукъеуэмрэ си анэмрэ сыт зэхуаӏуэху? Сщӏэркъым бжесӏэнур. Си анэм куэдрэ сегъэгубжь, и ӏуэху зыхэмылъхэм щӏэупщӏэурэ, сыщыхуэмейми, гулъытэкӏэ ситхьэлэурэ, тхьэусыхэурэ, зыгуэрхэмкӏэ къызэлъэӏуурэ. Ауэ итӏани жысӏэ хъунущ фӏыуэ слъагъуу.
Нэхъыжьым и щхьэр игъэкӏэрахъуэри жиӏащ:
– Слӏожь, къыпхуэзэӏусхынщ-тӏэ Лъагъуныгъэм и щэхур. Насып щыӏэщ, ар щыгъэпщкӏуащ уи гум. А насыпым и жылэр уи гум щыхэзысар уи гъащӏэм щынэхъыщхьэ цӏыхуращ – уи анэрщ. Абы узэрыхущытым хуэдэущ цӏыхубзу дунейм тетым уазэрыхущытынур. Уи анэращ уи япэ Лъагъуныгъэр. Аращ япэ дыдэу зи ӏэплӏэ щабэр, хуабэр пхуэзыущӏар. Аращ япэ цӏыхубзу узыӏуплъар. Ар фӏыуэ плъагъумэ, абы пщӏэ хуэпщӏмэ, нэгъуэщӏ цӏыхубзхэми пщӏэ хуэпщӏынущ. Плъагъунщ итӏанэ уигу ирихьын хъыджэбзи зэрыщыӏэр, гурыщӏэ дахэ зыхозыгъэщӏэф абыхэм зэрахэтыр, Уи къежьапӏэм узэрыхущытыращ уи насыпым и пщалъэр.
Щӏалэм лӏыжь губзыгъэм щхьэщэ хуищӏри ежьэжати, къызэрыкӏэлъыпсэлъэжар зэхихащ:
– Зыщумыгъэгъупщэ: псэуэгъу пщӏы хъунур зи адэр фӏыуэ зылъагъу, пщӏэ хуэзыщӏ хъыджэбзщ.

3. Зы письмо

Зэщхьэгъусэхэм яӏэр зы къуэ закъуэт. Ар балигъ къэхъури еджэну къалащхьэм кӏуащ. Япэ письмор къащыхуитхар еджэн иуха нэужьщ. Щӏэныгъэ зэзгъэгъуэтащ, лэжьапӏэфӏ къысхуагъэфэщащ, жиӏэу итт. Абы иужькӏэ адэ-анэм я къуэ закъуэм и хъыбар къаӏэрыхьэжакъым. _Махуэр хъуамэ, уафэм дэплъейт, я къуэр здэщыӏэ къалэмкӏэ плъэрт.
– Еплъыт, лӏыжь, ди къуэр здэщыӏэмкӏэ уафэр щыкъабзэщ, и ӏуэхухэр фӏыщ, тхьэм жиӏэмэ – и гур игъэфӏт анэм.
– Сыту хуабжьу зыкъыщиуфа уафэм мо лъэныкъуэмкӏэ! Ди къуэ закъуэм и ӏуэхухэр зэфӏыхьауэ пӏэрэ? – гузавэм зэщӏищтэрт анэр зэми.
– Умыгузавэ, абы и къару илъыгъуэщ. Сыт хуэдэ ӏуэхури зэхигъэкӏыфынущ, – жиӏэрт лӏыжьым, фызыжьыр тригъэууэ.
Къуэр лъапсэм къыщихьэжар и адэ-анэр дунейм ехыжа нэужьщ. Гъунэгъухэм къыжраӏащ лӏыжь-фызыжьыр я къуэм егупсыс защӏэу, щыпсэу лъэныкъуэмкӏэ я нэр щыӏэу зэрыпсэуар.
– Къызгурыӏуэркъым зыщӏыпӏэхэмкӏэ ущӏэплъэн хуейр. Сэ си ӏуэху зэрымыӏейр ящӏэртэкъэ? – егъэщӏагъуэ щӏалэм.
– Уи адэ-анэр зыӏубгъэта ӏэнатӏэр къыбгурыӏуэнукъым, уэ езыр адэ умыхъуауэ, – жаӏащ гъунэгъухэм.
– Сэ бын сиӏэщ, сыадэщ, ауэ апхуэдэ делагъэхэм сыхэткъым, – жэуап къарет щӏалэм.
Илъэсхэр, псынщӏэ дыдэу зызэблахъуурэ, кӏуащ. Жыгышхуэм и лъабжьэм щӏэсщ зы лӏыжь.
– Си къуэмрэ сэрэ дызэгъусэу ухэтсат, жыгыжь. Иджы сыщогуфӏыкӏыж, уфэеплъщ, – жеӏэ лӏыжьым, жыг пхъафэ пхъашэм ӏэ дилъэурэ. – Си къуэ закъуэр хамэ къэрал щопсэу. Унэм зэрикӏрэ зы письмощ къитхар. Дыгъуасэ уи къудамэхэм щыщ къыгуэщӏыкӏауэ щыслъэгъуам сыгужьеят, си щӏалэм зыгуэр къыщыщӏауэ къысщыхъури. Нобэ, тхьэм и фӏыщӏэкӏэ, уи тхьэмпэхэр зэщӏоудзыфэ, удахэщ. Абы къикӏыр си къуэм и ӏуэхухэр фӏыуэ аращ.

4. Сыхунэсакъым…

Гъащӏэ кӏыхь къэзыгъэшӏа лӏыр дунейм щехыжым, мэлыӏычыр къыбгъэдэлъэтащи къоупщӏ:
– Упсэуху фӏыуэ пхуэщӏар уигу къэгъэкӏыж. Пхуэфащэмэ, дамэ къыптекӏэнурэ жэнэтым улъэтэнущ.
– Сэ лъапсэ сухуэну, жыг хадэ згъэкӏыну сыщӏэхъуэпсат, жеӏэр лӏым.
Абдежым дамэхэм къыхэжын щӏадзэ.
– Ауэ сыхунэсакъым.
Дамэхэр мэкӏуэдыж.
– Лъагъуныгъэр зищӏысыр зыхэсщӏат, зы хъыджэбз сыдихьэхри, – жи.
Дамэхэр къыхож.
– Ауэ схуэгъэпэжакъым.
Дамэхэр мэкӏуэдыж.
– Зэ бзэгу схьат, – жи, – ауэ зыми сыкъищӏатэкъыми, абы щхьа согуфӏэ.
Апхуэдэурэ, дамэхэр къыхэжыну хуежьэм, кӏуэдыжурэ, мэлыӏычым лъэтэжыну зыщигъэхьэзырым дыдэм лӏым жеӏэ:
– Си анэм фӏыуэ сыкъилъагъуу, сэр щхьэкӏэ тхьэ елъэӏуу щытащ.
Занщӏэу дамэшхуэхэр къытекӏащ.
– Пэжу сылъэтэфыну сэ?! – егъэщӏагъуэ лӏым.
– Анэ лъагъуныгъэм цӏыхум и псэр егъэкъабзэри мэлыӏычым ещхь ещӏ. Анэращ жэнэтыбжэр къыпхузэӏузыхыр, – къыхуэгуфӏэурэ жэуап кърет мэлыӏычым.

5. Дэнэ ди унэр здэщыӏэр?

Бейуэ псэу адэ-анэм я къуэ закъуэр лэжьэн фӏэфӏу, зыпэрыувэ ӏуэхур екӏуу игъэзащӏэу къагъэхъуат. И ныбжь щынэсым, адэ-анэм езыхэм хуэдэу бей унагъуэм япхъу кърагъэшэну яужь ихьащ. Сыткӏи жыӏэдаӏуэу къэхъуа къуэр иджыри я унафэм тетын хуейуэт зэрегупсысыр.
– Си адэ-анэ лъапӏэ, – жиӏащ щӏалэм, – сэ а хъыджэбзым сыхуейкъым. Ар жьэ бзаджэщ, зы ӏуэхупэ хуэщӏэркъым. Сэ сызыхуейр унагъуэ зезыхьэф хъыджэбз нэжэгужэщи, апхуэдэ къэзгъуэтащ.
– Хэт хъуну ар? – щӏоупщӏэ адэ-анэр.
– Ар ди ӏуэхутхьэбзащӏэ хъыджэбзыращ. Флъагъукъэ ар зэрыӏэкӏуэлъакӏуэр, гу щабэ зэриӏэр?
Адэ-анэр къэгубжьащ. Дауэ абыхэм хуэдэ унагъуэ хэӏэтыкӏам ӏуэхутхьэбзащӏэ хъыджэбз нысэ зэращӏынур? Ахэр зыхуейр езыхэм хуэдэ благъэ бейщ, я зэфӏэкӏым нэхъри хэхъуэн хуэдэу.
– А жыхуэпӏэр къэпшэнумэ, пщӏантӏэм дэкӏи узыхуейм щыпсэу, – пагъэув я къуэм.
– Пщӏантӏэм сыдэфхумэ, сыт сщӏэн, сыдэкӏынщ, ауэ си дежкӏэ нэхъыщхьэр беигъэкъым, лъагъуныгъэщ, – жеӏэ щӏалэми, докӏ.
Фӏыуэ зэрылъагъухэр зэрышащ, насыпыфӏэу, зэгурыӏуэ-зэдэӏуэжу зэдопсэу. Зы гукъеуэщ щӏалэм иӏэр – и адэ-анэр пэӏэщӏэ зэрыхъуар.
Зэгуэр анэм хуэмышэчыжу къокӏуэ, и къуэм и псэукӏэр зригъэлъагъуну. Зы махуэ яхэсри и къуэм зыхуигъэзащ:
– Си щӏалэ, уи унэ ущисыжым щӏакхъуэ щабэт пшхыр, иджы хьэлу гъурым уогъу. Ун унэ ущисыжым пӏэ щабэм ухэлът, иджы хьэуазэ зэрыкуа уэршэкум утелъщ. Дауэ апхуэдэ псэукӏэ зэрыпшэчыр?
– Си анэ, цӏыхум и унэр лъагъуныгъэ щызыхищӏэращ, – жэуап къитащ щӏалэм. – Сэ солажьэ, щӏакхъуэ щабэ щытшхынуми пӏэ щабэ дыщыхэлъынуми дынэсынщ.

6. Цӏыху къыпкӏэлъымыкӏуэмэ, унэр чэщанэжьщ

Щӏымахуэр къэсащ. Уэс куу къесат. Лӏыр къыщӏэкӏауэ и пщӏантӏэм уэс щетхъу, зекӏуапӏэ хещӏыкӏ. И гъунэгъумкӏэ щхьэпрыплъри, лъагъуэ пхрыщӏыкӏагъэхэт. «Сяпэ ищай», – жери егупсысащ.
Етӏуанэ махуэми уэсыр къытрилъхьащ. Лӏыр и гъунэгъум и пщӏантӏэм дэплъэри, лъагъуэр аргуэру пхрыщӏыкӏат. «Сытым дежу пӏэрэ мыр къыщытэджыр, зэпымычу сяпэ уэс итхъуну?..» – егупсысащ аргуэру. Ещанэ махуэми ардыдэм тетти, итӏанэ къеджэри еупщӏащ:
– Уа, си гъунэгъуфӏ, дауэ ухунэсрэ пщэдджыжь къэс сяпэ уи пщӏантӏэм уэс лъагъуэ щыхэпщӏыкӏыну? – жиӏэри.
Модрейми а упщӏэр игъэщӏэгъуащ, зэи уэс зэримытхъур ищӏэжти. Егупсысри, къыгурыӏуэжащ ӏуэхур зыӏутыр. Жэуап иретыж:
– А-аа, ар уэс стхъууэ аракъым, си ныбжьэгъу, си гъунэгъухэр къокӏуэри, уэсыр уба хъууэрэ гъуэгу пхащӏыкӏыу аращ.

7. Фэ сыт итӏанэ фызэрызгъэшхэнур?..

Беижьу псэу лӏым и щхьэгъусэр пасэу дунейм ехыжри я къуэр и закъуэу ипӏащ. Щэ-къэщэхум хэтти, быныр зыхуэныкъуэ щымыӏэу къигъэхъуащ. Щыгъыным я нэхъыфӏыр щыгът, шхын щӏэщыгъуэр сытым дежи я ӏэнэм телът, нэхъ еджапӏэфӏу къалъытэм щригъэджащ. И ныбжь щынэсым, хэплъыхьауэ хъыджэбз дахэ къыхуишащ.
Нысэм щӏэх дыдэу и тхьэмадэр иужэгъуащ. И шхэкӏэри, и псчэкӏэри и псэлъэкӏэри – зыри игу техуэртэкъым. И щхьэгъусэм ириӏуэкӏыу щӏидзащ лӏыжьыр зэрышэчыгъуейр, зэрыбыдэр, ахъшэу иӏэр и къуэ закъуэм къыӏэщӏимылъхьэу, езым зыкӏэщӏиупщӏэжауэ зэрыщысыр.
– Умыгузавэ, тӏэкӏу зыхуэгъэшэч. Ар лӏэмэ, и мылъкур псори дэращ къызыхуэнэнур, – жиӏэрт щӏалэм.
Фызым и жьэр увыӏэхэртэкъыми, щӏалэр и адэм етӏысылӏащ епсэлъэну:
– Ди адэ, – жиӏащ, – уи ныбжьыр кӏуэтащ, щэ-къэщэхунри ахъшэ зэгъэкӏуэкӏынри къыптехьэлъэу къыщӏэкӏынщ. Сэ зесхьэнщ адэкӏэ ӏуэхур, си ӏэмыщӏэ къилъхьэж псори.
Гъащӏэм фӏыуэ хэзыщӏыкӏ лӏым къыгурыӏуащ жьыр къыщепщэр. И къуэр тыншу игъэпсэуну хуейти, зэрыжиӏам хуэдэу ищӏащ.
Ауэрэ нысащӏэр егупсысащ лӏыжьыр нэхъ пэшыфӏым щӏэсын зэрыхуэмейм. И лъакъуэр илъэфу блокӏ-къыблокӏыж, бэмпӏэгъуэщ. Жреӏэ и щхьэгъусэм:
– Си псэм хуэдэ, сэ мыгувэу нану цӏыкӏу сиӏэнущ. Пэш нэхъ хуит сыхуейщ. Уи адэр мо щӏыбагъымкӏэ щыӏэ гуэщым нэхъ щытыншынущ, Абы дгъэӏэпхъуэу а зыщӏэс пэшыр дэ хуит къытхуищӏ хъунущ.
Зэ жыӏэгъуэкӏэ увыӏэн цӏыхубзтэкъым, лӏыми фӏыщэу къилъагъути, зыхуейм и ӏэр тригъэхуащ. Лӏыжьыр и пэшым къыщӏагъэкӏащ, жыхуиӏа гуэщым ягъэӏэпхъуащ. Жыхуиӏа нанури дунейм къытехьащ, къэжэпхъащ. Елъагъу пщыхьэщхьэ къэс кхъуэщын фалъэкӏэ и адэшхуэм шхын зэрыхурахьэкӏыр. А цӏыкӏур дадэм кӏэрыс зэпытт, жиӏэхэр фӏэгъэщӏэгъуэнт, зыхуигъасэр зыхилъхьэт, щӏалэ гуфӏэрейуэ, губзыгъэу къэхъурт
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым фалъэр ягъуэтыжтэкъым. Анэр къриу-нриууэ зыгуэр зэрылъыхъуэр щилъагъум, къэхъуам щӏэупщӏащ.
– Дадэ и фалъэр зыщӏыпӏэ пхырыхуащ, шхын хуэсхьынути, згъуэтыжкъым.
– А-а, жеӏэр щӏалэ цӏыкӏум, – ар си пхъуантэм дэслъхьащ, схъумэну.
– Зэрышхэ фалъэ пхъуантэм далъхьэрэ? – къыхуолъ адэр. – Кӏуэи къыдэхи мыдэ къэхьыж!
– Хьэуэ, – жи сабийм. – Фэ дадэ-нанэ фыхъуа нэужь, сыт фызэрызгъэшхэнур, ар зыгуэркӏэ кӏуэдмэ?
Адэ-анэм я жьэр зэщӏэнащи, закъыхуэщӏэжкъым. Нэгъэсауэ я нэгу къыщӏыхьащ къапэплъэр. Абы иригъэгупсысыжащ ялэжьам и ӏеягъым. Итӏанэщ лей зылъыса адэм хуэфащэ пщӏэ щрагъэгъуэтыжар.

8. Фӏыуэ услъэгъуауэ аркъудейщ, си къуэ…

Зыгуэр къызгурыӏуэ зэрыхъурэ си анэм сытеукӏытыхьт. Абы и зы нэр истэкъыми, ӏуплъэгъуэджэу къысщыхъут. Си адэр сщӏэжыхэркъым. Си анэр… Хэт лэжьапӏэфӏ къритынт афӏэкӏа теплъэ зимыӏэм, ауэ дауэ ищӏми, сэ сызыхэтхэм сакъыхэмыщын хуэдэу сихуапэрт. Ауэ езыр си ныбжьэгъухэм я анэ зыкъизыххэм еслъытырти, фаджэлыджэт, гурымыхьт. Зэрыслъэкӏкӏэ згъэпщкӏут, и гъусэу уэрам сыкъыдыхьэртэкъым.
Зэгуэрым еджапӏэм нокӏуэ. Псоми ялъагъуу къызбгъэдохьэ. Игу сыкъэкӏат… Си лъыр къызэкӏуэкӏащ. Дауикӏ, етӏуанэ махуэм еджапӏэ псор зытепсэлъыхьар си анэр зэрылъагъугъуейращ! Сэ къысщыхъут апхуэдэу. Унэм сыкъэкӏуэжа нэужь, зысхуэмыӏыгъыу сыкӏиящ: «Анэ симыӏэхарэт, уэр хуэдэ анэ нэхърэ! Улӏами нэхъыфӏт!»
Си анэм зыри жиӏэтэкъым.
Си хъуапсапӏэр нэхъ псынщӏэу унэм сызэрикӏынти, еджапӏэр къэзухри къалащхьэм сыкӏуащ, щӏэныгъэ ищхьэ зэзгъэгъуэтащ, унагъуэ сыхъуащ, бын цӏыкӏухэр диӏэт. Гъащӏэр къызэхъулӏат, си ехъулӏэныгъэхэм сригушхуэрт. Си анэр зэи сигу къэкӏтэкъым. Езыр къэкӏуащ. Бжэр къыӏусхыу сзэрыӏуплъэу сыкъызэкӏуэкӏащ:
– Аргуэру уэра? Сыт узыхуейр? Си сабийхэр бгъэщтэну ара?
Сыӏэбэщ, изгъэкӏуэтри бжэр хуэсщӏыжащ.
Илъэсхэр кӏуэрт, сэри си ӏуэхухэр ефӏакӏуэ зэпытт. Зэгуэрым си еджапӏэм къикӏыу письмо къысӏэрохьэ, къыздеджахэм я зэхуэсым срагъэблагъэу. Сыкӏуэну сытегушхуэри икӏи сыхущӏегъуэжатэкъым: илъэсипщӏкӏэ зэгъусахэр нэжэгужэу, гукъыдэж диӏэу дызэхэтащ. Дызэбгрыкӏыжыным ӏуэхур щынэсым, сэ гурылъ сщӏащ сыкъыщыхъуа къалэм и уэрамхэм къыщызущыхьыну. Зэрыхъуар сымыщӏэу, сыщыпсэуа унэм и бгъум сыкъыщыхутащ. Ипщэрабгъукӏэ къыщыс ди гъунэгъум сыӏууэри, сыкъицӏыхужащ, си анэр зэрылӏар къызжаӏащ. «Дунейм къытехьэмэ, схуетыж, жиӏэри уи цӏэкӏэ письмо къигъэнащи, сохъумэ, иджыпсту къыпхудэсхыжынщ, – жиӏэри дыхьэжащ. Си анэр зэрымыпсэужыр си жагъуащэ хъуауи схужыӏэнукъым, письмори семыджэу хыфӏэздзэну сигу къэкӏат, ауэ зэтесчащ:
«Уузыншэм, си къуэ цӏыкӏу! Сэ къэспсэунур къэспсэуащ. Къысхуэгъэгъу пхуэзмыщӏэфа псори. Сабиигъуэ насыпыфӏэ уэстыну селӏэлӏащ, ауэ уэ укъыстеукӏытыхь зэпыту узэрыпсэуар сощӏэ. Сымыупщӏэрэ-сымыусэу уи унэми сынэкӏуат. Сэ уи сабий згъэшынэн гуращэ сиӏатэкъым. Сигу укъэкӏыщат, уи унагъуэр сцӏыхуну сыщӏэхъуэпсырт. Сэ къэзмыцӏыхуами, убынщ, уунэщ. Хъумэ ар, хуэсакъ.
Уэ уцӏыкӏуащи, дауи, ар пщӏэжынукъым, ауэ насыпыншагъэ гуэр къыпщыщӏри, уи нэ лъэныкъуэр кърахын хуей хъуати, си зы нэр уэстат. Сэ аращ уэ пхуэсщӏэфар. Уиӏэр псори уэ езым зэбгъэгъуэтыжащ. Сэ фӏыуэ услъэгъуауэ аркъудейщ. Си псэм ухэлът, гъащӏэм ухэзэгъати, абы сринасыпыфӏащ.

Уи анэр».

9. Хыдзэлӏхэм я гуащӏэр къыздикӏар…

Си щӏалэ махуэ! Уэ ди гъащӏэм теухуауэ хъыбар ӏэджэ къэпщӏагъэнщ. Ауэ пщӏэуэ пӏэрэ хыдзэлӏхэм я гуащӏэр_къыздикӏар, ахэр щӏэлъэщыр? Умыщӏэмэ, къэдаӏуэ.
Пасэ зэманым Хы Фӏыцӏэм и ӏуфэм ӏусащ адыгэ лъэпкъхэр. Щӏым елэжьт, ӏэщ ягъэхъут, бдзэжьей ещэрт. Лэжьыгъэм къыщыдэхуам, махуэщӏхэр ирагъэкӏуэкӏт: мафӏэшхуэ ящӏт, къафэт, нэщанэ еуэнкӏэ зэпеуэхэрт. Нэщанэ еуэкӏэхэм ящыщ зыт насыпырышэ яутӏыпщыныр. Щӏалэр щакӏуэ хъуну хуеймэ, и шабзэшэр мэзымкӏэ иутӏыпщт. ӏэхъуэ хъуну хуейм ейр ӏэхъушэр здэщыӏэ лъэныкъуэмкӏэ, мэкъумэшыщӏэ хъуну арамэ – губгъуэмкӏэ. Адыгэхэм я зэпеуэкӏэм еплъыну псым къыхэкӏт Псытхьэр. Якӏэлъыплъурэ жиӏэрт:
– Цӏыху цӏыкӏур зэрыгуащӏафӏэм дауэ иримыгушхуэми, сэ къысщошынэ. Иджыри къыздэсым зы адыгэ щӏалэ тегушхуакъым си лъэныкъуэмкӏэ и насыпырышэр ниутӏыпщыну, хыдзэлӏ хъуну зыми игу къэкӏакъым.
Абы и фӏэщт мышынэу зыми хым и насып къыщимылъыхъуэну. Арщхьэкӏэ къэхъуащ апхуэдэ. Мафӏэшхуэ ящӏам пхырыкӏыурэ зызыгъэкъэбза щӏалэхэм хымкӏэ загъазэри, зэгурыӏуа хуэдэу, я шабзэшэхэр яутӏыпщащ. Псытхьэр абы къигъэлыбащ.
– Дауэ тегушхуа!? Зы къэмынэу хы лъабжьэм щыщӏэслъхьэжынщ! – гъуахъуэрт ар.
Ар зэхэзых анэхэр гупсысащ: хузэфӏэкӏынущ Псытхьэм жиӏэр игъэзэщӏэжын, щыщӏилъхьэжыфынущ щӏалэхэр хы лъабжьэм.
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэт я цӏыхубзхэр: дахэу, хахуэу, лъэщу, жьы мыхъуу. Къызэрымыкӏуэ цӏыхубзхэт, ауэ дэпхуэдизрэ мыгупсысами, зыщ къахуэгупсысар: я лъэщагъыр я къуэхэм иратыну. Езыхэр абы и ужькӏэ гуащӏэмащӏэ хъуахэщ, ауэ я быныр яхъумэн папщӏэ, сытми хуэхьэзырхэт. Анэхэм я лъэщагъымкӏэ зи гуащӏэр бэгъуа щӏалэхэр тегушхуауэ хы ӏуфэм ӏухьащ. Псытхьэ абыхэм псышу лъагэ къажьэхиутӏыпщхьащ, псым гъунэгъуу бгъэдимыгъэхьэну. Щӏалэхэр къикӏуэтакъым, къагъэзэжакъым. Ар щилъагъум, Псытхьэ цӏыхубзхэм къахэкӏиящ:
– Псышум къелами, мыдэ псым къыщысӏэрыхьэнкъэ фи къуэхэр, я ӏэхэр зэрыпыстхъ флъагъунщ!
Цӏыхубзхэр аргуэру гупсысащ: хузэфӏэкӏынущ Псытхьэм жиӏэр игъэзэщӏэжынущ, питхъынущ я къуэхэм я ӏэр. Ахэр хэгупсысыхьауэ здэщытым, псым къыхэкӏащ Псытхьэм ипхъухэр. Ахэр зэрыунагъуэу ӏуплъэгъуэджэти, хъыджэбзхэри арат: я нэхэр плъыжьт, я щхьэцхэр удзыфэт, я фэр щхъуантӏэт. Ахэм зыкъыхуагъазэ анэхэм:
– Фи дахагъэр дэ къыдэфт, абы пэкӏуэу дэ фи къуэхэм я ӏэм хуэ быдэ хэтлъхьэнщ, ди адэм ейм хуэдэ.
Анэхэм дежкӏэ нэхъыщхьэр быным я гъащӏэр хъумэнырати, псым къыхэкӏа хъыджэбзхэм жаӏар къащтащ. Псытхьэ хуэгубжьащ, ипхъухэм ящӏар къищӏэри, икӏи яхуигъэгъуакъым: хыбзу ищӏри псым къыхипхъахэщ. Иджыри цӏыхум зэхах ахэр гъыуэ псыщхьэм зэрыщыхуарзэр. Хуейт ягъэзэжу псым щыпсэуну, ауэ я адэ ткӏийм абыхэм я гъы макъыр зэхихкъым. Ауэ яфӏэфӏ дыдэу абыхэм йоплъ хыдзэлӏхэр, ящӏэ я анэхэм я дахагъыр абыхэм зэрызэрахьэр.
Зи ӏэблэхэр лъэщ хъуа щӏалэхэр хым хыхьащ. Анэхэр я быным поплъэ, ауэ мохэм къагъэзэжкъым.
Псым зыкъыхигъэжащ аргуэру Псытхьэ. Тхьэкӏумэ ӏупсыр ирихыу мэкӏий:
– Фыщымыгугъ фи къуэхэр флъагъужыну. Ахэр хым хэгъуэщыхьащ. Фэ фегупсысакъым мыбы гъуэгурэ гъуэгугъэлъагъуэрэ зэрыщымыӏэм!
Итӏанэ анэхэм жаӏащ:
– Ди нэм къыщӏидзэ нэхур нэхъ мащӏэ ирехъуи, уафэм ит вагъуэхэр нэхъ цӏууэ къыхырещ, ди къуэхэм абыкӏэ гъуэгур къагъуэтыжын хуэдэу!
Афӏэкӏа хэмылъу уафэм вагъуэр из къэхъуащ, щӏалэхэр абы кӏэлъыплъурэ унэм къэзышэжыну гъуэгур къагъуэтыжащ.
Мис аращ хыдзэлӏхэр щӏэлъэщыр, абыхэм зыри щӏапэмылъэщыр: анэхэм фӏыгъуэу ябгъэдэлъыр абыхэм иратащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Ӏуэтэж – Быныр нэхъапэщ

Зоерэ Даутрэ щызэрыцӏыхуар университетырат. Къуажэ еджапӏэр къаухыу къалэм къэкӏуа щӏалэгъуалэм щӏэщыгъуэу ялъагъури къацӏыхури куэд хъурт, ауэ Даут и нэм Зое къыфӏэнэри, лъэкӏ къигъэнатэкъым къыдихьэхын...

Адыгэбзэм и сурэтщ адыгэ анэр

Къалэм lэпхъуэжа ди къуажэгъу унагъуэм, адэжь лъапсэри хэдгъэкlуэдэжынкъым, жаlэри, зэманым екlу унэ щаухуат. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэкlуэжурэ хадэм илэжьыхьхэрт, унэр зэрахьэрт. Апхуэдэу щыщыткlэ, зэрыlэбэн lэмэпсымэ,...

Урыс тхакIуэшхуэ Иван Тургенев и усэ хужьхэм щыщ…

ЛэжьакIуэмрэ Iэпэзадэмрэ ЛэжьакIуэм: УкъыщIытхэпщхьэр сыт? Сыт узыхуейр? Уэ удыдейкъым… Зегъэхь адэ! Iэпэзадмр: Сэ фэ сыфщыщщ, къуэшхэ! ЛэжьакIуэм: Арати къэнэжар! Дыдейщ! Абы къигупсысар! Уэ къеплъ мы сиIэхэм. Плъагъурэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img